ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нарт лIыхъужьхэм хуагъадэрт

2020-06-26

  • БлагъагъэкIи дызэрыубыду икIи дызэныбжьэгъуу гъэ кIуам щIалиплI Абхъаз щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ дыкIуат. ДыкъыщыувыIа унагъуэм сэ япэу сихьэу арат, ауэ си гъусэхэм ар илъэс зыбжанэ хъуауэ я бысымт. Унагъуэм и тхьэмадэ Сакание Славэ я щIыпIэм и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ, жыпIэмэ ущыуэнутэкъым. Абхъазым щIыхь зиIэ и журналистщ. Куржы-абхъаз зауэр щекIуэкIым зи лъэпкъым и хуитыныгъэм щIэзэуахэм яхэтащ.

  • Бжьыхьэр къызыкIэщIэзэрыхьа щIыналъэмрэ хы абрагъуэр къигъэхуэбэну пэмылъэщыж дыгъэмрэ ди мурадхэр (зыгъэпскIыныр) мащIэу къызэпаудырт. Ауэ щIыналъэм и дахагъэмрэ ди бысымым къыдих хьэщIагъэмрэ хьэщыкъ дащIауэ дагъэтхъэжырт.
  • Унагъуэ дыздэщыIэм я ерыскъым дыфIэкIыну Iэмал лъэпкъ къыдамытми, хы Iуфэм екIуэкIыу Iут шхапIэхэм ящыщ зым пщыхьэщхьэ гуэрым дыщетIысэхат. Макъамэр зэи увыIэртэкъым, джэгури екIуэкIырт. ЯпэщIыкIэ къафэхэм дахэмыхьами, адыгэ макъамэ къеуэн щыщIидзэм, тхуэшэчакъым. ГъэщIэгъуэнрати, адрей Iэнэм щысхэри утыкум зэуэ къызэрыхьащ. Зэхэтх псалъэмакъ пычахуэхэм ятепщIыхьмэ, псори зыгуэрым ежьэу фэ ятетт. Зы щIалэ екIу утыкум къыщихьэм, цIыхухэр зэлъыIукIуэтри, хуит хуащIащ. ЩIалэ Iэчлъэч, нэфIэгуфIэ, илъэс тIощI хуэдиз зи ныбжьыным къуршыбгъэ уардэу, лъапэпцIийуэ утыкур къифыхьщ, макъамэм нэхъ хуэкIуэр ислъэмейти, Iэгуауэшхуэм щIэту къафэм и щэхухэм зэрыщыгъуазэр къыщигъэлъагъуэ теджагуэ дахэ ищIщ, апщIондэху зыгуэрым ещакIуэу иджы зэщэкIуам зыкIэлъидза нэхъей макъамэм и кIэухым жьым хэту зыщхьэпридзри, къэувыжащ. Абдежым щыта псоми хуэдэу, дэри дыщымысхьыжу щIалэщIэм Iэгу дыхуеуэри, IэнэмкIэ къэдгъэзэжащ. Си малъхъэгъу Къуэшыкъуей Аслъэн, и чэзум къызэрымытIысыжар уэим дымыщIыщауэ дыздэщысым, къыкъуокIыж, куэд щIауэ фIэкIуэда и Iыхьлы гъунэгъу гуэр къигъуэтыжа хуэдэ, дуней гуфIэгъуэр иIэрэ а щIалэ къэфамрэ нэгъуэщI зы нэхъыжьыIуэрэ ибгъу зырызым щыту.
  • — Упсэлъамэ, фи къуажэ умыцIыху дэмысу жыбоIэ. мыр пцIыхурэ? Фи жылэм щыщщ, — жеIэ, си дежкIэ зыкъегъазэри. Дауэ сцIыхунт?! Сэ къуажэм сызэрыдэмысыжрэ щIалэгъуалэр си нэIуасэтэкъым. Ар къыщыгурыIуэм, Аслъэн къыпищащ: мыр Занилэхэ ящыщщ.
  • ЗанщIэу си нэгум къыщIэуващ иджыпсту зыдгъэтхъэжу дыздэщыIэ мы щIыналъэмрэ абхъаз лъэпкъымрэ я хуитыныгъэм щIэбэну зи псэр зыта Занилэ Къамболэт и теплъэ уардэр икIи къызгурыIуащ Iуэхур зытетри а щIалэр мыбы щIыщыIэри.
  • Къамболэт тхьэмыщкIэм унагъуэ иухуэну зэрыхунэмысам сыщыгъуазэти, занщIэу сыщIэупщIащ — зэшхэм ящыщу ар зеймкIэ. «Жамболэт срикъуэщ, си цIэр Ислъамщ», — щыжиIэм, псори гурыIуэгъуэ хъуащ. Абыхэм нэхъыжьыIуэу я гъусэ цIыхухъур Аслъэнхэ я къуажэ Дохъушыкъуей къыщыхъуат, Вындыгъухэ ящыщт, и цIэр Хьэсэнбийт икIи мы щIыпIэхэм щызэуахэм яхэтат, и бгъэм хэлъ дамыгъэхэри зэрихьа лIыхъужьыгъэм и щыхьэтт.
  • КъызэрыщIэкIамкIэ, Ислъам а шхапIэм щылажьэхэми зыщызыгъэпсэхуну къыщIыхьэхэми къацIыхуну хунэсат. Лъэпкъ макъамэ къыщеуэхэм деж IэгуауэкIэ кърагъэблагъэрти, и къэфэкIэ дахэм яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъ зэпытт.
  • КIыхь хъуакъым а пщыхьэщхьэм дызэрызэгъуса зэманыр, ауэ лъэужьыншэуи къэнакъым…
  • ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, Занилэ Къамболэт куэдрэ сигу къэкIыжырт: куэд дэслъэгъуат а щIалэ псэ къабзэм, ауэ абы теухуауэ зыгуэр стхынуи сытегушхуащэртэкъым.
  • Къамболэтрэ абы и гъусэу а зауэм хэкIуэда Тэрчокъуэ Задинрэ ятеухуа гукъэкIыж пшыхь дыщеджа школым ирагъэкIуэкIыу срагъэблагъэу сыхэта иужь, си къалэну къэслъытэжащ цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ псэр нэгъуэщIхэм я къэкIуэным, я хуитыныгъэм папщIэ зытахэр тщымыгъупщэныр икIи къытщIэхъуэ щIэблэр абыхэм щыгъуазэ щIыныр.
  • механизаторхэр щагъэхьэзыру Старэ Шэрэдж дэт училищэр школ нэужьым къиухри, армэм къулыкъу щищIауэ, Гъуэгунокъуэм и цIэр зэрихьэу ди Псыгуэнсу къуажэм щызэхэта колхозым и етIуанэ мэкъумэш бригадэм, си унафэ щIэтым, 1991 гъэм лэжьэн щыщIидзат Къамболэт. Ар щыдигъуса зэман кIэщIым къриубыдэу и къару емыблэжу, жану лэжьат, ныбжькIэ нэхъ щIалэми, техникэм зэрыхуэIэзэр, абы и щэхухэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр къигъэлъэгъуэну хунэсат. Языныкъуэхэм зэрылажьэ тракторыр къутэмэ, дэIэпыкъуэгъу къалъыхъуэу е ар щащIыж мастерскойм яхун яфIэфIмэ, мыбы а техникэр щыувыIа дыдэм и деж щызэригъэпэщыжырт. Тракторым и пкъыгъуэхэр хьэлъэти, ахэр къызэраIэт кран уимыIэмэ, пэлъэщыгъуафIэтэкъым, ауэ Къамболэт апхуэдизкIэ къаруушхуэ бгъэдэлъти, пхъэ тыкъыр, енцI къигъэсэбэпурэ краныншэу пкъыгъуэхэр и пIэм иригъэувэжырт. Апхуэдэу щIыщытым щапхъи щхьэусыгъуи иIэт.
  • Къамболэт и адэ Занилэ Iэюб колхоз экскаваторым ирилажьэрт. Бригадэ гуэрым егъэщIылIауи щыттэкъым, адрейхэм хуэдэу, и тракторым зыгуэр къыщыщIамэ, инженер е механик къыдэIэпыкъуну хъыбар яригъэщIэну Iэмали игъуэтыртэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIыпIэ пхыдза къуейщIейхэм куэдрэ щылэжьэн хуей хъурт, псы къыщиудар IуищIэжыну е кIэнауэ гуэр къитIын хуейуэ. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхум япэIэщIэу щытыну куэдрэ къыхуихуэрт. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм и щIалэхэм ящыщ зы гъусэ ищIырти, ахэр и дэIэпыкъуэгъут. И бынхэри, «Нэ илъагъу Iэ ещIэж» жыхуаIэрати, зэрымыщхьэхым и закъуэтэкъым, техникэм и лэжьэкIэр нэсу къагурыIуэрти, къутам щхьэусыгъуэ хуэхъуар къамыгъуэтауэ, IэхъуэгъуэтегъэкIыу Iуэхум пхубгъэдыхьэнутэкъым.
  • Iэюб и щхьэгъусэ Рози ди къуажэт, жылэм дэс нэхъ лъэпкъыжь, гуащIафIэ Бекъалдыхэ япхъут. Зэщхьэгъусэхэм унагъуэ дахэ зэдаухуат икIи, дыгъэм хуэдэу, щIалихрэ зы хъыджэбзрэ яIэт. Розэ и къуэхэмрэ ипхъу закъуэмрэ цIыхухъу-цIыхубз Iуэху зэхэдз ямыIэу игъасэрт. ТIэкIу къэжэпхъахэр нэхъыщIэхэм якIэлъыплъырт, езыхэм хуэдэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, уеблэмэ ефIэкIыу, сыт хуэдэ лэжьыгъэми щымышынэу, псэ къабзэкIэ бгъэдыхьэу, зыхузэфIэмыкIым дэIэпыкъуу, я зэран нэгъуэщIым ирамыгъэкIыу, лей къызытехьэм къащхьэщыжу апхуэдэхэт.
  • Шэч хэмылъу, арауэ къыщIэкIынт, ди къуэш абхъазхэм гузэвэгъуэ къащытепсыхам, Къамболэт куэдрэ мыгупсысэу а лъэпкъым и щIыхьыр зыхъумэну жэрдэм зыщIа адыгэ щIалэхэм я сатырым щIыхэувар.
  • Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи си нэгу къыщIохьэж: гъэм дызэрылэжьа мэкъумэш техникэр дгъэкъэбзэжырти, адрей хозяйствэхэми хуэдэу, щIымахуэм гъущапIэхэм щыдгъэувыжырт. ахэр зыщIэдгъэувэж гъущапIэхэр 50-60 гъэхэм ящIауэ лъахъшэт икIи а зэманым дызэрылажьэ тракторхэр щIэхуэртэкъыми, цIыху къарукIэ, мащIэ-мащIэурэ, дгъэIэпхъуэн хуей хъурт, и пIэ изэгъэн папщIэ. НтIэ апхуэдэхэм деж Къамболэт зы лъэныкъуэмкIэ и закъуэу, адреймкIэ лIитI-щы щыту къызэдаIэтырт.
  • Мазэ бжыгъэщ Къамболэт Абхъазым щыIэну къызэрыхуихуар. Ар жытIэ щхьэкIэ, зы махуэ закъуэри зы сыхьэтри ирикъункIэ мэхъу зауэм уи лIыгъэр здынэсыр къыщыбгъэлъэгъуэну. Хунэсат абы Занилэ Къамболэти. Абы дэщIыгъуу зэуапIэм Iута, я командиру щыта зауэлI цIэрыIуэ, Абхъазым и лIыхъужь Къардэн Генэ: «мы «Нарт» (арат абы щыIэхэр Занилэм къызэреджэр) хуэдэ щIалибл нэхъ мыхъуми диIамэ, куэдкIэ нэхъ псынщIэу духыну къыщIэкIынт мы зауэр», — жиIат. Шэч хэлъкъым, а псалъэхэр щхьэусыгъуэншэу зэрыщымытам.
  •  ГущIыхьэщ апхуэдиз гуащIэ зыбгъэдэлъ, зи псэугъуэ, къарукIэ куэд зыпэщIэмыувэфыну щIалэм и псэр топышэ къэуам къидза бдзапцIэ тыкъыр цIыкIум щихьым и деж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къелакъым абы Занилэ Къамболэти. Къелакъым зи цIэ къитIуахэу Къардэн Гени ди къуажэгъу Тэрчокъуэ Задини…
  • ПсалъэкIэ пхуэмыIуэтэнщ а гузэвэгъуэшхуэр къэзылъхуа я адэ -анэхэм зэрагъэвар. Гуауэшхуэт а махуэр Занилэхэ, Тэрчокъуэхэ я лъэпкъхэм дежкIэ, гуауэшхуэт ар ди Псыгуэнсу жылэжьым щыпсэу дэтхэнэ зымкIи, иринэщхъейрт абы а хъыбар гуауэр зэхэзыха дэтхэнэри.
  • Дапхуэдизу гугъуехьым имыпсыхьами, пэлъэщакъым а гуауэм Къамболэт и адэ Iэюби — фочышэ къытемыхуами, шэч хэлъкъым а лIы гуащIафIэм и гъащIэр и щIалэм и кIуэдыкIам куэдкIэ нэхъ кIэщI зэрищIам.
  • Иухащ Куржымрэ Абхъазымрэ я зэхуаку дэлъа зауэр. Къыщопс а щIыпIэм хы ФIыцIэ абрагъуэр къэзыгъэхуабэ дыгъэ гуащIэ, мэбагъуэ я цIыхухэр, щогъагъэ жыгхэр. Абхъазым и хуитыныгъэр щагъэлъапIэ махуэм хэтыну ирагъэблэгъа Занилэ Къамболэт и анэ Розэ и гъусэу абы кIуа и къуэрылъху Ислъам Iэгуауэр хуаIэту егъэбжьыфIэ Абхъазым и утыкур: шэч къызытумыхьэжынщ ар зэрыхуэфащэр. Хуэфащэщ езы абхъазхэм ящIыгъуу ди лъэпкъэгъу куэд зыхэта, абы щыщу цIыху 59-м зи псэр зыщIата хуитыныгъэр къэзызэуахэм и адэ къуэш Къамболэт зэращыщамкIи езыри, къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ щэн дахэр игъэлъагъуэу, нурыр къыщхьэщихыу утыку зэритыфымкIи…
  • Ауэ дэ сыткIэ тщIэн апхуэдизу пэжыжьэ икIи и псэм пэгъунэгъу щIыналъэм теухуауэ Къамболэт и анэ Розэ а зэман кIыхьым игъэвамрэ нобэ и гум щыщIэмрэ? Зыщ дэ абы хужытIэфынур: и щIалэгъуэу Къамболэт и псэр тыхь зыхуищIа щIыналъэм, абхъаз лъэпкъым я деж иджыри куэдрэ зыхьын къару Тхьэм кърит! Адрей и бынхэу Темболэт, Жамболэт, Хьэзрит, Алибэч, Хьэталий, Марьянэ сымэ, абыхэм я щIэблэхэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну ди гуапэщ.
  • Адыгэм диIащ «Къамболэт» цIэр лъагэу зыгъэIуа лIы щэджащэхэу Тэрчокъуэ Къамболэт, КIэрэф Къамболэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Си фIэщ мэхъу, псэужатэмэ, абыхэм хуэдэу, еджагъэшхуэ е унафэщI хэIэтыкIа мыхъуми, и цIэм и пщIэр имыгъэлъахъшэу, зыгъэса и адэм, адрей и къуэшхэм хуэдэу быныфIэу, цIыху нэсу, унагъуэ лъэщу, зыщыщ Занилэхэрэ щалъхуа Псыгуэнсу жылэжьымрэ яхуэфащэу къытхэувэфыну зэрыщытар. Ахърэт нэхур Алыхьым кърит!
  • ШэрIужь Аслъэн.
  •  Псыгуэнсу къуажэ