Горбачёвым и щыуагъэхэр
2020-03-19
- Гъатхэпэр тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэмкIэ къулейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар егъэщIылIащ тпэжыжьэу щымыт блэкIа илъэсхэми. Псалъэм папщIэ, гъатхэпэ мазэм хиубыда политикэ къэхъугъэ тIуащIэ диIэщ зыми тщымыгъупщэжауэ.
- 1985 гъэм гъатхэпэм и 11-м Горбачёв Михаил Сергей и къуэр КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу хахащ, иужькIэ, 1990 гъэм гъатхэпэм и 15-м, ардыдэр Совет Союзым и Президенту къыщIидзыжащ.
- Зыр гуауэщ, адрейр дыхьэшхэнщ. Ауэ ахэр сыт хуэдэми зэхигъэкIын хуейщ дэтхэнэми. А зэманым екIуэкIахэр телъыджэщ. 1985 гъэм и гъатхэм Партым и ЦК-м и Политбюром хэтхэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зиIэ Громыкэ Андрей къыхилъхьащ Горбачёв Михаил партым и унафэщI нэхъыщхьэу хахыну. Абы къигъэлъэгъуащ зэхъуэкIыныгъэ языныкъуэхэм фIым уазэрыхуимышэр. Пэжщ, Горбачёв щIалэт (абы щыгъуэм и ныбжьыр илъэс 50-м зэрыщIигъуа щыIэтэкъым), жыджэрт, тхылъымпIэхэр имыIыгъыу къэпсалъэрт, кIэщIу жыпIэмэ, еш ищIэртэкъым. И щхьэгъусэр щIыгъуу къикIухьынуи фIэфIт.
- Иджы зэраIуэтэжымкIэ, ар езым и щьэгъусэ Раисэ и жыIэм куэдкIэ щIэтащ. Абдеж къыщежьауэ къыщIэкIынущ лъабжьэ гуэри зимыIэ зэхъуэкIыныгъэхэри. Псом япэу техъущIыхьу щIадзащ ди блэкIахэм, лъапIэныгъэу къыддекIуэкIхэм. Ауэ апхуэдэхэр щIагъуэу зэримыухыр блэкIа лъэхъэнэхэми къагъэлъэгъуат. Горбачёв зыхущIэкъур зыт: и властыр игъэбыдэнырт. Илъэс зытхухым абы зэрихъуэкIащ и блыгущIэт псори — КПСС-м и ЦК-м и Политбюром хэтхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу. Ар- дыдэмкIэ и гугъащ и властыр игъэбыдэну, арщхьэкIэ… Мыпхуэдэхэм деж зэрыхъу хабзэщи, лъэпощхьэпохэр къыкъуэкIащ. Горбачёв и ныкъуэкъуэгъу еру хъуащ езым IэщIэкIа щыуагъэхэмкIэ къэралым пщIэшхуэ щызыгъуэта Ельцин Борис. А зэпэщIэтыныгъэр апхуэдизу куу хъуати, тIуми къафIэIуэхужыртэкъым ди къэрал абрагъуэм и сэбэп зыхэлъхэр. ТIури зыхущIэкъур властырт: зым къызыхуигъэнэну, адрейм иубыдыну. Зэрытлъагъущи, а зэпэщIэтыныгъэр гуауэкIэ иухащ: къэралыр лъэлъэжащ, цIыху мелуанхэр насыпыншэ хъуащ.
- Абы къыдэкIуэу къыхэдгъэщын хуейщ 1985 гъэм псэуа совет цIыхумрэ иджы псэу урысей цIыхумрэ я зэхуакум зэщхьэщыкIыныгъэ ин зэрыдэлъыр: дэ хуабжьу нэхъ лъэрымыхь дыхъуащ псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ. Сымаджэщхэм зыщыдгъэхъужынымкIэ, санаторэхэм зыщыдгъэпсэхунымкIэ щыIэ Iэмалхэм я гугъу тщIыххэнкъым.
- СССР-м куэд щызэхъуэкIын хуейтэкъым, псом япэрауэ, ерыскъыхэкIхэмрэ хьэшыпхэмкIэ тыкуэнхэр гъэнщIын, нэгъуэщI къэралхэм я бжэхэр къызэIухын къудейт, щхьэтечу жыпIэмэ, дызыхуэмей икIи ди гъащIэм зэран хуэхъу языныкъуэ щхьэусыгъуэхэр IугъэкIуэтамэ, псори зэфIэкIынут.
- Иджыри щыIэщ Горбачёв зыщIидза зэхъуэкIыныгъэхэм фIы къашауэ къэзылъытэхэр. Ауэ ахэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу.
- Ауэ сыт Горбачёв къигъэ-на Iэужьыр зихуэдэр. Псом япэрауэ, абы езыр зыIэта КПСС-р IэщIыб ищIри, зыхущIэкъухэмрэ зыщIэхъуэпсхэмрэ тэмэму къызыгурымыIуэж цIыхухэм ябгъурыуващ. ЕтIуанэрауэ, Америкэм дэплъейри, «президенту» зыхригъэхащ. Белджылыт коммунист ухуэкIэ щыIар къутэжыхукIэ езы Горбачёв хуащI дзыхьри къызэрытIасхъэр.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Горбачёв и щапхъэм ирикIуэнухэр иджыри щыIэщ. АрщхьэкIэ, ди насыпщи, ахэр утыкум зэкIэ къихьакъым. Гъуэгу ягъуэтмэ- щэ?
- Зэман гъунэгъум ди къэралым ар къыпэплъэр-къым. Ди насыпщи, дэ зэкIэ апхуэдэ дэтлъагъуркъым ди къэралым и Iэтащхьэ Путин Владимир. КъэкIуэнур зэманым зэригъэзэхуэнщ.