Нобэрэ Пщэдейрэ
2020-03-19
- Гъатхэпэм и 19,
- махуэку
- Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
- Урысей Федерацэм и псыщIагъырыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэщ. 1906 гъэм пащтыхь Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Балтие тенджызым и псыщIагъырыкIуэ къарухэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
- 1474 гъэм IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысахэм, къэхутэныгъэщIэхэр езыгъэкIуэкIахэм яхуэгъэза хабзэщIэ Венецием къыщащтащ — авторым и хуитыныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ дунейм япэ къытехьа законщ ар.
- 1899 гъэм Урысейм щыяпэу Санкт-Петербург къыщызэIуахащ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и станц.
- 1922 гъэм Москва и Шаболовкэ щIыпIэм лэжьэн щыщIидзащ радионэтынхэр «зэбгрызых», къэралым щынэхъ лъагэ дыдэ Шуховэ чэщанэм. Абы метри 160-рэ и лъагагът.
- 1958 гъэм Страсбург къалэм (Франджы) къыщызэIуахащ Европарламентым и япэ зэIущIэр.
- 1999 гъэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ и Бэзэр нэхъыщхьэм террорист Iуэхугъуэ щалэжьащ. Абы цIыху 52-рэ щыхэкIуэдащ, 300-м нэблагъэм фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр щыхахащ.
- И ныбжьыр илъэс 90 ирокъу композитор, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Къэшыргъэ Билал.
- КъэфакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ Дзыхь-мыщI Зарэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сай-тым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 — 6, жэщым градус 0 щыхъунущ.
- Гъатхэпэм и 20,
- мэрем
- Насыпым и дунейпсо махуэщ
- Астрологием и дунейпсо махуэщ
- Франкофонием (франджыбзэм щрипсалъэ щIыналъэхэм я зэгухьэныгъэм) и махуэщ. Абы хохьэ къэрал 56-рэ.
- Социальнэ лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ
- Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
- 1535 гъэм Урысейм япэ дыдэу ахъшэр щахъуэжащ.
- Илъэс бгъущI ипэкIэ Москва щыIэ авиацэ институтыр (МАИ) къызэIуахащ.
- 1933 гъэм ВКП(б)-м и ЦК-м унафэ къищтащ Москва метрополитен щыухуэным и IуэхукIэ.
- 1944 гъэм Дохъушыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
- 1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ.
- Къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.
- 1967 гъэм къалъхуащ композитор, Къэрэшей-Шэрджэсым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэтекIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 9 -10, жэщым градуси 4 — 5 щыхъунущ.
- Зыгъэхьэзырар
- ХЬЭТАУ
- Ислъамщ.