ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-05-31

  • ЦIэ  лъапIэхэр
  • «Илъэсым  и  усакIуэ»
  • «Вестник Карачаево-Черкесии» газетым Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфIу къилъытащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Ацкъан Руслан.

  • Ацкъан Руслан Хьэсбий и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Ерокъуэ къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. Анзорей къуажэм дэт курыт школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэу, иужькIэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэу щытащ. Зы зэманкIэ абы игъэунэхуащ журналист IэщIагъэри. 1980 гъэ лъандэрэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щолажьэ, 2003 гъэм щегъэжьауэ абы и унафэщIщ.
  • Ацкъаным тхылъу тIощIым нэблагъэ къыдигъэкIащ. И япэ усэ тхылъыр («Пшэ хужьхэр») — 1972 гъэм, етIуанэр («Удз толъкъунхэр») 1977 гъэм дунейм   къытехьащ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ «Гъэрэ щIырэ» (1979), «ШэсыпIэ» (1983), «Си махуэ — си хуарэ» (1984), «Усэхэмрэ новеллэхэмрэ» (1993), «НатIэм къритха» (1996), «Сонетищэ» (2007), «Усэхэр» (2007), «Уэшх нэужьым» (2014), Лермонтов Михаил и Кавказ поэмэхэр (зэдзэкIауэ) (2018) тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
  • КЪАНЩАУЭ  Мэлычыпхъу.
  •  «Илъэсым  и  журналист»
  • «Вестник Карачаево-Черкесии» газетым гулъытэ зыхуищIахэм ящыщщ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ. Редакцэм иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, 2018 гъэм и журналист нэхъыфIу къалъытащ Замирэ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ Лиуан и пхъур Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм 1979 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ №2-р къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым щIэтIысхьащ.
  • «Филолог. Редакцэм и литературэ лэжьакIуэ» IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, 2002 гъэм «Адыгэ псалъэ» газетым лэжьэн щыщIидзащ, 2012 гъэ лъандэрэ ПолитикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ къудамэм и унафэщIщ.
  • Замирэ ядолажьэ КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Краснодар крайм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ. Абы и тхыгъэхэр куэдрэ къытохуэ «Черкес хэку», «Адыгэ   макъ», «Шапсугия» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Литературная Адыгея», «Зэкъуэшныгъ», «Нур» журналхэм. Зэкъуэш республикэхэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетищым зэгъусэу ягъэхьэзыр номерхэм и гуащIэ хелъхьэ, редакцэхэм я журналистхэм я зэхуэсхэм хэтщ. Ар куэдрэ тотхыхь хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм. Тыркум, Израилым, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIащ, хэхэс адыгэхэмрэ абыхэм я псэукIэмрэ газет напэкIуэцIхэм къытридзащ, телевиденэмкIэ нэтынхэр къигъэлъэгъуэжащ. Израилым и адыгэ къуажитIым, — Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ — щыпсэухэм ятеухуахэр зэрыт газет щхьэхуи къыдигъэкIащ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ 2004 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. КъБР-м и министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, зэпеуэм япэ увыпIэхэр къыщихьащ.
  • 2014 гъэм НэщIэпыджэм къыфIащащ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.
  • Щэнхабзэ
  • КъардэнгъущI  Зырамыку   и  цIэр  зезыхьэ  хьэщIэщ
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIадзащ щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж телъыджэм, тхакIуэм, артистым и сурэт екIу.
  • СурэтыщI Гъыдэ Валерий и IэдакъэщIэкIыр зыхурагъэщIа ди IуэхущIапIэм ар къахьыжат КъардэнгъущI лъэпкъым щыщхэу Мусэрбий, Хьэсэн, Заур, Анатолэ, Залым сымэ. Газетым и лэжьакIуэхэмрэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Щоджэн Берсисрэ ЩэрэлIокъуэ Тогълэнрэ яIущIащ абыхэм. Ди хьэщIэщым щыфIадзащ адыгэ лъэпкъым куэд хуэзылэжьа лъэпкъылIым и сурэтыр.
  • — 1998 гъэ лъандэрэ мы хьэщIэщым зэрехьэ КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр, — жиIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэр къыщызэIуихым. — Езыр псэут, узыншэт абы щыгъуи, къедгъэблагъэри хъыбархэр, уэрэдыжьхэр къыджиIэу къыдбгъэдэсауэ щытащ. Емызэшыжу Iуэху зэрищIамрэ цIыхугъэу хэлъамкIэ къилэжьащ а лIы щэджащэм пщIэ хуэтщIынуи, ди газетыр щыIэху мы хьэщIэщыр КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъщ.
  • «Адыгэ псалъэм» и зэдзэкIакIуэ Тэнащ Анатолэ КъардэнгъущIхэ я щIалэхэм ехъуэхъуащ я гукъэкIым папщIэ, я лъэпкъыр зыгъэинын, зыгъэбжьыфIэн апхуэдэ лIыфI куэд къахэкIыну зэригуапэри яжриIащ.
  • КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зрата КъардэнгъущI Мусэрбий жиIащ, я лъэпкъым и мызакъуэу, Зырамыку адыгэ псоми зарейр, хьэщIэщым абы и цIэр зэрыфIащар езым зэрилъэгъуар зэригуапэр. «Мы жэрдэмыфIыр къыхэзылъхьахэр IуэхуфI хэмыкIыу Тхьэм игъэпсэу», — пищащ абы.
  • Къэпсэлъахэм нэхъыщхьэу къыхагъэщаращи, «Адыгэ псалъэмрэ» КъардэнгъущI Зырамыкурэ зэпыщIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлъащ, газетым и лэжьакIуэхэм я гуапэт, фIыгъуэшхуэу къалъытэрт абы епсэлъэну, и тхыгъэхэр хутрадзэну, и гъусэу сурэт зытрагъэхыну.
  • ФIы куэд хуищIащ къызыхэкIа лъэпкъым КъардэнгъущI Зырамыку, ар зэрытщымыгъупщэм, и фэеплъыр зэрыдгъэлъапIэм и нэщэнэщ а зыхыхьэри, фIыщIэ яхудощI ар зи жэрдэмхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КъардэнгъущI Зауррэ лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Гъыдэ Валерий, зэIущIэм кърихьэлIа псоми.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • Сурэтыр Къарей  Элинэ трихащ.
  • Юбилей
  • Адыгэ  Iуэхум  дехьэх
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, ди республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт, къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ етынымрэ хэкупсэу гъэсэнымрэ зи гуащIэ куэд хуэзыгъэпс егъэджакIуэ Iэзэ, цIыху псэ къабзэ икIи ныбжьэгъу пэж Щоджэн (Къарэнашэ) Iэминат и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
  • Iэминат Зеикъуэ къуажэм щыпсэу Къарэнашэхэ Топашрэ Марусэрэ я унагъуэшхуэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, адэкIэ еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие  къудамэм. «Урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэ» IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтри, а предметхэр иригъэджу илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ Налшык къалэ дэт 13-нэ, 14-нэ гимназиехэм. ЛэжьакIуэ гумызагъэр 2011 гъэм КъБКъУ-м ирагъэблэгъащ икIи абы и филологие къудамэм и Методикэ центрым и унафэщIу ягъэуващ. А IэнатIэр къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ абы, жэуаплыныгъэр зыхищIэу, пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ Iуэхури щытхъу пылъу зэфIихыу. «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, «ДыгъафIэ къалэм» и егъэджакIуэ лэжьыгъэхэм ящIыгъуу, Щоджэныр ноби щыIэщ университетым. Ар КъБКъУ-м Егъэджэныгъэ политикэмкIэ и управленэм зэрырагъаджэ программэхэм я фIагъыр къэзыпщытэ и къудамэм и лэжьакIуэщ.
  • Апхуэдиз къалэн гугъухэр зэрызэфIихым къыдэкIуэу, Iэминат фIэхьэлэмэтщ ди щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэр. Адыгэбзэм иIэ щытыкIэм дапщэщи игъэпIей-
  • тей егъэджакIуэр КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и къэпщытакIуэ советым хагъэхьащ. Адыгэ Iуэхум дихьэх, хэкупсэ зыIут бзылъхугъэ цIыкIур апхуэдэуи Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я тхьэмадэхэм я къуэдзэщ.
  • Унагъуэ дахэкIи Тхьэр къыхуэупсащ Iэминат. Абырэ и щхьэгъусэ Муратрэ зэгурыIуэу,  пщIэрэ нэмысрэ  яку дэлъу зэдопсэу. Зэщхьэгъусэхэм бынитI зэдагъуэтащ, лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэ халъхьащ. Ахэр зыщIэхъуэпс IэщIагъэ ирагъэгъуэтынымкIи ялъэкI къагъэнакъым нэхъыжьхэм. Астемыр экономист IэщIагъэм щыхуеджащ Плехановым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым финансхэмрэ  кредитымкIэ и къудамэм, и IэщIагъэмкIэ мэлажьэ. Мадинэ Кутафиным и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и юридическэ факультетым и 3-нэ курсым и студенткэщ.
  • ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, нэмысрэ хабзэрэ зыхэлъ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ хьэлэмэт, жылагъуэ Iуэхухэри жыджэру дэзыгъэкIыф бзылъхугъэ гуащIафIэ Щоджэн Iэминат дохъуэхъу и пщIэр лъагэу, и дунейр дахэрэ узыншагъэ иIэу, и анэр, къыдалъхуахэр хуэпсэууэ, унагъуэ насыпым щымыщIэу, я бынхэм я гуфIэгъуэ куэд Муратрэ абырэ зэдалъагъуу, зэкIэрымыхуу дунейм куэдрэ тетыну, зыщIэхъуэпс, фIыгъуэу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыхуэупсэну.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.
  • Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм. 2018 гъэ
  • Лъэпкъыр зэпызыщIэж махуэ
  • Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр екIуу щагъэлъэпIащ Налшык къалэ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм и жэрдэмкIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэр «Трек» шхапIэм щызэхуашэсри, дахэу зэбгъэдэсащ, лъэпкъым и гугъуехьхэм, хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, хамэщI исхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм хэтащ КъАХ-м и район, къалэ хасэхэм я тхьэмадэхэри.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ нобэкIэ къапщтэмэ, Адыгэ Республикэм цIыху мини 2, Къэрэшей-Шэрджэсым — 52-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ди лъэпкъэгъу мини 3-м щIигъу къызэритIысхьэжар, абыхэм псэун Iуэху зэрызэрахуэр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр, къэхъуапсэ щыIэмэ, къэкIуэжынымкIэ сэбэп зэрыхъунур.
  • КъБР-м граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ хэхэсу къэхъуауэ нобэ зи хэку зыгъуэтыжахэм. Я къуэшхэм яхуэгъэза псалъэ гуапэхэр жаIащ къэIэпхъуэжахэм ящыщ нэхъыжьыфIхэу Абеикъуэ Шухьэиб, Хъуажь Фахъри, Къущхьэ Нэдим сымэ, нэгъуэщIхэми. Псори зыщIэхъуэпсри я псалъэхэм къыхагъэщари зыщ — дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыгъуэтыжауэ, зэрыубыдыжауэ тлъагъунырщ.
  • Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и уэрэджыIакIуэ пажэхэу Хьэрэдурэ Динэ, Шал Хъусен, Бэч Азэмэт, Беслъэней Ренатэ сымэ икIи джэгу дахэ зэхашащ.
  • А махуэ дыдэм, IэфIыкIэхэмкIэ узэда Iэнэхэр ягъэуври, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ  Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием къикIауэ хэкум зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэ 80-м щIигъум.
  • Къэбарт Мирэ.
  • Iуащхьэмахуэ и джэ макъ
  • «Си куэщIым иса си бынхэр
  • ФыщIэпхъуэу дэнэ фыкIуат?!
  • Си бгъэм къыщIэжу
  • псы уэрхэр
  • Быдзышэ фхуэсщIу
  •  фыспIат!
  •  
  • Си закъуэ губгъуэм
  • сыкъивнэу
  • Щхьэ фи хэку лъапIэр
  • вбгынат!
  • Уи хэку пхъумэну ушынэу
  • Апхуэдэ хабзэ фхэлъат?!
  •  
  • Иджы псы уэрхэр си нэпсу
  • Фэ — бынхэм — щхьэкIэ
  • къожэх.
  • Тхъуау си щхьэр фэр
  •  щхьэкIэ уэсу,
  • Фэ фыкъэслъыхъуэу
  • соплъых.
  •  
  • Зэм ину си пщэр хызошри,
  • Хым адрыщIкIэ сыфлъохъу.
  • Фызмылъагъужу, сызэшу,
  • Фэ сыфщIэбэгыу жьы
  • сохъу.
  •  
  • Фэ фыздикIауэ хэку дахэр
  • Нурыр щхьэщихыу гъэгъащ.
  • Щытщ щыхьэр ину
  • фи лъахэр,
  • ФIыгъуэм ар хэсу, бэгъуау.
  •  
  • Адыгэ лъэпкъым и бынхэ,
  • Дэнэ лъэныкъуи Iэпхъуа! —
  • ФыкъыхуэкIуэжыт
  • си IэплIэм,
  • Зэу тIысыжынщ сигу бэгар».
  •  
  • Хэкуншэм и гугъэ пщIыхь
  • «Гум зэтрех мо
  • къурш аузхэр, —
  • Сыкъоджэ хуэдэу
  • тхылъ гуузым,
  • Си лъэпкъым ябгынащ
  • хэку лъапIэр…
  • Телъщ дыркъуэ инхэр
  • уи къурш натIэм.
  •  
  • Сытетщ Кавказым и
  • къурш щыгум.
  • Сыхуоплъэ лъэпкъым
  • и гъащIэ Iэгум:
  • Уэ мывэу гъур ухъуащ
  •  лъэпкъ Iэгур,
  • ЩIэкIащ куэдыщэ уэ
  • уи нэгум.
  •  
  • Уи Iэгу — лIэщIыгъуэм
  • дэпхъэшам
  • Лэдэх нэпкъыжьэр
  • текIыжау,
  • Сыхуейт, аузхэр кIуэдыжау,
  • Зы къурш ди лъэпкъыр
  • дыхъужам…
  •  
  • Си Iэгур пхъашэр — ар
  •  мыIуэхут,
  • Си хэку сиIэжтэм сыпсэуху…
  • Хэхэсщ — пхужаIэу
  • пхьым дунейр,
  • Къыупсэур и уасэкъым
  • зы щай».
  • БАЛЪКЪЭР Фоусэт.
  • Адыгэ щIыналъэм – зыплъыхьакIуэ. 2016 гъэ
  • Хэкужь адэжь и щIасэщ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу цIыхуи 120-м нэблагъэ.
  • ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ

  • ЗекIуэм хэтхэм гъуэгуанэ тхылъхэр яхузэгъэпэщынымкIэ ядэIэпыкъуащ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унафэщI Къардэн Самиррэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, нэгъуэщIхэри.
  • Нэхъыбэр Кавказым япэу къихьэу арат, я мурадри я адэжьхэр зэрыса Хэкужьым зыщаплъыхьу ижь зыщIрагъэхунырт, ди щыIэкIэ-псэукIэм зыхагъэгъуэзэнырт, апхуэдэ щIыкIэкIи я нэгу зыщрагъэужьынырт.
  • ХьэщIэхэм зи ныбжь хэкIуэтахэр куэду яхэтащ. Ахэр Шэджэм псыкъелъэхэм щыIащ, Хыжьей ЩхъуантIэхэр зрагъэлъэгъуащ, Iуащхьэмахуэ лъапэкIи яунэтIащ. 
  • Ди лъэпкъэгъухэр Хэкужьым езыхэм я хьэрычэткIэ къакIуэ зэрыхъуар телъыджэщ. ИкIи абы теухуауэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар КъБКъУ-м и студенту щыта, Иорданием щыпсэу Бырсхэ Маруанщ. Зи гугъу тщIы Iуэхур зэрызэфIыхьам Архъагъэхэ Мухьэмэдрэ Маруанрэ я фIыщIэшхуэ хэлъщ. КъыздэкIуам хьэщIэхэр зыхуей хуэгъэзэн, щIыпIэ дахэхэм къыщешэкIын IуэхухэмкIэ къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэу щытар зэщхьэгъусэхэу Жамырзэхэ Феликсрэ Ирадэрэщ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.
  • Сурэтыр Къарей  Элинэтрихащ.
  • Адыгэхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ КъАХ-м и «пщыIэм» хьэщIэ куэд къекIуэлIащ.  2018 гъэ

  • Налшык  къалэ  хасэр  зэхуос
  • Печатым и унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэмрэ КъАХ-м и хасащхьэмрэ я зэIущIэ.Ар теухуауэ щытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэмрэ абы и къуэдзэмрэ хэхыным.
  • ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Абы къыхилъхьэри, КъАХ-м и Налшык къудамэм и тхьэмадэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну хуагъэфэщащ НафIэдз Мухьэмэд.
  • НафIэдз Мухьэмэд Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщщ. Абы къиухащ КъБКъУ-м и филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр. ТхакIуэщ, илъэс 32-рэ мэхъу. «Iуащхьэмахуэ» журналым щылэжьащ, иужьрей илъэсхэм «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондентщ.
  • Налшык къудамэм и тхьэмадэм и къуэдзэу къагъэлъэгъуащ Аруан щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Зыхьэ Оксанэ. Ар адыгэ Iуэхум хуэжыджэр, зи Iэр хуэпсынщIэ бзылъхугъэщ, Налшык къалэ щопсэу.
  • Къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ НафIэдзымрэ Зыхьэмрэ папщIэ.
  • Щомахуэ  Залинэ.