Ныбжьэгъу пэж
2019-05-14
- Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуа КIэрашэ Михаил Казань къалэм къыщысцIыхуауэ щытащ. Медицинэ IэнатIэм и лей-тенант нэхъыжь цIэр иIэу армэм къыхэкIыжа къудейуэ ар Казань медицинэ институтым и клиникэ ординатурэм нагъэкIуат. Сэ абы и аспирантурэм сыщеджэрт.
- Абырэ сэрэ занщIэу ныбжьэгъуфI дызэхуэхъуащ. Сыт щыгъуи нэжэгужэ, узыгъэгушхуэ, щIэгъэкъуэн къыпхуэхъу си ныбжьэгъум хъыбар гъэщIэгъуэн куэдым зэпымыууэ ущIигъэдэIуфынут. Абы лъандэрэ илъэс 45-рэ дэкIащ. Иджыри къыздэсым щэхуу ихъумами сщIэркъым, ауэ тхэным хуэIэзэу ар къыщIэкIащ. Иужьрей илъэс зыбжанэм абы дунейм къытригъэхьащ тхылъищрэ («Белэмыкъуэ», «КIэрашэхэ я лъэпкъыр», «Къаншыуей») сурэт альбомрэ (зэклассэгъухэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ).
- Михаил и угъурлагъыр къигъэлъагъуэу къысщохъу къыщалъхуа и махуэр накъыгъэм и 9-м — ТекIуэныгъэм и махуэм — зэрытехуэм. Мы гъэм и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъури, абы и хьэлым зыкIи зихъуэжакъым, и гукъыдэжыр инщи, дрогушхуэ. Абы и гукъэкIыжхэмрэ хъыбархэмрэ дыкъыщоджэ «Адыгэ псалъэ», «Советская молодёжь», «Терек» газетхэм. Ар тотхыхь фIыуэ илъагъу и къуажэм, абы къыдэкIа лIыхъужьхэм, и сабиигъуэм, и Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэ хъыбарри тыншу абы уи нэгу къыщIегъэхьэф.
- Илъэс 45-м щIигъукIэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрыта, категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр КIэрашэр адэкIи узыншэу и къалэмыпэм хъыбар хьэлэмэтхэр къыщIигъэкIыну си гуапэщ.
- Шыгъушэ Мухьэмэд.
- Зеикъуэ къуажэ