2019-05-31
- „Адыгэ пщыщэ“ зэпеуэр, 2016 гъэ
- Хъуащ Кэнжэ къуажэр щэнхабзэм и утыку
- «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
-
Абы хэтащ ди щIыналъэм и районхэм къикIа хъыджэбзий. Пщащэхэр дахэт, ауэ ар мащIэщ мыпхуэдэ зэпеуэм ущытекIуэн папщIэ: узэрыакъылыфIэр, узэрыжьакIуэр, анэдэлъхубзэр зэрыбгъэшэрыуэр, Iуэхум узэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, хабзэм зэрыхэпщIыкIыр, нэгъуэщIхэри къэбгъэлъэгъуэн хуейт.
- Абыхэм я зэфIэкIыр къэзыпщытэну гупым хэтт «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и унафэщI IутIыж Мэжид, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэнбэч, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ, режиссёр, сценарист, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Анзор, ХьэрычэтыщIэхэр щагъэхьэзыру Москва и Правительствэм иIэ академием и доцент, пщафIэ Iэзэ Бжьэдыгъу Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ, Кэнжэ дэт сабий сад №20-м и етIуанэ къудамэм и унафэщI, дэрбзэр Iэзэ, лъэпкъ фестиваль зыбжанэм я лауреат Балэ Марьянэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актёр Къанкъул Ислъам, «Адыгэ пщащэ-2014» зэпеуэм «Гран-при» саугъэтыр къыщызыхьа Сейн Аидэ сымэ. КъэпщытакIуэ гупым и унафэщIт Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Зэпеуэр езыгъэкIуэкIар Къуэныкъуей Залинэрэ Мамий Аслъэнрэщ. IуэхугъуихкIэ зэпеуа хъыджэбзхэм къызэхуэсахэм зыкърагъэцIыхуащ япэщIыкIэ. Пщащэхэм жаIащ къызыхэкIа унагъуэр, лъэпкъыр, зыщыщ къуажэр, щеджэр, дэзыхьэхыр, гъащIэм хуаIэ еплъыкIэмрэ я мурадхэмрэ. А псори видео теплъэгъуэхэмрэ сурэтхэмкIэ экраным къыщагъэлъагъуэрти, утыкум ит пщащэм и дуней тетыкIэм зыщыбгъэгъуэзэнымкIэ Iэмал хъарзынэт.
- КъэпщытакIуэ гупым хэтхэмрэ къызэхуэсахэмрэ пщащэхэр нэхъ зрагъэцIыхун мурадкIэ, пэшым щIэсхэм упщIэ тIурытI абыхэм хуагъэхьэзырат. Пщащэхэр хъарзынэу пэлъэщащ а упщIэхэм, адыгэбзэм зэрыхуэшэрыуэхэмрэ зэрыакъылыфIэхэмрэ къагъэлъагъуэу. КъыкIэлъыкIуэ зэпеуэр адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэмрэ я сэбэпынагъымрэти, дэтхэнэми балл нэхъыбэр хуэбгъэув хъуну пщэфIащ. КъэпщытакIуэхэм я пащхьэ кърагъэува ерыскъыхэр зэрапщэфIа щIыкIэр видеокIэ къагъэлъагъуэурэ тепсэлъыхьащ. ТхьэмщIыгъуныбэ, матэ кхъуейрэ хьэлывэрэ, хьэлыуэ, нартыху лэкъумрэ кхъуейжьапхъэрэ, джэш лыбжьэ, жэмыкуэ, щIакхъуэзэтеупIэщIыкI, джэд лыбжьэрэ пIастэрэ ягъэхьэзырати, адыгэ Iэнэм и берычэтагъымрэ ерыскъым и къэуатымрэ наIуэ къащIырт.
- «Щэнхабзэм и лъахэм» хъыджэбзхэм щагъэлъэгъуащ я къэфэкIэр, уэрэд жыIэкIэр, усэ къеджэкIэр, пшынэ еуэкIэр. УсакIуэ куэдым я гурыщIэр усэбзэкIэ зыхуаIуэта, хамэ щIыпIэхэм щыщу Кавказым зыплъыхьакIуэ щыIахэм псалъэ дахэ куэд зыхуатхыжа ди хъыджэбзхэм я дахагъри гуа-кIуагъри къыщагъэлъэгъуар етхуанэ теплъэгъуэрщ — «Адыгэ пщащэм и пшыхь фащэрщ». Лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостей дахэхэр ящыгъыу утыку къихьащ зэпеуэм хэтхэр, дыжьын бгырыпххэр ящIэлърэ я фащэм хуэфэщэну щIыкIафIэу зекIуэу. Адыгэ хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъыр фащэм зэригъэдахэр, абы лъэпкъым хуэфащэ цIыхуу фэ къызэрытригъауэр умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Зэпеуэм и кIэухыр хъуэхъум лъагъэсащ. Хъыджэбзхэр дахэу хъуахъуэри, абыхэм я гъусэ щIалэхэм махъсымэбжьэр нэхъыжьхэм иратащ.
- А псоми гупсэхуу кIэлъыплъа жюрим и къалэныр тынштэкъым, ауэ зэпеуэ щыхъукIэ, увыпIэхэр ягуэшын хуейти, щхьэж къигъэлъэгъуахэр зэпалъытыжри, мыр кърикIуащ:
- Гран-при — Дыгъужь Сарэ (Иорданием къикIыжауэ Налшык щопсэу, щоджэ);
- Япэ адыгэ пщащэ — ЛIыгуащIэ Радимэ (Дыгулыбгъуей);
- ЕтIуанэ адыгэ пщащэ — Къумахуэ Элинэ (Лэскэн ЕтIуанэ);
- Ещанэ адыгэ пщащэ — Шыдакъ Роксанэ (Инарыкъуей);
- Къафэм и гуащэ хъуащ Шэру Анжелэ (Къармэхьэблэ);
- Пщащэ акъыл жану къыщIэкIащ Мэлей Iэминэ (Сэрмакъ);
- Пщащэ щIыкIафIэу къалъытащ Мамхэгъ Миланэ (Шэджэм Езанэ);
- ПщафIэ Iэзэу къыхахащ КIэщт Альбинэ (Кэнжэ).
- Гран-при къэзыхьамрэ япэ увыпIищыр зыхуагъэфэщахэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылърэ саугъэтхэмрэ ира-тащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пщащэхэм ехъуэхъури, КъАХ-м къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ. Налшык къалэ администрацэм и щIыхь тхылъхэмкIи ягъэгуфIащ зэпеуэм хэтахэр. Апхуэдэуи япэ увыпIэр зыхуагъэфэщахэм «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и саугъэтхэр яритащ абы унафэщI IутIыж Мэжид.
- Зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъуащ хьэрычэтыщIэхэу Балэ Аслъэнбий, Мамийхэ Аскэрбийрэ Леонидрэ. Хъыджэбзхэм ахъшэ саугъэтрэ кином и билетхэмкIэ яхуэупсащ «Дея» хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Мухьэмэд, IэфIыкIэхэр яритащ «Жако» IуэхущIапIэр зей ЖьэкIэмыхъу Аслъэнбий.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ IутIыж Мэжидрэ дахэу екIуэкIа зэпеуэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ абы хэтахэмрэ фIыщIэ хуащIащ, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэрэ абы и къуэдзэ Балэ Людмилэрэ псалъэ гуапэ жраIащ, тыгъэхэри иратащ.
- Ставрополь, 2016 гъэ
- Зэкъуэтыныгъэм и щапхъэ
- Ставрополь къалэм щекIуэкIащ «Зэкъуэшыныгъэм гъунэ иIэкъым» зыфIаща лъэпкъ-щэнхабзэ фестивалыр. А махуэм «Ставрополь» концерт тыпIэм щызэIущIащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щэнхабзэмкIэ я лэжьакIуэхэр. Махуэшхуэр къызэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ а къалэм щызэхэт адыгэ, къэрэшей, абазэ, нэгъуей лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэр, апхуэдэуи дэIэпыкъуэгъу хъуащ Ставрополь крайм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ казачествэмкIэ и къэрал комитетымрэ ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ.
- Зэхуэсым кърихьэлIащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм я унафэщIхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр.
-
А къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ къызэрыджиIамкIэ, къызэрагъэпэща махуэшхуэм мыхьэнэ ин иIэщ Ставрополь краймрэ абы и гъунэгъу хэгъэгухэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм зэгурыIуэныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ я зэхуаку дэ-лъынымкIэ, щIалэгъуалэр зэхущытыкIэфIым хуэгъэсэнымкIэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ.
- Махуэшхуэм хэтхэмрэ хьэщIэхэмрэ Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир къыбгъэдэкI фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Скворцов Юрий.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэу фестивалым хэтащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ. Ахэр къыщыпсалъэм къыхагъэщащ Кавказым ис лъэпкъхэр зэзыпх Iуэху нэхъыщхьэр зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ арауэ зэрыщытыр, дызыхэпсэукI геополитикэ щытыкIэр зэрыгугъум щхьэкIи къэмынэу, дэтхэнэ лъэпкъми и хъугъуэфIыгъуэхэр зэрихъумэжыпхъэр, дин, лъэпкъ зэгурыIуэмрэ гулъытэмрэ зэи IэщIыб тщIы зэрымыхъунур.
- А пщыхьэщхьэм гуфIэгъуэр яIэту утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, «Вольная степь» къэзакъ ансамблым (Ставрополь), «Эльбрус» къэфакIуэ къэрал ансамблым (КъШР). УэрэджыIакIуэхэу Ташло Алий, Молэ Артур, Шэрджэс Iэсият, Мэремкъул Ачар, НапщIэ Iэминат, Гумэ Александр сымэ, «Джигитей» гупым ягъэзэщIа уэрэдхэм наIуэ къащIырт Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Ставрополье щIыналъэхэм я лъэпкъ щэнхабзэм и беягъыр.
- Истамбыл, 2018 гъэ
- Дыщэр чэзэпкIэ ягъэунэху
- ТхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр тыркубзэкIэ зэридзэкIащ Емуз Баязит.
- ТхылъыщIэр дахэу утыку къыщрахьа пшыхь щекIуэкIащ Истамбыл. Кокасинан щэнхабзэ унэм щызэхуэсат Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр, Хасэ тхьэмадэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, егъэджакIуэхэр, зи лъэпкъым и къэкIуэнум ирипIейтей цIыхубэр. Ахэр щыгуфIыкIащ адыгэм и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызыубыд адыгэ хабзэмрэ абы къызэщIиубыдэ къалэнхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъыр иджы тыркубзэкIэ я деж зэрынэсам. АдыгэбзэкIэ къемыджэфми, анэдэлъхубзэм ирипсалъэр щыкуэдщ Тыркум. Пшыхьым къекIуэлIа нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми къыхагъэщащ ар къызэрыдэкIам мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэм и дуней тетыкIэм, и цIыху хэтыкIэм, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр псом япэ зэрырагъэщым, нэгъуэщIхэми къыдэкIуэтей щIэблэр хуаущиинымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъунур.
- Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм жэуап зыхь и секретарь НэщIэпыджэ Замирэрэ КАФФЕД-м хэт Емуз Наузэтрэ.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей Шэрджэсымрэ икIа хьэщIэхэри.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэхэм я советым и тхьэмадэ, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъу-тэ Александр сымэ къыхагъэщащ тхылъыр бзэ нэхъыбэкIэ къыдэкIыху, абы сэбэпынагъ нэхъыбэ къызэрихьынур, къэрал 50-м щIигъум щикъухьа адыгэхэр абы зэрыхуэныкъуэр.
- Емуз Баязит жиIащ тхылъыр зэдзэкIыным иужь итахэр тыншу зэрызэдэлэжьар, я лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр яхъумэжынымкIэ сэбэпынагъ къихьыну гугъэу къыдагъэкIа «Адыгэ хабзэм» и къалэн зэригъэзэщIэнур, ар дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми зэрилъынур. Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Жылэхьэж Эрдогъан, Нэгуэр Фатхьи, Алъэсчыр Жанберк, нэгъуэщIхэри.
- Зи лъэпкъ хабзэр хамэ жьэгу щызезыхьэ ди лъэпкъэгъухэм я гупсысэр, псалъэр, гурыщIэр куэдт а пщыхьэщхьэм. Дэтхэнэми и еплъыкIэ иIэжт нобэ Тыркум ис адыгэр къызэрызэтенам, ар хэкум пыщIа зэрыхъуам, лъэмыж пэлъытэу зэзыпх Iуэхугъуэхэр зэрыщыIэм, лъэпкъым нэхъри зиужьынымкIэ хэкIыпIэу къагъуэтхэмрэ гуныкъуэгъуэу яIэхэмрэ ятеухуауэ. Илъэси 150-м щIигъуауэ зи адэжь лъахэ имысыжхэм я гуныкъуэгъуэм уигъэгупсысэрт, ауэ апхуэдиз лъандэрэ яхъумэфа адыгэбзэмкIэ утыкушхуэм къызэрыщыпсалъэм, я щхьэр, я бзэр, я хабзэр яхъумэжын папщIэ сыт хуэдэ Iэмалри къызэрагъэсэбэпым гур хигъахъуэрт.
- Тхылъым иращIэкIа «лъэтеувэр» и уэрэд щIэщыгъуэхэмкIэ игъэдэхащ КъБР-м и Къэрал филармонием и солисткэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Хьэкъул Оксанэ.
- * * *
- Зэхыхьэм хэтахэр я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ:
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: — МафIэдз Сэрэбий илъэс 40-м щIигъукIэ си ныбжьэгъуащ. Ди унэхэр зэбгъэдэтт, я унагъуэм сихьэрт. «Адыгэ хабзэ» тхылъыр адыгэбзэкIэ къыщыдэкIам япэ дыдэ зритахэм сащыщщ. ИужькIэ езым урысыбзэкIэ зэридзэкIыжри, КъБКъУ-м къыдигъэкIащ. Иджы мис, аргуэру гъащIэщIэ иратауэ жыпIэ хъунущ Сэрэбий и лэжьыгъэм. Хуабжьу си гуапэщ ди къуэшхэр куэду зэрыс къэралым ар къызэрыщыдагъэкIар. Абы нэмыщI нэгъуэщI сэбэпынагъи пылъщ мы Iуэхум — адыгэ хабзэм хуэдэ лъэпкъ зыщыплIым яIэу аращ, ахэр бзэ зэмыщхьхэмкIэ къыдагъэкIмэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм едгъэцIыхумэ, ди щэнхабзэхэр нэхъ зэпэгъунэгъу ищIынущ.
- Шурдым Гюнсель, Истамбыл щыщ профессор: Хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэмрэ хэкужьым ис ди лъэпкъэгъухэмрэ, ди гуапэ зэрыхъущи, иужьрей зэманым нэхъ зэпыщIа мэхъу, зэкIэлъокIуэ, зэрощIэ. Нобэ дызэхуэзышэса Iуэхури а щхьэусыгъуэхэм ящыщщ. Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ хабзэр Тыркум исхэм къазэрыгурыIуэн бзэкIэ къыдагъэкIауэ зэбграгъэкI. Ар икъукIэ Iуэху дахэщ, зы лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщыр и бзэмрэ и хабзэмрэщ. Дэ Iэмал зэриIэкIэ ахэр тхъумэным иужь диту дыкъогъуэгурыкIуэ. Нэхъ гугъу дыщехьа зэманхэр блэкIащ, иджы, фэрэ дэрэ нэхъ дызэкIэлъыкIуэ зэрыхъужрэ, ди гум нэхъ зыкъищIэжащи, сэбэп къытхуэхъуну къэтлъытэ дэтхэнэ Iуэхури хэхэсхэм къазэрыхэтхьэным дыпылъщ. Си фIэщ мэхъу мы тхылъыр къыдэзыгъэкIахэм я мурадыр къызэрехъулIэнур, Тыркум щыпсэу дэтхэнэ адыгэ унагъуэми ар зыIэригъэхьэу, нэхъ лъапIэ дыдэу иIэхэм ящыщу зэриджынур икIи зэрихъумэнур.
- Тумэ Рэхьми, Мараш щыщ уэчыл: — Адыгэ хабзэр дахэщ, сэбэпщ. Сыт хуэдизрэ утемыпсэлъыхьми, утемытхыхьми, хужыпIэнрэ тептхыхьынрэ бгъуэтынущ. Адыгэ хабзэр псэукIэр нэхъ дахэ, купщIафIэ, цIыху зэхэтыкIэр нэхъ екIу зэращI Iэмэпсымэщ. Зы парламенти къыхуэщтэну къыщIэкIынкъым апхуэдэ унафэ зэгъэзэхуарэ купщIафIэрэ. Адыгэм Iущагъ куэд хэлъу щытащ. ЛIакъуэ бжыгъэ дэкIа пэтми, и адэжьхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ ихъумэу ди лъэпкъыр къызэрыгъуэгурыкIуэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. МафIэдз Сэрэбий и тхылъыр сэбэп хъунущ адыгэ лъапIэныгъэхэр тхъумэжынымкIэ, ди нэхъыжьхэм яхуэфащэ щIэблэ къытщIэхъуэнымкIэ. Аращи, тхылъыр тыркубзэкIэ къыдэгъэкIыным елэжьахэм фIыщIэ яхузощI.
- Къущхьэ Догъэн, уэрэджыIакIуэ, хьэрычэтыщIэ: — Тхылъыр зэрадзэкIа нэужь, сыхэплъэри, пэублэ псалъи хуэстхащ, езыри щIэзджыкIащ. Пэжым ухуеймэ, хуабжьу къытхуэсэбэпынущ «Адыгэ хабзэр», тщыгъупщэжа, къэдмыгъэсэбэпыж куэди къыдигъэщIэжынущ. Ахэр зетхьэжу щытамэ, ди зэхэтыкIэри зэхущытыкIэри нэхъри иIэтынут. Мыр зы махуэм, зы мазэм, е зы илъэсым къагупсыса гуэркъым, атIэ гъащIэм къыхэкIа лъэпкъ хабзэщ. Аращ апхуэдиз къару щIиIэр. Ар Iэмал имыIэу адэкIи ди щIэблэм я деж нэтхьэсын хуейщ.
- Уэхъутэ Александр: — Хуабжьу си гуапэ хъуащ ди къуэшхэм я нэхъыбэр щыпсэу Тырку къэралыгъуэм МафIэдз Сэрэбий и IэдакъэщIэкIыр тыркубзэкIэ къызэрыщыдагъэкIар, а Iуэхум сыкъызэрырихьэлIар. «Адыгэ хабзэр» бзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ къыдэбгъэкI хъунущ, адыгэхэр зэрыс къэралхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми щызэбгрыбгъэкIыныр игъуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сыт хуэдэ лъэпкъым дежкIи, цIыхум дежкIи зэран хъунукъым, мыр цIыхур зэрыпсэун, зэрихьэн хуей хабзэхэр щызэхуэхьэса щIэнгъуазэ хьэлэмэтщ.
- Тыркум исхэр къапщтэмэ, нобэ къыдэкIуэтей щIэблэм мащIэщ бзэр зыщIэжу яхэтыр, ауэ зэрыадыгэр зыщагъэгъупщэркъым. Мис абыхэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ къызыхэкIа лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр тыркубзэкIэ щIаджыкIыу зыхалъхьэныр. Иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, адыгэ хабзэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэбдзэкIми лей хъунукъым, фIагъ куэд къихьыну фIэкIа.
- Брам Алатин, Истамбыл щыщ егъэджакIуэ: — МафIэдз Сэрэбий и IэдакъэщIэкIым иIэ уасэр зымылъытэ къытхэту къыщIэкIынкъым. Хабзэр унагъуэщ, лъэпкъщ, жылэщ, бзэщ, акъылщ, псэукIэщ. Аращ узыщыщ лъэпкъым и фэ къуезыгъэплъыр. 1980 гъэм франджы щIэныгъэлI гуэрым итхащ дуней псом хабзэ убзыхуауэ тетыр плIы къудей фэкIа зэрымыхъур. А плIым язщ Адыгэ Хабзэр. Ар дэ зэи дгъэкIуэд хъунукъым, ди щIэблэм ящыдгъэгъупщэ хъунукъым. Иджы тыркубзэкIэ къыдэкIа тхылъыр хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ лъэмыж зэрахуэхъунум шэч къытесхьэркъым.
- Дыщэр чэзэпкIэ ягъэунэхумэ, адыгагъэр зэрагъэунэхур адыгэ хабзэрщ, адыгэ нэмысырщ, цIыхугъэрэ пэжагъкIэщ. А фIыгъуэм нэхъыфI зэрыщымыIэм, абы зэрыхуэсакъыпхъэм, хабзэмрэ бзэмрэ лъэпкъым и блэкIауэ, и нобэу, и къэкIуэну зэрыщытым иджыри зэ щыхьэт техъуащ Истамбыл щекIуэкIа пшыхьыр.
- Сыхъум къалэ, Члоу къуажэ. 2017 гъэ
- ШинкIубэ Бэгърат и махуэщI
- Абхъаз Республикэм щекIуэкIащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ ШинкIубэ Бэгърат къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа Iуэхугъуэхэр.
- Накъыгъэм и 11-м Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щызэхэтащ нэгъуэщI къэралхэм къикIа, бысым республикэм щыщ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, интеллигенцэр зыхэта щIэныгъэ-практикэ конференц. ЕтIуанэ махуэм ШинкIубэм и хьэдэр зыщIэлъ фэеплъым деж пэкIу щекIуэкIащ, сыным удз гъэгъахэр тралъхьащ. ШколакIуэхэр къеджащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ усэхэм, апхуэдэуи Абхъаз Республикэм и президент Хаджимбэ Рауль тхакIуэр псалъэ гуапэкIэ игу къигъэкIыжащ.
- А махуэ дыдэм Президентым езым и деж иригъэблэгъащ Iуэхум кърихьэлIа хьэщIэхэр. Абы хэтащ АР-м и премьер-министр Барциц Беслъэн, щэнхабзэмкIэ, тхыдэ-щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ министр Арсалие Эльвирэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Какобэ Адгур сымэ, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм ящыщщ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ, тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ, Урысейм ис Адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и Iэтащхьэ Уэхъутэ Александр, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Шыбзы-хъуэ Ларисэ сымэ. АР-м и президентыр хьэщIэхэм яхуэупсащ Шинкубэ Бэгъ-рат къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ ягъэхьэзыра медалхэмкIэ.
- Шэджагъуэ нэужьым хьэщIэхэр Сыхъум дэт ГъэлъэгъуапIэ музейм ирагъэблэгъащ. ШинкIубэр щыпсэуа лъэхъэнэм къриубыдэу траха сурэт гъэщIэгъуэн куэд утыку кърихьат тхакIуэм и пхъурылъху, Абхъазым и ЛIыхъужь Микаа Лиуан, къищынэмыщIауэ «ЖылакIэ» романым теухуауэ сурэтыщIхэу Мацхарашвили Отар, Джапуа БатIал, Кайтан Темур сымэ я IэдакъэщIэкIхэм зы пэш хухахати, ар къаплъыхьащ. Махуэр иухащ Абхъаз къэрал драмэ театрым щекIуэкIа концерт инымкIэ. Накъыгъэм и 12-м хьэщIэхэр яшащ езы Бэгърат къыщалъхуа Члоу жылэм, ахэр хэтащ къуажэм дэт, ШинкIубэм и Этнографие музейм къыщызэрагъэпэща пшыхьым.
- „Адыгэ пщащэ“ зэпеуэр, 2017 гъэ
- Нарткъалэ егъэлъапIэ
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къызэригъэпэщауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и район Iыхьэр Нарткъалэ щекIуэкIащ. Зы мазэм къриубыдэу пщащэ щIыкIафIэхэр къуажэ утыкухэм щызэпеуэри, абы къыщыхэжаныкIахэр район зэхьэзэхуэм щызэхуэзэжащ.
- Махуэшхуэм кърихьэлIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, зэпеуэм и жэрдэмщIакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан, Аруан район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Атэлыкъ ФатIимэ, Нарткъалэ администрацэм и Iэтащхьэ Батий Исмэхьил, Псыгуэнсу къуажэ администрацэм и унафэщI Къанкъул Хьэчим, Нарткъалэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и Iэтащхьэ, Аруан районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Бэлахъуэ Хьэсэнбий, КъАХ-м и Аруан район къудамэм и унафэщI КъущхьэтIу Хьэутий, нэгъуэщIхэри.
- Хъыджэбзхэм къапэщыта Iуэхухэр тыншу пхужыIэнутэкъым. КъэпщытакIуэ гупыр кIэлъыплъырт пщащэхэр пщэфIэным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм, я анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэм, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр зэращIэм, къэфэным зэрыхуэIэзэм, бзылъхугъэр дэзыхьэх лъэпкъ IэщIагъэхэм зэрыхэзагъэм. А псом къадэкIуэу, гулъытэ хуащIырт хъыджэбзхэм я утыку къихьэкIэми, зыIыгъыкIэми, ящыгъ фащэхэр Iэпкълъэпкъым зэризагъэми.
- Хъыджэбзхэр кIэщIущу, зэгъэпэщауэ утыку къихьащ, уеблэмэ зи къалэныр театр теплъэгъуэу зэхэгъэувауэ зыгъэлъэгъуаи, зи псалъэр усэ жыпхъэм изагъэу зыгъэпсаи яхэтащ.
- «Адыгэ пщащэ» зэхьэзэхуэр махуэшхуэ пэлъытэу къызэрагъэпэщати, цIыхухэр куэдт икIи жаIэрт зэхьэзэхуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, къыдэкIуэтей щIэблэр адыгэ хабзэмрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ щIэпIыкIынымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур. А псори зэщIэкъуауэ щIыналъэм щегъэкIуэкIыныр зи пщэ дэлъар Аруан районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Зыхьэ Оксанэт. Абы дэIэпыкъуащ Аруан районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэр, школ унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр.
- Пщащэхэм я утыку къихьэгъуитхур зэфIэкIа нэужь, къэпщытакIуэ гупыр зэчэнджэщри, увыпIэхэр ягуэшащ:
- Аруан щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Гран-при саугъэт нэхъыщхьэр къыщызыхьар Псынабэ къуажэм щыщ, КъБКъУ-м и юридическэ факультетым и 2-нэ курсым щеджэ Шокъум Iэминэщ.
- Япэ адыгэ пщащэ хъуащ Молэ Миланэ (Джэрмэншык).
- ЕтIуанэ адыгэ пщащэ хъуащ Тохъусарэ Сюзаннэ (Шэрэдж Ищхъэрэ).
- Ещанэ адыгэ пщащэ хъуащ Щоджэн Дианэ (Аруан къуажэ).
- Пщащэ щIыкIафIэу къалъытащ Гъуэгунокъуэ Аминэ (Псыгуэнсу), пщащэ нэфIэгуфIэу къыщIэкIащ Гъубжокъуэ Линэ (Нарткъалэ), пщащэ IэпэIэсэу зыкъигъэлъэгъуащ Мыз Саидэ (Псыгуэнсу).
- Зэпеуэм хэта хъыджэбзхэми къызэгъэпэщакIуэхэми псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ икIи саугъэтхэр иратащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бэлахъуэ Хьэсэнбий, Дохъушокъуэхэ Мадинэрэ Каринэрэ.
- ЗэIущIэр ягъэдэхащ Псыгуэнсум ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къэфакIуэ гупым (зыгъасэр Мыз Хьэжмуратщ), Нарткъалэ и «Къэбэрдей» къэфакIуэ ансамблым хэт ныбжьыщIэхэм (зыгъасэр ХьэхъупащIэ Заурщ), уэрэджыIакIуэхэм. Усэ дахэу къеджащ илъэс зытхух фIэкIа мыхъу Мэргъущ Тамерланрэ Къардэн Ильянэрэ.