ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ ирегъэкIуэкI

2020-02-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ республикэм Террорым пэ­щIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т.Б, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.ТI., КъБР-м къегъэ­щIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэ Мэкъуауэ Т.Э., хабзэхъумэ IэнатIэхэм, министерствэхэмрэ ведомст­вэ­хэмрэ, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм я Iэтащхьэхэр.

  • ЗэIущIэм щыхэплъащ транспортым- рэ а IэнатIэм и IуэхущIапIэхэмрэ терро-рым и шынагъуэм зэрыщахъумэр, террористхэм я зэгухьэныгъэхэм щIалэ­гъуалэр, къызэрыгуэкI цIыхухэр хамышэ­ным­кIэ зэфIагъэкIхэр, экстремизмэм пэ­щIэтынымкIэ профилактикэ лэжьыгъэр егъэкIуэкIыным гъэзэщIакIуэ влас­тым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезы­гъа­кIуэ IэнатIэхэмрэ я лэжьакIуэхэр зэ­ры­хуэ­щIам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо Адыгэ Хасэм Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей ирита жэуап ДЖЭПСАЛЪЭ

2020-02-20

  • Дунейпсо адыгэ (шэрджэс) цIыхубэр Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей Кавказ зауэм и тхыдэр щызэблиш, адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым IейкIэ щытепсэлъыхь Sputnik агентствэм ирита интервьюм щыжиIахэм къигъэуIэбжьащ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым Ерхов Алексей и псалъэхэр щыуагъэ зыхэлъ, мамыр гъащIэр къэзыгъэутхъуэ, хабзэм къемызэгъ, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэр къэзыгъэхъейхэм ящыщу елъытэ. ЛIыкIуэм жиIахэр дэфтэркIэ  щIэгъэбыдэжа  тхыдэ щыхьэтхэм япэщIоувэ, Кавказ ­зауэм епха лъэпощхьэпохэр зыджа урыс тхыдэтххэми хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэми я къэхутэныгъэхэм техуэркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхухэм я псэупIэхэр зыхуэдэри къыхатхыкIынущ

2020-02-20

  • 2020 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм ди къэралым цIыхухэр къыхэтхы­кIынымкIэ щрагъэкIуэкIыну лэ­жьыгъэхэр къызэрагъэпэщынущ бжыгъэхэр зи лъабжьэ иджырей технологием тету. КъыхэтхыкIыныгъэр къызэзыгъэпэщынухэм унагъуэхэр къыщызэхакIухькIэ зыхуэфащэ программэхэр зэрыт планшетхэр яIыгъынущ.
  • Иужьрей илъэсипщI зыбжанэм статистикэм нэрылъагъуу зиужьащ икIи кIуэтэху къыхэтхыкIыныгъэхэр нэхъ тэмэму ирагъэкIуэкI. Ауэ абы къыдэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ  къыхэтхыкIыныгъэхэр езы­гъэ­­кIуэкI­хэм я языныкъуэ упщIэхэм цIыху-хэм жэуап тэмэм къратыну ­зэ­­ра­­фIэмыфIыр. Апхуэдэ упщIэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэупIэм и щы­ты­кIэр.
  • АтIэ сыт фэтэрхэм, псэупIэ унэхэм я щытыкIэм ехьэлIауэ къыхэтхы­кIыныгъэм къыхагъэхьар зи мы­хьэнэр? Абы теухуа информацэ тэ­мэмыр сэбэп хъунущ псэупIэкIэ нэхъ хуэ­мы­щIа­хэр зыхуэдизыр гъэ­бел­джы­лы­нымкIэ икIи зыхуэфащэ къэрал уна­­фэхэр къэщтэнымкIэ. Къы­хэтхы­кIыныгъэхэм нэры­лъа­гъу къа­щIынущ Урысейм псэу­пIэ кхъахэу, ущIэс мыхъужыну щы­Iэхэр зыхуэдизыр, къызэрыгуэкI тын­шы­пIэ­хэр ямыIэу псэухэм я  бжыгъэр.
  • Ди республикэр къапщтэмэ, 2010 — 2019 гъэхэм къриубыдэу ­мы­бы фэтэр мин 29,4-рэ щащIащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуани 3,6-рэ хъууэ. Федеральнэ статистикэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэ­лъагъуэмкIэ, КъБР-м и псэупIэ унэхэм я процент 94,8-м псы щIэтщ. Кана­лизацэ процент ­84,9-м яIэщ, унэхэм я процент 95,2-р газкIэ ягъэплъ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-02-20

  • Мазаем и 20,
  • махуэку
  • ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ
  • 1975 гъэм хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ.
  • 1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
  • Адыгей драматург, уса­кIуэ Кубэ Билъостэн къы­зэралъхурэ илъэси 123-рэ ирокъу.
  • Адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
  • Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Гъащтэ Абдул къы­зэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхубэ усакIуэм и пшыхь дахэ

2020-02-20

  • Къэрал музыкэ театрым щекIуэкIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъуам теухуа гуфIэгъуэ пшыхь.

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд Тхьэгъэзит Зубер хуэгъэзауэ КIуэкIуэ Казбек къигъэхьа ­хъуэхъу тхыгъэм къеджа нэужь, жиIащ Тхьэгъэзитым лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр зэры­мыкIуэ­дыжынур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Адыгэ диктантым зыхуэвгъэхьэзыр

2020-02-20

  • Ди лъэпкъэгъухэр зэуIуу зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 6-м щекIуэкIынущ «Адыгэ диктант». ­ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гукъыдэж зиIэхэр.
  • Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:
  • — Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, сыхьэт 15-м щIидзэу;
  • — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Иджырей гуманитар институтым и №501 пэшым, сы­хьэт 15-м щIидзэу.
  • Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну фыкъыхудоджэ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ зыщIэ дэтхэнэри. Ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ ­хъунущ: http://intercircass.org
  • УпщIэ зиIэхэр 89286934817; 89289109975 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анджелэ куэд хузэфIокI

2020-02-20

  • ЩIэблэм щIэныгъэ куу еты­ным къыдэкIуэу гъэсэныгъэ екIу зэрыхэлъхьапхъэм гулъытэ хэха щигъуэт IуэхущIапIэхэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. Абы къыщрахьэжьэ Iуэху куэдым я жэрдэмщIакIуэщ икIи къызэгъэпэщакIуэщ филологиемкIэ къудамэм хамэ къэрал, урыс литературэхэмкIэ и кафедрэм и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Мусукаевэ (Есэнкъул) Анджелэ Хьэмид и пхъур. Ар илъэс 50 хъуауэ мэлажьэри, абы щыщу 42-м  КъБКъУ-м щыIэщ.
  • Анджелэ курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Филологие институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ иIэ къудамэм щIэтIысхьащ. ЩIэныгъэм зи гур хуэпабгъэ пщащэ цIыкIур и студент нэхъыфIхэм хабжэу еджащ. Еджэныгъэм къыдэкIуэу сыт хуэдэ къалэн и пщэ ­далъ­хьэми, егъэджакIуэхэр къы­хуэарэзыуэ, гугъэзагъэу, зы­хуэныкъуэ щы­мыIэу игъэзащIэу апхуэдэт. 1969 гъэм ар къиуха нэужь Анджелэ щIэтIысхьащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дунейпсо литературэмкIэ и институтым и аспирантурэм (ИМЛИ РАН). Абы и щIэныгъэрылажьэ Арутюнов Л. Н. и нэIэ щIэту 1973 гъэм пхигъэкIащ и кандидат лэжьыгъэр. Ар теухуауэ щытащ «Къэбэр­дей прозэр (повестыр) зэрызэфIэувам, зэрызиужьам». ИужькIэ, 1993 гъэм, а институт дыдэм «Кавказ Ищхъэрэ роман. Художественнэ этнокультурнэ ­ти­пологиер» фIэщыгъэр зиIэ и доктор лэжьыгъэри утыку щрихьат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПсыфI

2020-02-20

  • Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхакум щежэх псыщ мыр. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм «Грачёв и щхьэдэхыпIэ» зыфIаща и гузэпыщIэм (метр 1286-рэ и лъагагъщ) ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэпс цIыкIухэмкIэ а щIыпIэм деж зыкъыщызэщIе­къуэри, къуэладжэ куухэм зыщигъазэ-зыщиIуантIэм, яфIыдэкIуасэм-къыщыдэунэхукIыжурэ, километр 41-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ «мытыншыр» зэпича иужь, Лазаревск (ПсыфIыпэ) посёлкэм и гъунэгъуу хы ФIыцIэм щыхохуэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ

2020-02-20

  • Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къа­зэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гуп­сысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
  • Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ ­щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ 1999 гъэм ЮНеСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэу­нэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыхэтым фIыкIэ къахэщ цIыху щыпкъэ

2020-02-20

  • КъызыхэкIа лъэпкъым пщIэ ­хуащIу, анэдэлъхубзэр яIурылъу, адыгэ литературэм щыгъуазэу ди щIэблэр къэгъэтэджыныр мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. ЕгъэджакIуэ пэрытхэм, гъэсакIуэ Iэзэхэм, щIэ­ныгъэлIхэм — хэкупсэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми и зэфIэкIыр зыхуэгъэпсар щIыхь зыпылъ а ­къалэныр къызыхуэтыншэу зэфIэхынырщ. Апхуэдэу, ныбжьы­щIэхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ тэ­мэмрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилъ­хьэу, и лэжьыгъэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэ гуэр хилъхьэу, и IэнатIэм пэрытщ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, егъэджакIуэ Iэзэ икIи бзылъхугъэ щыпкъэ ХьэцIыкIу Раисэ Алджэрий и ­пхъур.
  • Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Зеикъуэ жылэшхуэм къыщалъхуащ Раисэ. Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым уры­сыбзэмрэ литературэмкIэ и ­къудамэм. Егъэджэныгъэгъэсэ­ныгъэ IэнатIэм ХьэцIыкIур илъэс ­30-м щIигъуауэ щыпэрытщ Лэс­кэн районым щыщ Урыху къуажэм дэт курыт школым, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъурэ бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, и псэ хуабагъэмкIэ и гъэсэнхэм ядэ­гуашэу. ХьэцIыкIум сабийхэм яригъэджыр урысыбзэмрэ литерату­рэмрэу щытми, абы хузэфIокI и ­дэтхэнэ дерсми лъэпкъ гъэсэныгъэм и лъапIэныгъэхэр хилъхьэн. Абы сабийхэм къагурегъаIуэ анэ­дэлъ­хубзэр зыдэпсэухэм зэрагурыIуэ бзэуэ зэрыщытым и мыза­къуэу, зей лъэпкъым и тхыдэм, и ­хабзэм я IункIыбзэIухыу зэрыщы-тыр, цIыкIухэр я бзэм иригушхуэ­ным, ар нэхъ куууэ зрагъэщIэным къыхуриджэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БИЦУ Анатолэ

2020-02-20

  • *  *  *
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд  деж
  • Си анэдэлъхубзэу си псэ,
  • Си анэдэлъхубзэу си нэ,
  • Щхьэ ущымыIужрэ
  • къабзэу
  • Нобэ уэ адыгэ унэ?
  • Си анэдэлъхубзэу дахэ,
  • Си анэдэлъхубзэу пагэ,
  • Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти
  • Дуней псом язэрыхэтыр!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыужьыныгъэм ухуэзышэ

2020-02-20

  • Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.
  • Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ.
  • Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
  • Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъы­фIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIы­фы­нур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
  • Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къы­зэрыщ гъуджэщ.
  • Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIы­нукъым, ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсым хуэгъэпсауэ

2020-02-20

  • УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъ­хьауэ, нэгъабэ и дыгъэгъазэм и кIэухым къыщы­щIэдзауэ 2020 гъэм и мазаери хиубыдэу ди къэра-лым хыхьэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI «Зи пIалъэр зэи имыкI» («Без срока давности») тхыгъэ зэ­пеуэр. Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсым, 2020 гъэм, хуэгъэпса сочиненэхэр ятхынущ курыт школхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Трамп и кIэныр къокI

2020-02-20

  • Ар етIуанэу
  • зэрыхахыжынум шэч
  • хэлъкъым
  • США-м и сенатым идакъым президентым импичмент хуищIын. Езы Трамп гушыIащ: «Иджы сэ сытетынущ игъащIэкIэ»?!
  • Импичментыр зэрыпхымыкIам иджы куэд тражыIыхь. Экономикэм и школ нэхъыщхьэм и къудамэм и унафэщI Караганов Сергей «Аргументы и факты» газетым и упщIэхэм къарита жэуапхэм ящыщ пычы­гъуэхэм щыгъуазэ фытщIыну ды­хуейт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Инджылыз

2020-02-20

Европэм и къалэ пажэхэм ящыщщ Инджылызым и щыхьэр Лондон. Абы лIэщIыгъуэ куэд и ныбжьщ икIи апхуэдизу куэди и нэгу щIэкIащ. Дунейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр хущIокъу щыхьэрым и унэ уардэхэр, ухуэныгъэ щытыкIэхэр зрагъэлъагъуну. Абыхэм ящыщщ Темзэ псым тет Ламбет лъэмыж дахащэр.
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше