ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-05-31

  • Черкесск, 2016 гъэ
  • Хэхэс адыгэхэм я джакIуэ
  • Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зэрихьэу Черкесск къалэм дэт   Къэрал лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ   щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм теухуа «Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья» тхылъыр дунейм къызэрытехьамрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я интеллигенцэр, КъШР-м и Iэтащ-хьэм и Администрацэм, Правительствэм, районхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ХьэфIыцIэм куэд щIауэ и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу а щIыналъэм исхэр щызэхуэса пшыхьыр гуапэу, дахэу екIуэкIащ.

  • Сэхъурокъуэ Хьэутий

    КъБР-м щыщу зэIущIэм ирагъэблэгъат «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ цIэрыIуэ Ацкъан Руслан, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым  Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ЗекIуэрей Аслъэн, Голландием къикIа профессор Хьэткъуэ Фатхьи сымэ.

  • Лъэпкъ библиотекэм щагъэува дапхъэхэм щызэхуэхьэса сурэтхэм, газетхэм, тхылъхэм, тхыгъэхэм псалъэншэу наIуэ пщащIырт ХьэфIыцIэм и гъащIэмрэ и творчествэмрэ купщIафIэу зэрыщытыр, лъэпкъ Iуэхумрэ хэхэс гъащIэмрэ егъэфIэкIуэныр, адыгэр зэригъэуIужыныр и гуращэу зэрыпсэур.
  • ЗэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Лъэпкъ библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Мамтэ Майе. Абы къыхигъэщащ дуней псом щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд теухуауэ къыдэкIа тхылъым КъБР-мрэ КъШР-мрэ нэхъри зэрызэришалIэр, республикитIым я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным Мухьэмэд и гуащIэ куэд щIауэ зэрыхилъхьэр.
  • МэшбащIэ Исхьэкъ

    АдэкIэ псалъэ иратащ зэIущIэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа, Урысейм ис Адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ федеральнэ автономием и унафэщI, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Уэхъутэ Александр. Абы къыхигъэщащ ХьэфIыцIэ Мухьэ-мэд и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ куэдым я нэхъыбэр хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпыщIэжыным зэрытриухуар, ди къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри нэхъ гъунэгъу зэхуэхъуным Мухьэмэд нобэр къыздэсым зэрытелажьэр.

  • — Къалэн пыухыкIа мы дунейм щызыгъэзащIэ цIыхушхуэщ Мухьэмэд, — къыпищащ адэкIэ ЩIДАА-м   и вице-президент, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бэчыжь Лейлэ. — Мы дунейм адыгэу тетыр зэпызыщIэжыфа цIыхум гушхуэ кIуэцIылъщ. И IэщIагъэм хуэпэжу къыщIэкIа цIыху Iущщ нобэ дгъэлъапIэр. Ар къигъэсэбэпри, лей зытехьа, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм мащIэ-мащIэурэ ипхъа адыгэр зэригъэуIужыну иужь      ихьащ ар и щIалэгъуэм. ИкIи къехъулIащ. Къэрал куэдым щыцIэрыIуэ тхакIуэ, сурэтыщI, композитор, спортсмен, уэрэджыIакIуэ дапщэ дигъэцIыхужа, хэхэс гъащIэр   зи натIэ хъуа адыгэ дапщэм я гур хэкум къыхуигъэушыжа?! Ахэр псалъэ къудейкъым, атIэ дэфтэркIэ щIэгъэбыда пэжщ.
  • Уэхъутэ Александр

    КъШР-м щэнхабзэмкIэ и министр Бэрокъуэ Рэмэзан жиIам къыхигъэщащ адыгэ щэнхабзэр хъумэным, Кавказ Ищхъэрэм илъ лъэпкъ зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным, ди Хэкум зегъэужьыным теухуауэ Мухьэмэд куэд зэрызэфIигъэкIар, адыгэхэми, абыхэм я гъунэгъу лъэпкъхэми я дежкIэ мыхьэнэш-   хуэ иIэу.

  • Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий жиIащ Мухьэмэд 1965 гъэ лъандэрэ зэриныбжьэгъур, куэдрэ гъуэгу зэрыдытетар, лэжьыгъэ IуэхукIи унагъуэкIи быдэу зэпыщIа-уэ къызэрызэдекIуэкIыр.
  • — Зым хуэIэзэр щэм хуэIэзэщ,     жаIэ Мухьэмэд хуэдэхэм щхьэкIэ. Сыту жыпIэмэ, абы зыхимыщIыкI щыIэу къыщIэкIынкъым, и IэщIагъэкIи куэдым хунэсащ. ЛъагапIэшхуэ щиубыдащ абы адыгэ журналистикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм яфIэгъэщIэгъуэну щIаджыкI и IэдакъэщIэкIхэр. Апхуэдэу тхылъ гъэщIэгъуэнхэр игъэхьэзыращ, газет зэмылIэужьыгъуэхэр къыдегъэкI.
  • БищIо Борис

    ХьэфIыцIэм и къарур Iуэху зыбжанэм тригъэкIуадэ щхьэкIэ,  псоми я лъабжьэу къэплъытэ хъунущ щIыналъэ куэдым ипхъа хъуа, нобэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм яхэпсэукI адыгэ щэнхаб-  зэр къызэщIэкъуэжыныр, зегъэужьыныр,  адыгэбзэр  хъумэныр.

  • Мухьэмэд дипломатышхуэщ. Апхуэдэ хьэл дахэри сэбэп хъуащ   ди хэкумрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ къэралхэмрэ ныбжьэгъу зэхуэхъунымкIэ, СССР-м, УФ-м я Iулыджыр къэIэтынымкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди къуэшхэм гулъытэ къыхуегъэщIынымкIэ, — къыхигъэщащ БакIуум.
  • «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къул Фирдаус къыщыпсалъэм жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дэлъху пэлъытэ хуэхъуауэ илъэс куэд лъандэрэ зэрызэдэлажьэр.
  • Акаевэ Светланэ

    Фирдаус и псалъэхэм къыпищэу, Мухьэмэд къехъуэхъуащ «Ногай давысы» газетым и редактор нэхъыщхьэ Атуовэ Алтынай.

  • Адыгэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщыным жэрдэмщIа-кIуэ хуэхъуа Хьэткъуэ Фатхьи къыхигъэщащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хэкур, Кавказыр, Урысейр зыгъэдахэ   цIыху щыпкъэу, адыгэ лъэп-къым и щхьэр лъагэу езыгъэлъагъуж къуэ пэжу зэрыщытыр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри:
  • — 1971 гъэ лъандэрэ дызэныбжьэгъущ ХьэфIыцIэм сэрэ. Куэд зыщIэм куэд хужаIэ. Нэху щыху дыпсалъэми, Мухьэмэд хужытIэн дгъуэтынущ. Ар зэрыжурналист Iэзэр зымыщIэ мыбдеж щIэскъым. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэу сэ дэслъагъур япэ лъагъуэхэшу хэ-    хэс адыгэхэм зэрахыхьарщ. Абы къыщымынэу, диаспорэм зэман жыжьэм зэрызапищIар иригъэфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ иджыри къыздэсым. Ахэр зэригъэцIыхуу, зэпищIэу, хэкумкIэ къригъэблагъэрэ, къигъэхъуапсэу апхуэдэщ. Мухьэмэд хэкупсэщ, лъэпкъыпсэщ. Апхуэдизу лъэпкъыпсэщи, дунейм фIыгъуэу те-  тыр адыгэхэм яхуигъэщхьэпэну хущIокъу.
  • МэшхуэфI Нэждэт

    Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Даур   Жэхьфар къыхигъэщащ Мухьэмэд хуэдэ къуэ зыбжанэ лъэпкъым иIэмэ, ар зэрыхэмыкIуэдэжынур, абы и зэфIэкIыр зэрыиныр, и къэухьыр зэрыкуур, а псори адыгэм Iэрыхуэу къыхуигъэсэбэпыфу дунейм зэрытетыр.

  • УсакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Псыхэмыхьэ Мусэ:
  • — ЩIалэ дыдэу щIидзауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къалэмыпэр жану егъэлажьэ, губзыгъагъэ хэлъу, фIэщхъуныгъэ иIэу лъэпкъ Iуэхум пылъщ. ХьэфIыцIэм акъыл жанрэ щIэныгъэ куурэ зэриIэр наIуэ пщищIу апхуэдэщ и дэтхэнэ IэдакъэщIэкIми. Пэжыр жызыIэфыр лIы-гъэ иIэрэ цIыху къабзэу дунейм тетращ. Мухьэмэд апхуэдэщ.
  • Хьэкъул Оксанэ

    Ди лъэпкъ тхыдэ уардэр икIи гуауэр дунейпсо утыкум изыхьа-   хэм ящыщщ ар. Дауэ апхуэдэ цIыхум фIыщIэ зэрыхуумыщIы-нур?! ЖэрдэмщIакIуэ лъэщу щыткIэрэ, абы гулъытэ хэха яхуещI Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, нэгъуэщI лъахэхэм щыпсэу и лъэпкъэгъухэми. «Адыгэ псалъэ» газет купщIафIэм тригъэкIуадэ зэманымрэ къарумрэ-щэ?! Апхуэдэ дыдэу гуащIэшхуэ хелъхьэ «Черкесское зарубежье», «Нарт», «Хасэ» газетхэр къыдэгъэкIыным.

  • КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщI ЩакIуэ Мусэлий:
  • — Хэхэс адыгэхэм ятеухуауэ Мухьэмэд къигъуэтыфамрэ къитIэщIыфамрэ зыхузэфIэкIа нобэкIэ диIэкъым. Хэкупсэ нэсу къэхъуа къэхутакIуэм и тхыгъэхэмкIэ дегъэцIыху Мысырыр, Тыркур, Щамыр, Иорданиер, Израилыр, Ливаныр, Франджыр, нэгъуэщI къэралхэри зэрыгушхуэу а щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр. Адыгэ дунейр зэгъэуIужыным хуэлажьэ цIыхущ Мухьэмэд. Ар ныбжьэгъугъэкIи, хьэлэлагъкIи згъэунэхуащи, хуэдэ цIыху гъуэтыгъуейуэ жысIэфынущ.
  • «Ди нэхъыжьым пщIэшхуэ хуэфащэщ, къэлъытэгъуейщ абы и зэфIэкIым и инагъымрэ и лэжьыгъэр зэрыщхьэпэмрэ. Си дежкIэ на-сыпщ Мухьэмэд и щIыбагъ сыкъыдэту гъащIэ гъуэгуанэ къызэрыскIуар, ар иджыри си япэ зэритыр», — къыхигъэщащ Ацкъан Руслан.
  • ЗэIущIэм и кIэухым псалъэ зрата ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи дяпэкIэ и мурадхэмкIэ ядэгуэшащ.
  • Пшыхьым кърихьэлIат Сирием къикIыжа щIалэщIэ, Черкесск дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым щеджэ Щауэжь Нарт. Абы и IэдакъэщIэкIхэр — шыкIэпшынэ, пхъэ вакъэ, пхъэ тIаркъэ — тлъэгъуащ а пщыхьэщхьэм. Нарт и пшынэ еуэкIэм зэIущIэм хэта псори дихьэхащ.
  • Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият, КъБР-м и Музыкэ театрым и солист, КъШР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ ХьэзрэIил сымэ.
  • Къущхьэ Надим: Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ
  • Къущхьэ Надим ди лъэпкъэгъу куэдым яцIыху, фIыуэ ялъагъу. Ар егъэджакIуэщ, усакIуэщ, журналистщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэщ. Сирием щекIуэкIа зауэр къэхъеин ипэкIэ Адыгэ Хасэм и унафэщIу лэжьащ. Ар псоми зэрацIыхур гущабэрэ хьэлэлу, адыгэ Iуэхум гууз-лыуз иIэу бгъэдэтущ. ГъащIэ зыгъэунэхуа тхьэмадэр 2013 гъэм и унагъуэр щIыгъуу, Сирием къиIэпхъукIыжри,  Хэкум къитIысхьэжащ.
  • Къущхьэ Надим и адэшхуэ Мыхьэмэтмырзэ Кавказ зауэм и зэманым хэкум ирахуахэм языхэзщ, Абейкъуажэ (Урожайнэм) къыдэкIащ. Абы и щIалищыр щIыгъуу япэу тIысыпIэ хуэхъуа Тырку Анэдолэм иIэпхъукIыжри, Джоланым хыхьэ Хъышние къуажэм дэтIысхьащ 1897 гъэм. Абы къыщыхъуащ Надими. Ди лъэпкъым и щхьэ лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэ кърикIуа зауэ къомыр я нэгу щIэкIащ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэхэри, 1946 гъэм щыIа Палестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэ къомыр щызэтракъутэу ди лъэпкъэгъухэр аргуэру я псэупIэхэм къизыхуа, Джолан лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зауэри.
  • Адыгэм и лIыгъэр къигъэлъэгъуэнкIэ зэи хуэмыхуакъым. Ауэ, Сирием щекIуэкIа зауэм щызэпэщIэтхэр мыIупщIу езы къэрал кIуэцIым щекIуэкIырти, лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмали щыIэтэкъым. А хьэлэбэлыкъыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иужьрей зэманым Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къызэрикIыжам. Надим игу къоуэ иужьрей илъэс тIо-щIитIым адыгэр мамыру, зыхэсым фIыуэ къалъагъуу зэрыса щIыналъэхэр ябгынэн хуей зэрыхъуар, абы къина ди лъэпкъэгъухэр къэрал зэхэкъутам щекIуэкI Iуэху мыщхьэпэхэм, хуей-хуэмейми, хэша зэрыхъур.
  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм. 2015 гъэ

  • Апхуэдэу ар ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм щхьэх ямыщIэу я псэуныгъэр зэрызэтраублэм. Пэжщ, уи Хэкум и IэплIэ хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэным гугъуехь Iэджэ пылъщ. Абыхэм пэлъэщынымкIэ хэкурысхэр къазэрыдэIэпыкъуам мыхьэнэшхуэ зэриIэр, псом хуэмыдэу езым и лъэпкъэгъухэм, Къущхьэхэ, гуапагъэрэ гулъытэу ядилъэгъуар игу къегъэкIыж Надим.
  • — КъэкIуэжахэм я унэцIэ-хэр «Адыгэ псалъэ» газе-тым къыщытрадзэм, сыкъагъуэтащ. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъызэрыкIуэжам дыщогуфIыкI. Нобэ гузэвэгъуэм укъыхэкIащи, дыбдэIэпыкъуну дыхуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» — жаIащ. Си гур къилъэты-ным хуэдэу сыгуфIащ, зеиншэ къабзэу сызэрыщымытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жысIэри сыгушхуащ. Дызэрыпсэун къыдатурэ илъэсым нэблагъэ дэкIащ. Унэ зимыIэм лъапсэ иIэкъым, — жаIэ. Лъапсэ къэдугъуейри Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къыщызэфIэдгъэуващ, и щхьэр си къуэшхэм схутралъхьэри, зыхуеин къыхуэмыту яухри, иджы дыдэ дыщIэтIысхьэжащ. ЩIалэ нэхъыщIэм и унагъуэм щIыгъуу дыщопсэу. Хэкум дыкъызэрыкIуэжрэ цIыхуу дызрихьэлIам я процент 90-р гуапагъэ къызыпыкIщ. Сирием щекIуэкIа зауэм хэкIыу нэгъуэщI къэрал Iэпхъуа си лъэпкъэгъухэмрэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэплъытмэ, дэ дынэхъ насыпыфIэщ куэдкIэ. Апхуэдэу къэтлъытэным и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ди цIыхухэм ягурэ я псэрэ зэIухауэ дыкъызэрырагъэблэгъэжарщ. Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъагъуращ. Сэ ахэращ щыслъэгъуар.
  • Къущхьэ Надим и щIалэгъуэм къыщIидзауэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лэжьащ, илъэсипщIым нэблагъэкIэ Къуцея жылэм и Хасэм и тхьэмадащ, Хэкум къызэригъэзэжрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ. ДАХ-м щыхэлэжьыхьа лъэхъэнэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ тхьэмадэр:
  • — Хасэм и лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъу и Хабзэ (устав) диIэжщ. Абы ГъэзэщIакIуэ гупыр хэлэжьыхьыжри къащтащ, дызыщыпсэу къэралыгъуэшхуэм щекIуэкI хабзэхэм пэщIэу-вэу зы Iыхьэ хэмыту. Ди лъэпкъыр къэтхъумэнумэ, адыгэм фIы хуэтщIэнумэ, а уставым демыбакъуэу дылэжьэн хуейщ. Хасэм хэт-хэм лъэпкъым папщIэ ялэжьыр Тхьэм псапэу, насыпу къаритыж. Щызэхэсх щы-Iэщ Хасэм и лэжьэкIэр цIыхухэм яубу. Лэжьам и фIыщIэ зыгъэкIуэдхэм гуэныхь къахь. Хасэм и лэжьыгъэм гъунэгъу зыхуэпщIу плъэкI хэплъхьэным и пIэ-кIэ, жыжьэу укъыщыту ушхыдэ нэужь, лъэпкъым уи зэран къокI.
  • Ди хэку къызэрыдгъэзэжрэ гу лъыстакъым ди хабзэ зетхьэжыну зыми къытпиубыду, е ди бын анэдэлъхубзэ едгъэщIэну зэран къытхуэхъуIауэ. Апхуэдэщ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэри — а зи гугъу сщIахэмкIэ зыри дауэгъу къахуэхъуркъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэ ди зэран зэкIыжын хуейкъым, къэралхэм я хабзэхэм дытету ди псэуныгъэр, лэжьыгъэр зэтедублэн хуейщ. ДАХ-р зыкъутэну яужь къихьэр      адыгэ лъэпкъым епцIыжауэ собж сэ. Хасэр димыIэу зэрымыхъунур хьэкъыу ди фIэщ хъуауэ щытын хуейщ, псом хуэмыдэу хэхэс адыгэхэм. Анэ бгъэ хуабэу, хэкум дыщызэхуишэсу илъэс 25-м щIигъуауэ диIэщ Хасэр. ДэнэкIэ щыIэ адыгэри зы Iэрэ зыгуу ДАХ-м дыгуэувэн хуейуэ соплъ.
  • «Щикъухьащ адыгэр  дунеижьым» — аращ зэреджэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэригъэпэща еплъыныгъэм. 2014 гъэ

  • Хэкум къэкIуэжахэм я нэхъыжьхэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм  щагъэхьэщIэ.
    2017 гъэ, шыщхьэуIум и 1

  • Бзэм теухуауэ. Мы ГъэзэщIакIуэ гупым сызэрыхэта лъэхъэнэм къриубыдэу Хасэм и зы зэхуэс блэкIакъым, псом япэ иригъэщу бзэм темыпсэлъыхьу. Бзэр хъумэнымкIэ комитетым ирихьэкIа лэжьыгъэр нэры-     лъагъущ, абы къызэщIиубыдащ хэкурысхэри, дэнэкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Абы и щыхьэтщ иджыбла-гъэ комитетым Налшык щригъэкIуэкIа Дунейпсо щIэныгъэ конференцыр, абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр. Шэч хэлъкъым а зэхуэсым къыщащта унафэхэр къэкIуэну щIэблэхэм зэрахуэщхьэпэнум.
  • Мы комитетым и жэрдэмкIэ едгъэжьауэ, ДАХ-м и архив щыIэну зэхэубла хъуа Iуэхугъуэри икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ. СытыбзэкIи къыдэкIауэ, дэнэ щIыпIэ щытрадзами, адыгэхэм ятеухуауэ журнал, газет жыпIэми, ди лъэпкъэгъухэм я IэдакъэщIэкIыу тхылъ, сурэт хъуми — псори щызэхуэтхьэсынущ мы архивым. Ди щIэблэм и тхы-дэр ищIэнымкIэ, адыгэ дунейм нэхъыфIу щыгъуазэу къэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ, а архивыр тэрэзу тхуэгъэлажьэмэ.
  • Дуней псом щикъухьауэ щыпсэу адыгэхэм мылъкушхуэ зиIэ куэд яхэтщ. Дауи, щIэныгъэшхуи ябгъэдэлъщ я нэхъыбэм. Сыту дэгъуэ хъунт апхуэдэхэм я мылъку халъхьэрэ хэкум къэзыгъэзэжыну зи мурадхэм ядэIэпыкъуу зы фонд къызэрагъэпэщатэмэ. Е, къэзыгъэзэжахэм сэбэп яхуэхъуну проект гуэрхэр хэкум щызэхаублатэмэ. Дуней псом апхуэдэ щапхъэ куэд щызокIуэ икIи абы-    хэм сэбэпынагъыу къа-  хьым дыщыгъуазэщ. Мис апхуэдэу пщIэ зиIэ Iуэху гуэрхэращ ди лъэпкъыр нэхъыбэу зыхуэныкъуэр. АтIэ мыхьэнэ зимыIэ псалъэмакъ мышыу къезыхьэкIхэм зыри сэбэпынагъ къапыкIыркъым.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм илэжьу фIыгъэшхуэ къызыпыкIыу сэ сызыхэплъа-хэм ящыщщ ди щIэблэр зэрыгъэлъагъуным, къэрал щхьэхуэхэм щыпсэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм хэкур егъэцIыхуным ехьэлIауэ ирихьэкI лэжьыгъэр. Абы теухуауэ илъэсым и кIыхьагъкIэ екIуэкI Iуэхугъуэхэм хэкурысри хэхэсри дыщыгъуазэщ: гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм сабий гупышхуэхэр хэкум щохьэщIэ, зыщаплъыхь, адыгэбзэ щрагъаджэ. Апхуэдэу къэфакIуэ, артист ныбжьыщIэхэр сыт зэмани ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм фестивалхэм зыкъыщагъэлъагъуэ. Аращи, ди щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым.
  • Адыгэр зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къалъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэшхуэ щиIэщ ДАХ-м, абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ Хасэм къимыIэтми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу ирегъэкIуэкI. Пэжщ, Хасэм хэтхэр баш цIыкIукIэ Iэнэм теуIуэмэ, зыхуей псор къэхутэну-къым. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэщ, абы и къалэнщ», — жамыIэу, хэти лъэкIыр къыхилъхьэу дэнэкIэ щыIэ адыгэри дэIэ-пыкъуэгъу хъун хуейщ. ДызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэ-рефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым.
  • Къущхьэ Надим и Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэри къызыхыхьэжа и лъэпкъэгъухэм яхуэсэбэпу, узыншэу куэдрэ ди япэ итыну ди гуапэщ.
  • Щоджэн  Iэминат.