ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТекIуэныгъэм и парадыр — 2020 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 24-м

2020-06-26

  • Катюшэ
  •  («Катюша».
  • Псалъэхэр Исаковский Михаил,
  • макъамэр Блантер Матвей яйщ, 1938 гъ.)
  • Къэгъэгъахэщ мыIэрыси кхъужьи,
  • Пшагъуэ Iувхэр псым къыщхьэщыхьащ.
  • Пщащэ закъуэ къыпхуолъагъур жыжьэу:
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.

  • Къытехьащи, щIедзэ и уэрэдым,
  • ЩIалэ хахуэм щхьэкIэ иусам, —
  • Зи письмохэр хуэсакъыу ихъумэу,
  • Гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуам.
  •  
  • Лъатэ, лъатэ, си уэрэдыр лъатэ,
  • Дыгъэ гъуэгукIэ си псэр схунэхьэс,
  • Ди къэрал гъунапкъэхэр здахъумэм,
  • ЗауэлI щIалэм мыр схулъэгъэlэс:
  •  
  • Къыппежьэнщ Катюшэ, къэбгъэзэжмэ,
  • И гурылъхэр уэ къыбжиIэжынщ.
  • Уи IэнатIэр быдэу пхуэгъэпэжмэ,
  • Псалъэ ттахэр сэ схуэгъэпэжынщ.
  • Уи IэнатIэр быдэу пхуэгъэпэжмэ,
  • Псалъэ ттахэр сэ схуэгъэпэжынщ.
  •  
  • Къэгъэгъахэщ мыIэрыси кхъужьи,
  • Пшагъуэ Iувхэр псым къыщхьэщыхьащ.
  • Хэт мо нэпкъым къыщылъагъуэр жыжьэу?
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.
  • Хэт мо нэпкъым къыщылъагъуэр жыжьэу?
  • Ар Катюшэ бжьэпэм къытехьащ.
  • Санкт-Петербург къалэ

  • Тула къалэ

  • Симферополь къалэ

  • ЩIыунэм
  • («В землянке».
  • Псалъэхэр Сурков Алексей,
  • макъамэр Листов Константин яйщ, 1942 гъ.)
  • Пэшхьэку цIыкIуу жьэражьэр ди жьэгущ,
  • Сагъыз ткIуэпсхэр уи нэпсу къысфIощI.
  • Сэлэт пшынэр щIыунэм щоджэгу,
  • Си гупсысэм макъамэр къыдощI.
  • Сэтей жьыбгъэм кIэщIэтщ уэ уи макъ,
  • Мэзкуу уэсым уи нэгур къыхощ,
  • Къыстеуащи уи зэшыр — сигу хощI,
  • Ди уэрэдым и макъыр хуит дощI.
  • Къыстеуащи уи зэшыр — сигу хощI,
  • Ди уэрэдым и макъыр хуит дощI.
  •  
  • Ди зэхуакур уэс кIэншэм есей,
  • Борэн макъщ щызэхэпхыр мыбдей.
  • Сынэсыну уи деж — ар гъуэгу кIыхьщ,
  • СыкIуэдынум — лъэбакъуэ къудейщ.
  • ЗегъэшэщIи уи пшынэм, си къуэш,
  • Си насып щхьэрыуар къысхуеджэж.
  • Ди щIыунэр щхьэ щIыIэу къэнэн,
  • Си гум илъ лъагъуныгъэм къегъэплъ.
  • Ди щIыунэр щхьэ щIыIэу къэнэн,
  • Си гум илъ лъагъуныгъэм къегъэплъ.
  •  
  • Пэшхьэку цIыкIуу жьэражьэр ди жьэгущ,
  • Сагъыз ткIуэпсхэр уи нэпсу къысфIощI.
  • Сэлэт пшынэр щIыунэм щоджэгу,
  • Си гупсысэм макъамэр къыдощI.
  • Сэтей жьыбгъэм кIэщIэтщ уэ уи макъ,
  • Мэзкуу уэсым уи нэгур къыхощ,
  • Къыстеуащи уи зэшыр — сигу хощI,
  • Ди уэрэдым и макъыр хуит дощI.
  • Къыстеуащи уи зэшыр — сигу хощI,
  • Ди уэрэдым и макъыр хуит дощI.
  •  

    Калининград къалэ

  • Владивосток къалэ

  • Волгоград къалэ

  • Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар Хьэмыз Русланщ