Бгырыс бзылъхугъэм и щапхъэ Бэчыжь Лейлэ
2019-05-31
- Къыщалъхуа махуэр нобэ егъэлъапIэ цIыхубз хьэлэмэтым, бгырыс бзылъхугъэм и щапхъэ, гъэсэныгъэрэ губзыгъагъэрэ зыхэлъ цIыху дахэм. Филолог-еджагъэшхуэ, профессор, Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубзхэм ящыщу япэу щIэныгъэхэм я доктор хъуа, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI Бэчыжь Лейлэ илъэс 90 ирикъуащ.
- Абы Урысейм литературэм пыщIауэ ис псоми пщIэшхуэ хуащI, нэгъуэщI къэралхэм фIыуэ къыщацIыху, Кавказыр зыджхэм я Европэ зэгухьэныгъэм хэтщ. Илъэс куэд лъандэрэ абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зэкъуэтыныгъэмрэ лъэпкъхэр зэгурыIуэу зэдэпсэунымрэ я гупсысэхэмкIэ гъэнщIащ. Лейлэ шэрджэс, къэрэшей, нэгъуей, абазэ поэзиемрэ прозэмрэ ятеухуа лэжьыгъэу 200-м щIигъу и Iэдакъэм къыщIэкIащ, хэхэс адыгэу нэгъуэщI къэралхэм щыIэхэм къахэкIа тхакIуэхэм я цIэхэр ди деж япэу щызыгъэIуахэм ящыщщ.
- Абы къыдигъэкIащ пщIэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ куухэр: «Шэрджэс литературэ (зэрызэтеувамрэ зэрызиужьымрэ)», «ЛIыхъужьыгъэ эпосым къыщегъэжьауэ романым нэс. Лъэпкъ художественнэ Iэмалхэмрэ адыгэ литературэм и IуэрыIуатэ жанрхэм зэрызаужьымрэ», «Псалъэм пыщIа жэуаплыныгъэр: илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм къыдэкIа литературэ-критикэ тхыгъэхэр», нэгъуэщIхэри.
- Лъагъуныгъэшхуэрэ гулъытэ инрэ абы урысыбзэми анэдэлъхубзэми яхуещI. «Урысыбзэр щымыIатэмэ, дэ нэгъуэщI лъэпкъхэм депсэлъэфынутэкъым. А бзэр дджын икIи ар зэрытщIэр зэпымыууэ едгъэфIэкIуэн хуейщ. АдыгэбзэкIэ псалъэм къикIыр «псэм и чысэ» жиIэу аращ. ИгъащIэми жаIэ «Жьэр щхьэм и лIыкIуэщ». ЦIыхум и псэр зыхэлъ а бзэр дэ сытым дежи къабзэу тхъумэну ди къалэнщ», — жеIэ абы.
- Абы и псэлъэкIэм удимыхьэхыпIэ иIэкъым. АбыкIэ щыхьэт хъунущ Лейлэ ди къэралми нэгъуэщI щIыналъэхэми къыщыщыпсалъэм, лекцэхэм къыщыщеджэм ирихьэлIа дэтхэнэ зыри. Абы и псалъэм уегъэдыхьэшхыф, уегъэгушхуэф, уегъэгупсысэ.
- Лейлэ и щIэныгъэмкIэ берычэту псоми ядогуашэ: блэкIа илъэсхэм абы щIэныгъэхэм я кандидату, доктору 20 игъэхьэзыращ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, абы щIэныгъэм и унэтIыныгъэщIэ къызэригъэпэщащ икIи ар япэкIэ ягъэкIуатэ абы иригъэджа филолог-къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм.
- Къэралымрэ цIыхубэмрэ абы и зэфIэкIым хуэфащэ пщIэ хуащIащ. Бэчыжь Лейлэ кърата наградэхэм яхэтщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и медалым и етIуанэ нагъыщэр, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр. Дунейпсо Арт комитетым ар 2006 гъэм къилъытащ «Илъэсым и набдзэу».
- ПщIэ зыхуэсщI Лейлэ Iэбубэчыр и пхъум сигукIи си псэкIи си гуапэу и юбилеймкIэ сохъуэхъу. Илъэс куэдкIэ иджыри творческэ жыджэрагъ пхэлъыну, насып, гуфIэгъуэ, ефIэкIуэныгъэ уиIэну. ГъащIэ кIыхь зиIа уи нэхъыжьхэми хуэ-дэу, уузыншэу икIи гукъыдэжышхуэ уиIэу уи илъэсищэ юбилейр бгъэлъэпIэну си гуапэщ!
- Къанокъуэ Арсен,
- ЩIДАА-м и президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ.
- Москва къалэ, 2019 гъэм накъыгъэм и 29-м.