ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ПсыфI

2020-02-20

  • Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхакум щежэх псыщ мыр. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм «Грачёв и щхьэдэхыпIэ» зыфIаща и гузэпыщIэм (метр 1286-рэ и лъагагъщ) ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэпс цIыкIухэмкIэ а щIыпIэм деж зыкъыщызэщIе­къуэри, къуэладжэ куухэм зыщигъазэ-зыщиIуантIэм, яфIыдэкIуасэм-къыщыдэунэхукIыжурэ, километр 41-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ «мытыншыр» зэпича иужь, Лазаревск (ПсыфIыпэ) посёлкэм и гъунэгъуу хы ФIыцIэм щыхохуэж.

  • Иджырей географ картэхэм мы псым и цIэр урысыбзэкIэ зэрыратха «Псезуапсе» псалъэм япэу дызригъэгупсысым къытращIыкIа фIэкIа умыщIэну, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм (Твердый А. В. «Топонимический словарь Кавказа») къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр зэрызэпкърытх хъунур «псэ», «шIу», «псы» Iыхьищу зэхэтущ. КIахэ псэ­лъэкIэм щыщ «шIу» пычыгъуэр къэбэрдей адыгэхэм «фIы» зыхужытIэрщ. Ауэ щыхъукIи, урысыбзэм хуагъэкIуа фIэщыгъэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэ лъахэхутэхэм кърахыр «Псэм и псыфI» мыхьэнэрщ.
  • ЩIыпIэцIэм ехьэлIа нэгъуэщI жыIэкIэщ (зэ еплъыгъуэкIэ зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) ди лъэпкъэгъу шапсыгъ адыгэхэр псым зэреджэ «ПсышIу» фIэщыгъэмрэ псыр хым щыхэхуэж щIыпIэм щхьэкIэ ноби къагъэсэбэп «ПсышIуап» («ПсыфIыпэ») псалъэмрэ. Къэбэрдейхэм ар зыхуэтхь ­хъунур «псы», «фIы», «пэ» пычыгъуэхэр зэпыдгъэувэмэ ­къарыкIырщ…
  • БгыщхьэхэмкIэ псым и фIэщыгъэу картэхэм ярыт «Хакуч» псалъэри гъэщIэгъуэнщ. Тхыдэр зыджхэм къызэралъытэмкIэ, абдежым а цIэр нэхъ щIыкIэрыпщIар, Урыс-Кавказ зауэр иуха пэтми, а щIыпIэм хьэкIуцIу (хьэкув) адыгэ лIакъуэр къахуимыкIыу илъэс зыбжанэкIэ зэрисарщ.
  • Псым и цIэр «псыдыупс» — «псыдыуэпс» псалъэм къыте­хъукIауэ жызыIэхэри щыIэщ.
  • Псыхъуэм дэс Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэ цIыкIум къыщхьэщыт шытхым ПсышIотх (ПсыфIытх) цIэр зэрехьэ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.