ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анджелэ куэд хузэфIокI

2020-02-20

  • ЩIэблэм щIэныгъэ куу еты­ным къыдэкIуэу гъэсэныгъэ екIу зэрыхэлъхьапхъэм гулъытэ хэха щигъуэт IуэхущIапIэхэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. Абы къыщрахьэжьэ Iуэху куэдым я жэрдэмщIакIуэщ икIи къызэгъэпэщакIуэщ филологиемкIэ къудамэм хамэ къэрал, урыс литературэхэмкIэ и кафедрэм и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Мусукаевэ (Есэнкъул) Анджелэ Хьэмид и пхъур. Ар илъэс 50 хъуауэ мэлажьэри, абы щыщу 42-м  КъБКъУ-м щыIэщ.
  • Анджелэ курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Филологие институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ иIэ къудамэм щIэтIысхьащ. ЩIэныгъэм зи гур хуэпабгъэ пщащэ цIыкIур и студент нэхъыфIхэм хабжэу еджащ. Еджэныгъэм къыдэкIуэу сыт хуэдэ къалэн и пщэ ­далъ­хьэми, егъэджакIуэхэр къы­хуэарэзыуэ, гугъэзагъэу, зы­хуэныкъуэ щы­мыIэу игъэзащIэу апхуэдэт. 1969 гъэм ар къиуха нэужь Анджелэ щIэтIысхьащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дунейпсо литературэмкIэ и институтым и аспирантурэм (ИМЛИ РАН). Абы и щIэныгъэрылажьэ Арутюнов Л. Н. и нэIэ щIэту 1973 гъэм пхигъэкIащ и кандидат лэжьыгъэр. Ар теухуауэ щытащ «Къэбэр­дей прозэр (повестыр) зэрызэфIэувам, зэрызиужьам». ИужькIэ, 1993 гъэм, а институт дыдэм «Кавказ Ищхъэрэ роман. Художественнэ этнокультурнэ ­ти­пологиер» фIэщыгъэр зиIэ и доктор лэжьыгъэри утыку щрихьат.

  • 1973 гъэм къыщыщIэдзауэ 1977 гъэ хъуху Анджелэ Гуманитар къэхутэ­ныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым Шортэн Аскэрбий зи унафэщIу щыта, IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжьу щыIащ. 1977 — 1983 гъэхэм Кустанай (Къэзахъстан) къалэм дэт Педагогикэ институтым филологиемкIэ и факультетым и декану, абы урыс, хамэ къэрал литературэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьащ. 1983 гъэм Анджелэ КъБКъУ-м урыс литературэмкIэ и кафедрэм и доценту уващ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар илъэс куэдкIэ а кафедрэм и унафэщIу зэрыщытари. 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэ пщIондэ хэтащ УФ-м и Правительствэм епхауэ лажьэ Урысыбзэмрэ литератуэмкIэ советым. НобэкIэ абы университетым щрегъэдж «19-нэ лIэщIы­гъуэм урыс литературэм и тхы­дэр», «Урыс сатирэ прозэр», «Урыс социально-психологическэ романыр», «Урыс критикэ реа­лизм» дисциплинэхэр. Апхуэдэу щIэ­ныгъэ и лъэныкъуэкIэ ар дехьэх Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэми.
  • Анджелэ и псэм дыхьэ IэщIагъэ къызэрыхихам и щыхьэтщ и лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу зэрыбгъэдэтыр, иригъаджэ студентхэм фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу зэрыщытыр. И лэжьэгъу, къэзыцIыху дэтхэнэми а цIыхубз щыпкъэм хуэгъэзауэ жаIэр фIыщ: бзэ IэфI зиIэ, акъыл жан, гукъэкI зыбгъэдэлъ, нэмыс, хабзэ зыхэлъ, нэхъыжьым пщIэ хуэзыщIыф, нэхъыщIэр зыхэзы­щIэ, зи псалъэм емыпцIыж… Сыт хуэдэ гуп хыхьэми, зы хьэлым тету щыт цIыхубзым игури и псэри къэзыухъуреихь псоми яхузэIухауэ, дэтхэнэми зыщIигъэкъуэну, дэIэпыкъуну хьэзыру апхуэдэщ. Арауи къыщIэкIынщ псоми фIыуэ къыщIалъагъур.
  • Псэ хьэлэлу и лэжьыгъэм бгъэдэт егъэджакIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ къэхутныгъэ лэжьыгъэ куэд, я бжыгъэр 100-м щIигъуу. Абы и куэдщ и гъэсэнхэу и Iуэхум къыпызыщахэри, нэгъуэщI унэтIыныгъэ къыхахыу доктор цIэ лъапIэр зыфIащахэри. 1998 гъэ лъандэрэ Анджелэ и нэIэ щIэту доктор лэжьыгъэу 5-рэ кандидат диссертацэу 28-рэ пхагъэкIащ.
  • Гугъу зригъэхьу илэжь IуэхуфIхэм папщIэ абы 2007 гъэм «ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», 2012 гъэм «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьыкIуэ» цIэхэр къыфIащащ.
  • Мусукаева (Есэнкъул) Анджелэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэу, и унагъуэ дахэр хуэузыншэу иджыри илъэс куэдкIэ псэуну ди гуапэщ.
  • ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.