ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкур зыхъумахэм я щIыхькIэ

2019-05-14

  • ТекIуэныгъэм и махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щрагъэжьащ «Полк уахътыншэ» акцэмкIэ. Абы хэтхэр — политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэ- хэм, IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм я лIыкIуэхэр, РОСТО-м (ДОСААФ) и IэщIагъэлIхэмрэ гъэсэнхэмрэ — Фэеплъым и утым нэс зэгъусэу кIуэцIрыкIащ.

  • Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Iуащхьэмахуэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий псом япэу ехъуэхъуащ ветеранхэм, зауэ зэманым псэемыблэжу лэжьахэм, районым щыпсэу псоми.
  • — Совет цIыхубэм къахьа ТекIуэныгъэ Иныр тхыдэм игъащIэкIи къыхэнэнущ, зэрыпхъуакIуэхэм я мурадыр къызэрырамыгъэхъулIам и щыхьэту. Ди зауэлIхэм я псэ емыблэжу Хэкур яхъумащ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм бэлыхь хидза къэрал куэд-ми къащхьэщыжри, бийр хагъэщIащ. Шэч хэмылъу, абы ди къэралым хэщIыныгъэшхуэ къыхуихьащ — совет сэлэт мелуан 27-м щIигъу хэкIуэдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу лIыгъэ зэрахьэу абы хэкIуэда цIыху мин 40-м яхэтащ Iуащхьэмахуэ районым и къуэ пажэ 1716-рэ. Нобэ дигу къыдогъэкIыж зауэм къимыкIыжахэр. Ирехъу абыхэм я фэеплъыр уахътыншэ! Си гуапэу псоми сынывохъуэхъу мамыру, бэIутIэIуншэу фыпсэуну, — жиIащ район Iэтащхьэм.
  • Къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Этезов Нэжмудин, КъБР-м и Парламентым и депутат Хасаитовэ Лизэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я район советым и унафэщI Кудаев Мэжид сымэ.
  • Районым зауэр щыщекIуэкIа щIыпIэхэр къызэщIрагъэубыдэу автомобилхэр ирикIуащ, абы хэкIуэдахэм я фэеплъхэм удз гъэгъахэр тралъхьэурэ.
  • Фэеплъым и утыкум деж щекIуэкIа пшыхьым щагъэзэщIащ зауэ зэманым теухуа уэрэдхэр.
  • Урысейм и щIыналъэ псоми яхэту, сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-м районым щыпсэухэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм.
  • Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ адрей жылэхэми пэкIухэр, пшыхьхэр щекIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
  • Тарим Алисэ.