Лъэпкъ мэIуху
2019-05-31
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
- Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
- Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ,
- СызэмыупщIи къэнэжакъым:
- Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр?
- Адыгэ унэм и хьэщIэщым
- Адыгэ псалъэр ноби щоIу —
- Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ,
- ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу.
- Адыгэ унэм и бжэIупэм
- ЩаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэ джэгу, —
- ЩIэуакъым ноби пшынэ Iэпэр,
- ЩIалэфIхэм дыщIагъэплъ я лъэгу.
- Пшыналъэр щоIу хы адрыщIкIи,
- КъуэкIыпIэ пшэплъым хошыпсыхь.
- КъухьэпIэ пшэплъым зыкъыщищIкIэ,
- Адыгэ тхыдэр и пшэкIухьщ.
- Адыгэ къуэпс лъэпкъ мыгъэкIуэдхэр
- ЗэпищIэжыфу лIы щыIэху,
- Псэунущ ди адыгэ тхыдэр,
- ИIэнущ лъэпкъым лъэпкъ мэIуху.
- УЭРЭЗЕЙ Афлик.
- 2006 гъэ