Европэ зэхьэзэхуэм ирагъэблагъэ
2019-05-14
- Хабаровск къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (WTF) Урысейм и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 47-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 15-17-м ит спортсмен 600-м нэблагъэ.
- Мы зэхьэзэхуэхэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъагъуэхэм Iэмал ягъуэтынут Европэпсо зэпеуэмрэ 2019 гъэм щыIэну Урысей-Китай джэгухэмрэ хэтыну. Япэ махуэм зэпэщIэтыныгъэр щекIуэкI алэрыбгъум къытехьащ КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и гъэсэнитI.
- Зи хьэлъагъыр килограмм 42-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм пэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа Багъ Даринэ финалым и Iыхьэ плIанэм зымащIэкIэ къыщыхагъэщIащ 18:17-у.
- Килограмм 63-рэ зи хьэлъагъ Бейтыгъуэн Тимур зэIущIиплIым щытекIуэри, финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм щыфIихьащ иужьыIуэкIэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыдам.
- Къэралпсо зэпеуэр щызэхуащIыж махуэм зэIущIитхум пашэ щыхъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Лантратов Денис финал зэIущIэм къыщыхигъэщIащ Волгоград щыщ Слепов Степан.
- Ди республикэм и лIыкIуэхэр къэралым и командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ икIи Ирландием щызэхэтыну Европэ зэхьэзэхуэм кIуэнущ. Ахэр ягъэхьэзыр тренерхэу БжэныкIэ Резуан, Тикаев Индрис, Гугъуэндокъуэ Елдар, Ахъмэт Амир сымэ.
- ЖЫЛАСЭ Замир.