ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Археологиемрэ физикэмрэ

2020-06-26

  • Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Хеопс и пирамидэр. Ар илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.

  • Кхъэхалъэжьхэм я щIыIум щыдращIеяуэ щыта адрей ухуэныгъэ абрагъуэхэм елъытауэ, Хеопс ейм и кIуэцIым пэш зэхуэщхьэхуэу зыбжанэ хэтщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди лъэхъэнэм и IX лIэщIыгъуэм а пирамидэм къыщагъуэтат Хеопс фирхьэунымрэ Пащтыхь Гуащэмрэ я «лэгъунэхэмрэ» Пэшышхуэ гъэлъэгъуапIэмрэ. Ахэр щIэныгъэлIхэм япэ дыдэу къыщаплъыхьар XIX лIэщIыгъуэм икухэрщ. АтIэми, апхуэдиз зэман зэрыдэкIауэ, ухуэныгъэ абрагъуэм нэгъуэщI пэш щхьэхуэхэр иIэми абыхэм ящыщ зыр езы фирхьэуным кхъэлэгъунэу хухахауэ щытами щIэныгъэрылажьэхэмрэ лъахэджхэмрэ иджыри къыздэсым яхузэхэгъэкIакъым.
  • Франджымрэ Япониемрэ я физикхэм мюоннэ сканированиекIэ Хеопс и пирамидэм «къыщалъэгъуащ» гъуэжлау абрагъуэу къалъыта ку нэщIышхуэ. АбыкIэ абыхэм хъыбар ирагъэщIащ Nature журналым.
  • ScanPyramids проектым, 2015 гъэм щегъэжьауэ лажьэм, и зы Iыхьэщ илъэсищ ипэкIэ ирагъэкIуэкIауэ щыта сканированиери. Абы лъандэрэ къызэрекIуэкIыр аращи, щIэныгъэлIхэм къалэн зыщащIыжащ фирхьэунхэу Хеопсрэ Хефренрэ я пирамидэхэу Гизэ щIыналъэм щыIэхэм, «Къутахуэ», «Тхьэмбылыфэ» ухуэныгъэ абрагъуэхэу Дахшур щIыпIэр зи хэщIапIэхэм я кIуэцIхэм щIыхьэу, пэш гъэпщкIуахэр къыщалъыхъуэну.
  • Зи гугъу тщIы проектым зделэжьым, физикхэм къагъэсэбэп инфракраснэ термографие, мюоннэ радиографие, 3D-реконструкцэ, лидар-сканирование, мюонная томографие Iэмалхэр.
  • Хьэрш мэскъалхэр, Дыгъэм къыпкърылындыкIхэри абы и къэухьым (и системэм) адкIэжкIэ къикIхэри, и нэхъыбапIэм зэрызэхэтыр протонщ. Зэрыщытыр аращи, ди планетэм и хьэуам къыхыхьэ мэскъалым гуащIагъэшхуэ зэрыпкърытым къыхэкIыу, абы езым хуэдэ нэгъуэщI «цIыкIужьейхэри» куэдыкIейуэ къегъэщI, я нэхъыбапIэр пионрэ мюону. Иужьрейхэм аргуэру нэгъуэщI мэскъалхэр дунейм къытрагъэхьэ. Минусу зэщIэузэда мюонхэр уэгум зэритыр секундэм и мелуан бжыгъэ къутахуэм къызэщIиубыдэ зэман кIэщI дыдэщ. Ахэр, ЩIым тет цIыхухэми, псэущхьэхэми, жыгхэми, къэкIыгъэхэми зэраныгъэ лъэпкъ къыхуамыхьу, зыхуэзэ псоми якIуэцIропсыкI. Абы щыгъуэми, нэхум зэрызидзым и хуабжьагъым хуэдиз дыди яIыгъщ.
  • АтIэми, езы мэскъалхэр пкъыгъуэ Iувхэм щапхрылъэтыкIкIэ, я гуащIагъым и Iыхьэ гуэр абдежым къыщагъанэ, щафIокIуэд. Абыхэм я апхуэдэ «шыфэлIыфэмрэ» я зыкъэгъэлъэгъуэкIэмрэщ физикхэм щIэгъэкъуэныфI яхуэхъури къагъэсэбэпри. Я къэзыпщытэ IэмэпсымэхэмкIэ мюонхэм я зыгъэзэкIэм кIэлъыплъурэ, щIэныгъэрылажьэхэм къахутэ мафIэбгхэм, тхыдэм щыщ хъужа Мысырым, майе, ацтек къэралыгъуэжьхэм мывэм къыхэщIыкIа я ухуэныгъэ быдэхэм я кIуэцIым къыщагъэнауэ щыта ку нэщIышхуэхэр.
  • — ИкъукIэ гугъэфIхэр дэзыгъэщIщ, зыпхрыкIми къыщымынэ мюонхэм я гуащIагъым щыщ Iыхьэ гуэрхэр абдежым къызэрыщагъанэр, — жеIэ хьэршым къикI мэскъалхэр джыным куэд щIауэ дихьэх, США-м и Техас штатым и университет нэхъыщхьэу Остин къалэм дэтым щылажьэ физик Швиттерс Рой. – Абыхэм апхуэдэ «хьэл-щэн» зэраIэр дэркIэ дыщэ къыщIэхыпIэм хуэдэщ, къэхутэныгъэщIэхэмкIэ дыкъэзыгъэгугъэщ.
  • Мысырым и пасэрей щIэиныр джыным куэд щIауэ яужь ит щIэныгъэлI цIэрыIуэ, Инджылызым и Бристоль къалэм дэт университетым щылажьэ Додсон Айдан къызэрилъытэмкIэ, метр 30 зи кIыхьагъыну къахута ку нэщIышхуэм «къыдгуригъэIуэфынущ» езы пирамидэр щызэтралъхьэм къагъэсэбэпауэ щыта Iэмалхэр зыхуэдэри, фирхьэуным и кхъэлэгъунэр здэщыIэ лъэныкъуэри, адрей къамыхута пэшхэр здэщыIэ щIыпIэхэри.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.