Лъэпкъым и фIыгъуэр зыгъэбагъуэ нэхъыжьыфIхэр
2019-05-28
- Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэхэм ящыщ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ и ныбжьыр накъыгъэм и 29-м илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу.
- Лейлэ, уэ ди лъэпкъым къыпхуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ я инагъыр къэлъытэгъуейщ. Ар къыпхуэзыхьар гурэ-псэкIэ лъэпкъым узэрыхуэлажьэрщ, цIыхубэм гъуэгугъэлъагъуэ нэс уазэрыхуэхъурщ, Iуэхуу зи ужь уитыр адыгэм и хъугъуэфIэгъуэхэмрэ беягъымрэ гъэбэгъуэным зэрыхуэунэтIарщ. Уи акъылым и кууагъым, уи гупсысэм и жанагъым гъуэгуанэ дахэ утрашэри, цIыху гуп мыхъуу, лъэпкъ псом и зыужьыныгъэр ебгъэфIэкIуащ, къэрал псом мыхьэнэ щызиIэ лэжьыгъэ куэд уи Iэдакъэ къыщIэкIащ.
- Лъэпкъым фIыгъуэу хуэблэжьар зэи тщыгъупщэнукъым. Дынохъуэхъу узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ уи бэу, уигу хэзыгъэхъуэн куэд уи нэгу щIэкIрэ ар къыбдэзыIэтын цIыху ущымыщIэу куэдрэ ди япэ уитыну.
- УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм егъэщIылIауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, иджыблагъэ Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь дамыгъэр зыхуагъэфэща МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр нобэ илъэс 89-рэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу.
- Блэжьам къыпэкIуэ хъерым ущыгуфIыкIыу, абы къыпхилъхьэ жыджэрагъым иджыри нэхъыбэм утригъэгушхуэу, уи гур зыгъэпсэху, уи лъэр щIэзыгъэкI IуэхугъуэхэмкIэ уи гъащIэр гъэнщIауэ илъэс бжыгъэ дахэ куэд бгъэлъэпIэну Тхьэм жиIэ!
- Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр.