ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящIыгъуу «Полк уахътыншэм» хэту Налшык и уэрамым кърикIуащ КIуэкIуэ Казбек

2019-05-14

  • ТекIуэныгъэм и Махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэлъэпIэнымкIэ Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щытащ «Полк уахътыншэ» урысейпсо акцэр. Ар Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ис лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ утыкум къыщежьащ. Япэ иту къежьащ кадет школхэм я гъэсэнхэр. Абыхэм яIыгът ТекIуэныгъэм и бэракъыр — метр тIощI зи бгъуагъ нып плъыжьыр. Республикэм щыпсэухэм я сатырхэм хэту къакIуэрт КIуэкIуэ Казбекрэ абы и унагъуэм щыщхэмрэ, езыхэм я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу.

  • КIуэкIуэ Мухьэмэд Къамбот и къуэм Ростов деж зэуэн щыщIидзащ. Фронтым и гъуэгуанэ гугъухэр зэпича нэужь ар жыджэру хэтащ цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным.
  • Ащнокъуэ Тобий ПIытIитIэ и къуэр и IэщIагъэкIэ дзэ къулыкъущIэти, Севастополь зыхъумахэм, Сапун бгыр къэзыщтахэм, Сиваш гуэлым зэпрыкIыу Кърымыр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. 1945 гъэм щегъэжьауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIащ.
  • Республикэм и унафэщIым щIыгъуу къакIуэрт Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къуэныкъуей Назир, Байсултанов Алим сымэ я Iыхьлыхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къэрал наградэ лъапIэхэр зратахэр мин пщыкIутIым щIегъу икIи абыхэм Совет Союзым и ЛIыхъужьу 33-рэ ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэщауэ 4-рэ яхэтщ.
  • Хэку зауэшхуэм хэта я нэхъыжьхэм я сурэтхэр яIыгът Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым, КъБР-м и Парламентым я депутатхэм, КъБР-м и Правительствэм хэтхэм, спортсмен цIэрыIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, студентхэм, курыт школхэм я еджапIэхэм.
  • «Полк уахътыншэм» хэтхэм ЗэгурыIуэныгъэ утыкум къащыIущIащ цIыху минипщIхэр. Абыхэм ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек:
  • «Ветеран лъапIэхэ! ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Нобэ ди къэралым щагъэлъапIэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъур. Ар ди къэралым щыщ дэтхэнэ зы унагъуэми я дежкIэ махуэ нэхъ лъапIэ дыдэу, лъэпкъ псор зэрыгушхуэ гуфIэгъуэу щытащ, щытщ, дяпэкIи щытынущ.
  • ИлъэсипщIхэр блокI, щIэблэщIэхэр къыдокIуэтей, ауэ ТекIуэныгъэ Иныр — лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я дамыгъэр — зэи мыкIуэдыжыну ди Хэкум и лIыхъужь тхыдэм хыхьащ.
  • Дэ хэхауэ дызэрыгушхуэ Iуэхущ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэриуха щIыкIэр Совет Союзым и фIыщIэу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу дэ ди къалэнщ цIыху тхыдэм къыщымыхъуауэ шынагъуэу щыта зауэм и фронтхэм хахуэу щызэуахэр дигу идгъэлъыну, ди цIыхубэм ящыщу абы хэкIуэдахэр зыщыдмыгъэгъупщэну.
  • Дэ тщыщ дэтхэнэми и къалэн лъапIэщ а лIыхъужьыгъэр игу иригъэлъыну, Хэкур зыхъумахэм я щIыхьым пщIэ хуищIыну, ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр хъумэныр къыткIэлъыкIуэ щIэблэхэм нихьэсыну.
  • Нобэ дэ текIуэныгъэр къэзыхьа лIыхъужьхэр догъэлъапIэ, Iэщэ яIыгъыу Хэкум и щхьэхуитыныгъэр зыхъумахэм, дуней псом мамырыгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ тыгъэ яхуэзыщIахэм я щIыхьыр доIэт. Ди цIыхубэм къахьа ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр зэи зэрымыужьыхынур быдэу си фIэщ мэхъу.
  • ТекIуэныгъэм дэ пщIэшхуэ щIэттащ. ЦIыху мелуан тIощIрэ блым нэблагъэ хэкIуэдащ, къалэхэр, къуажэхэр, заводхэр, фабрикэхэр зэтракъутащ, куэдым нацизмэм и лагерхэм я хьэзабыр ягъэващ. Щхьэхуиту, зыми IэщIэмылъу щытыным апхуэдэ пщIэшхуэ щIэзыта нэгъуэщI къэрал, нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым.
  • Ди Къэбэрдей-Балъкъэр мыиным и закъуэ ТекIуэныгъэм тыхь хуищIащ езым и къуэу, и пхъуу мин 40-м щIигъум я гъащIэхэр.
  • Абыхэм зэрахьа хахуагъэ иныр къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм пщIэшхуэ хуащIу яхъумэнщ. Мы махуэм дэ апхуэдэу догъэлъапIэ псэемыблэжу фабрикэхэм, заводхэм, губгъуэхэмрэ фермэхэмрэ щылэжьахэр икIи фронтым, ТекIуэныгъэм папщIэ зи къарум щымысхьахэр. Гугъуехь псори къызэвнэкIыу а зауэ шынагъуэм текIуэныгъэр къызэ- рыщыфхьам, къэрал зэтекъутар зэрызэфIэвгъэувэжам папщIэ ди щхьэр лъахъшэу фхудогъэщхъ фронтым Iутахэмрэ тылым щылэжьахэмрэ. ФIыщIэ фхудощI иджыри фызэрыдигъусэм, Хэкур фIыуэ лъагъуным щIэблэщIэр фи щапхъэмкIэ зэрыхуэвгъасэм папщIэ.
  • Ветеран лъапIэхэ, ди дежкIэ икъукIэ къалэнышхуэщ фи гъащIэр зыхуэвгъэпса Iуэхур и кIэм нэгъэсыныр. Узыншагъэ фиIэну, фи Iыхьлыхэмрэ фи благъэхэмрэ фащIыгъуу куэдрэ фыпсэуну сынывохъуэхъу.
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр Хэкум и щIыхьым и лъагапIэ нэхъыщхьэу уващ. Гузэвэгъуэ щыхэхуэм ди цIыхубэр быдэу зэкъуэуващ икIи а зэкъуэтыныгъэрщ нобэ дэ ди дежкIэ щапхъэр, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди Хэку иныр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр гъэзэщIэнымкIэ ди щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэр.
  • Республикэм ис псоми ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ сынывохъуэхъу, мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну си гуапэщ.
  • МахуэшхуэмкIэ! ТекIуэныгъэ Иным и МахуэмкIэ!»
  • Махуэшхуэ гуфIэгъуэхэм пащащ театр теплъэ зиIэ «ТекIуэныгъэм и сэлэтым — щIыхь» концертымкIэ.
  • Республикэм и шыгъэжапIэм шууейхэм я махуэшхуэ зэпеуэхэр щекIуэкIащ. Ахэр зэхьэзэхуащ ТекIуэныгъэм и махуэм, 115-нэ шууей дивизэм я щIыхькIэ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм — Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм я цIэкIэ, ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр къэхьыным теухуауэ.
  • Сыхьэт 22-м ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык махуэшхуэ салют щатащ.