ХэкулI, зауэлI, егъэджакIуэ
2020-03-19
- Зеикъуэ (ХьэтІохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ дэт курыт еджапІэ №2-м иджыблагъэ щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щІыхь зиІэ и егъэджакІуэ, гъэсакІуэ, ущиякІуэ, адыгэлІ щыпкъэ Шафий Хьэчим и фэеплъ пшыхь.
- Къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси 100 ирикъу Шафийр и Іыхьлыхэми, къуажэдэсхэми, къыдэлажьэу щытахэми, иригъэджахэми ягу къыщІагъэкІыжын щхьэусыгъуэ дахэ куэд щыІэщ. Сабийр игъасэу, иущийуэ зэрыщытам и мызакъуэу, адыгагъэшхуэ зэрихьэу, щІэми жьыми ядэгъуэгурыкІуэфу псэуащ, къыхуэныкъуэм ялъэІэсу, и псалъэ ІущхэмкІэ щхьэпэ яхуэхъуу, и щІэныгъэмкІэ ядэгуашэу дунейм тетащ ар.
- Шафий Хьэчим и цІэр зыфІащыжа еджапІэм щызэхэта фэеплъ пшыхьым кърихьэлІат Бахъсэн щІыналъэм и Іэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, егъэджэныгъэмкІэ ІуэхущІапІэм и унафэщІ Абрэдж Тамарэ, Зеикъуэ къуажэ администрацэм и Іэтащхьэ Къэрмокъуэ Гъумар, щІыналъэм ит курыт еджапІэхэм я унафэщІхэр, егъэджакІуэхэр, къуажэдэсхэр.
- — Тхьэм къритауэ сэнаущыгъэ (зэфІэкІ) ин зыхэлъ цІыхут Шафийр, и дэтхэнэ жыІэми малъхъэдисым хуэдэу узыІэпашэрт. И псэлъэкІэр зэ зэхэзыхам, и гупсысэхэр зэрызэкІэлъигъакІуэр зи нэгу щІэкІам гу лъамытэнкІэ Іэмал имыІэу Шафийр куэд еджат, зэхэщІыкІышхуэ иІэт. Ар жант, набдзэгубдзаплъэт, къэмылэнджэжт, зи щхьэрэ зигурэ хуит цІыхут. ГъащІэм куэдрэ игъэунэхуами, зэи лъэрыщІыкІ зригъэщІакъым, къыхиха гъуэгум занщІэу ирикІуащ, сыт щыгъуи адыгагъэмрэ цІыхугъэмрэ ипэ иригъэщащ, — ягу къагъэкІыжырт Шафийм и фэеплъ пшыхьым къекІуэлІахэм.
- — Зи адэжьхэр ущиякІуэрэ гъэсакІуэу щыта лІым нэгъуэщІ цІыху къищІыкІыныр фІэщщІыгъуейт, — жаІэрт Хьэчим зыцІыхуу щыта и къуажэгъухэм. — Сыт хуэдэ лэжьыгъэми къыпикІуэтакъым, апхуэдэ дыдэуи Хэкур зэрыхьзэрий бзаджэм и гъуэжькуийм щрихьэми, псэемыблэжу зэуапІэм Іутащ. Ипэ махуэхэм щегъэжьауэ ТекІуэныгъэ Иныр къахьыхункІэ зауэм хэта Шафийм къигъэзэжа нэужь, нэжэгужагъэр зэи фІэкІуэдакъым. Уеблэмэ, цІыхур нэхъыфІыжу илъэгъуауэ пІэрэ жыпІэну, нэхъ лейуэ илъытэ, пщІэ хуищІ хъуащ. Ауэ ар сыт щыгъуи щІэблэм хуеплъэкІащ, абыхэм я ехъулІэныгъэр езым ейм хуэдэу къыщыхъуу, гугъу задригъэхьащ. Иригъэджахэр цІыху нэс хъуауэ илъагъуныр, ІэщІагъэ ягъуэтауэ я хъыбар зэхихыныр Шафийм дежкІэ хуэдэ къэмыхъужыну насыпт. Арагъэнщ ар зыхэзыщІэ, зылъагъу цІыхубэри абы хуеІэу щІыщытар.
- Фэеплъ пшыхьым къекІуэлІахэм Шафий Хьэчим и гъащІэр къызэрекІуэкІам, зэуапІэм щызэрихьа лІыгъэмрэ хахуагъэмрэ ятеухуа сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къыхузэрагъэпэщащ. ХьэщІэхэм апхуэдэу ирагъэлъэгъуащ егъэджакІуэ-зауэлІым и лІыгъэм пэкІуэу кърата дамыгъэхэр, зауэ лъэхъэнэм траха сурэт гъэщІэгъуэнхэр, архив тхылъымпІэхэр.
- Махуэ минрэ щиплІым щІигъукІэ екІуэкІа зауэм Шафийр бийм и тІасхъэр щІихыу зэрыхэтар, а гъуэгум ар и гумызагъагъымрэ жыжьэрыплъагъымрэ зэрытрашар пшыхьым кърихьэлІахэр щагъэгъуэзащ. Совет гъунапкъэхъумэ нэпцІхэр къыщыщІигъэщам щыщІидзащ Шафийм и зауэ гъуэгуанэм. ЛІыгъэ зэрихьахэм пэкІуэу Хьэчим «Хахуагъэм папщІэ» медалыр, «Хэку зауэшхуэ» орденым и 1, 2-нэ нагъыщэхэр, «Будапешт къызэращтам папщІэ», «Венэ къызэращтам папщІэ», «1941-1945 гъэхэм екІуэкІа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекІуам папщІэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
- Зауэр Хьэчим Прагэ къалэм щиухащ. Къызэригъэзэжуи зыпэрыкІа и ІэнатІэм занщІэу пэрыувэжащ. И нэгу щІэкІа псом ипсыхьарэ сытми гу лъызытэ щІалэр къызыхыхьэжа еджакІуэхэм зэрадэлэжьэн хуейр къыгурыІуащ, — жаІэ абы иригъэджахэм. — И псалъэрэ и Іуэхурэ зэпэзылъыт Шафийм есэпымкІэ цІыкІухэм яІэ щІэныгъэр зэтес ищІыжын папщІэ, еш имыІэу классищым я программэр къызэщІригъэубыдэу ядэлэжьат, зыхущыщІэ щІэныгъэри щыз ищІыжат.
- — Зауэм зэбгригъэкІа сабийхэри еджапІэм иришэлІэжыфащ Шафийм, — жеІэ къуажэ администрацэм и Іэтащхьэ Къэрмокъуэ Гъумар, — абыкІи пхуэмыІуэтэну Іуэхутхьэбзэшхуэ яхуищІащ жылэм. Хьэчим хуэдэ цІыху псэемыблэжхэм я фІыгъэщ, егъэджакІуэхэм я акъыл зэтехуэу зэрызэдэлэжьам и фІыщІэщ мы еджапІэм щІэныгъэ зэмылІэужьыгъуэхэм я доктору 27-рэ, кандидату 100-м щІигъу къызэрыщІэкІар. ЛІыфІым хузэфІэкІащ и лэжьэгъухэр зэкъуигъэувэн, я гур етауэ зэкъуэту щІэблэм дигъэлэжьэн.
- — Хьэчим ныбжьэгъугъэр игъэлъапІэу, ныбжьэгъу хьэкъым хуэсакъыу щытащ. — къыхигъэщащ Шапсыгъ (Шафий) Любэ. — ЦІыхур зэхъуапсэм хуэдэт Нало Ахьмэдхъан, Багъ Николай, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ зэрыхущытар. Псэуху зэрыгъэпэжащ, гуауэри гуфІэгъуэри зэдагуэшу зэбгъэдэтащ. Хьэчим фІэфІакъым зауэм и хъыбар иІуэтэжыну. Ауэ, и гугъу щищІкІи, зэи щымыгъупщэу и щауэгъу пэжу щыта ХъуэкІуэн СулътІан куэдрэ тепсэлъыхьырт. Псэуху, абы и фэеплъыр Шафийм игъэлъэпІащ икІи щыгъупщакъым.
- Шафий Хьэчим егъэджэныгъэм хилъхьа гуащІэр, щигъэлъэгъуа зэфІэкІыр къалъытэри, «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щІыхь зиІэ и егъэджакІуэ» цІэ лъапІэр къыхуагъэфэщауэ щытащ, щэнейрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкІэ и министерствэм и ЩІыхь тхылъри къратащ.
- Фэеплъ пшыхьым кърихьэлІахэм захуигъазау Къэзан Заур жиІащ: «АдыгэлІым, гъэсакІуэущиякІуэ щыпкъэм, егъэджакІуэ нэсым и фэеплъыр тхъумэнущ. ЩІэныгъэм хухиша лъагъуэм и гъэсэн пщІы бжыгъэхэр тригъэуващи, и Хэкур ІэщэкІэ зыхъумахэм псэемыблэжу яхэтащи, тщыгъупщэнукъым. Шафий Хьэчим и цІэр зэрехьэ илъэс ІэджэкІэ унафэщІу щылэжьа еджапІэм, абы и гугъу ящІыхуи, и цІэр къраІуэнущ, икІи къытщІэхъуэ щІэблэр ар хэтми щІэупщІэнущ — аращ уахътыншэ, фэеплъ мыкІуэдыж жыхуаІэри».
- ТАБЫЩ Мурат.