ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къардэн лъэпкъым и къежьапIэр

2020-03-19

  • Дунейм зы лъэпкъи теткъым, езым и къэхъукIэ имыIэжу. А Iуэхухэм щатепсэлъыхькIэ, языныкъуэхэм зыщымыгъуазэр хуэгъэфэщакIэ щыжаIи къохъу.
  • Апхуэдэу пэжыр зи лъабжьэу щымыт хъыбар куэд къытхужаIэ сыкъызыхэкIа Къардэн лъэпкъми. ЖаIэм и мызакъуэу, тхылъхэм иратхэ, газетхэм къытохуэ, радиокIи къап­сэлъ: Къардэнхэ алыдж лъэпкъыу е «Къардэн» псалъэм къикIыр урысым «дьякон» жыхуиIэр арауэ. Ауэ ахэр жыжьэуи екIуалIэркъым Къардэнхэ дунейм къызэрытехьам теухуауэ адыгэ IуэрыIуатэм хэт хъыбархэми езы Къардэнхэ къаIуэтэжхэми. Къардэнхэ алыджхэм къахэкIауэ жаIэми, абы теухуа дэфтэр гуэри щыIэкъым, атIэми «къардэн» псалъэм иIауэ щыта мыхьэнэр иджы «жыр» жы­хуэтIэ псалъэм и мыхьэнэрщ. Къэбэрдей адыгэхэм диIа «Дрей-дрей» уэрэдыжьым «…Къардэныжьыр фочыкум къикIа шэуэ щхьэмыгъазэщ, зимыгъазэу мэзым щIокI» псалъэхэр хэтщ, ди лъэпкъым и цIэм иIэ мы­хьэнэм щыхьэт хуэпщI хъуну.

  • Лъэпкъ IуэрыIуатэми тхыдэми къызэрыхэщыжщи, ижь-ижьыж зэманым Кавказым щыIащ хъан Бэян и унафэм щIэта къэралыгъуэ. Абыхэм яхэтащ адыгэпщ Ауш и щIэблэхэри. А Ауш иужькIэ псэупIэу иIар иджырей Аушыджэрым и щыгурщ. Лъэпкъым хэта лIы цIэрыIуэхэм я цIэхэр я щIэблэщIэм фIащыжу я хабзэти, — Ауш и къуэ хахуэхэм языхэзым Къардэнт  и цIэр. А лIым и деж къыщежьащ Къардэн лъэпкъым зэрахьэ унэцIэр.
  • Мис а КъардэнкIэ зэджэ лIыр къаруушхуэ зыхэлъ, зэхэзекIуэшхуи зиIэ цIыху цIэрыIуэу щытащ. IуэрыIуатэм ди деж къызэрихьэсамкIэ, ар хэкум икIащ икIи шу гуп и гъусэу яхыхьащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу адыгэхэм. Къардэныр яхэтащ я ­пщы пэрытхэм ящыщ зыуэ, лъэпкъ Iуэху илэжьу, пщIэ къыхуащIу. Абы и къуэ­хэм ящыщщ къаруушхуэ зиIэ пщы цIэрыIуэу щыта Ридадэ, урыс пщыш­хуэ дзэзешэ Мстислав хьилагъэкIэ къиукIар. Мис а Ридадэ и зэманым Къардэнхэ ящыщ зэшитIым я зыр Алыджым, адрейр Италием кIуащ.
  • Тхыдэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 1501 — 1576 гъэхэм Италием щып­сэуащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIа еджа­гъэшхуэ Къардэн Джэриламэ. Ар математикт, дохутырт, философт, инженерт, тхакIуэт. Аращ машинэхэм хэлъ «карданный вал»-кIэ зэджэр къэзыгупсысари.
  • Къардэн лъэпкъым къыхэкIауэ цIэрыIуэ хъуа цIыхухэри нэгъуэщI щIыпIэхэми щопсэу. Лъэпкъыр къы­зыхэкIауэ нэхъ гъунэгъу тхуэхъуахэр щыпсэуащ Кавказым и Кум. Абыхэм ящыщт зэкъуэшхэу Къардэнрэ Бэ­янрэ. Нэхъыжьыр (Къардэныр) Инжыдж псым, нэхъыщIэр (Бэяныр) ­Балъкъ псым я Iуфэхэм Iусащ. Тэтэр-монголхэр къыщыкIуэм, Бэяныр ­къурш зэхуакум дыхьащ. А щIыпIэм щIэблэшхуи щигъуэтащ, ауэ и лъэп­къыцIэ Къардэныр хуэхъумакъым. Инжыдж деж щыса Къардэным и лъэпкъыцIэр ихъумэфащ. Абы и щIэб­лэхэм къатепщIыкIыжахэм ­ящы­щу зы анэм къилъхуа зэкъуэ-шищ 16-нэ лIэщIыгъуэм я псэупIэм ирагъэкIащ, щIыпIэм я пщым зэрихьэ ­хабзэншагъэхэр яхуэмышэчу ар ­зэраубэрэжьам щхьэкIэ. Къи­­­щы­нэ­мыщIауэ, суд унафэкIэ къытрахащ Къардэнхэ игъащIэми зэрахьэу щыта лIакъуэлIэш уэркъыцIэри. Абы тражыIыхьа псэлъафэщ «Къардэн уэркъ щыIэкъыми, Щоджэн лIа­къуэлIэши щыIэкъым» пса­лъэжьыр. Къардэнымрэ Щоджэ­ным­рэ цIыху­бэм я телъхьэу, ар зэкъуэзыгъэувэ къару лъэщу зэрыщытари ­къе­гъэлъагъуэ абы. А псэлъафэр къе­зыгъэжьари жызыIэри а лъэп­къитIыр зыгъэпудыну зыфIэфIхэрт…
  • Инжыдж псым и Iуфэм къикIа ­Къардэн зэшищым Псыхуабэ (Бещто) и Iэшэлъашэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ. Зэман кIыхькIэ абдеж щып­сэуауэ, нэхъыжьыр а щIыпIэм ­къинэри, Бахъсэн псым и Iуфэм (иджырей Дыгулыбгъуейм) къэIэп­хъуащ икIи Тамбий и къуэ лIакъуэлIэшым и къуажэм хэтIысхьащ. Щып­сэуащ а тIур щIэблэщIэхэр щагъуэтауэ, гъащIэм и къэхъукъащIэхэм хэту, адыгэ хабзэр ягъэпэжу. А Кардэнхэращ нарт Сосрыкъуэ зи къану щытар. Ар яIуэтэж къудейкъым, атIэ гъащIэм къыщыхъуа Iуэху пэжу ­ялъытэ. Абы и щыхьэту лъэпкъым ­ноби яхъумэ ­Сосрыкъуэ уIэгъэ щы­хъуам щыгъуэ къигъэсэбэпа напэIэлъэ­щIыр, нарт лIыхъужьымрэ ­Къардэнхэрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэм и фэеплъу. Иджы ар щыIэщ Къар­дэн ТIутIэ и деж. Хэку ­зауэшхуэр ще­кIуэкIым, ар ихъумащ ТIутIэ и адэ Iэдэм. Абы и къе­кIуэкIыкIам теухуауэ тхыгъэ къытра­дзауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и зэманым Налшык къы­щыдэкIыу щыта «Альманах» журналым.
  • Къардэн зэкъуэшищым я нэхъы­щIэр и къуэш курытым и гъусэу Тамбий и къуэм и къуажэм куэдрэ дэса щхьэкIэ, абы къыщынэпакъым. Ар адэкIэ Iэпхъуащ иджырей Старэ Шэ­рэджыр здэщыс щIыпIэм. ЩIэблэш­хуэ игъуэтащ абдеж Къардэн и къуэ ещанэм. Абы и щIэблэхэр Дохушы­къуейм хэкIыурэ яхэтIысхьащ Шэ­рэдж, Налшык, Шэджэм псыхэм я Iэшэлъашэм щыса къуажэхэм.
  • Жамбот пщышхуэми абы и къуитIми (Къетыкъуэрэ Бэчмырзэрэ) я зэманым Къардэн лъэпкъым я щIэблэ щыпсэуакъым Щхьэлыкъуи, Къунде­теи, иджырей Шэджэм къали, Шэджэм ЕтIуа­нэ къуажэми. Абы­хэм ­Къардэнхэ щахэтIысхьар Къетыкъуэ Аслъэнбэч (къэбэрдей уэлиипщу ­щы­щыта зэманырщ) щтапIэ кърым ­хъаным и деж кIуа иужькIэщ (1725 — 1730 гъэхэрщ).
  • IуэрыIуатэм ди деж къызэрихьэсамкIэ, ди къуэш осетин Къардэнхэри къызыхэкIар Къетыкъуейм егъэ­­щIылIауэ Налшык, Щхьэлыкъуэ псы­хэм я Iуфэм Iуса къуажэхэрщ.
  • Къардэн зэшищыр къызэрыкIа щIыпIэм (Инжыдж) ноби адыгэхэр Къардэн ныджэкIэ, къэрэшейхэр Къар­дэн ЕзэнкIэ йоджэ. Нэхъ иужькIэ Къэбэрдейм къэкIуахэм ящыщщ Къардэн Абдулчэрим и къуитIыр (Дыщыкъуэрэ Къылшыкъуэрэ). Абы­хэм я щIэблэхэращ Псыхъурей, Куба къуажэхэм иджы дэс Къардэнхэр къызытехъукIар.
  • Къулъкъужын, Сэрмакъ къуажэхэм дэс Къардэнхэр, Аушыджэр къуажэм щыпсэу Къардэнхэм я ныкъуэри ящыщщ нэхъ иужьыIуэкIэ къэкIуа­хэм. Ахэр къызэтехъукIахэр япэщIы­кIэ щыпсэуащ Кум (Кума) псым и Iуфэм, ауэ Урыс-кавказ зауэм иужькIэ зэрыса щIыпIэхэм кърахуащ.
  • IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIи, дэфтэр тхыдэм зэрыхэлъымкIи, дунейм къытехьа тхыдэ тхылъхэм зэритымкIи, Къэбэрдейм щыIа цIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэм ящыщу тIур ­Къардэн Дамэлей и унафэм щIэту екIуэкIащ 1754 гъэм. Къардэн Мамсыр и къуэ Дамэлей зи пашэ япэ цIыхубэ зэщIэхъееныгъэр къыще­жьари щекIуэкIари Бахъсэн аузырщ. Ар щIрагъэкIуэкIар пщыхэм лэ­жьэ­кIуэбэм кIэлъызэрахьэ хабзэншагъэр яхуэмышэчу арат…
  • ЕтIуанэ Дамэлейм (Батырбий и ­къуэм) и дзэр Балъкъ псым адрыщI­кIэ къыщежьащ, япэ Дамэлейм иужькIэ илъэсищэ нэблагъэ дэкIауэ. Шэрэдж ауз дэс Къащкъэтау щыгум нэса а зэщIэхъееныгъэр къыщы­хъуар урыс генерал Ермоловыр Къэ­бэрдейм щыщыIа 1838 гъэрщ. Абы хэтахэр зэбгрыкIыжащ, зыкъы­щIа­Iэта Iуэху­гъуэхэр тэрэз хуащIыну Къэбэрдейм и пщыхэм унафэ ящIа нэужь. Дзэпщ Дамэлей кIуэжакъым къыздикIа щIыпIэм, атIэ яхэтIысхьащ Къэхъун къуажэм щыпсэухэм. Абы и щIэб­лэхэрщ Къэхъун къуажэм щып­сэуа Къардэнхэ Албий, Мухьэмэд,  Толэ сымэ къызытепщIыкIар.
  • Ди лъэпкъым щыщхэм Дамэлей и зэщIэхъееныгъэм иужькIи куэдрэ тезыр ятащ, урыс пащтыхьым 1861 гъэм къыдэкIа унафэу мэкъумэ­шыщIэхэр хуит зыщIыжымкIэ мы­арэзыуэ. Тезыру сом тIощI-тIощI къытралъхьауэ щытащ Тыжьей щыщу Къардэн Умар, Тамбий ­къуажэм щыщу Къардэн Ислъам, Толъэстэней щыщу Къардэн Хьэжыбачыр, Аргудан щыщу Къардэн Зэчрей, Малкэ щыщу Къардэн Хьэбалэ, Бэтэх щыщу Къардэн Хьэжпагуэ сымэ, нэгъуэщI­хэми.
  • Къардэнхэр нэхъыбэу дэсщ Аргудан, Старэ Шэрэдж, Щхьэлыкъуэ, Аруан, Къызбрун Ещанэ, Сэрмакъ, Зэрэгъыж, Аушыджэр къуажэхэм. Къардэн зэшхэм я бынхэу Дуда­рыкъу, Мэт, Аслъэн сымэ епщыкIуб­гъуанэ лIэщIыгъуэм и кум иджырей Аушыджэрым дэсащ, Къэбэрдейм и къадыуэ щыта ЩэрэлIокъуэ Хьэжы-Умар и къуажэм дэсу. А къуажэм щылIащ Къардэнхэ я нэхъыжьхэм ящыщу Жынус и адэ Мэт. Абы иужь­кIэ дунейм ехыжащ Къардэн Дуда­рыкъу и къуэр. Абы зы щIалэ цIыкIу къыщIэнат, УэрышкIэ еджэу. Ар къэ­зылъхуа и анэр иужькIэ лIы щыдэ­кIуэжащ Къызбрун Езанэм.
  • ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кум, ШэрджэсымкIэ къикIри иджы­рей Терекскэ (Болэтей) къуажэм ­дэ­тIысхьащ ди къуэшхэм ящыщ ­Къар­дэн Бэчмырзэ, абы и къуэ Ас­хьэд и къуэхэу Сэхьидрэ Хьэмидрэ. Сэхьид граждан зауэми Хэку зауэш­хуэми хэтащ, иужькIи дзэм къулыкъу щищIащ. Зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм я дамыгъэуи къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и езанэ нагъыщэр, Бэракъ Плъыжь ордену тIу, нэгъуэщIхэри. Иджыблагъэ Сэхьид и пхъурылъху щIалэм къратыжащ и адэшхуэм 1944 гъэм къыхуагъэфэщауэ щыта, Суворовым и цIэр зезыхьэ орденыр. Бийм щхьэмы­гъазэу пэщIэта зэкъуэшитIри зауэм хэкIуэдащ.
  • 115-нэ шуудзэр Къардэн Сэхьид Асхьэд и къуэм къызэригъэпэщыну пщэрылъ къыщащIауэ щытащ, арщхьэкIэ Iуэхур и кIэм нэмысу ар полкым и командиру зауэм Iухьащ икIи лIыхъужьыгъэ куэд зэрихьэу зэ­уащ. Тэрч къалэм и зы уэрамым нобэ зэрехьэ полковник Къардэн Сэхьид Асхьэд и къуэм и цIэр.
  • Алътуд къуажэм дэс Къардэнхэр зэрыкIар Къызбрун ЕтIуанэрщ, Урыс-кавказ зауэм иужькIэ щыIа ИстамбылакIуэм и зэманырщ. Абыхэм я щIэблэхэр я къуэшщ Къызбрун Езанэ, ЕтIуанэ къуажэхэм дэс Къардэнхэм.
  • Къэбэрдейм иужь дыдэу къы­хэ­тIысхьэжа къуажэщ Дзэлыкъуэ рай­оным щыIэ Дзэлыкъуэкъуажэр. Япэ Дамэлейм и дзэр зэхакъутэу езыри яукIа иужькIэ, лъэпкъ 28-рэ Къэбэрдейм икIащ, езыхэм егъэщIылIа цIыхухэри я гъусэу. Абыхэм яхэтащ Къардэнхи. Ахэр щтапIэ кIуащ иужь­кIэ адыгэхэм яIэщIэлъауэ щыта Iу­зэв и Iэшэлъашэм. ЕпщыкIубгъуанэ лIэ­щIыгъуэм и пэщIэдзэм урыс ­пащтыхьым и унафэкIэ ахэр а щIы­пIэм кърахури Тэн и Iуфэм, иужькIэ, 1863 гъэм, Псыхуабэ (Пятигорск) и Iэшэ­лъашэм щагъэтIысащ. А щIыпIэми гугъуехь Iэджи щагъэвауэ, пащ­тыхь Николай ЕтIуанэм и унафэкIэ Дзэлыкъуэкъуажэм щып­сэуну щIы къыщратащ, «хэхэс» псалъэр къыж­раIэ зэпыту гугъуи щрагъэхьащ.
  • Дапхуэдэурэ я гъащIэр къекIуэкIами, Къардэн лъэпкъым хьэзаб псори къызэринэкIри, нэхъ лъэпкъ ин ды-дэу адыгэ щIыналъэм къинащ икIи зиужьащ. Дэ диIэщ ды­зэрыпэгэнрэ дызэрыгушхуэнрэ. Адэ­кIи Тхьэм зыдигъэузэщI!
  • КЪАРДЭН Хьэдис,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат,
  • «Къардэн» зэгухьэныгъэм и
  • Советым хэт.