ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлI щэджащэ, тхакIуэ зэчиифIэ Хъупсырокъуэ Хъызыр

2020-03-19

  • Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я ­литературэр къэзыхута, зыджа, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ зэчиифIэ ­Хъупсырокъуэ Хъызыр Хьэжбэчыр и къуэр езыр къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсым, Кавказ Ищхъэрэм къыщымынэу, къэрал ­псоми щыцIэрыIуэщ.
  • Хъызырщ адыгэ филологием и лъэны­къуэгъазэщIэр — адыгэ литературэхэр зэ­гъусэу, зыуэ къэхутэным япэу иужь ихьар. Абы и лэжьыгъэхэм лъабжьэ хуэхъуащ адыгейхэм, къэбэрдейхэм, шэрджэсхэм зы псэкупсэ щIэин зэраIэр, зэлъэпкъэгъуу зэрыщытыр къигъэлъэгъуащ.
  • Псалъэм папщIэ, «Некоторые вопросы раз­вития адыгских литератур» (Черкесск, 1964 гъэ), «Пути развития адыгских литератур» (Черкесск, 1968 гъэ) монографиехэм а лъэныкъуэгъазэм   и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  • Хъупсырокъуэм и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ­уасэшхуэ хуащIащ критикхэм, ахэр тегъэщIапIэ ящI Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгум и къэхутакIуэхэм. Хъызыр нэгъуэщI и лэжьыгъэхэм ящыщу къытеувыIэпхъэщ КIыщокъуэ Алим и творческэ гъащIэм триухуа «Восхождение» ­монографиемрэ «Жизнь и литература» (2002 гъэ) фIэщыгъэцIэ зиIэ, Москва къыщыдэкIа, щIэ­ныгъэ тхыгъэхэр здыщызэхуэхьэса тхы­лъымрэ.

  • Литературэм и теорием ехьэлIауэ мыхьэнэш-хуэ зиIэ тхылъщ «О национальном своеобразии адыгских литератур» фIэщыгъэцIэр зиIэр, щIэныгъэлI куэдым къызыпакIухь темэ хьэлъэхэмкIэ зи гупсысэ гъэщIэгъуэныр, еплъыкIэхэр Хъызыр къыздигъэлъэгъуар.
  • Критикхэм уасэшхуэ хуащIащ Хъупсырокъуэ Хъызыр нэгъуэщI и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми: «Истоки черкесской литературы» (1973), «Сефер-Бей Зан» (1995), «Жизнь и литература» (2002), «Пушкин и Черкесия» (2010), нэгъуэщI­хэри. ЩIэныгъэлIым и иужьрей монографиер быдэу епхащ Хъызыр и педагогикэ лэжьыгъэм.
  • Урыс, хамэ къэрал литературэхэмкIэ кафедрэм и профессор Хъупсырокъуэм илъэс пщIы бжыгъэкIэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым XIX лIэщIыгъуэм и урыс лите­ратурэмрэ теориемрэ щригъэджу лэжьащ.
  • ЕгъэджакIуэм и лекцэхэр сыт щыгъуи гъэнщIат езым и къэхутэныгъэхэмкIэ, Кавказ ­хэгъэгум Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Толстой Лев, Бестужев-Марлинский Александр сымэ зэрыщыIам, XIX лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгэ, урыс тхакIуэ-узэщIакIуэхэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэм. Мы темэр купщIафIэ ­хъуащ Хъупсырокъуэм и щIэныгъэ-къэхутэ­ныгъэ лэжьыгъэм дежи. Абы щыхьэт тохъуэ тхылъ мини 5 хъууэ Москва къалэм къыщыдэкIа «Пушкин и Черкесия» жыхуиIэр. ЖыIапхъэщ, усакIуэ телъыджэм и гуащIэм триухуа мы тхы­лъыр авторым зэрыщыту зэригуэшар, биб­лиотекэхэм, еджапIэхэм, щIэныгъэлIхэм, уса­кIуэм и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм тыгъэ зэрахуищIар.
  • Монографием нагъыщэ ин хуагъэуващ Iэ­щIагъэрылажьэхэм. Мыбдеж къыщыхьащ ­Пушкин Кавказым зэрыщыIа, куэдым ямыцIы-хуа Iуэхугъуэхэр, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм пыщIэныгъэу яхуиIар. Зи гугъу тщIы къэхутэ­ныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ иджы къекIуэкIгъащIэ зэхэкъутам деж къытщIэтаджэ щIэблэм гъэсэныгъэ нэс ядгъэгъуэтынымкIэ.
  • Зэи апхуэдэ щымыIауэ, и ныбжьыр илъэс ­39-м иту щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, Iуэху зэхэщIыкI лъагэ зиIэ Хъупсырокъуэ Хъызыр щIэныгъэхэм я доктор хъуауэ щытащ. Къы­кIэлъыкIуэуи профессор фIэщыгъэцIэр къи­лъэщащ, илъэс зыбжанэ текIыжри, ди хэгъэ­- гум деж щыяпэу Хъупсырокъуэр «Урысей Фе­дерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Апхуэдэ щIэныгъэ лъагапIэхэм адыгэлIыр нэсыным ­лъабжьэ хуэхъуащ хэлъ зэчиймрэ гуащIэдэкI лэжьыгъэм хуиIэ фIылъагъуныгъэмрэ.
  • Хъызыр 1930 гъэм гъатхэпэм и 18-м Шэрджэ­сым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ, жылэми курыт еджапIэр къыщиухащ, къы­кIэ­лъы­кIуэу Черкесск къалэм дэт педагогикэ училищэм щеджащ, итIанэ Ставрополь къэрал ­пединститутым и филологие факультетыр дип­лом плъыжькIэ къызэринэкIащ. Абы къы­кIэ­лъыкIуащ Москва къалэм дэт СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием епха Горький Мак-сим и цIэр зезыхьэ Дунейпсо литературэмкIэ институтым деж аспирантурэмрэ докторантурэмрэ щеджэнри.
  • СССР-м щыпсэу лъэпкъхэм я литературэхэм  я къэхутакIуэ цIэрыIуэ Ломидзе Георгий и унафэм щIэту, Хъызыр и кандидат диссертацэр зэрыпхигъэкIам къыщымынэу, Москва къалэм дэт, пщIэшхуэ зиIэ институтым и щIэны­- гъэ­рылажьэу къагъэнэжащ, апхуэдэ зэи къэ­мы­хъуауэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Академием и ищ­-хьэ ­институтым илъэситIкIэ щылэжьа нэужь, партым и обкомым зыщалъхуа хэгъэгум къриджэжащ, кадр зэрахуримыкъум къыхэкIкIэ, икIи педагогикэ институтым Хъупсырокъуэм и гуа­щIэдэкI илъэс 20-м щIигъу щихьащ. Абы щылажьэкIэрэ филологие щIэныгъэхэм я ­доктор, профессор, «УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр къы­хуа­гъэфэщащ.
  • Черкесск къалэм къэIэпхъуэжа нэужь, Хъуп­сырокъуэ Хъызыр къыхуагъэфэщащ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым бзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI IэнатIэр, итIанэ гуманитар къэхутэ­ныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI ящIащ. Дэнэ щымыIами, зыдэлажьэхэм я гумрэ я псэмрэ дыхьэу, и цIыху щIыкIэкIэ, щIэныгъэу, гъэсэныгъэу бгъэдэлъым цIыхухэр зришалIэу яхэтащ, текъузэныгъэ, хьэлэбэлыкъ хэмыту сыт хуэдэ унафэщI IэнатIэми пэрытащ.
  • ТхакIуэ и лъэныкъуэкIэ Хъупсырокъуэм зыкъыщызэкъуихар нэхъ кIасэущ. Арами, мыбдежми ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Iуэтэж, повесть пщIы бжыгъэ урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Дэтхэнэм дежи Хъызыр щызэпкърихащ адыгэм хуэгъэза, абы къыхэкIа цIыхум хэлъын хуей хьэл-щэнхэр, абы папщIи тхакIуэм зыхуегъазэ илъэс куэд зытекIыжа Iуэхугъуэхэм. Апхуэдэщ «Тыкъуэ», «Завещание», «Алыдж» тхыгъэхэр, нэгъуэщI­хэри.
  • ТхакIуэм и хьэл-щэн нэхъыщхьэу хэлъын хуейр — зытепсэлъыхь зэманым и щытыкIэхэр пэжагъ хэлъу къэгъэлъэгъуэныр, икъукIэ нэгъэсауэ ­Хъупсырокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щызэпкърихащ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, «ГъукIэ» романым деж авторым зэрыщыта дыдэм хуэдэу къегъэ­лъагъуэ 1950 — 1960 гъэхэр, цIыху къызэ­ры­кIуэ­хэм я  гъащIэр,  зэхиха  къудейм къыщымынэу, фIыуэ зыхищIыкIыу щыта парт лэжьакIуэхэм я лэ­жьыгъэр.
  • Хъызыр и Iуэтэжхэр курыт еджапIэхэм щадж. Апхуэдэщ, 1998 гъэм къыдэкIа, е 7-нэ классым и хрестоматием «ГъукIэ Ахьмэд», «Тыкъуэ» рассказхэр зэрихуар. Абы къегъэлъагъуэ тхакIуэм   и IэдакъэщIэкIхэм щIэблэр зэрыхуэны­къуэр. Абы къыдэкIуэу жыIэпхъэщ Хъупсырокъуэ Хъызыр и творчествэр литературэджхэм къы­зэрамыхутар, зэрызэпкърамыхар. Абы и щхьэусыгъуэр республикэми Кавказ Ищхъэ­рэм и хэгъэгухэми критикэ нэс зэрыщымыIэращ.
  • Къэлъытапхъэщ, литературэм и щIэныгъэмрэ литературэ творчествэмрэ зэдигъакIуэу елэжькIэрэ, лъэныкъуитIымкIи Хъупсырокъуэм ехъу­лIэныгъэ лъагэ зэрызыIэригъэхьар. Хъызыр и гуащIэдэкI гъуэгуанэм увыпIэ хэха щеубыд илъэс куэдкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм зэры­щы­лэжьар.
  • АдыгэлI щыпкъэм СССР-ми, Урысейми, хамэ къэралхэми щекIуэкIа конференцхэм щIэны­гъэ доклад гъэщIэгъуэнхэр къыщищIу, щIэ­ныгъэлIхэм я тхыгъэхэр щIиджыкIыу, диссертацэхэр пхызыгъэкIхэм защIигъакъуэу, и еп­лъы­кIэ­хэмрэ рецензэхэмрэ куэду и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
  • Иужьрей  илъэсхэм  и пщэрылъхэм  къыхэ­хъуат тхылъ къыдэгъэкIын лэжьыгъэри. Абы и унафэм щIэту лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, этнографиер къыздэгъэлъэгъуа «Черкесия» журналыр, «Кавказские новости» газетыр ­къыдигъэкIащ. Мы къыдэкIыгъуэхэр яIэрыхьэт хэкужьым ис адыгэхэми, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми.
  • Хъупсырокъуэ Хъызыр зытелэжьыхь Iуэхухэр къытщIэтаджэ щIалэгъуалэм яхэлъ щэнхабзэр лъагэ зыщIынт. Абы къыхэкIкIэ жызоIэ: Хъы- зыр щIэныгъэлI щэджащэ, тхакIуэ къызэ­ры­мыкIуэ къудейкъым, атIэ икIи узэщIакIуэу ­ялъытэ.
  • И цIыху щIыкIэм укъытеувыIэмэ, илъэс куэдкIэ сызыдэлэжьа Хъупсырокъуэ Хъызыр зы­хуейр зыщIэж, Тхьэм акъылышхуэрэ зэчийрэ къызыхилъхьат. ЩIэныгъэ зыбгъэдэмылъхэр, зы­тепсэлъыхьым хэзымыщIыкIхэр зэуэ къицIыхурт, цIыху Iущхэр, гупсысэ гъэщIэгъуэн зыбгъэдэлъхэр зришалIэрт. Ныбжь, IэщIагъэ зэ­хуэмыдэ зиIэхэм ядэпсэлъэнкIэ абы хуэдэ щыIэтэкъым, цIыху гъэсат. Ныбжьэгъур и куэдт. Ахэр зыдэпIыгъыныр куэдым къайхъулIэркъым, абыкIи зэчий пхэлъын хуейщ. Хъызыр а хьэлыр къебэкIырт. Пэжщ, ныбжьэгъугъэм хуэмыфащэхэм ар ядиIыгъынутэкъым.
  • Хъупсырокъуэ Хъызыр цIыху гъэщIэгъуэнт. Абы къыхэкIкIэ, иригъаджэ студентхэми, лэжьэгъухэми, вахтёрхэми къыщыщIэдзауэ уна­фэщI­хэм нэгъунэ щIэныгъэлIым дэуэршэрыну яфIэфIт.
  • ФIы дыдэу илъагъурт къызыщалъхуа Хьэбэз къуажэри, абы дэсхэри. Хъызыр хузэфIэкIащ и бынитIым — Назиррэ Заремэрэ, и къуэрылъхухэу Муратрэ Умаррэ, къызыщалъхуа жылэм къы­щымынэу, Къэрэшей-Шэрджэсми, Кавказми, Урысейми хуэхэкупсэу къигъэтэджын, къызы­техъукIахэм я псэкупсэ беягъыр яхипщэн.
  • Абыи къыщымынэу, цIыху насыпыфIэм иIэн хуейуэ къалъытэм хуэгъэзауэ, Хъызыр къыщIэхъуащ къэрал IуэхущIакIуэшхуэ хъуа щIалэ Назир, филологие щIэныгъэхэм я кандидаты-цIэ къэзылъэща ипхъу Заремэ. Абы хисащ пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэшхуэ, унэ телъыджэ ищIащ. Ар здыщиухуари мылъку зыбгъэдэлъхэм зыщаухуэ Канархэм е Швейцарием ­дежкъым, атIэ и псэм хуихь Хьэбэз къуажэращ, ­махуэшхуэ къэс Хъупсырокъуэ Хъызыр къыщIэхъуахэр, и Iыхьлыхэр здызэхуэс щIыпIэращ.
  • Илъэс куэд хъуауэ унагъуэ жьэгур зыухуэр Хъызыр и щхьэгъусэ Екатеринэщ, зи гуащIэдэкI лэжьыгъэшхуэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым хэзылъхьа, абдежым урысыбзэр щезыгъэджарщ.
  • Хъызыри, и бынхэми ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэфащ я гуащIэм, яхэлъ зэчийм, я адэм хэлъа акъыл мыкIуэщIым и фIыгъэкIэ. Профессорым и гуащIэдэкI лэжьыгъэ иныр къэра­-           лым къыхилъытэкIэрэ щIыхь, нагъыщэ лъагэ­хэр, тыгъэхэр, орденхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэщ, «За заслуги перед Отечеством» орден лъапIэр.
  • Нобэ Хъупсырокъуэ Хъызыр къытхэмытыж-ми, абы и фэеплъ гуапэр и быным, Хъупсыро­къуэхэ я лъэпкъым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэ­рэм и щIэныгъэм, литературэм, педагогикэм, журналистикэм, публицистикэм къыхинащ.
  • БакIуу  Хъанджэрий,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор,
  • КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ
  • щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.