2019-05-31
- «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, 2018 гъэ
- Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ Кэнжэ жылагъуэм къыщызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэр екIуэкIащ.
-
Сыт щыгъуи хуэдэу, ЩэнхабзэмкIэ унэм цIыху куэд къыщызэхуэсат, зэпеуэну хъыджэбзхэр утыкум хуэпабгъэрт, Iуэхур къыддэзыIыгъхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я саугъэтхэр хьэзырт, къэпщытакIуэ гупри и пщэрылъым щыпэрыхьэнум ежьэрт. Абыхэм я пашэ, лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIым кIэлъыплъ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и нэIэ щIэту а махуэм лэжьащ усакIуэ, «Нур» журналым и редактор Хьэту Пётр, модельер цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэм я къуэдзэ Щоджэн Iэминат, «1-КъБР» телеканалым и лэжьакIуэ Жэман Мадинэ, актёр, режиссёр Хьэмыкъуэ Олег, КъАХ-м жэуап зыхь и секретарь, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ, уэрэджыIакIуэ Бэч Азэ- мэт, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ гвардием» хэт Тэтэр Къантемыр, пщафIэ Iэзэ Мамий Мухьэмэд, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пажэ Битокъу Науркъан сымэ.
- Пшыхьым и пэщIэдзэм Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ адыгэм къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъума хъунымкIэ нобэрей зэпеуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэ пщащэм хэлъын хуей хьэл-щэнымрэ иIэн хуей дуней тетыкIэмрэ наIуэ зэрищIыр, ар зылъагъу псоми щапхъэ трахмэ, дерс къыхахмэ, я мурадыр къайхъулIауэ къызэрилъытэнур. Пщащэхэм тегушхуауэ я зэфIэкI псори утыку кърахьэну, къэпщытакIуэ гупым нэфI-ней хэмылъу я къалэныр ягъэзэщIэну захуигъазэри, Мухьэмэд пшыхьыр къызэIуихащ.
- Зэпеуэр езыгъэкIуэкIа Къанкъул Ислъамрэ Къуэныкъуей Залинэрэ я фIэхъус гуапэм и ужькIэ, хъыджэбзхэр зырызу утыкум кърашащ, дэтхэнэри къызыхэкIа лъэпкъым, къызыдэкIа жылэм дыщагъэгъуазэу.
- Абыхэм зэпеуэр яублэн хуейт «Утыку ихьэ» зыфIащамкIэ, я унагъуэхэм, лъэпкъым, езыхэм ятеухуа хъыбар кIэщI щыжаIэн хуей IыхьэмкIэ. Экраным къытридзэ видео гъэлъэгъуэныгъэхэр я щIэгъэкъуэну, хъыджэбзхэр хэти усэбзэкIэ, хэти поэмэ щIыкIэм тету гъэхуауэ псэлъащ. Дэтхэнэри адыгэ унагъуэ щапIат, къэзылъхуахэм хуащI пщIэр, адэшхуэ-анэшхуэр зэралъытэр, къыдалъхуахэм зэрахуэгумащIэр, еджэным зэрыдихьэхыр, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр, нэгъуэщIхэри адыгэбзэ шэрыуэкIэ жаIащ.
- Пщащэр дахэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым. Ар гъащIэм хуэIущу, щIэныгъэм хуэпабгъэу, лъэпкъ тхыдэм хищIыкIыу, адыгэ Iуэхум ехьэлIа дауэдапщэхэм щыгъуазэу щытын зэрыхуейр къегъэлъагъуэ зэпеуэм хэтхэм я акъыл жанагъыр къыщапщытэ Iыхьэм. Ислъамрэ Залинэрэ я хъуржыным илъ упщIэхэм хэIэбэурэ, къалъысым жэуап иратын хуейт хъыджэбзхэм. Гузавэу зи гупсысэр и кIэм нэсу къэзымыIуэтэфа яхэтами, хъыджэбзхэр фIыуэ зэреджэри, ямыщIэ зрагъэщIэну зэрыхэтри, зэпеуэм фIыуэ зэрызыхуагъэхьэзырари кърипщIэрт я жэуапхэм. УпщIэ тIурытI къыхахати, жэуап езымытыфа къахэкIакъым, хэт и жэуапыр нэхъ убгъуат, хэти и гупсысэр кIэщIу къиIуатэрт. Абыхэм яхуэфащэ баллхэр хуагъэува нэужь, пщащэм Iэмал имыIэу хэлъын хуей IэпщIэлъапщIагъэр ягъэлъэгъуэным хуэкIуащ. Унэгуащэ IэпэIэсэм мастэ-Iуданэр хуэгъэIэкIуэлъакIуэрэ идыр мытIэпIу щытын хуейкъэ?! Бзыхьэхуэхэр, мастэ-Iуданэхэр, лэныстэхэр, щIыIухэр хуагуэшри, дакъикъэ зыбжанэм къриубыдэу хъыджэбзхэм я къалэн ягъэзэщIащ. Ар къэпщытакIуэ гупым и пащхьэ иралъхьэжри, зырызыххэу зэпаплъыхьурэ зэхагъэкIащ хэт сыт хуэдэу жыр мастэр хуэгъэIэкIуэлъакIуэми.
- ЦIыхубзым нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыпхъэщ IэфIу пщэфIэныр. Мы Iыхьэми пщащэ цIыкIухэм унэгуащэфIым хуэдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. ЩIакхъуэзэтеупIэщIыкI, кхъуейжьапхъэ, пIастэ, лыцIыкIулыбжьэ, лыгъур гъэжьа, тхьэмщIыгъуныбэ, джэдлыбжьэ, нэкулъ, бабыщ гъэварэ цIыртIрэ, лэкъум, кхъуей, уеблэмэ шыуан зэфIэдзам хагъэвыхьа щхьэ щIэлъэныкъуэ утыку кърахьат зэпеуэм хэтхэм. Ахэр унэм зэрыщапщэфIар видеокIэ къагъэлъагъуэурэ, шхыныгъуэм халъхьэхэм, ар зэрысэбэпым, Iэнэм къыщытрагъэувэм, къызэрытрагъэувэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ.
- КъэпщытакIуэхэм куэдым гу лъатэрт: пщащэр щыпщафIэкIэ и щхьэм IэлъэщI фIэлъыным, кIэпхын зэрыIулъым, и Iэбжьанэр кIэщIрэ кIыхьрэ, ларэ мыларэ, IэбэкIэ ищIэрэ имыщIэрэ… Ауэ, жыпIэнуракъэ, дагъуэ зыхуащIын пщащэхэм къахэкIакъым.
- Щэнхабзэм хухаха Iыхьэри дахэу екIуэкIащ а пщыхьэщхьэм. Зэпеуэм хэта хъыджэбзхэм адыгэбзэр ящIэ къудейтэкъым, утыку итыкIэм зыхуагъэсам и закъуэтэкъым, атIэ дэтхэнэри зы Iуэху дахэ гуэрым дихьэхыу къыщIэкIри, нэгузыужьу екIуэкIащ. Хэти уэрэд жиIэрт, хэти къафэм хэтти, зэкIужу утыку къихьэрт, анэдэлъхубзэр игъэбзэрабзэрэ гур къиIэту усэ гъэхуауэ къеджэ яхэтт, теплъэгъуэ щIыкIэу зэхагъэувауэ хъуэхъу зэмылIэужьыгъуэхэр жаIэрт, пианинэ еуэрт. КъищынэмыщIауэ, псоми зы удж зэдагъэзэщIащ. А псори зыгъэхьэзырар Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэ Къуэжей Темыркъанщ.
- Таурыхъым и лъахэм укъыщигъэхутэрти, дунейр зэтезыIыгъэ дахагъэр уи пащхьэ щызекIуэрт ныбжьыщIэхэм я пшыхь фащэхэр щагъэлъэгъуа Iыхьэм. Пщащэ Iэдэб, зэкIуж, щIыкIафIэ, нэфIэгуфIэ — апхуэдэт утыку къихьа псори. Адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостейхэр зыщыгъ дэтхэнэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ жыхуаIэм хуэдэт, я нэгум къищ гуфIэм зыр зым емыщхьу дахэ ищIырт, уардэу заIыгърэ псы хуэм ес къазу утыку къыщихьэкIэ апхуэдэ бзылъхугъэ зиIэ лъэпкъ укъызэрыхэкIам уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Анэдэлъхубзэм и кууагъри, абы и фIагъри зыхэплъагъуэр IуэрыIуатэращ, адыгэ хъуэхъухэращ. Иужьрейуэ пщащэхэр зэрызэпеуар хъуэхъукIэти, хэбдзыну зы псалъэрэ уигу дэмыхьэну зы пщащэрэ яхэмыту абы дэтхэнэри пэлъэщащ.
- Пшыхьыр ягъэщIэрэщIащ Хъупэ Марианнэ, Вындыжь Аскэр сымэ я уэрэдхэмрэ Мамий Аслъэн и пшыналъэ гуакIуэмрэ.
- АдэкIэ Iуэху къызыпэщылъыр къэпщытакIуэ гупрати, зэдауэ хэмыту, зэгурымыIуэ къахэмыкIыу увыпIэхэр ягуэшащ.
- «Адыгэ пщащэ-2018» республикэпсо зэпеуэм и Гран-при саугъэтыр къихьащ Шэджэм Езанэм щыщ Гъуэт Миланэ, япэ адыгэ пщащэ хъуащ Псынабэ дэс Шокъум Iэминэ, ЕтIуанэ адыгэ пщащэр зыхуагъэфэщар Джэрмэншык щыщ Молэ Миланэщ, Ещанэ адыгэ пщащэр Нартан къикIа Ардавэ Камилэщ. Пщащэ нэIурыту къыщIэкIащ Тау Лаурэ (Щхьэлыкъуэ), пщащэ щIыкIафIэт ДыщэкI Iэминэ (Налшык), пщащэ зэкIужу къалъытащ Беслъэней Фаинэ (Псыхъурей), Пщащэ акъыл жант Гъубжокъуэ Линэ (Нарткъалэ), Къафэм и гуащэ хъуащ ФIыцIэ Алинэ, Iэнэм и гуащэт Хьэмгъуокъу Камиллэ (Кэнжэ).
- Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм, хэтахэм гулъытэ гуапэрэ саугъэт гукъинэхэмрэ хуащIащ Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ гвардием», «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм, «Дея» ООО-м, «Кэнжэ» ООО-м, «Чистюля» тыкуэным, бзылъхугъэхэм зэрызэрагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр зыщI Шишман Залинэрэ КIэрэф Альбинэрэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
- Мэздэгу, 2018 гъэ
- ЛIэщIыгъуэ плIанэ
- «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ ирикъуащ. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ щыIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща пшыхьыр гуимыхуж хъуащ.
- Пэшым щIэзу къызэхуэсахэм яхэтт нэхъыжьи, нэхъыщIи, щIалэгъуали, уеблэмэ, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэри яфIэгъэщIэгъуэну къекIуэлIат. Пшыхьым и пэщIэдзэм экраным къыщагъэлъэгъуащ Мэздэгу Адыгэ Хасэм къикIуа гъуэгуанэр лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар, абы и къалэн нэхъыщхьэхэмрэ нобэрей зэманым зэрехъулIэмрэ.
- Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа, Къэбэрдей къэрал драмэтеатрым и артистхэу КIэхумахуэ ФатIимэрэ Джатэжьокъуэ Константинрэ къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэхэмкIэ зыхуагъэза нэужь, псалъэ иратащ Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит (Мудар) Валерэ.
- — Мэздэгу адыгэхэр дызэзыгъэуIу, дызэзышалIэ, ди Iуэху дэзыгъэкI лъэпкъ зэгухьэныгъэр илъэс 25-рэ щрикъу махуэр икъукIэ махуэшхуэщ ди дежкIэ. Ар къыддаIыгъыну нэгъуэщI республикэхэм къикIа ди къуэшхэм фIыщIэ ин яхузощI. Апхуэдэуи дахуэарэзыщ ди махуэр екIуу къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэхэм я Iэтащхьэхэм. Нобэ псом япэу дигу къэдгъэкIыжын хуейщ мы Хасэр къызэзыгъэпэща, ар лъэ быдэкIэ увыным зи гуащIэ хэзылъхьа нэхъыжьыфIхэр. Абыхэм хаша лъагъуэрщ дэ нобэ дызытетыр, ди лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, бзэр хъумэнымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъур, — жиIащ Валерэ.
- Дербитым щIыхь тхылъхэр яритащ Мэздэгу Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтхэм.
- Осетие Ищхъэрэ — Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Цуциев Аслъэн жиIащ ди республикэхэм ис лъэпкъхэр тхыдэм и напэкIуэцIхэм илъэс куэд щIауэ зэрызэпищIэр.
- Ди лъэпкъэгъухэм КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкIыу фIэхъус ярихащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. «Тхыдэм уриплъэжмэ, хыболъагъуэ ди адэжьхэр гъащIэм хуэIущу, я лъэпкъ фIыгъуэхэр яхъумэжу сыт щыгъуи къызэрыгъуэгурыкIуар. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэу къэслъытэр а адэжь щIэинхэр хъумэнырщ, зэныбжьэгъугъэр сыт щыгъуи ди Iэпэгъунырщ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ мыпхуэдэ Iуэху дахэхэр къезыхьэжьэ ди къуэшхэм къадэIэпыкъу унафэщIхэм. Мэздэгу Адыгэ Хасэм лъэпкъ щэнхабзэмрэ адыгагъэмрэ ихъумэжым и мызакъуэу, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зэригъэбыдэм, зэхущытыкIэфIхэр зэрызэтриублэм дыщыгъуазэщ. Хасэм хэтхэм сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сехъуэхъуну сыхуейщ блэкIа илъэсхэм зэхуахьэса къарумрэ зэфIэкIымрэ хэхъуэ зэпыту иджыри гъуэгуанэ кIыхь якIуну», — къыхигъэщащ Къардэным.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэ щратым, жиIащ Мэздэгу Адыгэ Хасэм илъэс къэс и лэжьыгъэр иригъэфIакIуэу къызэрыгъуэгурыкIуэр.
- — «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр зэхэзышахэм куэд яхузэфIэкIащ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ абыхэм кърахьэжьахэр нобэ къыдэкIуэтей щIэблэм я пащхьэ изылъхьэж ди къуэшхэми. ЗэIущIэм щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ куэду къызэрекIуэлIам къегъэлъагъуэ ди лъэпкъ щIэиныр зэрымыкIуэдыжынур, ар щIэблэм зэIэпахыу къызэрекIуэкIынур. Мэздэгу адыгэхэмрэ ахэр зыхэс осетинхэмрэ урысхэмрэ зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, гуапагъэ, гулъытэ я зэхуаку дэлъу илъэс куэд щIауэ къызэрызэдекIуэкIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Зы унагъуэ хуэдэу ахэр щызэхэсщ Осетие Ищхъэрэ — Аланиеми Ставрополь крайм щыщ Курской щIыналъэми. Шэч хэмылъу, абы Урысей Федерацэм и лъэщагъыр егъэбыдэ, — жиIащ Хьэутий, икIи Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъхэр яритащ лъэпкъ Iуэхур зыгъэкIуатэхэм, зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэхэм. Апхуэдэу Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъкIэ хуэупсащ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди захуигъэзащ пшыхьым кърихьэлIахэм.
- — Сэ сахуэарэзыщ мэздэгу адыгэхэм, я лъэпкъ щэнхабзэр зэрахьэжу, нэгъуэщI лъэпкъхэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр ирагъэфIакIуэу илъэс куэд щIауэ ди къуэш осетинхэмрэ урысхэмрэ зэрахэсым щхьэкIэ. УкъызыхэкIа лъэпкъым пщIэ щиIэнур, уэ езым нэгъуэщIхэм пщIэ яхуэпщIмэщ. АбыкIэ мэздэгу адыгэхэр къикIуэтыркъым, — жиIащ Мухьэмэд. — Ауэ срипIейтейуэ зы Iуэхугъуэ къыхэзгъэщыну сыхуейт ныщхьэбэ. Ар Мэздэгу къалэмрэ Мэздэгу районымрэ ди къуэшхэм адыгэбзэр щрагъэджу зэтеубла зэрымыхъурщ. Къэбэрдей, Дунейпсо Адыгэ Хасэхэм, ди республикэм къабгъэдэкIыу Осетие Ищхъэрэ — Аланием и Iэтащхьэм, Правительствэм и УнафэщIым, министрхэм захузогъазэ зы егъэджакIуэ нэхъ мыхъуми къащтэу, адыгэбзэр Мэздэгу щрагъэджыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис ди къуэш осетинхэр мин 15-м ноблагъэ. Осетин фIэкIа дэмысу къуажэ диIэщ — Уэзрэдж. Мис абы япэ классым щегъэжьауэ 11-нэ класс хъуху осетиныбзэр щрагъэдж. Ар щапхъэщ.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъу- тэ Александр, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Мэздэгу районым и администрацэм и унафэщI Гугиев Геннадий къыхигъэщащ адыгэхэр гъунэгъу нэхъ гуапэ дыдэхэм, хьэлэлхэм зэрыхабжэр, лэжьыгъэм хуэмыщхьэхыу, я унэм къихьэм пщIэ хуащIу, я щхьэр яхъумэжыфу зэрыпсэур, ахэр къазэрыхэсыр осетинхэм зэрагуапэр.
- Ставрополь крайм и Курской район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Сидоренкэ Оксанэ жиIащ мыпхуэдэ махуэшхуэхэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэкъуигъэувэр, зэкъуэтыныгъэр мамырыгъэм и джэлэсу зэрыщытыр.
- Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, «Бзэрабзэ» гупым, уэрэджыIакIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Вместе счастливы» уэрэджыIакIуэ гупым (Ставрополь край), ХьэбытIэ Вячеслав, Даур Эдуард, Секинаевэ Альбинэ (Осетие Ищхъэрэ — Алание) сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Зи тхыдэр жыжьэ къыщежьэ
- Адыгэхэр дунейм и лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
- Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. Зауэхэм щикIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къебэкI къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ езыхэм я хабзэхэм тетыжа фIэкIа, пIалъэ кIэщI дыдэкIи зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу.
- Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
- БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ ират, я хьэл-щэнхэм купщIэшхуэ хэлъщи, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу къыщацIыху. Адыгэхэм я гугъу я IэдакъэщIэкIхэм куэдрэ щащI Геродот, Флакк Верий, Помпоний Мелэ, Страбон, Плутарх сыми, нэгъуэщI тхакIуэ щэджащэхэми.
- Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.
- «Глисон и cурэт журнал».
- Лондон. 1854 гъэ
- Мейкъуапэ, 2018 гъэ
- Дахагъэм укъыхуезыджэ
- Адыгэ щэнхабзэм и махуэр дахэу, хьэщIэ куэд кърихьэлIэу щагъэлъэпIащ Мейкъуапэ къалэм. Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ хэгъэгухэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ я министерствэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр хэтащ абы. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, Налшык щыщу ирагъэблэгъащ КъБР-м граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан сымэ.
- Мейкъуапэ дэт Филармонием къыщызэIуахат махуэшхуэ зэхыхьэр. Абы и щIыхьэпIэм деж щытт щIыналъи 10-м я цIэхэмрэ бэракъхэмрэ зытет ныпхэр. ХьэщIэ егъэблэгъэкIэкIэ адрейхэм къахэщу ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкI адыгэм и жьэгу пащхьэ зэщIэгъэнар, Iэнэ хъурейр, бгъэныщхьэ унэ теплъэ иIэу къагъэувати, Адыгейм и лъэпкъ театрым и актёр нэхъыжьхэр жьантIэм дэст, нэхъыщIэхэр ящхьэщытт. Абдеж цIыхухэр увурэ сурэт щызытрагъэхырти, лъэпкъым щыщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ етIуанэ къатым дэкIуейрт.
- Къэбэрдей-Балъкъэр, Къалмыкъ, Астрахань, Волгоград, Краснодар, Ставрополь, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн, Ингуш щIыналъэхэм икIа лIыкIуэхэмрэ бысымхэмрэ концертым ирагъэблэгъащ.
- Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ хьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэ Нарожный Владимир. Абы жиIащ Адыгэ Республикэм лъэпкъым зэригъэпэща фIыгъуэхэр хуэсакъыпэу зэрыщахъумэр, ахэр къыдэкIуэтей щIэблэм я деж нэхьэсыным мыхьэнэшхуэ зэрыратыр.
- Нарт эпосым щыщ пычыгъуэхэм щегъэжьауэ, адыгэ унагъуэм илъ хабзэхэр театр теплъэгъуэу ягъэлъэгъуащ артист ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэу пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм, къэфакIуэхэм.
- ХьэщIэ куэд къеблэгъащ Адыгэ щэнхабзэм и махуэм, абыхэм я пащхьэ кърахьа дэтхэнэ Iуэхугъуэри фIым, дахагъэм укъыхуезыджэт. Ар къыхагъэщащ нэгъуэщI хэгъэгу къикIа лIыкIуэхэми — ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Шыбзыхъуэ Юрэ, Ставрополь Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, Аслъэн Алий, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, Шанэ Рэмэзан, Ермэлыхьэблэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, н.къ.
- Адыгэ щэнхабзэм и махуэм щыщт «Къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIэным теухуауэ» УФ-м къыщащта программэм хыхьэу къызэрагъэпэща зэIущIэр. «СтIол хъурейр» теухуауэ щытащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэфIыр хъумэным хуэунэтIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яIэ мыхьэнэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и тхьэмадэ Нарожный Владимир, АР-м и Министрхэм я Кабинетым, республикэм и жылагъуэ палатэм хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр.
- Адыгэ щэнхабзэм и махуэр гукъинэжу екIуэкIащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIауэ. Лъэпкъым и блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ, ифI щигъэлъагъуэ, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэгъэпса хъуат Мейкъуапэ щекIуэкIа махуэшхуэр.
- Адыгэ Республикэм и УнафэщI КъумпIыл Мурат Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр ирегъэблагъэ.