Уафэбгыкъу и нэлат
2020-06-26
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
- 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72 -хэм итщ).
- «Акъыл зиIэр си щIыб ису къезыухьэкI» — жиIащ пасэрейм. ЛIыжьыгъэ — щIалагъэкъым цIыхупсэм и Iущыр. Илъэс тIощIрэ тхурэ фIэкIа къимыгъэщIарэ пэт, Къэзанокъуэ Жэбагъы емычэнджэщрэ абы и жыIэм зыдэзымыгъэшрэ яхэттэкъым къэбэрдей адыгэхэм. Езы Къэзанокъуэр-щэ? Адыгэхэм ящыщу хэту пIэрэт а щIалэм езым и акъыл пщалъэр? Иджыпсту Къэбэрдейр зыIухьэну зауэ шынагъуэм егупсысурэ Жэбагъы игъэщIагъуэрт и лъэпкъэгъухэм я хьэл-щэн зэхуэмыдэр.
- … «Зыпс дызэдофэ, зы дыгъэ къыттопсэри, зыщI дыщIалъхьэж. Зыщ ди хабзи ди бзи, арщхьэкIэ егъэлеяуэ къуэлэнпщIэлэнщ ди хьэл-щэныр. Сыту хуабжьу дызэщхьэщыкIрэ?! ГъэщIэгъуэнращи, гуфIэгъуэ къэхъумэ, псори зэхуэдэщ: зэщхьу мэгушхуэ, мэгуфIэ, мэхъуахъуэ. Зауаем и гузэвэгъуэ къытщIыхьащи, мис: шейтIан уджыр лъэлъэжри, ХьэтIохъущокъуэ-пщым и закъуэ зэпэхъурейуэ утыку къинащ. Пщы уэлийм и щхьэ закъуэщ хьэлъэу щыIэр иджы зытещIар. Уи набжьэрэ уи дзэпкърэ зэтауэ бийм упэщIэувэн папщIэ, лIыгъэ пцIанэри мащIэщ. Мыпхуэдэм деж акъылырщ лIыгъэм и джакIуэр. ХьэтIохъущокъуэм, дауи, игъэтIыгъуэу къыщIэкIынщ зыми хуимыIуатэ хьисэп щэху гуэрхэр. НэхъыфIщ зэримыIуатэри: зым адрейр фIэделэжу къызэхэувэнхэщи, псори зэпатхъыурэ зэхатхъуэжынущ. «Апхуэдэщ цIыхур… Шурэ лъэсрэ зэлъэщIыхьэркъым. Къулейм факъырэр зэхищIыкIыркъым. Дамэ зытетым хуарзэу зэлъэщIехри мэлъатэ. Зытемытыр а лъатэм худоплъей».
- Къэзанокъуэр «худоплъей» пса-лъэм кIэлъыгупсысэжри, зыхуэмышыIэу дыхьэшхащ: «Зэ догуэт! НтIэ, сэри ХьэтIохъущокъуэпщым сехъуапсэу къикIрэ абы? Насып диIэти, ди гупсысэр ди натIэхэм къытридзэркъым, армыхъумэ дыхьэшхэн дыдэ псори хъунут! Сыхудоплъей, дауи, сыту жыпIэмэ, ар пщы уэлийщ. Ауэ щыхъукIи, хэт мыгъуэу пIэрэт а пщы уэлийр иджыпсту зыIутым ехъуэпсэнкIэ хъунур? Ее-ей, дызижагъуэр Iууплъэ иджыпсту ХьэтIохъущокъуэр зыIут IэнатIэм! Плъагъуркъэ, пщыр хуабжьу ящыгугъат ди лIакъуэгъу адыгэхэм. Сыт-тIэ къигугъыжар? Гужьеяхэр, гугъэ нэпцI къезытахэр, гурыщхъуэм къыIэщIэмыкIыфахэр! Пэжщ, ахэри тэрэзу егупсысын хуейщ Iуэхум, ауэ иджыри къэс къагурымыIуар зауэ пэнцIывым пылъ мазэ зыбжанэм къриубыдэу къапкърыхьэжыну?!
- Дунейр гъэзапIиплIщи, гъэри зэманиплIщ. ЦIыхум дамэ теткъым, IитI-лъитIщ. ТIу… ПсыдзэкIэ къытщIэуэ мо Бахъсэныжь псыпэ зэриIэм ещхьыпсу, псыкIи иIэщ. Езыри IуфитIщ. ТIу къудей… Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжыр арщи: псынэ IуфитIми псыежэх IуфитIми я зы нэпкъыр сыт щыгъуи нэхъ лъагэщ. Сыту пIэрэ-тIэ ар зи нэщэнэр? ГуащIэшхуэмрэ гуащIэншэмрэ?»
- Блыным кIэрылъ нэмэзлыкъым Жэбагъы и нэр щытехуэм, «Зэт! Диныр-щэ? ЗэраIуатэмкIэ, дин пажэу мы дунейм щызекIуэр плIы мэхъу: ислъамыр, чристаныр, хьиудейр… модэ къалмыкъхэм я дин «буддэкIэ» зэджэр. Сыту пIэрэ-тIэ а «плIыхэр» къызыхэкIыр? Дауэ ахэр дунейм зэрыщыухуар?»
- Нобэрей мэрем нэмэзыр мэжджытышхуэм щрихыну мурад ещIри, Къэзанокъуэм ХьэтIохъущыкъуей хьэблэмкIэ еунэтI. Нэмэз зыщIыну къызэхуэса жэмыхьэтыр зэи хуэмыдэжу Iувт нобэ. ЦIыхухэр мэжджыт пщIантIэм дэхуэртэкъыми, гуп-гупурэ уэрамхэм щызэхэтт. Къэблэгъа кърымыдзэм псори игъэпIейтейуэ зэпсалъэрт жэмыхьэтыр. ЛIыхэр щырыщ-плIырыплIурэ уэршэрырт. КъыIухьэхэм фIэхъус ятурэ, псалъэмакъым адэкIэ пащэжырт.
- Жэбагъы цIыху Iувым яхэплъэри, игукIэ: «Мылъкум зэфIигъэкIуэдхэр зауэ гуауэкIэ зэкъуоувэж» жиIэурэ мэжджыт пщIантIэм дыхьащ.
- ХьэтIохъущокъуэ пщы уэлийр къащыхыхьэм, жэмыхьэтыр зэлъыIукIуэтри, пщым гъуэгу иратащ, Къэсей хьэжыр пIащIэу лъэбакъуэ ущкIэ пщы уэлийм къыпежьэри:
- — Жэмыхьэт! Алыхьу лъэщым ди пщы уэлийр узыншэу къытхуихъумэ! Фыкъызэхыхьэ иджыри мэрем нэмэз уахътыкIэ. Жэбагъы, уэри моуэ ХьэтIохъущокъуэмрэ сэрэ къыдбгъэдэувэт… Ислъам дин лъапIэр зыIыгъ ди нэхъыжьыфIхэри нэхъ фыкъэкIуатэIуэт: щIэблэм щапхъэ дахэ евгъэлъагъунщ, — унафэ чэнджэщхэр жьакIуэу зэкIэлъигъэпIащIэурэ Къэсей хьэжым тэлайкIэ зыкъиплъыхьыжа нэужь:
- — Сыт ди Iэмал? Нобэ къекIуэлIахэр, дауи, мэжджыт унэм щIэхуэнукъым. Мыдэ, нэхъыжьхэр ныщIыхьэнщи, нэхъыщIэхэр мэжджыт пщIантIэм щызэхэувэнщ. Бжэр Iухауэ къэдгъанэмэ, сэ къэзбжыну духьэр псоми зэхэфхыурэ, мэрем нэмэзыр зэдэтщIынщ.
- Нэмэзыр яуха пэтми, жэмыхьэтыр зэхэкIыжыртэкъым. Псори пэплъэрт ХьэтIохъущокъуэпщым нобэ къажриIэнум.
- Нэхъыжьхэр мэжджытым къыщыщIэкIыжым, Къэсей хьэжым нэмэз щыгъэр зыкIэрыщIа и Iэ ижьыр иIэтри:
- — Ди мэрем жумэр Алыхьым къабылу тIих, жэмыхьэт. Алыхьу дыкъэзыгъэщIам псори зэхуэдэу дыкъихъумэ! Нобэ уаз стынукъым. Нобэ пщы уэлийм и жыIэм фыщIэдэIунщ. Акъылым и Iущыр Алыхьым ди ХьэтIохъущокъуэм къыхуиутIыпщ!
- — Фыкъызэхуэсащи, Алыхьым псори фиузэщI… — къопсалъэ пщы уэлийр. — Фигу зэрызгъэфIын сиIэкъым, жэмыхьэт. Кърымыдзэр къоблагъэ. Iулъхьэтыхькъым мызыгъуэгукIэ къызыкIэлъежьар… дищIрэ ди псэ пIалъэрэщ къызыкIэлъыкIуэр. ПщылIыпIэм ди бынхэр яхуну, ди бзылъхугъэхэр ягъэжыIэщIэну къежьащ. Ди жьыкIэфэкIэр ялIыну къокIуэ. Зауэщ къытпэплъэр, жэмыхьэт! Напэрэ щIыхьрэ зетхьэнумэ — зауэщ! «МафIэм сахуэ ещIри, дзэм шхахуэ ищIыркъым», — жи. Хэдэхэплъэ зыщIыр дэ дэщхькъым.
- — Афэрым, зиусхьэн!
- — ЖыIэ, зиусхьэн, тщIэн хуейр!
- — Иджыри къэс вгъеяр сыт?
- Иужьрейр щызэхихым, Къэсей-хьэжым зэуэ зыкъретIэри:
- — Еплъыт а Iиманыншэм?! Мэжджыт пщIантIэм апхуэдэ щыжаIэрэ? Псалъэ, зиусхьэн! Абы жиIэр уэ уи емыкIукъым. Псалъэ!
- — ЕмыкIу жаIауэ къысщыхъуркъым, Къэсей. Щхьэж игу илъ иIуэтэну хуитщ. ВжесIэнщ дяпэкIэ фщIэнур. Сызэхэфх нэужьмэ, псом нэхърэ нэхъ лъапIэу диIэр — ар икIи ди тIасхъапIэщ — ди бынхэр къытхуегъэлынущ: ящI исыжу гъащIэ яухуэн хуэдэу щIэблэр тхущыхъумэнущ залымыгъэ ажалым. ТщIэнуращи, кърымыдзэр здимыхьэфыну къурш жьанэхэм жылэхэр дыщытIысынщ. Ди адэжьхэм апхуэдэу ящIэ хабзэт, бийр къащылъихьэхэм деж…
- — ЛIо? Хамэхьэр къокIуэ жытIэу, унэхьэр къуршым дилъэдэжыну ара?
- — ДылIкъэ дэ, зиунагъуэрэ?!
- — Мо Шэрэджыщхьэ гъэпщкIупIэ щызыщIа къущхьэ тэтэрхэм ещхьу, щтапIэ дилъэдэжынуи?!
- — ФыувыIэж хъуну зэ?! — зэпэпсэлъэжхэр и псэм темыхуэу, яхокIие иджы Къашыргъэ.
- — Зиусхьэн, — къопсалъэ уанэгум ису зи нэмэз зыщIа лIыжь бжьыфIэр, — нэмысыншафэ къызумыплъ. ЖысIэн сиIэщ сэри.
- Къарэжь бейгуэлыр лIыжь шум бгъэдолъадэри, шы IумпIэм йопхъуэ, дэIэпыкъун и гугъэу.
- — УтIыпщыт шхуэIур, хьэмэ къикIа, щIопщкIэ узэпыслъэщIэну ухуэмеймэ! — ткIыбжьу къопсэлъэх лIыжьыр:
- — СыкъэпцIыхужрэ, зиусхьэн? Гурыт Мэчыхъущ си цIэр. Мызэ-мытIэу дызэдэщэкIуат уэрэ сэрэ. Уи мэзхъумэуи зызэман сыщытат. Ауэ сытми гугъэнщIу дыщакIуэрэт абы щыгъуэ! Иджы си лъакъуэхэр къысщIэувэжыркъым, мис: пхъурылъхухэм уанэгум сыкърагъэтIысхьэри сыкъыдэкIауэ арщ. Уэри, зиусхьэн, хьэмышх къупщхьэжьу уи мэзхъумэр жьэгум сыкъыщинэм, зэ нэхъ мыхъуми уныщIэупщIэжакъым си натIэ хъуам е сыздэбзэхам… Нобэ сыкъыщIэкIуар гукъанэ ппэзгъэтIылъыну аркъым, Кургъуокъуэ. СыкъэпцIыхужамэ, ари хъарзынэщ. Ер лъахэм къихьэмэ, гукъанэр щIы фIыцIэм щIопщхьэж. Сэ фIы дыдэу къызгурыIуащ, жэмыхьэт, ди пщы уэлийм къуршым дришэну мурад щIищIыр. Уэри, Блахъуэ, къызгуроIуэ къуршым иджы уихьэжыныр щIумыгъэкъабылыр, — жеIэри, Гурытым жэмыхьэтымкIэ зегъазэ…
- ЦIыхухэр уэру зэщIэва щхьэкIэ, Мэчыхъу и Iэр щиIэтым, псори щым хъужащ.
- — Сэ иджыри сопсалъэ, жэмыхьэт! Къуршхэр соцIыху фIыуэ. Тафэм тесрэ — Iэгум исрэ: мыбдеж фыкъинэмэ, кърымыдзэм фызэщIипхъэнкIэнущ зыIэзыбжьэу. Къурш жьанэм бийр щыхамэгу-хамащхьэщ. Зэи фыкъыщимыгъуэтыну жьэгъухэмкIэ фыкъиукIыурэ езыхэр удыныщхьэкIэ ифлъэщIыкIынщ. Фымычэнджащэ, цIыхухэ! Пщы уэлийм жиIэр акъылщи, зэманыр фымыгъэкIуэщIу зыфщти, къуршым фыдэкI! Сэ си щхьэкIэ сынывдэкIуэнут, си лъэ сызэрихьатэмэ. Ауэ адрей жьыкIэфэкIэхэм хуэдэу, си фызыжьым сэрэ иджы унэм дикIынукъым. ДаIуплъэнщ а къакIуэхэми. Дихьэжынщ къэсауэ щытмэ, Алыхьым и пащхьэ. Дэ дыздефлъэфажьэу псори хэвмыгъэкIуадэ. ФеужьэрэкI!
- Мэчыхъу и ужькIэ къэпсэлъахэщ Къашыргъэ гъукIэр, абы и уадауэ Дэмдей, ЦIыпIынэр, Ашабэр. Псоми зэакъылэгъуу пщы уэлийм жиIар къащтэурэ, жэмыхьэтыр трагъэгушхуэрт.
- ЦIыхухэр иджы щэху хъужахэу гупсысэрт. МызыгъуэгукIэ хьэкъыу япхыкIат здэкIуэн хуейри зыIут IэнатIэри. Нэщхъейхэми, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу зэбгрыкIыжырт иджы жэмыхьэтыр.
- Быж ЛIыгъуррэ Къэзанокъуэмрэ мэжджыт пщIантIэм къыдэкIыжауэ уэршэрырт:
- — Сигу щIэгъуащ нетIэ Мэчыхъу, итIани, пщы уэлийм апхуэдэу зэрыриупцIар екIуркъым. Нобэ ещхь махуэкъым апхуэдэ гужьгъэжьыр пщым щраудэкIыжыр. Алыхьым Мэчыхъу гъащIэ кърит, ауэ згъэзахуэркъым, минрэ Iей химылъхьэу жиIауэ щытми, — губгъэн ещI ЛIыгъур.
- — ХьэтIохъущокъуэпщымрэ Гурыт лъхукъуэлIымрэ я зэхуаку Iэжьэгъуу дыдыхьэмэ, ЛIыгъур, бжэгъур ди натIэрылъхьэу утыку дыкъинэнщ. ЗэгурыIуэжынущ езы тIур. Захуэкъым Мэчыхъу: иджы дыдэщ пщы уэлийр абы и деж щIэупщIакIуэ щыкIуар. Гурытым фIыуэ ецIыху къущхьэхъур. IупщIу къыбжиIэфынущ Уафэбгыкъу и къуэкIийхэмрэ псыхъуэхэмрэ я кIуапIэхэр. И унэжь хуэдэщ IэхъупIэхэмрэ къуршыпсхэмрэ. Зэпсэлъащ ахэр мызэ-мытIэу…
- — Арауэ щытмэ… къызгурыIуэххэркъым — сыт Мэчыхъу апхуэдэурэ щIэгиер? Узым гурыщхъуэщI хихауэ арагъэнщ псори къыщежьэр.
- — Хэт ар зыщIэр?.. Хэт зыщIэр? Пэжыр жысIэнщи, Гурытыр ящыщкъым узым зэуэ иуплIэнщIхэм. ЛIыжь дакъэжьщ ар. Мыдэ… адыгэ хьэлу фэ изоплъ а нетIэ къэхъуам: япэ ищам дыкIэлъымыущмэ, дыкъэувыIэурэ дыкIэлъопапщэ!
- — Ар сыту лъэщу жыпIа, Жэбагъы! — мэгуфIэ Быжыр: — Уи унэцIэм ещхьыркъабзэщ уи гупсысэр — лэгъупщ… ЩымафIэншэми, псыр кърихуу къызыщыкъуэлъыкI лэгъуп жьэражьэщ уи псалъэр!
- — Укъысщытхъуу арагъэнщ, тхьэмадэ, — ЛIыгъур Iэдэбу погушыIэж Жэбагъы, — адыгэгум дыпэмылъэщурэ, къытфIыщокъуэлъыкI-тIэ.
- Жыг лъагэ баринэшхуэхэм къахэплъ Къэзанокъуейм дыхьэжхэу, уэрам зэхэкIыпIэм щынэсым, Жэбагъы Быжыр иригъэблэгъащ.
- — Благъэм я нэхъ Iумахуэр уэри уи лIэужьми Алыхьым къыфхуишэ, — жиIэурэ фIыщIэ къыхуищIу Быжыр ежьэжа щхьэкIэ, уэрамыпэм нэмысу аргуэру зэтоувыIэри: — Бэхъун щIакъуэм къущхьэ-тэтэрхэр къызэхикIухьу зэхэсхащ. ЦIыхухэр щIиуштэурэ игъэIущу жаIэ… Пэжу пIэрэ?
- — И закъуэкъым а Бэхъуным. Ди лъэпкъэгъу гуэрхэри щIыгъущ.
- — Сыт жыпIэр! Хэту пIэрэ ар? — егъэщIагъуэ Быжым.
- — Нобэ Гурыт Мэчыхъу зыщIэкIия Блахъуэрауэ хузогъэфащэ, ЛIыгъур.
- — Мыхэри! Мыбыхэм я зэхэтыкIэр плъагъурэ! Абрэдж Мырзэбэч КIэмыргуейм тхужа ди гугъэу дигу догъэфI, дэ езбы… Ди лъэгум хуэфIыпсу банэщIэнэр тлъагъуркъым! — мэшхыдэ иджы нэхъыжьыр.
- — Зэщхькъым цIыхухэр. Хэт къурш къутахуэу лъэщщ, щтаучу быдэщ; хэти, хупцIынэмытэдж щатэм хуэдэу зэпкъротIэтI; ещанэхэр — мо пшэху бырыбхэм ещхьщи, жьыр здепщэмкIэ мэбгъунлъэ. Апхуэдэхэр псори зэхохьэжри, зы лъэпкъ къахощIыкI… Зэрыубыдыфыну пIэрэ-тIэ а зэмыщхь гупыр?
- — Ар къызгуроIуэ сэри, Къэзанокъуэ. Уэрэ сэрэ дызэщхькъым теплъэкIэ: сэ сыгъумыщIэщ, уэ ущIалэ псыгъуэщ. Сэ зым сыхуэIэижьщ, уэ нэгъуэщIым ухуэIэкIуэлъакIуэщ. ИтIани, уэрэ сэрэ зэгурыIуэ дяку щIилъыр ди бзэр зэрызэтехуэр аркъым, дигухэр здызэрыху гъуазэр арщ — ди зэдай адыгэ хабзэрщ!
- — Адыгэ псори адыгэкъым, ЛIыгъур.
- — Уи унагъуэр Алыхьым къихъумэ, Жэбагъы. Си ныбжьэгъужь Дэмдей и гукъеуэр сигу къэбгъэкIыжащ иджыпсту… «ЩIалиплI диIэщи, — жи Дэмдей, — плIыри зы анэ къилъхуауэ пщIэнкъым. Зым къытебгъазэурэ жепIэмэ къыгуроIуэ; етIуанэм узэгуэудыху же-Iи пэт — и тхьэкIумэм цIэ исщ; ещанэм тхьэкIумэ иIэу пщIэнукъым; еплIа- нэм псом я Iыхьэри блэкIрэ пэт епхъуатэ. Мис а псори тыншу къызыгурыIуэ ди еплIанэрщ нэхъ арэзы дыкъэзыщIыр».
- — Ар нэхъыщIэщи, адэ-анэм я псэр нэхъ хуэмыгъуэу къыщIэкIынщ… Дэмдей узэрыхуэдэн, ЛIыгъур! Къашыргъэ гъукIэм и жыIауэ, «КъуиплI зэрысым маисиплI къызыкъуех».
- … Гурыт Мэчыхъу щыпсэур Борэхьэблэт. УнэимыкI хъуа лIыжьыр фызыжьым и лъэмакъыр къыздиIукIымкIэ плъэурэ:
- — Хьэблэм сыт щыхъыбар, Мэлгуэшхэ япхъу? — жеIэри, жэуап зэрызэхимыхым ирибампIэу: — Дэгу ухъуауэ ара, фызыжь! УздэщыIэр дэнэ?
- — Дэнэ сыщыIэн, — мэгъумэтIымэ джэдыкIэ зыбжанэ зэрылъ матэжьейр иIыгъыу къыщIыхьэж фызыжьыр, — джэд абгъуэхэм тIэкIу сыщыIэбащ.
- — Уи джэд зесхуэрэ сэ? Хьэблэм сыт щыхъыбар жызоIэ…
- Фызыжь гъур кIыхьышхуэщ Мэлгуэшхэ я пхъур. ЛIыжь жьейм пэмыпсэлъэн папщIэ ерагъыу зешыIэри:
- — Дыгъуасэ еплъытмэ, нобэ мамырщ. Сыт хьэблэр… Дэ тхуэдэ лIы-жь-фызыжь хьэкъуеищщ дэсыжыр! Хьэблэ…
- — Уэ сытыт-тIэ узыхуеяр?! — бгыкъум къелэлэх фэ кIапсэм зыкIэрищIэурэ къызэфIотIысхьэ иджы Мэчыхъу.
- — Сэ, сипхъухэм я адэ, мы дунейм зыри сыщыхуэныкъуэжкъым. Ауэ… къуршым ди лъэр щыдмыхьыфынуми, си дыщ Джылахъстэнейм дыбгъэ-кIуэн хуеящ, — жиIэурэ фызыжьым Мэчыхъу и плIэм лъахъшэIуэу къыдэщэта щхьэнтэр егъэбырыбри, тыншу къыхуделъхьэж.
- — Хьэдыгъуэдахэщ, фызыжь, а жыпIэр! Джэду гъулIыгъурыпщу, си щыкъум я хьэщпакъ зыкъыщIэзмыгъапщкIуэрэт иджы си жьыщхьэ! — лIыжьыр дыхьэшхыурэ здеплъыхым, фызыжьым и жыпым къищ лэныстэкъур къелъагъури, зыхуихьынур имыщIэу: — Мы лэныстэжьри къыщIыздеплъэфэкIыр си щхьэузыгъуэ?
- — Дунейр зыхуэкIуэр плъагъуркъэ? Мес, уэри уи Iэщэр уи пIэщхьагъ щIэлъщ. Си Iэщэр лэныстэщи, сIыгъыжынщ. Сыт ар къыщIысхуэбгъэщIагъуэр? Зэ догуэт, — Мэлгуэшхэ я пхъур бжэ дамэдазэм доплъри: — ЛIитI пщIантIэм къыдыхьащ…
- — Къегъэблагъэ-тIэ, къыдыхьамэ. А лэныстэри си нэгу къыщIэмыхуэу гъэпщкIуIуэт!
- Гурыт лIыжьыр здыщIэс пэшым накIуэпакIуэу къыщIыхьащ Блахъуэр. Абы и гъусэт лIы щIакъуэ мыцIыху гуэр. ЛIыжьым кIапсэр еубыдри, пIэкум зыкъриIэтыкIыурэ:
- — Фыкъеблагъэ! ФетIысэх. Мэлгуэшхэ япхъуу, Гурытхэ я нысэжь, Iэнэ къэхь. ХьэщIэ диIэщ. Уэ щIалэр, сыщымыуамэ, у-ПIэтIрэшщ… Блахъуэ Хьэтыкъуэ урикъуэщ? Уи адэр фIыуэ сцIыхуу щытащ. Абы ещхьу уанэщIэ Iэзэ къэбэрдей хэкум щыпсэуатэ-къым. Иджыпсту сызэрытIысхьэ хабзэри абы ищIа уанэщ. ГъащIэр, Хьэтыкъуэ и щIалэ, уигъэмэхъэшэжу кIэщIщ. ЦIыху гъащIэм зы бзу дамэщ и кIыхьагъыр! Насып зиIэм, уи адэм ещхьу, IуэхуфIкIэ лъэужь къыхинэнщ а гъащIэкIэ дызэджэм.
- — Си адэм ифI уощIэжри, Мэчыхъу, Алыхьыр фIыкIэ къыпхуэупсэ. Псэуху и Iэпэлъапэр гъуанэпщIанэу лэжьат си адэр. Лэжьа щхьэкIэ, насыпи илъэгъуатэкъым. Дэри езым хуэдэу факъырэу дыкъэхъуащ. Плъагъурэ, апхуэдэу зи IэщIагъэ дахам и псэукIэ хъуар? Зыри къысхуэзымыгъэна си адэм щхьэрыуауэ гурэ псэрэ къыскIуэцIилъхьат… ауэ сыхуэныкъуэт-тIэ сэ апхуэдэ щIэин? — и щхьэр упщIэурэ къеIэт Блахъуэм.
- — КъызгурыIуакъым, щIалэ… Уи адэм ухуэпсэлъэну ухэтмэ, зэгъащIэ: абы къыщхьэщыжынухэр иджыри щыIэщ… — Мэчыхъу дзыхьмыщI гуемыIуу ПIэтIрэш Iуоплъэ.
- — Сыхуэпсэлъэжуи аракъым. Ар здэплъам нэхърэ нэхъ жыжьэ сынэплъысыну сыхуейуэ арщ.
- — Уи адэм къигъэна Iэужь дахэм и фэеплъыр уэркIэ бэтэгъейкъым! КъолъэхъшэкIрэ ар, щIалэ?!
- — ЖызоIэри: сэ нэхъ лъагапIэжщ сызыхуэпабгъэр.
- Фызыжьым Iэнэр къихьащ. ЩIакхъуэр, джэдыкIэжьапхъэр, кхъужьыпс зэрыт пхъэ фалъэ цIыкIухэр хьэщIэхэм я пащхьэ иригъэувэщ, лIыжьым зыхэщIэгъуэу Iуплъэри, бзылъхугъэр щыму пэшым щIэкIыжащ.
- — УзрихьэлIэ шхыныфIщ. Фызыжьым и хьэзырым фыхэIэбэ.
- — Махуэ енкIэ дылъэуджыджащ. ТфIэIэфI дыдэу дышхэнщ.
- — Мы уи дзейм бзэмыIуфэ есплърэ?..
- — Сэ, тхьэмадэ, «таулу»-кIэ зэджэж къущхьэ-тэтэрхэм сащыщщ. Бэхъунхэ Жэфарыр сэращ. Зэхэпхагъэнщ си цIэр? — адыгэбзэ ныкъуэкIэ къопсалъэ иджы хьэщIэр.
- — А зи цIэ зэхэтхыурэ, зи щхьэ зэи дытемыплъа Бэхъуныр уэращ… Плъагъуркъэ ар! Дэмдей зэрыжиIауэ: уи псэ пIалъэ къизагъэмэ, сэрыкъ щхьэрыгъэсауэ, дыгъургъууи уIуплъэнщ! Мэжджытым деж сызэрыпхуилъар жагъуэ пщыхъуагъэнкъым, Блахъуэ, си унэ накIуэпакIуэу укъыщихьакIэ? — Мэчыхъу тIэкIу гупсысэжри: — Иджы къызгурыIуащ зи фейдэ къепхуэкIыр. Пэжт Къэзанокъуэм жиIар: лIыфI къуэфI хуэщкъым… Фышхи псынщIэу зревгъэхыт си лъапсэ!
- ЛIыжьым и макъым зэрызиIэтар зэхихри, фызыжьым пэшыбжэр къыIуихащ.
- Мэчыхъу а бжэмкIэ плъэри:
- — Гурытхэ я нысэ! Мы тIур лIыкъым, псэущхьэ икIэщ, Абрэджым и хьэцыфахуэщ. Мо куэбжэпэм зэрынэсу, хьэр еутIыпщ. Зэпкъриудмэ, уэрэ сэрэ ди зэхуэдэ псапэщ.
- — СащыгуфIыкIыжу зэпкърезгъэтхъынтэкIэ, лIыжь!
- — УхущIезгъэгъуэжынщ, сэ а пщIэм, ХьэтIохъущокъуэпщыр зи щакIуэ гъэсэн! — и нэхэм хъуаскIэ къащIригъэхыурэ ПIэтIрэш зилыгъуэжу Мэчыхъу Iуоплъэ. — ЛIы IуэхукIэ дыкъыпхуэкIуати, уи бзэ дыджыжьым и зэранщ, тхьэмыщкIэ, къокIыжар. Зы быхъ бжетIэнкъым. Быдэу ис а уи гъуэлъыпIэжьым! Къытедгъэзэнущ дэ иджыри…
- XXVI
- Лабэрэ Уарпрэ я тIуащIэм Къап-лъэн-Джэрий и дзэ абрагъуэр щыдыхьам дыгъэр уэгу курыкупсэм пэзазэу къитт.
- Хъаныдзэм увыпIэ-тIысыпIэ щиухуам ижьырабгъур абазэхэ къурш уэсылъэхэрщ, сэмэгумкIэ, хы Iузэвым зынихьэсыну пIащIэу, Псыжь йоукIуриех. Хъаныдзэм иджыри къыпэщылът КIэмыргуейр, Мэхъуэшыр, Беслъэнейр. Къэбэрдейм нэсын папщIэ, мызыжэщ-мызымахуэу иджыри гъуэгуанэ къызэринэкIын хуейт. ЕпIэщIэкIыу кърымхэм яукъуэдийрт шэтырхэр. Гъуэгуанэ мэжджыт-шэтырыр щхьэхуэу ягъэувакIэт.
- Хъаным и Iэбэлагъхэр и кIэнтIыIу щызэрыдзауэ гупсысэурэ Лабэ Iуфэр мыпIащIэу къызэхикIухьырт. Зызыгъэкъыурэ псы адрыщIым зэпрыплъ Къаплъэн-Джэрий фIыуэ пэIэщIэу иужь иту кIэлъыкIуатэрт IуэхутхьэбзащIэ нэплъыс-нэIусхэр. Хъаныр зэрыбауэм зыдашэщI-зыдагъэшыжурэ и Iэпхъуамбэр щыпIэжьэжьэнум щтэIэщтаблэу пэплъэхэрт. Дыгъэ бзийр уэр Iуву зытепщIыпщIэ псыежэх бабыщыфэ-къазшырыфэм хуэмурэ зиуфIыцIырти, купрауз тхытхыу зызэхуилъэфэсыжырт. Пшахъуавэ Iуфэр нэпкъ гуэщэтахуэу зэтещIэурэ, псы Iэпхъэшапхъэм щIибзеикIыжырти, кIэнтхъыр яеу ирилъэсэхырт. Псы Iуфэм пэмыжыжьэу щыт жыгышхуэм и баринэ жьауэм хагъэуват хъаным и шэнт-тахътэр. Езыр шупашэрэ нэбгъузкIэ къаплъэу и Iэр зэуэ щиутхыпщIым, пщылIхэр щIыбагъкIэ икIуэтри, псынщIэу IубзэхыкIыжащ.
- Псыжь, Уарп, Лабэ, Инжыдж псыежэххэр Къаплъэн-Джэрий и щыпэлъагъутэкъым. Иджыри щыщIалэ танэм, ар къакIэлъызэхэзекIуэу щытат мы щIыпIэм щыпсэу нэгъуейхэм. Хъаным Лабэпси Уарпыпси Iухуат, уеблэмэ, зэгуэрым Инжыдж бетэмалу итхьэлэрэ пэт, кърагъэлат. А щIалэгъуэ жыжьэм и лъагъуэхэр нобэрей гъуэгуанэм къришэлIэжурэ, Къаплъэн-Джэрий мамыру гупсысэрт: «Псыежэххэри цIыхухэм ещхьщ. Мыгупсысэххэу зыщIыпIэкIэ зэрохь. ЩIэжэри здэжэри зэтеувыIэу зэпалъытыркъым. ЯщIэркъым абыхэм къапэплъэр: псыдзэ хьэмэрэ псыгъуж? Мо дыгъэм ирегъэзыхри ипщэкIэ щыкъуохьэ, дэращи, дэгъэзеигъуэ защIэ тщIыуэрэ ар къыздикIа ищхъэрэмкIэ допIащIэ. Алыхь лъэщ!.. Уэ зырщ дэ къытпэплъэм щыгъуазэр. Уэ зым дыпщогугъ гъуэгу къыдэптыну!»
- … Зэуэзэпсэу хъаным и нэгу къыщIэуващ и къуэш Менлы-Джэрий. Иджыпсту ар тырку сулътIаным иIыгъщ, хъумакIуэ иригъэувэлIауэ. Хъаным зигъэкъуэншэжырт и къуэшым къыщыщIахэмкIэ: «И чыцIыбжьэ фIэкIа и гугъэжри, зигъэлIыхъуу Къэбэрдейм къэкIуат! КъызэдэIуатэкъым, бетэмал… Сэри дэнэт сыздэплъар? КъэкIуамэ, сыт? ФIы щIиха? И щхьэр зыфIихыжри, Кърымри игъэпудащ. СулътIаным апхуэдэхэр, дауи, игъэгъуркъым. Мис иджы Шэхьбэз-Джэрий илъри, Менлы-Джэрий и емыкIури къэттхьэщIыжыну Къэбэрдейм докIуэ. Нэхъапэм къапытхыу щытар къатехьэлъати, иджы хьэлъэм и мыхьыр едгъэхьыну докIуэ». Муртаз-пэщэм къытхуишамрэ ди кърымыдзэмрэ Iэлигъуэт-пэщэм и нэгъуей минипщIыр къыхыхьэрэ, «сэнджакъбей» лIыщхьэ IэнатIэр сулътIаным зыхуигъэфэща Бэлэтокъуэм и шу щитхур къыткъуэувэжмэ, жьыр къыщепщэр Къэбэрдейм зыхищIэнщ! Шэрджэс Ипщэм и лIыщхьэу сулътIаным хиха кIэмыргуеипщ сэнджакъбейм нэмыщI, къэбэрдейхэм захуэзыгъэгуса Щоджэныкъуэ и шухэмрэ, аддэ Шэрэджы- щхьэ къису Къэбэрдейм къыщытпэплъэ къущхьэ-тэтэрхэмрэ къытхы-
- хьэжмэ… мин хыщIым дыщIегъу!»
- Къаплъэн-Джэрий и гур хъуапсэурэ зэрыхэхъуащэм дэкIыла и IэгуитIыр пыгуфIыкIыурэ зэщихъуэрти, арэзы дыдэу зэригъэIуэтыжырт.
- ИщIэжыртэкъэ хъаным мы зекIуэр къыдэзымыIыгъахэр?! Къэбэрдейм къезауэмэ, Кърымыр хилъэфэну жаIэу къыпэувахэр щыгъупщакъым Къаплъэн-Джэрий! Игу илъщ тезыгъэгушхуэу къыщытхъуахэм я цIэхэри. Уоу, тхьэкIумэшхуэщ хъаныр икIи тхьэкIумафIэщ… Псори зэуэзэпсэу къепхъуатэ: бзэгур, щIагъыбзэр, щытхъур, хъуэрыбзэр, убзэр, чэнджэщыр — псори зэригъэкIэсурэ, джэду и къуэ дзыгъуащэу, цIыху тIасхъапIэхэм я нэхъ гущыкIыгъуэ цIанлъэхэр пащIэ налъэ зырызу игъэпIэжьажьэурэ къызэдегъэудж. Ироджэгуж… Фейдэр мэ къудейкIэ зыхищIэу зыкъепэмыхь хъаным…
- Къаплъэн-Джэрий псы Iуфэм къыIукIуэтыжурэ и Iэпхъуамбищыр щигъаджэм, пщылIхэр лъэпантхуэу къызэхуэсыжри, шэнт-тахътэр ягъэIэпхъуащ. Псыежэх нэпкъым фIыуэ пэIэщIэу ягъэува тахътэм кърым хъаныр итIысхьэри, арэзыныгъэ куу щIэлъу щатэурэ и блэгъукIэ Iувышхуэхэр тахътэ натIэм тыншу иригъэщIащ. Лъахъстэн гъуабжэ пIащIэм къыхэщIыкIа лъей щабэхэр игъэщIыщIэу лIым и лъэтхьэмпэбгъуэхэр иукъуэдия щхьэкIэ, псэм зримыгъэукъуэдийуэ гурыщхъуэ къыркуэ къыдэпэщащэрт. Хъаным и нэ фIыцIэ-гъуатIафэхэр напIэ ешам щIригъэлъафэ щхьэкIэ, шэч мыщхьэпэхэр зыщIамылъафэурэ къещакIуэрт. Гъуэгуанэр сыт щыгъуи къехьэлъэкIырт Къаплъэн-Джэрий. МызыгъуэгукIэ а хьэлъэм зыкъытрагъэщIэжырт шэч егъухэмрэ гурыщхъуэ зэхэмыбзхэмрэ.
- «Дызэрымыгугъауэ Iуэхум зыкъытхузэридзэкIыжмэ-щэ? — пIейтейрт лIы ешар. Арыххэуи игу игъэфIыжурэ: — Хьэуэ! Мин хыщIым щIигъу щхьэбжыгъэу зэхэт дзэр къыщыпкъуэтым деж зэдзэкIыжыпIэ лъэпкъ щыIэкъым. Апхуэдэ къэхъу хабзэкъым!»
- Къаплъэн-Джэрий здэщысым Уракъ мырзэр лъапэпцIийуэ къыхуокIуэ:
- — Хъану щыIэм я хъаныж… Мы псым хэс бдзэжьейр хуабжьу хущхъуэ лъапIэщ…
- Къаплъэн-Джэрий зэгуэпауэ мырзэм йоплъ: «Мыбы и щхьэм зыгуэр щызопщэ! Зауэ лIыгъэр зи нэкунапIэхэрщ сэ къыздесшэжьар… Мыр-щэ?»
- — Дэ, мырзэ, нэгъуэщI бдзэжьей лIэужьыгъуэщ дызэщэну ди мурадыр!
- — ЗэрыжыпIэщ, хъан, зэрыжыпIэщ.
- — Дэнэ щыIэ зэхуэтшэсыну жыхуэтIа дзэпщхэр?
- — Моуэ къызэхуэсын хьэзырщ ахэри. Дапоплъэ, хъан.
- — Зыгуэрым дыпэплъэну ди къалэнкъым! Къытпрыреплъэ езыхэр… КъызгурыIуакъым, псыежэх Iуфэм жыг баринэ дахэ Iутщ, — мырзэм зыхуегъазэ хъаным, — си тахътэр мы дыгъэвэхым къыщIыхэвгъэувар сыт щхьэусыгъуэт?
- — А жыг жьауэр, дыгъэр зи теплъэ, Iуфэ нэпкъым пэгъунэгъуIуэщ.
- — Сыт… нэпкъым симышэчынкIэ гурыщхъуэ фщIырэ?
- — Хьэуэ, хъану щыIэм я хъан! Уи Iэпэр здэпшияр дэркIэ насып Iэгубжьэщ… Ауэ… адыгэхэм ди дзыхь ятелътэкъыми, дысакъыу арщ.
- — Адыгэхэр езыхэр къытщресакъ! — Къаплъэн-Джэрий и Iэшхуэр жыг баринэр здэщыIэмкIэ еупцIри: — ВгъэIэпхъуэ тахътэр!
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).