ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр сымаджэ хьэлъэхэм ядэIэпыкъунымкIэ федеральнэ проектыр щагъэунэхуну щIыналъэхэм ящыщщ

2019-05-28

  • Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щыхуэзащ урысейпсо цIыхубэ фронтым и штаб нэхъыщхьэм хэт, «Вера» псапащIэ фондым и къызэгъэпэщакIуэ Федермессер Аннэ.

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэр тэмэму къызэгъэпэщыным, сымаджэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ядэлэжьэфын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, программэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным.
  • Урысейм и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа къалэн-хэр гъэзэщIэным хиубыдэу урысейпсо цIыхубэ фронтым зэхилъхьащ паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыным тещIыхьа «Гулъытэ здэщыIэ щIыналъэ» проектыр икIи ар щагъэунэхуну субъектхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
  • Республикэм исхэм ящыщу цIыху щитхум щIигъум гъэ къэс паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ ират. А IэнатIэр зэгъэщIылIауэ щытыну къудамэ республикэм и диагностикэ центрым къыщызэIуа-хащ, Сабий унэм къыщызэрагъэпэщащ унагъуэхэм кIуэуэрэ сабий хьэлъэхэм узыр ящызыгъэпсынщIэ IэнатIэ.
  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат, «Урысейм папщIэ» цIыхубэ фронт» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Бакаев Евгений сымэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.