ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхухэм я псэупIэхэр зыхуэдэри къыхатхыкIынущ

2020-02-20

  • 2020 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм ди къэралым цIыхухэр къыхэтхы­кIынымкIэ щрагъэкIуэкIыну лэ­жьыгъэхэр къызэрагъэпэщынущ бжыгъэхэр зи лъабжьэ иджырей технологием тету. КъыхэтхыкIыныгъэр къызэзыгъэпэщынухэм унагъуэхэр къыщызэхакIухькIэ зыхуэфащэ программэхэр зэрыт планшетхэр яIыгъынущ.
  • Иужьрей илъэсипщI зыбжанэм статистикэм нэрылъагъуу зиужьащ икIи кIуэтэху къыхэтхыкIыныгъэхэр нэхъ тэмэму ирагъэкIуэкI. Ауэ абы къыдэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ  къыхэтхыкIыныгъэхэр езы­гъэ­­кIуэкI­хэм я языныкъуэ упщIэхэм цIыху-хэм жэуап тэмэм къратыну ­зэ­­ра­­фIэмыфIыр. Апхуэдэ упщIэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэупIэм и щы­ты­кIэр.
  • АтIэ сыт фэтэрхэм, псэупIэ унэхэм я щытыкIэм ехьэлIауэ къыхэтхы­кIыныгъэм къыхагъэхьар зи мы­хьэнэр? Абы теухуа информацэ тэ­мэмыр сэбэп хъунущ псэупIэкIэ нэхъ хуэ­мы­щIа­хэр зыхуэдизыр гъэ­бел­джы­лы­нымкIэ икIи зыхуэфащэ къэрал уна­­фэхэр къэщтэнымкIэ. Къы­хэтхы­кIыныгъэхэм нэры­лъа­гъу къа­щIынущ Урысейм псэу­пIэ кхъахэу, ущIэс мыхъужыну щы­Iэхэр зыхуэдизыр, къызэрыгуэкI тын­шы­пIэ­хэр ямыIэу псэухэм я  бжыгъэр.
  • Ди республикэр къапщтэмэ, 2010 — 2019 гъэхэм къриубыдэу ­мы­бы фэтэр мин 29,4-рэ щащIащ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуани 3,6-рэ хъууэ. Федеральнэ статистикэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэ­лъагъуэмкIэ, КъБР-м и псэупIэ унэхэм я процент 94,8-м псы щIэтщ. Кана­лизацэ процент ­84,9-м яIэщ, унэхэм я процент 95,2-р газкIэ ягъэплъ.