ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ усыгъэм и дыгъэ

2020-03-19

  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Новэ-Хьэмидей къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэ литературэм и классик, лъэпкъ усыгъэм и лъа­гъуэр пхызыша ЩоджэнцIыкIу Алий къызэ­ралъ­хурэ мы гъэм илъэси 120-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ «Адыгэ усыгъэм и дыгъэ» фIэщыгъэр иIэу зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.

  • IуэхущIапIэм яхуеблэгъат Кэнжэ ­къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къанкъул Ислъам, киномрэ теат­рымрэ я джэгуакIуэ Що­джэн Алим, Тэрч районым егъэджэ­ныгъэмкIэ и управленэм, щIы­налъэм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэ­хэр.
  • Махуэшхуэм и щIыхькIэ ягъэхьэзыра программэм тету хьэщIэхэр япэщIыкIэ ирагъэплъащ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ теухуауэ ­пэ­IущIэ пэшым къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.

  • КъыкIэлъыкIуэу ахэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэм­рэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Балъкъэр Жаннэ е 8-нэ классым щигъэхьэ­зы-ра ЩоджэнцIыкIу Алий и «Нанэ» усэмкIэ дерс зэIухам. ТемэщIэм хыхьэн и пэ къихуэу еджакIуэхэм утыку кърахьащ нэхъапэкIэ тха­кIуэм теухуауэ зэхагъэува доклад кIэщIхэр, Алий и сурэтхэр щызэхуахьэса ­альбомыр. «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказым щыщ теплъэгъуэ цIыкIуи ягъэуват. ИужькIэ Жаннэ те­мэ­щIэм хишащ пэшым щIэс­хэр. ЩоджэнцIыкIу Алий «Нанэ» усэр щитха щIыпIэр, ар дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар, еджа­­кIуэхэм а тхыгъэр зэ­ры­­зыхащIэн хуей щIыкIэ-хэм яхутепсэлъыхьри, гъэ­хуауэ езыри еджакIуэхэри къеджащ. ЕгъэджакIуэм жи­Iэу хъуар IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ теплъэ­хэ­ри дерсым щагъэлъа­гъуэрт.
  • Курыт еджапIэм и уна­фэщIым гъэсэныгъэ Iуэ­ху­хэмкIэ и къуэдзэ Ныбэжь Дианэ усакIуэ уахътыншэм и щIыхькIэ Къанкъул Ис­лъам триха «ЛIэгъуэджэ» кинофильмым зэIущIэм кърихьэлIахэр иужькIэ иригъэплъащ. Ар зытеухуар ЩоджэнцIыкIу Алий и ­гъащIэм и иужьрей махуэхэрт. Фильмым еплъ­кIэрэ еджакIуэхэр гупсысэ куум зэрыхыхьар нэрылъагъут. Тхылъхэм иту еджа фIэкIа нэгъуэщIу  ямы­цIыху усакIуэм и гъащIэм тращIыкIа теплъэгъуэхэм я ­нэхъ гу быдэми и нэпс ­къригъакIуэрт.
  • Зэхыхьэм и кIэух хъуащ хьэщIэхэри школакIуэхэри щIэсу екIуэкIа псалъэмакъыр. НэхъапэкIэ зэплъа теплъэгъуэм щыджэгуа Къан­къул Ислъамрэ Що- джэн Алимрэ яхуэгъэзауэ еджа­кIуэхэм къалъыкъуэ­кIа упщIэхэм жэуап иратащ.
  • ХЬЭРЭДУРЭ  Аллэ.