ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

Алэкъей Инал республикэм и мэкъумэшыщIэхэм  я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэу хах

2019-06-29

  • Налшык къалэм Профсоюзхэм я унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м и МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэмрэ мэкъумэш кооперативхэмрэ я ассоциацэм и отчёт-хэхыныгъэ зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ районхэм я мэкъумэш лэжьакIуэу 100-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«ДыгъафIэ къалэ»: Лъэ быдэ

2019-06-29

  • Налшык къалэ дэт «ДыгъафIэ къалэм» хыхьэ, Сабий зэчиифIэхэм я лицейр мы гъэм цIыху 47-м къызэраухым траухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ екIуэкIащ иджыблагъэ. ГурыщIэхэм зи псэр зэщIаIыгъэ ныбжьыщIэхэм, абыхэм я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къыщызэхуэсат «Форум» къэрал концерт залым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Мы махуэхэм

2019-06-29

  • Мэкъуауэгъуэм и 29, щэбэт
  • Дунай псым и махуэщ
  • Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ партизанхэмрэ тылым щэхуу щылэжьахэмрэ я махуэр
  • 1776 гъэм иджырей Сан-Францискэ (США) къалэр зыхуэзэ щIыпIэ нэщIыр псэупIэ ящIауэ щытащ испанхэм.
  • 1855 гъэм Лондон къыщыдэкIащ «Дейли Телеграф» газетым и япэ номерыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2019-06-29

  • Уаз
  • Хьэж щIыным ехьэлIа  Iуэхугъуэхэр
  • Хьэж щащI мазэр къызэрыблагъэм ипкъ иткIэ, ар къызыхуэтыншэу гъэзэщIа хъун папщIэ, а къалэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр фигу къэдгъэкIыжынщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-06-29

  • Псалъэжьхэр
  • А сигу, зыIэжьэ, а си жьэ, зыубыд
  • Абдж щыкъуейм лъапцIэу ухэмыувэ.
  • Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис.
  • Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийкIэ увэну? («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуиIэщ).
  • Нанэм щlыгъур дадэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ школакIуэ псори пщэдджыжьышхэкIэ  къызэзыгъэпэщыфыр

2019-06-27

  • «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ» Къэрал Думэм щекIуэкIа парламент едэIуэныгъэм къыщыщыпсалъэм Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ къыхигъэщхьэхукIащ школакIуэхэр шхын хуабэкIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-06-27

  • Мэкъуауэгъуэм и 27, махуэку
  • Бдзэжьей ещэным и дунейпсо махуэщ
  • Тропик мэзхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэщ
  • Осетие Ипщэм и щIалэгъуалэм я махуэщ
  • Таджикистаным и лъэпкъыр зэгъэкIужыным и махуэщ
  • Узбекистаным щагъэлъапIэ печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
  • Туркменистаным щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ
  • Мюнхен оперэм и фестиваль щокIуэкI

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм  и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-06-27

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • ЩIалэгъуэр гугъапIэхэмрэ Iуэхушхуэхэмрэ я лъэхъэнэщ, дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи гукъинэ зэманщ. Иджырей щIалэгъуалэр гъащIэм хуэжыджэрщ икIи щIэныгъэфI зэрагъэгъуэтыну, зыми IэщIэмылъу, щхьэхуиту щытыну, здынэсам къыщымыувыIэу, сыт хуэдэ Iуэхухэми, абыхэм нэхъ гугъу дыдэхэри яхэту, тегушхуэну хьэзырщ. Лэжьыгъэм фызэрыхуэжыджэрым, жэрдэмрэ жэуаплыныгъэрэ зэрыфхэлъым, Хэкум сэбэпынагъ къыхуэфхьыну фызэрыхущIэкъум нобэ куэдкIэ елъытащ къэралым тэмэму адэкIэ зэрызиужьынур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэралми лъэпкъми яхуощхьэпэ

2019-06-27

  • Адыгэхэр дызэрыгушхуэ щIэныгъэлI щэджащэхэм ящыщщ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ингуш Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, хэкупсэ нэс, абазэ еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Агырбэ Юрэ Исуф и къуэр. Мы махуэхэм Агырбэм егъэлъапIэ илъэс 80 зэрырикъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Гъэмахуэ хъупIэхэм

2019-06-27

Адыгэш къабзэу уэрэд дахэхэр зыхуаусахэр Къущхьэхъум нэсащ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Шэ хьэлэл ефа цIыху

2019-06-27

  • Ныбжьэгъу пэжу сиIа Хьэжыкъарэ Алик щылэжьа унэ лъагэшхуэм, Печатым и унэм, ущыблэкIкIэ къыпфIощI екIуу, зэщIэкъуауэ сыт щыгъуи тлъагъуу дызэса, журналист Iэзэу, лэжьакIуэ емызэшыжу щыта а щIалэр а унэм щIыхьэу е къыщIэкIыжу уIущIэну, арщхьэкIэ — неIэмал! Илъэс мэхъу Алик дунейм зэрехыжрэ. Абы лъандэрэ нэхъ нэщхъей хъуауэ, зеиншафи къатеуауэ шэч уощI а унэшхуэм пэгъунэгъуу щыгъэкIа жыгхэм, ихъуреягъкIэ нэм къиубыд щхъуантIагъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Дзэм ягъэкIуэнухэр пщIэншэу ирагъаджэ

2019-06-27

  • Налшык къалэм и дзэ комиссариатым къыхех Урысейм и ДОСААФ-м Налшык къалэм дэт и техническэ школым «Е» категорие зиIэ шофёр IэщIагъэм щыхуригъэджэнухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

 Пасэрей адыгэхэмрэ  алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэхэр

2019-06-27

  • Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№71 — 72, 74-хэм итщ).
  • Иджыри зэ къыхэдгъэщынщи, адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я хабзэхэм сабийхэр гъэсэным теухуауэ зэщхь куэд хэлъщ. Пелей Ахиллес иригъэпIын папщIэ Кентавр Хирон иритауэ щытащ. Монпере Фредерик къызэригъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ хабзэм ущрохьэлIэ шэрджэсхэм, абхъазхэм, куржыхэм я деж. ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищIыр быфыкъуэ хабзэрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Кавказ»  ансамблым  и  ехъулIэныгъэ

2019-06-27

  • Мэкъуауэгъуэм и 14 — 18-хэм Сочэ къалэ щекIуэкIа «Лазурная волна — Сочи -2019» еплIанэ дунейпсо макъамэ чемпионатым ди республикэм щыщ «Кавказ» цIыхубэ ансамблыр хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щхьэ апхуэдизу къулей журтхэр?

2019-06-27

  • Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэм ятетхыхь «Форбс» журналым журт лъэпкъым щыщ цIыху куэдым я цIэ-унэцIэхэм уащрохьэлIэ. Сыт абыхэм ящыщ куэдыр апхуэдизу щIэкъулейр?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше