Нэхъ шынагъуэ дыдэхэм хабжэркъым
2020-03-19
- Иужьрей махуэхэм дуней псом хъыбар нэхъыщхьэу щызекIуэр коронавирусым теухуащ. Псалъэмакъхэм цIыхухэр гужьеигъуэм хадзащи, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр, узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробхэр цIыхум и щIыфэм лъэмыIэ-сын папщIэ Iэхэр зэралъэщIхэр, щIэх-щIэхыурэ хьэпшыпхэр зэрагъэкъабзэхэр зэпэубыда зэрыхъуам къищынэмыщIауэ, ерыскъыхэри, гъэтIылъыгъэ ящIу, зэтращахуэ.
- Iуэхум и пэжыпIэр къэпщIэнуи тыншкъым, еплъыкIэ зэхуэмыдэ куэд щыIэщи. Нэхъыщхьэращи, шыIэныгъэр тфIэмыкIуэдмэ, гужьеигъуэм зедмыгъэубыдмэ, щытыкIэм нэхъ дыпэщIэтыфынущ.
- Сыт коронавирусым щхьэкIэ дохутырхэм жаIэр? Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгурыIуэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, коронавирусым къэрали 150-м ущрохьэлIэ. Дохутырхэм я нэхъыбэм къыхагъэщ абы псынщIэу зэрызиубгъур, ауэ ар узыфэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм зэрыхамыбжэр. Абы иубыдахэм я процент 80-м зэрысымаджэр къатехьэлъэу щыткъым, еIэзэкIэ щхьэхуи хуейкъым.
- Уеблэмэ, къызэрыгуэкI пыхусыхум хэбгъэгъуэщэнри хэлъщ. Коронавирусым и нэщэнэу къагъэлъагъуэ плъыржьэрыр (ар градус 37-38-хэм щыIэнущ, абы нэхъ лъагэу дэкIуей хабзэкъым), узыфэр зэрекIуэкIым елъытауэ дэкIуей-къехыжуи щытынущ; псчэ гъущэр — къыхэпсчыкIыу щIедзэри, бгъэр псалъэу, тэмакъыр къритхъунщIыкIыу мэхъу; Iэпкълъэпкъыр щIолIэ — цIыхум и къарумрэ и гуащIэмрэ щIокI, и щхьэр узу, уназэу; бэуэкIэ хьэлъэр — узым тхьэмбылым зрет-ри, абы и къалэныр нэсу хуэгъэзэщIэжыркъым. ЦIыхур узыфэм зэрыпэлъэщынур куэдкIэ елъытащ абы и узыншагъэм и щытыкIэм. Уз гъэтIылъа зиIэхэр зыхуэсакъыжыпхъэщ. Псом хуэмыдэу жьы хъуа-хэр, гу-лъынтхуэ узыфэ хьэлъэхэр, фошыгъу уз зыпкърытхэр зэгугъужын хуейщ. Коронавирусыр зыпкърыхьам ар занщIэу къищIэркъым. Вирусыр, зыкIи зыкъуимыгъащIэу, Iэпкълъэпкъым хэтыфынущ махуэ 14-м нэскIэ. Абы иужькIэщ зи гугъу тщIа нэщэнэхэр наIуэ къыщыхъур, аращ псынщIэуи зыщIиубгъур. Апхуэдэ дагъуэ зыхуэзыщIыжа цIыхум занщIэу дохутыр зригъэплъэн хуейщ, лабораторэ къэпщытэныгъэхэр ирамыгъэкIуэкIауэ узыфэр къахуэхутэнукъым.
- «Урысейм коронавирусыр зэуэлIахэм я бжыгъэр 93-м щынэсащ. Абыхэм ящыщу цIыхуи 4-р хъужри, сымаджэщым щIатхыкIыжащ. Сымаджэ 79-р дохутырхэм я нэIэм щIэтщ, 57-м узыфэр къатемыхьэлъащэу ирахьэкI», — щыжиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ Коронавирусым пэщIэтынымкIэ зэзыгъэуIу советым и зэIущIэм. Абы къыхигъэщащ узыфэр зыпкърыт цIыху 86-м ар хамэ къэралхэм къызэрырахар, адрей 7-р сымаджэ хъуахэм къызэрацIэлар.
- Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щытыкIэр щызэпIэзэрытщ — узыфэ зэрыцIалэр зыпкърыт къыщахутакъым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэтынымрэ абы зэрызиубгъум кIэлъыплъынымрэ япыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыным-кIэ оперативнэ штаб къызэрагъэпэщащ. Республикэм щыщу узыр къыщекIуэкI ха-мэ къэралхэм къикIыжахэм я узыншагъэр къапщытащ, абыхэм дохутырхэр якIэлъоплъ. ЩIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр Iуэхум хуэхьэзырщ, я лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хагъахъуэу узыфэм зэрыпэщIэтыным теухуа семинархэр къызэрагъэпэщащ.
- Коронавирусым зэрызыщахъумэ Iэмал щхьэхуэхэр щыIэщи, зэрыхъукIэ ахэр вгъэ-защIэ: щIэх-щIэхыурэ фи Iэхэр сабынкIэ фтхьэщI; фи Iэр фымытхьэщIауэ фи нэм, фи пэм, фи жьэм фемыIусэж; фыщыпсчэкIэ е фыкъыщепскIэ фи нэкIум Iэдакъэ къэгъэшыпIэр хуэзэу Iуфлъхьэ; бэлътоку къэвгъэсэбэпамэ, занщIэу хыфIэвдзэ; цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм защыфхъумэ, абыхэм фыкIуамэ, медицинэ нэкIуIупхъуэр зыIуфлъхьэ (ар сыхьэтитI къэс хъуэжын хуейщ).
- ЩхьэщэмыщI Изэ.