Адыгэ уситI
2019-05-14
- I
- Уэ уадыгэщ, дэнэ ущымыIэми,
- Дунейр уи мылъкуми, зы апэсы уимыIэми.
- Уэ уадыгэщи — уи лъахэмкIэ еплъэкI,
- ЕплъэкIи, хуэщIэ къыумыгъанэу плъэкI.
- Уэ уадыгэщ, зи гур уз уи лъапсэм
- И теплъэм дэнэ къикIри зрегъэхъуапсэ,
- Къехъуапсэм ищIэркъым ди щIыр зыщIыр пшэр:
- Лъы ящIэтарщ дядэжь зытахэм псэр.
- Уэ уадыгэщ. Ермоловым щIыгъуахэм
- Щысхьрабгъу ямыIэу зи лъыр ягъэгъуахэм
- УраIыхьлы-лыджанэщ, улIэужьщ,
- УпсэухункIэ ахэри псэунщ.
- Лъы защIэщ, гуауэщ адыгэм диIэр тхыдэу,
- Нэхъ мащIэу дефэу, нэхъ мащIэури дышхыдэу,
- ЗыкъэзыщIэж ди лъэпкъым хуэщхьэпэн
- Хуэдлэжьмэ, хэкум псэуэ къыхэнэнщ.
- II
- Ди къуэпсыр куущ, ди тхыдэри лъы защIэщ,
- КъэткIуа гъуэгуанэм къытхинэжари мащIэщ,
- ИтIани псэуныгъэ — мурад гуащIэр
- Адыгэ хэкум ену хуэлэжьэху,
- Уэрэду, щIакхъуэ Iыхьэу, гъатхэ псынэу,
- ЩIэныгъэм ич лъэбакъуэу е псэупIэу,
- Сабий щыгъыныр зыгъэбыдэ дыпIэу
- Ди шэрджэс гъащIэм ныхэтлъхьэхукIэ Iуэху,
- Хьэршым кIуэжахэм я псэр нэхъ зэгъэнущ,
- Къызыхуеплъых ди гъащIэр нэхъ гъэгъэнущ,
- Псэум ди къалэн тэмэмри арагъэнущ,
- Дехуэхыу — ди псэр хьэршым изэгъэху.
- БЕЩТОКЪУЭ Хьэбас.