2019-05-31
- Тэрч щIыналъэ, 2018 гъэ
- Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр къапщытэж
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Джылахъстэней къудамэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц щекIуэкIащ Тэрч къалэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и пашэ Iухъу Анатолэ, щIыпIэм и Iимам Къэжэр Фураждин, Джылахъстэней Хасэм хыхьэ къуажэ хасэхэм я тхьэмадэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри.
- Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым Хасэм и лэжьыгъэр къэпщытэжыным теухуа и къэпсэлъэныгъэм нэхъ убгъуауэ зи гугъу щищIахэм ящыщщ анэдэлъхубзэм, тхыдэм, хабзэм ехьэлIауэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр, адыгэхэм я махуэшхуэхэр гъэлъэпIэным, щIалэгъуалэм ядэлэжьэным хуэунэтIауэ къызэрагъэпэщхэр. Апхуэдэу Ахъсорым къыхигъэщащ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ иригъэкIуэкIын зэрыхуейр. Абы ипкъ иткIэ 2019 гъэм жылагъуэ зэгухьэныгъэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуащIынущ а Iуэхугъуэм.
- Семэн Пщыкъан псалъэ щратым, къыхигъэщащ щIэблэр гъэсэныр иджырей зэманым нэхъ зытегузэвыхь Iуэхугъуэхэм зэращыщыр.
- — Адэ-анэхэми, хасэхэми, къэрал IуэхущIапIэхэми я къарухэр зэуIу щIауэ щIалэгъуалэр адыгэ хабзэм щIэпIыкIынырщ зэгугъун хуейр. Къапщтэмэ, еджакIуэхэм ядэ-лэжьэныр дэнэкIи нэхъ тэрэзу къызэгъэпэщауэ щытщ. Илъэс 22 — 35 ныбжьым итхэр нэхъ гулъытэншэу къонэ. Социальнэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм щхьэегъэзыпIэ ямыгъуэтыным мыхъумыщIагъэ куэд кърокIуэ. Мы- быхэм яхуэгъэза лэжьыгъэр нэхъ ткIийуэ зэтеублэным мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи Адыгэ Хасэм куэдкIэ дыщогугъ а IуэхугъуэмкIэ, — къыхигъэщащ Семэн Пщыкъан.
- Апхуэдэу Джылахъстэней Хасэм и лэжьыгъэм, къапэщылъ къалэнхэм тепсэлъыхьащ Iухъу Анатолэ, КIэрэф Мурат, Къэжэр Фураждин, Инарыкъуей къуажэ Хасэм и тхьэмадэ Джэрмэшыч Къазбэч сымэ.
- Конференцым кърихьэлIахэм IэIэткIэ унафэ къащтащ 2018 гъэм Джылахъстэней Хасэр и къалэнхэм мыIейуэ пэлъэщауэ къалъытэну. КъыкIэлъыкIуэну илъэсым къалэн зыщащIыжахэм ящыщщ щIалэгъуалэ форум къызэгъэпэщыныр, къуажэдэс ныбжьыщIэхэр жылагъуэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру къыхэшэныр, тхыдэм, хабзэр, щэнхабзэм ехьэлIа махуэшхуэхэр нэхъыбэу къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэ- ри.
- Къарэнашэ Мадинэ.
- «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр. 2014 гъэ
- Псыкъелъэм хуэдэу къарууфIэ
- Кэнжэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» пшыхь дахэ. Ди анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, ар нэхъри ефIэкIуэным зи гуа- щIэ езыхьэлIэ цIыху куэд кърихьэлIат абы. Апхуэдэхэт, псом япэрауэ, илъэс 15 лъандэрэ екIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым жыджэру хэтахэу, абы текIуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызыхьахэу, къытщIэхъуэ щIэблэм бзэр яIуры-лъу, абы и IэфIагъыр зыхащIэу къэзыгъэхъухэр — адыгэбзэр курыт школым, сабий садхэм щезыгъэджхэр, ди бзэм и макъ жьгъырур АнэдэлъхубзэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и утыку щызыгъэIуахэу Ефэнды Маринэ, Къумыкъу Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэм и жьантIэр зыхуагъэфэщахэм яхэтащ нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэри. Апхуэдэхэт «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ егъэджынымрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Инчы Иринэ, КъАХ-м и Аруан къудамэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий, ЩоджэнцIыкIу Алий и фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, илъэс куэдкIэ Тыркум щыпсэуа, иджы адэжь щIыналъэр зыгъуэтыжа ди лъэпкъэгъу Къущхьэ Орхъан сымэ, жылэм и нэхъыжьыфIхэр. А махуэшхуэ пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэхэу, ар бзэрабзэу зыIурылъхэу КъБКъУ-м и педколледжым и студенткэ Къагъырмэс ФатIимэрэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и IэщIагъэлI Иуаз Азэмэтрэ.
- ГъэщIэгъуэну, купщIафIэу зэхэгъэуват гуфIэгъуэ зэхуэсыр. Джэдгъэф Борис и псалъэхэр зыщIэлъ «Си бзэ — си псэ, си дуней» уэрэдымкIэ къызэIуахащ ар. ФатIимэрэ Азэмэтрэ къызэхуэсахэм фIэхъус сэлам гуапэр ирахыу Адыгэ тхыбзэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, утыкум къихьащ Кэнжэ дэт ку-рыт школ №20-м къепхауэ ла- жьэ сабий садым и гъэсэн цIыкIухэр. Адыгэ алыфбейм и хьэрфхэр, «анэ», «анэдэлъхубзэ», «хэку», «адыгэ» хэкупсэ псалъэхэм хуэдэ зытет шар гъэпща зэмыфэгъухэр зыIыгъ цIыкIухэр къэфащ, джэгуащ, уэрэдхэр, усэхэр жаIащ. Апхуэдэу Iэтауэ ежьа пшыхьым адэкIэ къипщащ псалъэ зрата Балэ Людмилэ.
- — Дэтхэнэ цIыхури и бзэмкIэ тхэфу, къеджэфу щытыным къыдэкIуэу, Iэмал имыIэу а бзэмкIэ гупсысэу, лъэпкъыбзэмкIэ сыт хуэдэ Iуэхури, зэчий ин зыбгъэдэлъ цIыхум хуэдэу къызэригъэпэщыфу, зэрихьэфу щытын хуейщ. Апхуэдэу щымытмэ, лъэпкъым езым и щэнхабзи, гъуазджи, тхыди къигъэщIын дэнэ къэна, иIэри ихъумэжыфынукъым, — къыхигъэщащ Людмилэ. — Зи бзэр зыджым, абы и къарур фIыуэ зыхэзыщIэм, ар щытхэми щыпсалъэми зыгъэшэрыуэфым, зи гупсысэр нэгъэсауэ абыкIэ къэзыIуэтэфым и зэхэщIыкIри нэхъ куущ, белджылыщ, и гупсысэкIэри нэхъ жанщ, зэIубзщ, и дуней тетыкIэри нэхъ дахэщ, зэпэщщ, и гъащIэри нэхъ къулейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, насыпыфIэщ, и лъэпкъ хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ и Iэпэгъущи. Аращ анэдэлъхубзэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и лъабжьэу щIабжри. Аращ нобэрей ди зэхуэсми «Псалъэ, адыгэ псалъэ!» щIыфIэтщари.
- Анэдэлъхубзэм лъэпкъым и дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ абы хуэщIыпхъэ гулъытэмрэ ятеухуауэ Балэ Людмилэ иубла псалъэмакъым пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Ар ириплъэжащ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и минстерствэмрэ къыхалъхьауэ щыта «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэм. Мухьэ-мэд зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ а зэпеуэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ.
- — Илъэс 16 ипэкIэ къыхэтлъхьа-уэ щыта зэхьэзэхуэр нобэ хъуащ унэтIыныгъэ куэд зиIэ фестиваль ехьэжьа. Ар иджы адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи йокIуэкI, апхуэдэу ди къуэш щIыналъэхэми зыщиубгъуащ, — пищащ ХьэфIыцIэм. — Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэ зэпеуэхэм щытекIуа егъэджакIуэхэр ехъулIэныгъэ лъагэхэр яIэу хэтщ АнэдэлъхубзэмкIэ къэралпсо конкурсхэм. Абыхэм я унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм текIуэныгъэ къызэрыщахьам къадэкIуэу, Урысей Федерацэм и саугъэт нэхъыщхьэ дыдэр — Дыжьын къабзийр — къыхуагъэфэщащ Налшык дэт курыт школ №13-м адыгэбзэр щезыгъэдж Хур Мадинэ. А Iуэхугъуэхэм лъэр щIагъэкI, ди бзэр зэрымыкIуэдыжымкIэ, абы и къэкIуэнум игъэпIейтей хэкупсэхэр зэрыщыIэмкIэ шэсыпIэ драгъэувэ. Адыгэбзэр хъумэным, абы адэкIи зегъэужьыным ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэр нобэ зэфIэзыгъэкI зэпеуэм, абы хэт егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ нэхъыбэжкIи дащогугъ. Лъэпкъым и цIыху хэкупсэхэр зэзышалIэ апхуэдэ зэпеуэм и къэкIуэнур зэрыдахэр, и гъащIэр зэрыкIыхьыр ди фIэщ мэхъу.
- А фIыщIэ псалъэхэмкIэ егъэджакIуэхэм захуигъэза нэужь, абыхэм ящыщ зыбжанэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд яритыжащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэ-дэкI ЩIыхь тхылъхэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тыгъэхэмрэ. Ягъэпэжахэм яхэтщ илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэр курыт школхэм щезыгъэджхэу Токъу Сарэ, Бекъан Масирэт, Бекъул Iэсият сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу зэхуэсым щагъэлъэпIащ егъэджакIуэ Iэзэхэу, «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм и жэрдэмщIакIуэхэм ящыщ Балэ Людмилэ, зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэта Нанэ Любэ,ДыщэкI Марие, Сэрахъэ Людмилэ, Елмэс Людмилэ, Шэшэн Людмилэ, ЛIуп ФатIимэ, Ефэнды Маринэ, Быгуэ Маринэ, Къарэжь Тамарэ, Хьэжнэгъуей Еленэ, Щамырзэ Иринэ, Хьэрэдурэ Эммэ, Хьэгъур Светланэ, Жэмыхъуэ Раисэ.
- КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуищIу, и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъурэ ар псэр зыгъэхуабэ IэфIыгъэу, нэхугъэу и гум щихъумэу къэгъэтэджын зэрыхуейр жаIащ зэхуэсым къыщыпсэлъахэу КъущхьэтIу Хьэутий, Инчы Иринэ, ЩоджэнцIыкIу Леонид, Къущхьэ Орхъан сымэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, «Адыгэ псалъэ» газетым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ КъущхьэтIу Хьэутий щIигъуащ ахъшэ саугъэтхэр.
- Бзэращ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, адыгэм и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм зиужьыныр, лъэпкъым и цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр — псори къуэпс быдэкIэ епхащ абы и бзэм, и гъащIэри и къарури зэлъытар аращ. А Iуэхугъуэхэр зи лъаб- жьэ уэрэдхэр, усэхэр щыжаIащ пшыхьым, лъэпкъ къафэхэр щагъэзэщIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Нартсанэ» гупым. Апхуэдэу пшыхьыр и пшынэбзэ жьгъырумкIэ игъэдэхащ Мамий Аслъэн.Гукъинэ пщымыхъункIэ Iэмал зимыIэт усакIуэ, хэкупсэ Щоджэн Леонид и «Адыгэбзэ» усэм и сатырхэр:
- Ди адыгэбзэр мывэ
- джей быдэщ,
- Илъэс мин куэдхэр
- абы и тхыдэщ,
- Псыкъелъэм хуэдэу ар
- къарууфIэщ,
- Ди лъэпкъ гъэфIэну,
- дызэрыгуфIэщ.
- Ди анэдэлъхубзэм дыхуэлажьэу, ар тхъумэу, едгъэфIакIуэу, лъэпкъ узыншэу дыпсэуным дыкъыхуезыджэ а псалъэхэр я гъуазэу зэбгрыкIыжащ Адыгэ тхыбзэм и махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIа псори. Зэхуэсым и кIэухыу абы къекIуэлIахэм фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
- Къэхутэныгъэхэр
- Адыгэ бзылъхугъэри зауэрэт?
- Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ Урысей-псо зэгухьэныгъэм (ВООПИК) и Ростов къудамэм и археолог экспедицэм хэтхэм иджы дыдэ хъыбар къатащ мэуэт лъэпкъым (иджырей адыгэхэр къызытехъукIахэм) щыщ цIыхубз-зауэлIым (амазонкэм) и къупщхьэхэр къызэрагъуэтыжар.
- Къудамэм и унафэщI Кожин Александр зэрыжиIамкIэ, мащэр къыщызэтрахащ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ археологие фэеплъ щIыпIэм — ди эрэм и пэщIэдзэм щыIа Кобяковэ пасэрей къалэжьым.
- — Археологхэр куэдрэ ирохьэлIэ яхъунщIа мащэхэм, — къыхигъэщхьэхукIащ Кожиным, — ауэ, ди насыпти, мыр къызэтенащ. ЦIыхубзыр псэуащ ди эрэм и етIуанэ лIэщIыгъуэм. Къупщхьэхэм ябгъурылът зы метр зи кIыхьагъ гъущI джатэ, апхуэдэу жэз гъуджэ, щыгъэхэр, кхъуэщын цIыкIу зыбжанэ.
- Археологхэм цIыхубзыр амазонкэу къалъытащ. IэщIагъэлI Ларенок Верэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, цIыхубз-зауэлIым къыщIэнахэм щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ: «Геродот тетхыхьащ ди эрэм и пэкIэ VI-VII лIэщIыгъуэхэм псэуа Iэпхъуэшапхъуэ лъэпкъхэм ящыща амазонкэхэм. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, зи пIэ имыкIыу псэу лъэпкъхэми бийхэм зыщахъу-мэн папщIэ зауэлIу къащтэрт цIыхубзхэр. ГъэщIэгъуэнщ мыри: амазонкэр щхьэгухъут, и щыгумкIэ щыхэшауэ. Щысабийм къыщыщIэдзауэ и щхьэр хъыдан-кIэ япхэу къыщIэкIынут хъыджэбзыр зыщыщ лъэпкъыр кърагъэщIэн папщIэ.
- СТРОИТЕЛЕВЭ Еленэ.
- Дон Iус Ростов къалэ
- Къэбэрдей
- Си бзэ, си псэ, си щIыналъэ,
- Си Къэбэрдей IэфI,
- Уафэ тхъуам мытхъуа и налъэ,
- УэзгъэщIылIэмэ си псалъэр,
- Дахэу жызоIэф.
- Уэгу уэрэдым и макъамэ,
- Си псэр дэзыхьэх,
- ФIыщIэ жыгым и къудамэ,
- Гугъэу сиIэу хъуам я дамэ,
- СэзымыгъащIэ щхьэх.
- Къуаргъ фIыцIэжь уи уафэ нэзыр
- Къэзыуфэрэзыхь,
- ЩIэинлъыхъуэу япэу нэсым
- Уи дурэш пхуэдалъэу.
- КЪУНЫЖЬ ХьэIишэт.
- Псыгуэнсум и щIэблэ дахэ, уи зэфIэкIыр ирехъу лъагэ!
- «Адыгэ псалъэ» газетым и жэрдэмкIэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм илъэс пщыкIубл хъуауэ ди щIыналъэм щригъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалым и зи чэзу Iыхьэм щыпащащ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школ №1-м.
- ЕДЖАПIЭМ и IэщIагъэлIхэмрэ и гъэсэн цIыкIухэмрэ анэдэлъхубзэмкIэ яIэ зэфIэкIым кIэлъыплъыну, я ехъулIэныгъэхэм щыгъуазэ зыхуащIыну еджапIэм яхуеблэгъат Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зи пашэ къэпщытакIуэ гупым хэтхэр. ЕджапIэм щекIуэкIыну зэхуэсыр школ Iуэху къудей мыхъуу, къуажэпсо, районпсо мыхьэнэ зиIэу зэрыщытым щыхьэт техъуэрт къуа-жэ дэлъэдапIэм деж гупым къащыпе- жьа бысымхэр. Шууей щIалэхэр гъуэгу-кум итт, адыгэ лъэпкъ ныпыр хуарзэу яIыгъыу. ГъуэгубгъуитIым еувэкIат адыгэ фащэ екIухэр зыщыгъ щIалэ къуданхэм-рэ пщащэ цIыкIухэмрэ. Абдеж къыщызэхуэса балигъхэм къуажэдэс нэхъыжьхэр я пашэт, Аруан щIыналъэм, жылэм я унафэщIхэм ящыщхэр, егъэджэныгъэмкIэ район IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр яхэтт. Шууей щIалэхэр я гъуэгугъэлъа- гъуэу, хьэщIэхэр еджапIэм нэсащ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ нэмыщI, гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат Псыгуэнсу къыдэкIа, мы школым щеджа, республикэ псом къыщацIыху къулыкъущIэхэр, артистхэр, спортсменхэр.
- Зэхыхьэм хэтхэр школ пщIантIэм зэрыдыхьэу адыгэ джэгур яублащ, «Адыгэм хьэщIэр ди щIасэщ. Фыкъытхуеблагъэ!» — псалъэхэмкIэ къапежьащ Аруан районым и администрацэм и тхьэмадэ Куэшей Азэмэт, абы и къуэдзэ Щоджэн Риммэ, егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэм и унафэщI АфIэунэ Мухьэдин, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къанкъул Хьэчим, школым и унафэщI Безыр Мадинэ сымэ.
- Махуэшхуэм и программэм къызэщIиубыдэрт егъэджакIуэхэм я мастер-классхэри, классщIыб лэжьыгъэри, методикэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм теухуа презентацэри, еджакIуэ цIыкIухэм я зэфIэкIхэр щызэхуэхьэса гъэлъэгъуэныгъэхэри. КъэпщытакIуэхэм я пащхьэ къралъхьа псори гукъинэ ящыхъуащ, икIи сабийхэм адыгэ хабзэм, нэмысым, анэдэлъхубзэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр, зэчий хьэлэмэт зэрабгъэдэлъыр гуапэ щыхъуауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фIыщIэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ махуэшхуэм хэта псоми. Тхьэмадэр сабийхэм ехъуэхъуащ я къуажэр, лъэпкъыр ягъэлъапIэу, хабзэмрэ бзэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр мыкIуэщIу, ефIакIуэ зэпыту гъащIэм хэтыну.
- ЩОДЖЭН Iэминат.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
- Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
- Псэм къигъэщIа сурэтхэр
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэ Бзаджэ Эргун и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.
- «Си Хэкур си псэщ» фIэщыгъэм щIэт выставкэм уи нэпс къемыкIуэу уеплъыфыртэкъым, сурэтхэм къатещыр арати. ИстамбылакIуэм и гъыбзэр уигу къэзыгъэкI теплъэгъуэхэр, кхъуафэжьейм ирагъэтIысхьауэ хэкум ираш сабий гъырнэIу, уанэгу нэщIу къэкIуэжа шым цIыхубз щыгъуэр бгъэдэту, уафэхъуэпскIыу губжьыр зыщхьэщыт цIыхухъухэр, нэщхъейуэ пшынэр зыIыгъ пщащэ цIыкIур, нэгъуэщIхэри щыплъагъунут абы. Пэжщ, щIалэр сурэт щIыным и щэхухэм иджыри хуэIэижь хъупауэ жыпIэ хъунукъым, ауэ нэхъыщхьэр аракъым, атIэ абыхэм ящIэлъ адыгэ гупсысэрщ, я нэгу къищ лъэпкъ лъагъуныгъэрщ, лъэпкъгъэкIуэдым и зэрану къыдэкIар куууэ зэрызыхищIэрщ. А псори къыбгурыIуэн щхьэкIэ гъуазджэм хэпщIыкIыни хуейкъым, езым къыббгъэделъхьэри.
- Бзаджэ Эргун Тыркум щыIэ Узун-Яйла щIыналъэм хиубыдэ Къайнэр къуажэм щыщщ. Мы зэманым и унагъуэр и гъусэу Къайсэр щопсэу. И адэр хьэтыкъуейщ, и анэр къэбэрдейщ, Куржыхэ япхъущ.
- 1992 гъэм курыт еджа- пIэр къиухри, университетым тырку литературэр щадж и къудамэм щIэтIысхьащ Эргун. 1996 гъэм курыт еджапIэм увауэ егъэджакIуэу мэлажьэ. 2017 гъэм ар щIэтIысхьащ Эрджиэс университетым сурэт щIыным щыхурагъаджэ и къудамэм. Эргун хагъэхьащ Эрджиэсым гъуаз-джэхэмкIэ и ассоциацэм.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Бзаджэ Эргун усэ, прозэ тхынми зэрыдихьэхыр. Ахэр къытрадзащ Тыркум къыщыдэкI журнал зэмылIэужьыгъуэхэм, ауэ ар нэхъыбэу къызэрацIыхур и сурэтхэмкIэщ. Мызэ-мытIэу абы и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр къыхузэрагъэпэщащ. Адэжь щIыналъэм ди лъэпкъэгъур япэу иджыщ къыщихьар.
- Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Къызэхуэсахэм Эргун яригъэцIыхуа иужь, абы жиIащ и сурэтхэм гурыщIэ куэд зэуэ къызэрызэщIагъэушэр, лъэпкъым и узыр щIалэщIэм къигъэлъэгъуэфауэ къызэрилъытэр икIи щIалэм и зэфIэкI нэхъыбэ хъуну ехъуэхъуащ.
- — Зы сурэтыщI къэсцIыхухукIэ, си гъащIэр нэхъ къулей хъууэ къысщохъу. И лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ нобэ нэIуасэ къысхуэхъуа щIалэщIэр сэ зэи сщыгъупщэжыну си фIэщ хъуркъым. Пэжщ, дяпэкIэщ сурэт щIыным ар хуэIэзэ щыхъунур, ауэ абы зыкIи нэхъ лъахъшэ ищIыркъым ди пащхьэ ит сурэтхэр. Мы лэжьыгъэхэм щынаIуэщ ахэр псэкIэ зэрытхар. Псэр зыхуеIэм Iэр лъоIэс, Тхьэм ухущIигъэхьэ, — жиIащ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ методикэ центрым и унафэщI, сурэтыщI Iэзэ Жылэ Анатолэ къыщыпсалъэм.
- Бзаджэ Эргун и IэдакъэщIэкI сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ ди щIыналъэм къыщызэригъэпэщыну жэрдэм зыщIа, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат къыщыпсалъэм жиIащ хэкум къэкIуэну зи нэ къикI щIалэм и лэжьыгъэхэр илъэгъуа иужь дэIэпыкъуну зэрытегушхуар. А Iуэхур къызэ- гъэпэщынымкIэ КъАХ-мрэ ДАХ-мрэ щIэгъэкъуэнышхуэ къызэрыхуэхъуари къыхигъэщащ.
- — Си анэшыр къэбэрдейщ. Куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырт хэкум и хьэуакIэ сыбэуэну, и щIы кIапэ сытеувэну — иджы къызэхъулIащ. А Iуэхур къыздэзыгъэпсынщIа Щоджэн Iэминат фIыщIэ хузощI. ИджыкIэ сэ схужыIэнущ шыпхъуитI сызэриIэр. Зыр Истамбыл дэсщ, адрейр Къэбэрдейм исщ! Си сурэтхэр щысщIым си нэгу щIэтар адэшхуэ-анэшхуэхэм хэкум теухуауэ къызжаIэжа хъыбархэрщ, ахэращ лъабжьэ яхуэсщIари. Хэхэсхэм къыдэузыр, дигу щIэныкъуэр абыхэм къыщызгъэлъэгъуэну яужь ситащ. Хэкум сыщыIа иужькIэ сщIыну сурэтхэм нэщхъыфIагъ къатещыну фыкъызогъэгугъэ, — жиIащ Эргун зэIущIэм и кIэухым.
- ИНЭРОКЪуэ Дисэ.
- Сурэтхэр Iэбыдэ Динэ трихащ.