ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ

2019-05-31

  • Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъАХ-м зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Iуэху щещIэ.

  • Хасэр дапыщIащ щIыпIэ, къэрал, политикэ, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм, КъБР-м и Конституцэмрэ УФ-м «Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуауэ» и хабзэмрэ къагъэув мардэхэр и тегъэщIапIэу. Адыгейхэм, шэрджэсхэм, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм ягъэлажьэ апхуэдэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ещхьу, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм КъБР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ гупсысэр еунэтI, я Iуэху еплъыкIэхэр ядеIыгъ, хуитыныгъэмкIэ дунейпсо хабзэхэм я мардэу Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и Уставым къыщыгъэлъэгъуахэр икIи УФ-м къару яIэу къыщалъытахэр я лъабжьэу.
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы Iыхьэщ. КъАХ-м и къудамэхэр щолажьэ КъБР-м и район псоми, къалэхэм, къуажэхэм. Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ пщIэрэ дэлъу щыгъэтыныр, адыгэ лъэпкъ гупсысэм адэкIи зегъэужьыныр. Ар и телъхьэкъым лъэпкъхэм я зэхуаку зэгурымыIуэныгъэ къыдэзылъхьэ дэтхэнэ Iуэхугъуэми.
  • А къалэнхэр зэдгъэхъулIэн папщIэ ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм Iуэхугъуэ куэд зэфIыдогъэкI. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм гъащIэм и унэтIыныгъэ псори къызэщIеубыдэ. Абыхэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ КъБР-м и цIыхухэр зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ зи лъабжьэ Iуэхугъуэхэм къахузэщIэдгъэуIуэным, хабзэр зи джэлэс демократие къэралыр гъэбыдэным, хамэ щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хэкужьым къэшэжыным, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зехьэным теухуа жэрдэмхэр дэIыгъыным, лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэлэжьэныр. Апхуэдэу КъАХ-м мыхьэнэшхуэ ирет икIи Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэфIех лъэпкъ гупсысэр къэIэтыным, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным, адыгэ унагъуэм илъ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ жылагъуэм пщIэ щаIэным.
  • Хэхыныгъэм ехьэлIа хабзэхэм япкъ иткIэ, Хасэр жыджэру абыхэми хэтщ. КъАХ-р хуэжыджэрщ псапащIэ Iуэхухэми. Абы зэрыхъукIэ защIегъакъуэ гъащIэм щытыкIэ хьэлъэ щихуа цIыху щхьэхуэхэм, апхуэдэу гулъытэ хэха хуещI зи адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжыну хуей ди лъэпкъэгъухэми.
  • А псори зригъэхъулIэн папщIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэм ирегъэфIакIуэ хамэ щIыналъэхэм щыIэ лъэпкъ хасэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэр, IуэрыIуатэ, литературэ, тхыдэ фэеплъ щIэинхэр зэхуэхьэсыжыным, абыхэм ятеухуа тхылъхэр къыдэгъэкIыным йолэжь, лъэпкъ махуэшхуэхэм епха дауэдапщэхэр, адыгэ-хэм я щэнхабзэ, экономикэ, политикэ гъащIэм ехьэлIа зэхуэсхэр къызэрегъэпэщ. Гулъытэншэ тщIыркъым лъэпкъым и цIыху щэджащэхэр. Абыхэм ятеухуа пшыхьхэр, зэIущIэхэр идогъэкIуэкI.
  • Хасэм и щыIэкIэм, зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хэIущIыIу щыдощI, лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэмрэ тхыдэмрэ къызыхэщ тхылъ щхьэхуэхэри къыдыдогъэкI.
  • Адыгэбзэр хъумэнымрэ абы нэхъри зегъэужьынымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм гулъытэу хуищIыр адрей псоми яхуэдэжкъым, сыту жыпIэмэ анэдэлъхубзэм епха Iуэхугъуэхэр щIыналъэ, къуажэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт псори зыгъэпIейтейхэм ящыщщ. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр фIыгъуэшхуэщ. Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэхэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф щIэблэ лъэпкъым къыщIэувэнри мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Адыгэм дбгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну зригъэщIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ дахэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ щытащ илъэс 20 ипэкIэ. Ар «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэр ди щIыналъэм щегъэкIуэкIынырт. КъАХ-м и жэрдэмыр даIыгъащ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ нэгъуэщI къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Лъэпкъ гупсысэр зыузэщI педагогикэ гъэунэхуныгъэ хьэлэмэт хъуащ зэпеуэр. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр гъэгушхуэныр и къалэну дгъэува а Iуэхугъуэм зэман кIэщIым къриубыдэу зиузэщIащ, дэнэкIи зыщиубгъуащ. Нэхъапэм зэхьэзэхуэм и утыку къихьэу щытар адыгэбзэр езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы къыхыхьащ урысыбзэмкІэ, балъкъэрыбзэмкІэ езыгъаджэхэри.
  • Мы зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэхэм я зэфIэкIхэр мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ Москва, Санкт-Петербург, Саранск къалэхэм щекIуэкIа, Анэдэлъхубзэхэр езыгъэджхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэхэм. Адыгэбзэр езыгъэджхэм ящыщу цIыхуиблым къэралпсо зэпеуэм гулъытэ хэха къыщыхуащIащ. А зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр — «Дыжьын къабзийр» — къыхуагъэфэщащ КъАХ-м и Хасащхьэм хэт, Налшык дэт курыт школ №13-м адыгэбзэр щезыгъэдж икIи унафэщIым и къуэдзэ Хур Мадинэ.
  • Дызыгъэгушхуэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ Хасэм къыхилъхьауэ щыта а проектыр. Шэч хэмылъу, ар ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пщIэр къэзыIэт, лъэпкъыр хъума хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ.
  • КъАХ-м къыхилъхьауэ игъэлажьэ нэгъуэщI проектхэм я гугъу тщIымэ, апхуэдэхэм ящыщу и цIэ къипIуэ хъунущ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс еханэ хъуауэ къыщызэдгъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм. Абыхэм хэтакIэщ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ, гъуазджэмрэ тхыдэмрэ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI, лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным хуэIэижь бзылъхугъэ щэныфIэ цIыкIуу 80-м щIигъу. Дызэрыт илъэсым япэу екIуэкIынущ «Адыгэ щауэ» зэпеуэр.
  • ЗэфIэдгъэкI лэжьыгъэхэм къыхэгъэбелджылыкIыпхъэщ Адыгэ махуэгъэпсым къыщыдгъэлъэгъуа лъэпкъпсо махуэшхуэхэм ящыщу зыбжанэ республикэм гуфIэгъуэу зэрыщагъэлъапIэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Адыгэ фащэм и махуэр (2010 гъэ лъандэрэ), Адыгэхэм я махуэр (2014 гъэ лъандэрэ), Адыгэшым и махуэр (2015 гъэ лъандэрэ). 2018 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 30-м ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къызэдащтащ Адыгэ нарт эпосым и махуэр гъэувыным епха унафэр.
  • КъинэмыщIауэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, адыгэ дунейм щагъэлъэпIащ къэбэрдей литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014 гъэм), СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ (2016 гъэм), дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэрэ     япэ къэбэрдей усакIуэ, узэщIакIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018 гъэм) я илъэсхэр. 2019 гъэм догъэлъапIэ Къалмыкъ Юрэрэ (1934) Къэшэж Иннэрэ (1944) я илъэсхэр.
  • ЖыпIэнурамэ, КъАХ-р дапщэщи хуолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэхэщIыкIрэ пщIэрэ дэлъыным, ди хэкур ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэ-ным. Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ яхуэгъэза мурадхэр ди куэдщ. Ахэр зэдгъэхъулIэныращ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм хэтхэм я зэфIэкI псори зыхуэдгъэпсыр.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.