ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

«Урысейм и пашэхэр-2020» зэпеуэм КъБР-м щыщу хэтынухэм я цIэхэр къраIуэ

2020-02-04

  • УнафэщI лэжьыгъэм нэхъ хуэкIуэхэр къыхэхыным теухуа, «Урысейм и пашэхэр-2020» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэ 2020 гъэм мазаем и 1 — 2-хэм Псыхуабэ къалэм щекIуэкIащ. Ставрополь крайм, Дагъыстэн Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм, Шэшэн Республикэм, Ин-гуш Республикэм я лIыкIуэу абы 263-рэ хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-02-04

  • Мазаем и 4,  гъубж
  •  Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
  •  Японием щагъэлъапIэ илъэсыщIэр къыщихьэ махуэр — Гъатхэм и махуэр
  •  1719 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм щыпсэухэр бжыным теухуа унафэм. Нэхъапэм апхуэдэ лэжьыгъэ къэралым щрагъэкIуэкIатэкъым.
  •  1722 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ Урысей империем и дзэхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм я Iэтащхьэхэм яхуэгъэза, щхьэж иIыгъ къулыкъум ипкъ иткIэ ахэр зи унафэ щIэтынухэр щыубзыхуа законыр — «Къулыкъухэм ятеухуа табель» жыхуаIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ   псалъэр»  къезыгъэхьхэм   захудогъазэ

2020-02-04

  • 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 4-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 464-рэ кIэпIейкIэ 20-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Оганьянц Грант иджыри къулыкъу ещIэ

2020-02-04

  • Налшык пединститутым къыщыдеджахэми, иужькIэ дзэм къулыкъу къыщыдэзыщIахэми Оганьянц Грант нэмысышхуэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ щIалэу щытауэ ягу къагъэкIыжырт — гупыр игъэгупыфырт, ныбжьэгъур игъэпэжыфырт, езым и щхьэм темылъ трилъхьэртэкъым, ауэ зыми шыбгъэ зыкърыригъэлъхьэнутэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ  фIэщыгъэхэм  я  къэхутакIуэ  нэс

2020-02-04

  • КIуэкIуэ Джэмалдин Нахъуэ и къуэр щIэныгъэм лъэужь нэху, купщIафIэ къыщызыгъэна лъэпкъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ. КIуэкIуэр ди республикэм и мызакъуэу, къэрал псом ономастикэмкIэ япэ лъэбакъуэхэр щызыча щIэныгъэлIхэм хабжэ. А щIэныгъэм теухуа япэ тхылъри ди щIыпIэм къыщыдэзыгъэкIар аращ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и Академием «Урысей щIэнгъуазэ» унэтIыныгъэмкIэ и академик, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик — а щIыхьыцIэхэмрэ къулыкъу лъагэмрэ хуэфащэ дыдэу зратауэ щыта КIуэкIуэр дунейм зэрехыжрэ илъэс ныкъуэ хъуауэ аращ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут мы махуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-02-04

Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизан гуп (1942 — 1943 гъгъ.). Нальчик, 1965 гъэ, накъыгъэм и 9.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

ЕджапIэ нэхъыщхьэ  щIэтIысхьэну хуейхэм папщIэ

2020-02-04

  • Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм щыхэплъэнущ 2020 гъэм дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэну гукъыдэж зиIэхэм къата тхылъхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сыт нэхъ дахэ адыгэ фащэм нэхърэ? Ар зыщыгъ адыгэ пщащэращ!

2020-02-04

  • Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэр хуабжьу гухэхъуэу екIуэкIащ. Зэпеуэр къыддаIыгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Налшык къалэ ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм, «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием (Черкесск къалэ), нэгъуэщIхэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Сыт сщIэми щIэсщIэр хэкуращ

2020-02-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Студент клубхэм я «Диалог на равных» проектым хыхьэ, «Профессия «Творчество» зыфIаща пшыхьым щIалэгъуалэм яIущIэн, и гупсысэхэмкIэ ядэгуэшэн, я упщIэхэм жэуап иритын папщIэ кърагъэблэгъат театрымрэ киномрэ я артист, уэрэд зытх уэрэджыIакIуэ, «Голос» шоу цIэрыIуэм щытекIуа Бэрбэч Аскэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

СурэтыщI  ныбжьыщIэхэм    я унэтIакIуэ

2020-02-04

  • КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Сабий художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ Лиуан и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

ТекIуэныгъэкIэ  ирагъажьэ

2020-02-04

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 — 2020 гъэхэм щызэхэт зэхьэзэхуэм гъатхэпэм щыщIэзы-дзэжыну «Спартак-Налшыкым» мы илъэсым и япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ди къалащхьэм и Сабий стадионым абы щыхигъэщIащ Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ» командэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Медаль 60-м щIигъу зыIэрагъэхьэ

2020-02-04

  • Налшык къалэм дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ грэпплингымкIэ урысейпсо мастер зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм къикIа спортсмени 170-рэ. Я ныбжь елъытауэ ахэр гупищу гуэшауэ щытащ: илъэс 14 — 15, 16 — 17, 20-м щIигъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Нэхъ   лъэщхэм  я  зэхыхьэ

2020-02-04

  • Красноярск щекIуэкIащ «Иван Ярыгин-2020» бэнэкIэ хуитымкIэ Гран-При серием и XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 13-м икIа, бэнэкIэ хуитымрэ цIыхубз бэнэкIэмрэ хэт спортсмен 360-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Адэ-анэхэм  псалъэмакъ  щхьэпэ  драгъэкIуэкI

2020-02-04

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм, апхуэдэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту ди республикэм ит еджапIэхэм я лIыкIуэхэм Тэрч щIыналъэм ит курыт школхэр къэзыуххэм къапэщылъ къэпщытэныгъэм теухуа псалъэмакъ адэ-анэхэм драгъэкIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ