КIуэкIуэ Казбек еплъащ Налшык къалэм Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ и уэрамым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым
2020-06-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 24-м зригъэлъэгъуащ Налшык къалэм Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ и уэрамым и Iыхьэхэр — Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ ЩоджэнцIыкIум и уэрамым нэсу — сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр. Ахэр ирагъэкIуэкI «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу.
- Гъуэгу Iыхьэм километррэ ныкъуэрэ хуэдиз къызэщIеубыдэ. Мыбдежым гъуэгум и кIыхьагъкIэ лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиину я мурадщ, ар къагъэнэхунущ, автомобиль гъэувыпIэхэр хуащIынущ, жыгхэр щыхасэнущ, комплексхэр зыхэтыну транспорт къэувыIэпIэу плIы, лъакъуэрыгъажэкIэ цIыхухэм къыщажыхь хъуну щIыпIэхэр иIэнущ.
- Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ухуэныгъэр щэкIуэгъуэм и кум ирихьэлIэу зэфIагъэкIын хуейуэ аращ, ауэ лэжьыгъэхэр ягъэува пIалъэм ипэ иту йокIуэкI.
- Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгу Iуфэхэр ягъэкъэбзащ, къэувыIэпIэ павильонхэр, гъуэгугъэлъагъуэ дамыгъэхэр, гъуэгубгъухэм Iулъа мывэ къэухьхэр Iуахащ, иджы гъущI-бетон пкъыгъуэм къыхэщIыкIа, метр 1,8-рэ зи бгъуагъ псыжапIэхэр зыдалъхьэну щIыпIэхэр абы хуагъэхьэзыр, псы щIэжыпIэхэр, псы бжьамий нэхъыщхьэхэр зэрахъуэкI, ток зэрыкIуэ кIапсэхэр мардэм тету яукъуэдий. Абыхэм къадэкIуэу, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Биттировым и цIэр зезыхьэм нэс щIыпIэм щIы щхьэфэр трагъэкъэбзыкI.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.