ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2019

ПщIэ хэIэтыкIа фхудощI!

2019-05-31

  • Налшык къалэ дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэпIащ ХьэрычэтыщIэхэм я урысейпсо махуэр. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрэдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат, министрхэр, Парламентым и депутатхэр, икIи, дауи, гуфIэгъуэр зейхэр — хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ курытымрэ пэрытхэр. ХьэрычэтыщIэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Бгырыс  бзылъхугъэм  и щапхъэ  Бэчыжь  Лейлэ

2019-05-31

  • Къыщалъхуа махуэр нобэ егъэлъапIэ цIыхубз хьэлэмэтым, бгырыс бзылъхугъэм и щапхъэ, гъэсэныгъэрэ губзыгъагъэрэ зыхэлъ цIыху дахэм. Филолог-еджагъэшхуэ, профессор, Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубзхэм ящыщу япэу щIэныгъэхэм я доктор хъуа, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI Бэчыжь Лейлэ илъэс 90 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-05-31

  • Накъыгъэм и 30, махуэку
  • 1941 гъэм фашистыдзэхэм Крит алыдж хытIыгур яубыдащ.
  • 1942 гъэм Совет Союзым къыщызэрагъэпэщащ Партизан зэщIэхъееныгъэм и штаб нэхъыщхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ

2019-05-31

  • Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъАХ-м зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Iуэху щещIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Лъэпкъ мэIуху

2019-05-31

  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
  • Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
  • Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ,
  • СызэмыупщIи къэнэжакъым:
  • Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Лэжьащ, иджыри мэлажьэ

2019-05-31

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхугъуэ куэдым иужь иту къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ блэкIа илъэсхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

2019-05-31

  • Черкесск, 2016 гъэ
  • Хэхэс адыгэхэм я джакIуэ
  • Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зэрихьэу Черкесск къалэм дэт   Къэрал лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ   щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм теухуа «Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья» тхылъыр дунейм къызэрытехьамрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я интеллигенцэр, КъШР-м и Iэтащ-хьэм и Администрацэм, Правительствэм, районхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ХьэфIыцIэм куэд щIауэ и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу а щIыналъэм исхэр щызэхуэса пшыхьыр гуапэу, дахэу екIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

  • Лъэпкъ Iуэху
  • Адыгэбзэр зыхэт  гугъуехьхэр
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

  • Тэрч  щIыналъэ, 2018 гъэ
  • Джылахъстэней  Адыгэ  Хасэм и  лэжьыгъэр  къапщытэж
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Джылахъстэней къудамэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц щекIуэкIащ Тэрч къалэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и пашэ Iухъу Анатолэ, щIыпIэм и Iимам Къэжэр Фураждин, Джылахъстэней Хасэм хыхьэ къуажэ хасэхэм я тхьэмадэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

  • „Адыгэ пщыщэ“ зэпеуэр, 2016 гъэ
  • Хъуащ  Кэнжэ  къуажэр щэнхабзэм  и  утыку
  • «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

  • «Адыгэ пщащэ»  зэпеуэр, 2018 гъэ
  • Зыхуэбгъадэ  хъун щымыIэ
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ Кэнжэ жылагъуэм къыщызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэр екIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

  • ЦIэ  лъапIэхэр
  • «Илъэсым  и  усакIуэ»
  • «Вестник Карачаево-Черкесии» газетым Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфIу къилъытащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Ацкъан Руслан.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

2019-05-31

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Къэбэрдей-Балъкъэрыр сымаджэ хьэлъэхэм ядэIэпыкъунымкIэ федеральнэ проектыр щагъэунэхуну щIыналъэхэм ящыщщ

2019-05-28

  • Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щыхуэзащ урысейпсо цIыхубэ фронтым и штаб нэхъыщхьэм хэт, «Вера» псапащIэ фондым и къызэгъэпэщакIуэ Федермессер Аннэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Лъэпкъым и фIыгъуэр зыгъэбагъуэ нэхъыжьыфIхэр

2019-05-28

  • Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэхэм ящыщ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ и ныбжьыр накъыгъэм и 29-м илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

« Раньше