ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ диктантым зыхуэвгъэхьэзыр

2020-02-20

  • Ди лъэпкъэгъухэр зэуIуу зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 6-м щекIуэкIынущ «Адыгэ диктант». ­ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гукъыдэж зиIэхэр.
  • Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:
  • — Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, сыхьэт 15-м щIидзэу;
  • — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Иджырей гуманитар институтым и №501 пэшым, сы­хьэт 15-м щIидзэу.
  • Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну фыкъыхудоджэ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ зыщIэ дэтхэнэри. Ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ ­хъунущ: http://intercircass.org
  • УпщIэ зиIэхэр 89286934817; 89289109975 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.