ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АфIэкIа зы зауи къремыхъу!

2019-05-14

  • ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр гукъинэжу, щIэщыгъуэу щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм. Абы зэдэууэ хэтащ цIыхуищэ бжыгъэхэр, зэрахьэ къулыкъуи, я ныбжьи, зыщыщ лъэпкъи емылъытауэ.

  • Накъыгъэм и 8-м, ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и пэ къихуэу, район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, КъБР-м и ЗАГС IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Шэрджэс Маринэ сымэ зыхэт гуп щыIащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм ящыщу щIыналъэм псэууэ исыжхэм я деж. Апхуэдэхэщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыщ Кобылкин Иван Илья и къуэр, Крем-Константиновкэ жылэм щыпсэухэу Боженкэ Алексей Иван и къуэмрэ Боченков Василий Сергей и къуэмрэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки езыми къабгъэдэкIыу Балъкъызым фIыщIэ ин яхуищIащ а нэхъыжьыфIхэм, зэрахьа лIыгъэмрэ яхэлъа хахуагъэмрэ папщIэ. Апхуэдэу яритащ фэеплъ саугъэтхэр, удз гъэгъахэр.
  • Махуэшхуэ пэкIум хэтыну зи мурадхэр щIыпIэ-щIыпIэхэм пщэдджыжьым жьыуэ щызэхуэсу хуежьащ накъыгъэм и 9-м. Iуэхум хуэгъэщIэрэщIа Бахъсэн къалэр псом хуэмыдэжу екIут а махуэм. ЗэщIэбырыбэ шар гъэпщахэмрэ удз гъэгъахэмрэ дэхуарзэрт ныпхэр, къыхуеджэныгъэхэр зытет щэкI шэщIахэр. А псоми ящIыгъужт гумрэ псэмрэ зэщIэзыIэтэ макъамэхэр, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, лIыгъэм ятеухуа уэрэдхэр.
  • Районым и IуэхущIапIэ къэс къикIа лIыкIуэ гупхэр сыхьэти 8 нэужьым щызэхуэсу хуежьащ щIыпIэ администрацэм и гупэм къит утыкушхуэм. Куэд дэмыкIыу абыхэм къахыхьащ къалэм щылажьэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэ-ри. ЩIыпIэм и къулыкъущIэхэм нэмыщI, гупышхуэ зэрыгъэхъуахэм яхэтт орденхэмрэ медалхэмрэ зи бгъэгум щылыд нэхъыжьхэри, абыхэм папщIэ гушхуэныгъэ зи гум илъ щIалэгъуалэри, зи къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр зи гъусэ адэшхуэ-анэшхуэхэри. Абыхэм я нэхъыбапIэм яIыгът Хэку зауэшхуэм хэкIуэда е абы къикIыжу иужькIэ дунейм ехыжа я Iыхьлыхэм я сурэтхэр. ГурыIуэгъуэт ахэр «Полк уахътыншэм» хэтыну къызэрекIуэлIар.
  • Хабзэ зэрыхъуати, щIыналъэм и унафэщIхэр зи пашэ гупыш-хуэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Ислъэмей жылэм дэтым. КъыкIэлъыкIуэу яублащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъум папщIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пэкIур. Ар и унафэм щIэтащ Бахъсэн къа-лэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд. Къэралпсо гуфIэгъуэр Бахъсэн щIыналъэм щызыгъэлъэпIэну къекIуэлIахэм къахэщырт районым щылажьэ ку-рыт школхэм я армеец ныбжьыщIэ 600-м нэсыр, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт школ-интернат №1-м и кадетхэр. ЗауэлI фащэр зыщыгъ ныбжьыщIэхэр екIуу блэкIащ, щIыналъэ унафэщIхэм, зауэм и ветеранхэм, хьэщIэ лъапIэхэм фIэхъус ирахыу.
  • Абыхэм къакIэлъыкIуэрт «Полк уахътыншэр». ЦIыху минхэр уэрамым ирикIуащ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда, абы псэууэ къикIыжу къэралым хьэлэлу илъэс куэдкIэ хуэлэжьэжа я благъэхэм, Iыхьлыхэм я сурэтхэр лъагэу Iэтауэ яIыгъыу.
  • — Нобэ зэрыкъэралу дгъэлъапIэ махуэшхуэр — Накъыгъэм и 9-р — адрей махуэшхуэхэм къыщхьэщокI пкърылъ лъапIэныгъэмрэ епха гупсысэмкIэ. Ар ипэжыпIэ-кIэ цIыхубэпсо махуэшхуэщ, нэпсхэр къезыгъакIуэ икIи псэм дэрэжэгъуэ къезытщ, — жиIащ гуфIэгъуэ зэхуэсыр къыщызэIуихым Балъкъыз Артур. — Уасэшхуэ щIэттащ ТекIуэныгъэ Иным. Абы папщIэ я псэр ятащ ди цIыху мелуан 27-м нэсым. А фIыгъуэр къытхуэзыхьахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ. ПщIэрэ щIыхьрэ, фIыщIэ мыухыж яхудощI нобэ къыддэпсэу ди ветеран лъапIэхэм!
  • Бахъсэн щIыналъэм щыщу зауэшхуэм хэтахэм зэрахьа лIыгъэхэм ятеухуат районым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абазэ Анатолэ и къэп- сэлъэныгъэр. Абы жиIахэм пищащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Кобылкин Иван. Абы игу къигъэкIыжащ мафIае илъэсхэр, къызэхуэсахэм мамырыгъэрэ зэпэщыныгъэрэ яIэну ехъуэхъуащ.
  • Къалэм щекIуэкIа районпсо пэкIум къыдэкIуэу щIыналъэм къепха жылэхэми щагъэлъэпIащ ТекIуэныгъэм и махуэр. Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и гупэм къит утыкушхуэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсыр къызэIуихащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим. Лениным и цIэр зезыхьэ къалэ уэрам нэхъыщхьэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэт «Полк уахъытыншэм» и пэкIур. Мы гъэм абы хэтащ къалэдэсхэм ящыщу цIыху мин 26-м щIигъу.
  • А махуэм и ныбжьыр илъэси 100 ирикъуащ Хэжь Исуф, Бахъсэн къалэм и ветеранхэм ящыщу псэууэ къэна ветеран закъуэм. Мамхэгъ Хьэчимрэ абы и къуэдзэхэмрэ ехъуэхъуну абы и деж кIуащ икIи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки Бахъсэн къалэ округым и администрацэми къабгъэдэкI тыгъэхэр, ахъшэ саугъэтхэр, удз гъэгъахэр иратащ.
  • Бахъсэн щIыналъэм апхуэдэу щагъэлъэпIащ КъБР-м и РОСТО ДОСААФ-м къызэригъэпэща зауэ-хэкупсэ автомобиль зэдэжэр я щIыпIэм зэрынэсар. IэнатIэм и унафэщI ЗэкIуу Мухьэжид зи пашэ автомобилистхэм щIыхь хуащIу къащыIущIащ Дыгулыбгъуей дэт курыт школ №7-м.
  •  А зэIущIэхэр екIуэкIа нэужь, гуфIэгъуэхэм адэкIэ щыпащащ къалэ паркым. Абдеж концертышхуэ щекIуэкIащ, районым щыIэ творческэ гупхэм, артист ныбжьыщIэхэм я къарукIэ къызэрагъэпэщауэ. Апхуэдэу нэхъыжьхэм къыхуащтащ ерыскъы щIэщыгъуэ зытелъ Iэнэ берычэт.
  • «Къремыхъуж афIэкIа зы зауи, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я ныпым дыщIэту дрепсэу цIыхубэр!» — апхуэдэ гупсысэт, дауи, цIыхупсэми хьэуами щызекIуэр а махуэм.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.