ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек НэщI мазэ лъапIэр къызэрыунэхуамкIэ республикэм ис муслъымэнхэм йохъуэхъу

2019-05-07

  • «Муслъымэнхэм я дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыт НэщI мазэм, псапэмрэ гущIэгъумрэ я мазэм, щIедзэ.
  • НэщIым дэ ди псэр псапэ щIэным хуеунэтI икIи гущIэгъу хэлъу дэтхэнэми бгъэдэтын зэрыхуейр зыхыдегъащIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гъатхэмрэ  Лэжьыгъэмрэ  я  махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым  щагъэлъапIэ

2019-05-07

  • Налшык щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и цIэр зезыхьэ утым къыщежьэри ЗэгурыIуэныгъэ утым нэс къыдэкIуеящ икIи артист цIэрыIуэхэм абдеж къыщызэрагъэпэща концертым еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гулъытэ  гуапэ

2019-05-07

  • КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и лэжьыгъэр нэхъыфIу къэзыгъэлъэгъуа журналистхэм я зэпеуэм (2018 — 2019 гъэхэм) щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Нобэ

2019-05-07

  • Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Урысейм, Армением, Белоруссием.
  • Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1992 гъэм УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэмрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Германием  щыпсэу адыгэхэм  я  зэхыхьэ

2019-05-07

  • Германием щыпсэу адыгэхэр илъэскIэ зыпэплъэ Iуэхур Iэтауэ щекIуэкIащ Берлин пэблагъэ Рулсдорф-Мариенвердер зыгъэпсэхупIэ цIыкIум. Мэлыжьы- хьым и 19-м щыщIэдзауэ 22 хъуху абы щекIуэкIащ Адыгэ щэнхабзэм и 11-нэ дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэм хэтащ нэмыцэ къэралым и къалэхэм къищынэмыщIауэ, Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие, Швецие, Урысей, нэгъуэщIхэми къикIа ди лъэпкъэгъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

2019-05-07

  • ХьэтIохъущыкъуейм накъыгъэм и 9-м екIуэкIыну махуэшхуэм зыхуегъэхьэзыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псэущхьэхэм якIэлъоплъ

2019-05-07

  • Налшык къалэ администрацэмрэ Псэущхьэхэр хъумэным телажьэ псапащIэ организацэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ, къалащхьэм и уэрамхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ хьэулейхэм зэгъусэу увыIэпIэ къыхуагъуэтыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сабийхэр IуэхуфIхэм я  сурэтыщIщ

2019-05-07

  • Тэрч къалэм ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Сабийхэр фIым я сурэтыщIщ» фIэщыгъэр зиIэ щIалэгъуалэ форум. Ар къызэригъэпэщат Налшык къалэ администрацэм щIыпIэ политикэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI Шыпш Аслъэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къалащхьэм  и  фIыгъуэ  нэхъыщхьэ

2019-05-07

  • Налшык и «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ» къалэ паркыр ди щIы-налъэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ. Хадэм нобэ иIэ щытыкIэмрэ ар адэкIи егъэфIэкIуэнымрэ ятеухуа псалъэмакъ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы щызэхаша «стIол хъурейм» кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр, экологхэр, волонтёрхэр, КъБКъУ-м и «Плъыр щхъуантIэ» экологие гупым хэтхэр, университетым и егъэджакIуэ-хэр, библиотекэ лэжьакIуэхэр, студентхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

28-нэ  къыдэкIыгъуэ

2019-05-07

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм том щэщI хъу и «Кавказ» серием хыхьэ тIощI-рэ еянэ къыдэкIыгъуэ хъуащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм    я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ и «Дорога смерти. Канжальское сражение» романыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Адыгэ лъэпкъыр ирогушхуэ

2019-05-07

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-05-07

  • 1 КъБР «Мир» канал
  •  «Гъубж, накъыгъэм и 7
  • 6.00 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
  • 6.15 «Жылагъуэ Iуэху» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.35 «Гухэлъ уэрэдхэр» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.05 «Жаншэрхъ». Спорт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «Это надо знать». Медицинский вестник (12+)
  • 7.40 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 8.50 «Сыт, сыт щхьэкIэ?» (12+)
  • 9.15 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
  • 17.00 Мультфильм (0+)
  • 17.05 «Джэгурэш». Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм папщIэ зэпеуэ. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу НэщIэпыджэ  зэкъуэшищыр

2019-05-07

  • Ди адэшхуэхэу зэкъуэшищ хэтащ Хэку зауэшхуэм. НэхъыжьитIыр — НэщIэпыджэхэ Мусарэ Къасымрэ — зэрыхэкIуэдам и хъыбар къаIэрыхьауэ щытащ, ауэ ахэр щыщIалъхьа щIыпIэм зыри щыгъуазэтэкъым. Абыхэм я шы нэхъыщIэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдащ, 1943 гъэ лъандэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Новочеркасск  къикIа  артистхэр

2019-05-07

  • Хабзэ хъуауэ, Урысейм и къэрал драмэ театрхэм я артистхэр зэкIэлъокIуэ, я зэфIэкIхэмрэ гъуазджэм хэлъ щэхухэмкIэ зэдэгуашэу зэрогъэныбжьэгъу. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ зэман гуэркIэ а Iуэху гуапэр зэпагъэуами, Театрым и илъэсым хыхьэу яублэжащ. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и хьэщIащ Дон Iус Ростов къалэм и Комиссаржевская В.Ф. и цIэр зезыхьэ драмэмрэ гушыIэмкIэ къэзакъ театрыр. Новочеркасск къикIа артистхэм Музыкэ театрым мэ-            лыжьыхьым и 25-м удихьэхыу щагъэлъэгъуащ Островский Александр и «Бешеные деньги» пьесэм къытращIыкIа IыхьитIу зэхэт гушыIэ спектаклыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Псэ  къабзагъэр  зи  гъащIэ  гъуазэ  ДыщэкI  Соня

2019-05-07

  • Ди лэжьэгъу, ди ныбжьэгъу бзылъхугъэ щыпкъэ ДыщэкI (ПхытIыкI) Соня Хьэжмусэ и пхъум и ныбжьыр бжыгъэ дахэ ирокъу нобэ. Ар ди щхьэусыгъуэу, абы псалъэ гуапэхэр хужытIэну, ди газетеджэхэми ар нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну дыхуейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

« Раньше