ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек курыт школыр къэзыуххэм зэрызахуигъазэр

2019-05-23

  • Курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэ лъапIэхэ!
  • Нобэрей махуэр фи дежкIэ къызэрыгуэкIкъым. Нобэ фэ еджапIэм къыщыфхуоуэ Иужьрей уэзджынэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Мыпхуэдэ центр иджыри къэс Кавказ Ищхъэрэм щыIакъым

2019-05-23

  • Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ центрым и япэ коврокинг-центр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-05-23

  • Накъыгъэм и 23, махуэку
  •  Шылъэгум и дунейпсо махуэщ. А псэущхьэхэм я бжыгъэр дунейм мащIэ зэрыщыхъуар, ахэр хъумэным хуэгъэза Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр я тегъэщIапIэу, а махуэр США-м щагъэувауэ щытащ 2000 гъэм.
  •  Азербайджаным щагъэлъапIэ экологиемрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
  •  Таджикистаным и щIалэгъуалэм я махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гузэвэгъуэшхуэм и лIэщIыгъуэ

2019-05-23

  • ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэрызэрыубыдым хуэдэу, зэгуэр адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ 12-ри зэнэзэпсэу псэуащ. Урыс пащтыхьыгъуэм кърищIэкIа зауэм ахэр илъэси 101-кIэ (1763 — 1864) пэщIэтащ, тхыдэджхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдиз хьэзаб зышэчыфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Зауэм лъэпкъыр зэбгридзри, дунейм трикъухьыжащ. Абыи емылъытауэ, нобэ, илъэси 155-рэ дэкIыжа нэужьи, адыгэм и щIэблэр дунейм дытетщ. «ШэрджэскIэ» зэджэу щыIа къэралыгъуэшхуэр ди нэгу къыщIыдогъэхьэ, ди лъэпкъ уардэм и фэеплъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПэкIухэр

Шэху уэздыгъэу 101-рэ

2019-05-23

  • Кавказ зауэжьыр (1763 — 1864) зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум иращIэкIа дауэдапщэхэм ящыщ зыуэ щытащ Налшык къалэ и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Хуитыныгъэм и хадэм ит Псэ жыг фэеплъым деж накъыгъэм и 20-м щызэхашар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэблэр лъэпкъ тхыдэм щIапIыкI

2019-05-23

  • Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 155-рэ щрикъум теухуауэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм зэIущIэ гукъинэж щекIуэкIащ. Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу ар къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

ПсыIу теуэ

2019-05-23

  • Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIауэ щытащ убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъахэм къизэрыгуа зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ. ПсэзэпылъхьэпIэу лъэхъэнэ телъыджэм екIуэкIа хъугъэ-щIагъэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщратхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зи къалэмыпэ къыпыкIар ахэр а зэман жыжьэм зи нэгу щIэкIауэ щыта цIыхухэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-05-23

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 27
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Хьэндырабгъуэ». Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным сабийхэр щыхуаущий нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.05 «Чэзу». Бабугент къуажэ администра-цэм и унафэщI Османов Мухътар (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2019-05-23

  • Иужьрей уэзджынэ
  • Узыншэу, школ!
  • Нобэ, накъыгъэм и 23-м, ди республикэм и курыт еджапIэ псоми иужьрей уэзджынэр къыщоуэ. Дэтхэнэ школакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэр псом хуэмыдэжу псэкIэ зыхащIэ курыт школыр къэзыуххэм. Ди республикэр къапщтэмэ, 11-нэ классыр мы гъэм къаух ныбжьыщIэ 4473-м, 9-нэ классыр — 8453-м. Нобэрей иужьрей уэзджынэм и зу макъ жьгъырум ахэр IуэхущIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ къыхуреджэ, я сабиигъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ я зэпылъыпIи мэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Я кхъуэщыныр къутэрэ?

2019-05-23

  • Киев и закъуэу утыкум къинэнкIэ хъунущ
  • Накъыгъэ мазэр политикэ и лъэныкъуэкIэ купщIафIэщ. Япэрауэ, пIалъэ кIыхь дэкIа иужькIэ, Урысеймрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр зэфIэувэж хуэдэщ. Путин Владимир епсэлъэну Сочэ лъэтащ США-м и къэрал секретарь Помпео Майк. Лъэныкъуэхэм къаIэтащ Сирием, КНДР-м, Афганистаным, Ливием, Ираным, Венесуэлэм егъэщIылIа Iуэхухэр. Украинэм и гугъу ящIыхха хуэдэкъым. Ауэ ар телъыджэщ. Дэ дощIэж Керчь псыдэжыпIэм гъэру щаубыда украин матросхэр Урысейм хуит къызэримыщIыжыр и фIэгъэнапIэу, США-м и президет Трамп Дональд УФ-м и Iэтащхьэм къыхуэзэн зэримыдар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

2019-05-23

Мехикэр Мексикэм и щыхьэр къудейкъым, атIэ икIи и политикэ, экономикэ, щэнхабзэ къалэ нэхъыщхьэщ. Апхуэдэу мыбы финанс IуэхущIапIэ инхэр щыкуэдщ. Ар 1521 гъэм къыщызэрагъэпэщащ испан зэрыпхъуакIуэхэм зэтракъута Теночитлан ацтек пасэрей къалэр здэщыта щIыпIэм и деж. 1821 гъэм хамэ унафэм къыщIэкIа Мексикэм и къалащхьэ хъуащ.

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Куэд  щIауэ  дызыщIэхъуэпсщ

2019-05-23

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — 0:0. Налшык. «Спартак» стадион. Накъыгъэм и 18-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол