БИЦУ Анатолэ
2020-02-20
- * * *
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
- Си анэдэлъхубзэу си псэ,
- Си анэдэлъхубзэу си нэ,
- Щхьэ ущымыIужрэ
- къабзэу
- Нобэ уэ адыгэ унэ?
- Си анэдэлъхубзэу дахэ,
- Си анэдэлъхубзэу пагэ,
- Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти
- Дуней псом язэрыхэтыр!
- Си анэдэлъхубзэу гуапэ,
- Си анэдэлъхубзэу гуащIэ,
- Уи бын пэжхэр щIым
- гуп-гупу
- Щызэбгридзакъэ гъащIэм.
- МащIэр хъурэ
- гуащIэмащIэ?
- МащIэр хэкIуэдэжрэ
- занщIэу?
- Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,
- Уэ ущхьэщыхьакъым
- нэпкъым!
- Си анэдэлъхубзэу нахуэ,
- Си анэдэлъхубзэу хахуэ,
- Зы шу закъуэу щытми,
- нартыр
- Пэувыфти и дзэм чынтым!
- Си анэдэлъхубзэу уардэ,
- Си анэдэлъхубзэу быдэ,
- КIуэщIыр пэжмэ уэ
- уи лIыгъэр,
- Ар дэращ зи хуэмыхугъэр.
- Си анэдэлъхубзэу си псэ,
- Си анэдэлъхубзэу си нэ,
- Щхьэ ущымыIужрэ
- къабзэу
- Нобэ уэ адыгэ унэ?
- И тхылъ тIэкIухэр пхуэхъуу
- мащэ,
- Уехыжауэ дунейм
- къищIэм, —
- Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ,
- ТхакIуэр уэ уи сын
- мывэжькъэ!
- Ямыпсыхьу къэна
- куэпкъырщ
- Сосрыкъуэ иIар лIапIэу.
- Си анэдэлъхубзэу лъапIэ,
- Уэ улIэжмэ —
- ЛIэжащ лъэпкъыр.