Лэжьащ, иджыри мэлажьэ
2019-05-31
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхугъуэ куэдым иужь иту къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ блэкIа илъэсхэри.
- КъАХ-р зэпымыууэ дэлэжьащ, иджыри долажьэ адыгэ щыпсэу хамэ къэралхэм къыщызэрагъэпэща Хасэхэм, нэгъуэщI хэгъэгухэм щыIэ жылагъуэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм. Апхуэдэуи, адыгэм ехьэлIа махуэшхуэхэр къызэрегъэпэщ, лъэпкъым и щэнхабзэ, литературэ, спорт, экономикэ гъащIэм хуэгъэпса зэIущIэхэр зэхешэ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и нэIэ щIигъэкIыркъым лъэпкъым и ехъулIэныгъэхэр, лъагапIэ зыIэрызыгъэхьа цIыху щэджащэхэр. Мы къыдэкIыгъуэм къыщызэщIыдокъуэж Хасэм и лэжьыгъэм щыщ Iыхьэхэр.