2019-05-31
- Лъэпкъ Iуэху
- Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ нобэ къаIэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- — Анэдэлъхубзэр цIыхум езым и фIэфIыныгъэкIэ иджыну хуиту Урысейм къыщащта унафэм лъэпкъ куэд игъэпIейтеящ, адыгэри яхэту. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр гузавэу къыкIэлъыплъащ ди къэралым къыщрахьэжьа Iуэхум. Ар зы гуныкъуэгъуэу нобэ къытлъыкъуэкIащ. ЕтIуанэу бзэм ехьэлIауэ нэхъ дызытепсэлъыхьыр зы адыгэ тхыбзэ зэхэлъхьэныр аращ. Адыгей диалектымрэ къэбэрдей диалектымрэ зэгъусэу куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ, зы литературэбзэ дыхуейщ жытIэу нэгъуэщI бзэ къыщIэдгъэщIын щыIэкъым. Ауэ зэпэ-гъунэгъу тщIыну дыхуеймэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. А псори зэпкърытхыу зы гупсысэ пыухыкIа дыхуэкIуэну, лъэпкъым къытхуэщхьэпэн унафэ къэтщтэну си гуапэщ, — жиIащ ХьэфIыцIэм.
- Къумыкъу Iэуес и псалъэм къыхигъэщащ бзэр хъумэнри абы зегъэужьынри ар зи анэдэлъхубзэу щыт лъэпкъым куэдкIэ зэрелъытар.
- — Дэ къыдгуроIуэ къэралыр къыдэмыIэпыкъумэ, бзэр зэрыужьыхыр. Абы трищIыхьу, республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Iуэху пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI лъэпкъыбзэхэр курыт еджапIэхэм щегъэджыным, методикэ Iэмалхэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ, — къыпищащ Къумыкъум. — А къалэн нэхъыщхьэ псоми къадэкIуэу, бзэм къылъыкъуэкI гугъуехьхэр гулъытэншэу къэдгъэнэнукъым икIи сытым дежи ди нэIэ тетынущ. Си фIэщ мэхъу нобэрей зэIущIэм хэтынухэм министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм хуэщхьэпэн къызэрыхалъхьэнур, хэкIыпIэхэри зэраубзыхунур.
- КIурашын Анзор къыхигъэщащ къаIэта Iуэхур лъэпкъым дежкIэ зэрысэбэпыр. «Ди министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ хамэ къэралхэмрэ ди къуэш республикэхэмрэ ящыщ сабийхэр ди щIыналъэм къэтшэныр, зыщегъэгъэпсэхуныр. А ныбжьыщIэхэм ядыдолъагъу адыгэбзэм и диалектхэм гугъу зэрырагъэхьыр, тэрмэш яIэн хуей зэрыхъур. Абы ипкъ иткIэ, си щхьэкIэ сфIэкъабылщ ди бзэхэр нэхъ зэпэгъунэгъу хъуным ди щIэныгъэлIхэмрэ ар зи IэщIагъэхэмрэ елэжьыну, щIыналъэкIэ зэбгрыдзами, бзэрэ гукIэ зэпэгъунэгъуу ди лъэпкъэгъухэр къызэдекIуэкIыну», — жиIащ КIурашыным.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ иужьрей зэманым бзэм теухуауэ къекIуэкI псалъэмакъхэм дэнэ щыпсэу адыгэри къызэрызэщIиIэтар, уеблэмэ абы нэхъ дызэрызэрипхыжар.
- — Сыт хуэдэ лъэпкъ ирехъуи, и бзэр имыIэжмэ, ар дунейм темытыжу къэплъытэ хъунущ. Ди бзэр хъума хъун папщIэ ди щIэблэм яIурытлъхьэу дыкъекIуэкIын хуейуэ аращи, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ махуэ къэс сабийхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм. Къэралым сыт хуэдэ унафэ къимыщтэми, къэрал къулыкъущIапIэхэм сыт япэ ирамыгъэщми, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэр сыт щыгъуи зытелажьэр лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм и бзэр игъэбзэрабзэу къэгъэхъунырщ. Ахэращ а бзэм и хъумакIуэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунури, — жиIащ Хьэутий.
- Тхьэмадэр убгъуауэ тепсэлъыхьащ бзэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэм я хэкIыпIэ хъуну къилъытэхэм, а Iуэхум ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къагъэувхэм ДАХ-р иужь зэритынур, щIэныгъэлIхэм къаIэт Iуэхухэр зэрыдаIыгъынур, ар республикэхэм я унафэщIхэм я пащхьэ илъхьэнымкIэ Хасэшхуэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъунур.
- Адыгэбзэм и тхыбзэ хабзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэтегъэхуэным, зы адыгэ тхыбзэ зэфIэгъэувэным, бзэм зэрызрагъэужь Iэмалхэм, хамэщI щыпсэу адыгэхэм адыгэбзэр зэрегъэджыпхъэм, IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм адыгэбзэр щегъэджыным, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент Къардэн Мусэдин, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ пашэ БакIуу Хъанджэрий, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор, КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, Къайсэр университетым (Тырку) щезыгъаджэ Иуан Зэуал, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, АР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым БзэщIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Ансыкъуэ Сурэт, ДАХ-м хэт МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щызэпкъраха дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр махуэ псом екIуэкIащ, пэублэ зэIущIэр зэфIэкIа нэужь, IэщIагъэлIхэм гупитIу загуэшри, Iуэхугъуэ пыухыкIахэм тепсэлъыхьащ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэтрихащ.
- Адыгэ фащэм и махуэ, 2018 гъэ
- Си Лашынкъей — си унэ, си псэ
- Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэмыщей жылэр къызэ-рыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А IуэхугъуитIыр адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэм кърихьэлIат Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр.
- Фестивалым кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIу захуигъэзащ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Хьэгъэжей Хьэсэн. Абы къыхигъэщащ «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» зыфIаща мы зэхьэзэхуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыту жыпIэмэ, апхуэ-дэ зэхуэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэкъуагъэувэ, я щэнхабзэр зэпащIэ. Мыр хабзэ дахэ яхуэхъуу, гъэ къэси мыпхуэдэ зэхыхьэ-хэр зэхашэныр зэрыфIэигъуэри жиIащ.
- Шэджэм щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэщI Уэдыжь Хьэсанш жиIащ мы гуфIэгъуэ дахэр щекIуэкI жылэм дэсхэр сыт щыгъуи ефIакIуэу псэуну, нобэ ягъэлъапIэ адыгэ фащэмрэ Лашынкъейрэ я махуэр зыIэтхэр узыншэну зэригуапэр икIи щIэгушхуэн, адыгэ хабзэр, нэмысыр зыхъумэфын щIэблэщIэ куэд жылэжьым щыпсэухэм къащIэхъуэну ехъуэхъуащ. Апхуэдэуи, абы къыхигъэщащ адыгэ фащэм ныбжьышхуэ зэриIэр, ар, адыгэм и мызакъуэу, нэгъуэщI куэдми лъэпкъ фащэ зэрахуэхъуар. Ди лъэпкъ фащэр дгъэкIуэд зэрымыхъунур, дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми ар илъын хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ Уэдыжьым.
- Мы зэхыхьэ дахэр гукъэкI зыщIу къезыхьэжьа Хьэгъэжей Хьэсэнрэ Бейтыгъуэн Iэуесрэ я мурадыфIхэр къайхъулIэну зэригуапэри къыхигъэщащ Уэдыжь Хьэсанш.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан фащэм и махуэр мы дунейм адыгэу тетым я махуэу къэплъытэ зэрыхъунур, апхуэдэуи ди лъэпкъым нэщхъеягъуэрэ гузэвэгъуэу куэд илъэгъуами, дяпэкIэ адыгэм и гъащIэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ, ефIакIуэу псэуну зэрихъуэпсапIэр жиIащ.
-
Махуэшхуэм кърихьэлIахэм, Тохъутэмыщей къуажэжьым щыпсэухэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ мыпхуэдэ гуфIэгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу Лашынкъей къуажэм Iэтауэ зэрыщагъэлъапIэр и гуапэ зэрыхъур.
- — ЦIыхур, псом япэрауэ, зыгъэдахэр и хьэл-щэнырщ, и дуней тетыкIэрщ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэр и зыхуэпэкIэр аращи, лъэпкъ фащэм и махуэ хэха диIэн хуейуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыщыхалъхьэри, ар къыддаIыгъауэ илъэс бжыгъэ хъуауэ абы ехьэ-лIа дауэдапщэхэр идогъэкIуэкI. Мы фащэр зей ди лъэпкъми, ар къыддэзыIэт адрей лъэпкъхэми гуфIэгъуэ куэд яIэну Тхьэм къыщIигъэкI, — пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — Си ныбжьэгъу лъапIэ МэшбащIэ Исхьэкъ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр мыбдежым дигу къэмыкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым: «Адыгэ фащэр сэ схуадами, Кавказым ис псоми яй ар хъуащ». АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, дрогушхуэ Iэщэ-фащэ, шы лъэпкъ, Iэмэпсымэ, хабзэ-нэмыс жыпIэми, дэ дыдейуэ адрей лъэпкъхэм къащтэн, щапхъэ щIыттрахын куэд дызэриIэм.
- Хасэм и тхьэмадэм и къэпсэлъэныгъэм и ужькIэ, Лашынкъей дэт музейм сурэт зыбжанэ тыгъэ хуищIащ. Абыхэм ящыщщ генералиссимус Черкасский Михаил, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ тращIыкIа сурэтхэр. Урысейм и Артийскэ комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэ дахэр Лашынкъей къуажэм къызэрыдаIыгъам папщIэ.
- Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Iэбубэчыр, КъБР-м, Ингуш Республикэм, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Да-ур Иринэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и артисткэ КIэрэф Иннэ, Абхъазым щыщ уэрэджыIакIуэ Пкин Сабинэ, ХьэхъупащIэ Заур и гъэсэн «Дыгъэшыр» сабий къэфакIуэ гупым, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэм, КъШР-м къикIа къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм. Апхуэдэуи я зэпеуэ дахэхэмкIэ утыкур ягъэбжьыфIащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бейтыгъуэн Руслан зи гъэсакIуэ спорт школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм.
- НафIэдз Мухьэмэд.
- ГъэщIэгъуэнщ
- Зыми емыщхь махуэгъэпс
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и проект нэхъ инхэм ящыщщ 2011 гъэм щегъэжьауэ абы къыдигъэкI Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Ар егъэхьэзыр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр илъэс къэс нэхъ щIэщыгъуэ, хъыбархэмкIэ нэхъ бей хъууэрэ къызэрыдэкIыр. ЦIыхухэм гу зэрылъатащи, абы илъэсым и махуэ бжыгъэм урикIэлъыплъым и закъуэкъым, атIэ адыгэ лъэпкъым ехьэлIа хабзэхэр, нэщэнэхэр, псалъэ шэрыуэхэр, чэнджэщхэр, псалъэжьхэр щызэхуэхьэсащ. Апхуэдэуи уи къэухьым зезыгъэужь, щIэныгъэм хэзыгъахъуэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд итщ гъуазджэм, литературэм, медицинэм, экономикэм, географием, щэнхабзэм, спортым ехьэлIауэ. ГъэщIэгъуэнщ бжыгъэхэм я бзэм, тхыдэм и напэкIуэцIхэм, цIыхухэм я зэфIэкIым теухуа Iыхьэхэри.
- Махуэгъэпс-щIэнгъуазэр лъэпкъым дежкIэ лъапIэ зыщIыр абы цIыху цIэрыIуэхэмрэ ахэр къыщалъхуа махуэхэмрэ зэритырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, Санкт-Петербург хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа ди къуэшхэм, шыпхъухэм я цIэхэм ущрохьэлIэ махуэгъэпсым. Апхуэдэуи ит хабзэщ шэрджэс мамлюкхэм къахэкIа сулътIанхэм, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къэрал къулыкъу щызезыхьа адыгэхэм, нобэрей КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Тыркум, Европэм, Америкэм, Австралием зи зэфIэкIкIэ къыщалъыта ди лъэп-къэгъухэм я хъыбархэр. КъищынэмыщIауэ, тхыдэм къыхэна, ди республикэм, къэралым, дунейм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэмрэ цIыхухэм я нэгу щIэкIа телъыджэхэмри махуэгъэпсым щызэхуэхьэсащ.
- Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ Iуахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ абы ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ абы щIэнгъуазэкIэ щIеджэри.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, махуэгъэпс телъыджэм и къыдэкIыныр иужьрей илъэсищым зэпыуащ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм абы текIуэдэн мылъку зэримыIэм къыхэкIыу. Ауэ ар ягъэтIылъыж Iуэхухэм хуэдэкъым. БлэкIа илъэсхэм къыдэмыкIами, Мухьэмэд абы елэжьын щигъэтакъым, атIэ адыгэхэр зэрыс хэгъэгухэми хамэ къэралхэми нэхъыбэжу щызэхуехьэс лъэпкъым и тхыдэм, и цIыхухэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и мурадщ, Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр 2020 гъэм щегъэжьауэ къыдэкIыу зэтриублэжыну.
- Шыпш Даянэ.
- Адыгэхэр щыпсэу къэралхэмрэ я бжыгъэмрэ
- Урысей Федерацэ — 750000
- Абхъаз — 2300
- Австралие — 1689
- Австрие — 3420
- Азербайджан — 609
- Алжир — 1220
- Аргентинэ — 475
- Бахрейн — 421
- Белоруссие — 1300
- Бельгие — 1780
- Болгарие — 20090
- Бразилие — 733
- Инджылыз — 2300
- Германие — 45500
- Голландие — 2150
- Дание — 1915
- Израиль — 4280
- Иордание — 100900
- Ирак — 5669
- Испание — 1207
- Италие — 518
- Канадэ — 2487
- Катар — 1506
- Кувейт — 1270
- Куржы — 274
- Къыргъыз — 450
- Къэзахъстан — 1860
- Латвие — 1202
- Ливан — 2289
- Ливие — 300370
- Литва — 702
- Мексикэ — 300
- Молдовэ — 185
- Мысыр — 120500
- Новэ Зеландие — 708
- Португалие — 800
- Румыние — 115
- Сауд Хьэрып — 590
- Сербие — 1421
- Сингапур — 250
- Сирие — 110000
- Судан — 52000
- США — 12300
- Тырку — 7500000
- Тыркумэн — 1100
- Украинэ — 3200
- Франджы — 1560
- ОАЭ — 4600
- Чехие — 405
- Швецие — 1700
- Эстоние — 707
- Японие — 150
- Дунейм адыгэу тетым я бжыгъэр мелуани 10-м ноблагъэ. Мы къэдгъэлъэгъуахэм нэмыщI, еджакIуэ, лэжьакIуэ кIуауэ нэгъуэщI къэрал куэдми адыгэхэм ущрихьэлIэнущ.
- Шууей Хасэм и зэIущIэ, 2018 гъэ
- Я мурадхэм топсэлъыхь
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хьэщIэщым бадзэуэгъуэм и 18-м щызэIущIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэу Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм къыщызэрагъэпэща шууей зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэр.
- Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей «Шууей Хасэм» и тхьэмадэ Къудей Аслъэн.
- — Нобэрей ди зэIущIэр си гуапэу къызэIузох, — жиIащ абы. — КърихьэлIахэр фыкъыхузоджэ мы гъэм накъыгъэм и 3 — 8-хэм дызыхэта зекIуэм, Адыгэ Республикэм и къуажэрэ къалэу 29-р щызэлъэдгъэIэсам, гу зыщылъыфтахэм, къыщыдэхъулIахэм, арэзы фыкъэзымыщIу къэнахэм, зэман къэунэхум егъэфIэкIуапхъэу къэфлъытэхэм мыбдежым фыщытепсэлъыхьыну.
- Адыгэ Республикэм и шууей зэгухьэныгъэм и пашэ, хьэрычэтыщIэ Тхьэпщокъуэ Альберт къыхэгъэщыпхъэу къилъытэхэм ящыщщ я зэгухьэныгъэм къыхыхьэну гукъыдэж зыщIа щIалэхэм дяпэкIэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу зэрахущытыпхъэри, ущие дерсхэр зэрадегъэкIуэкIыпхъэри, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм зекIуэхэм я мыхьэнэр нэхъ лъагэж ищIынущи.
- Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм и шууейхэм ди хэгъэгум щрагъэкIуэкIыну я гугъэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Зи гугъу ящIахэм ящыщщ адыгэлI щэджащэ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIрэ бадзэуэгъуэм и 21-м илъэси 189-рэ зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэр. А Iуэхум хэтыну ирагъэблэгъащ адыгэ хэгъэгуищым я шууей зэгухьэныгъэхэм хыхьэхэри.
- Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭАслъэн ейщ.