|
Февраль, 2020
2020-02-18
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм и Унэм щахуэзащ зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIахэм.
- ЩIыналъэм и УнафэщIым лъэIу зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыкъыхуагъэзащ республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ къикIахэм. Ахэр къызытекIухьахэм ящыщщ псэуныгъэм, медицинэ дэIэпыкъуныгъэм пыщIа Iуэхухэр. ЛъэIу щхьэхуэхэр теухуауэ щытащ бын куэд зиIэ унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм, сабий ныкъуэдыкъуэхэм ядэIэпыкъуным.
- ЦIыхухэм я лъэIухэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ дэгъэкIыным хуэгъэзауэ республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ пщэрылъхэр яхуигъэуващ КъБР-м и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.
-
-
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Мазаем и 18, гъубж
-
- Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ
- УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ
- 1911 гъэм пощтыр зэбгрыхыным кхъухьлъатэ япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ. Ар къыщыхъуар Индиерщ: Аллахабад икIыу Наини кIуэ кхъухьлъатэм письмо мини 6,5-рэ, нэгъуэщI корреспонденцэу 250-рэ илъащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми «КхъухьлъатэкIэ зэбграха япэ пощт» жиIэу мыхъур тегъэуат.
- 1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
- 1930 гъэм США-м щыщ астроном Томбэ Клайд Уильям Плутон планетэр зэрыщыIэр къихутащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Кыщпэк курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьхэм я блын» зыфIаща стендыр. Ар траухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
- Зэхуэсым хэтащ Урысейм и ЛIыхъужь, генерал-майор Тулин Сергей, УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм офицеру къыхэкIыжахэм я «Мегапир» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек, «Урысейм дрихэкупсэщ» урысейпсо зэхыхьэм и штабым и унафэщI, запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, Кыщпэк къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Елбэд Артур, районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, жылэдэсхэр, щIалэгъуалэр. Абыхэм зэгъусэу зыщаплъыхьащ школым и лъахэхутэ музейм. Абдеж къыщызэрагъэпэщат ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Си анэшхуэ ГуащэцIыкIу Куба къуажэм 1885 гъэм къыщалъхуащ, Къанэмэтхэ япхъущ, Шалхэ я нысэщ. Къэрэгъэш щыщ Шал Хьисэ 1906 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуащ. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу а тIур илъэс 33-кIэ зэдэпсэуащ. А тIум бынипщI зэдапIащ: щIалэу хы, хъыджэбзу плIы. Къуажэдэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, Хьисэ лIы губзыгъэу, пщIэ зиIэу псэуащ, чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэхэу, цIыхухэр зэригъэкIужыфу щытащ.
Шал ГуащэцIыкIу и къурыльху Чэрим и гъусэу
- Нанэ игу къигъэкIыжырт: «Хьисэ хуабжьу тегузэвыхьырт и щIалэхэм икIи жиIэрт: «Мы дунейр хуабжьу зэрызохьэ, къэзэуати къэхъуну къысщохъу, абы си къуэхэр хэкIуадэмэ, жызоIэри жейм сезэгъыркъым, уэ къыпфIэмыIуэхуу уожей». «НтIэ, армэм дашми сыгъын, иджыри сыгъын» жэуап естыжырти, сыхуэгузавэртэкъым»! АрщхьэкIэ къыкъуэкIащ гъэунэхуныгъэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Лъэпкъым куэд хуэзылэжьа
-
- IуэрыIуатэдж, уэрэджыIакIуэ, композитор Бэрэгъун Владимир и цIэм, хуэфащэ дыдэу, увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и тхыдэм. Лъэпкъ макъамэ IуэрыIуатэм емызэшыжу зэрыхэлэжьыхьам и фIыгъэкIэ зэхуэхьэсыжа, нотэкIэ тха хъуащ адыгэ цIыхубэ уэрэдрэ пшыналъэу куэд дыдэ.
- Бэрэгъун Владимир 1939 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым ар жыджэру хэтт художественнэ самодеятельностым. Абы макъ шэщIа дахэкIэ жиIэрт адыгэ уэрэдыжьхэри композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэри.
- 1958 гъэм Владимир щIэтIысхьащ Налшык и музыкэ училищэм. Зы илъэс еджауэ, ар 1959 гъэм Саратов дэт къэрал консерваторэм ягъэкIуащ. ИлъэситIкIэ щагъэхьэзыр курсхэм щIэсри, 1961 гъэм еджапIэм уэрэджыIакIуэхэм я факультетым щIэхуащ. Абы зыщилъэщIащ, профессиональнэ щыхъуащ Бэрэгъуным и драмэ тенор макъ лIэужьыгъуэм.
- 1962 — 1965 гъэхэм Владимир дзэм къулыкъу щищIэри, къиуха консерваторэм игъэзэжащ. Абы кърагъэкIри, адыгэ щIалэр и республикэм къагъэкIуэжащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым илъэсибгъукIэ щылэжьащ. А илъэсхэм къриубыдэу ар хэтащ оперэмрэ классикэ опереттэмрэ я спектаклу 19-м.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ. Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, щыIэщ ди щIэныгъэлIхэр зыгъэгуауэщхьэуэ, щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэри. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр.
- 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу зи гугъу тщIы псэущхьэр Кавказ Ищхъэрэм щамыгъуэтыжыххэу бзэхащ. А ныкъусаныгъэр зыгуэрурэ ягъэзэкIуэжын я гугъэу, щыхь къуэлэныр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърашыурэ, Кавказ Ищхъэрэм кърагъэтIысхьэу щIадзат биологхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Хабзэ зэрыхъуауэ, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ «Искусство дипломатии» зэIущIэр. Ар къызэрагъэпэщащ IуэхущIапIэм щеджэ и пэшым и къудамэм и лэжьакIуэхэм. Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Гуманитар-техникэ колледжым и кадет корпусым и «Правоохранительная деятельность» IэщIагъэм и студентхэр.
- Дипломат IэщIагъэм жылагъуэмрэ къэралымрэ я деж щиIэ пщIэмрэ а IэнатIэм пэрытхэм я жэуаплыныгъэмрэ я щыхьэту, Урысей Федерацэм и Президентым 2002 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м игъэуващ мазаем и 10-р Дипломат лэжьакIуэхэм я махуэу. Зэраубзыхуам тету, УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ мин бжыгъэхэм а махуэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми щагъэлъапIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 31-рэ ирикъуащ. А махуэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм, щIыналъэхэм щекIуэкIащ абы теухуа Iуэхухэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Мазаем и 4-м «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм мы гъэм и етIуанэ зыгъэсэгъуэр Нартсанэ (Кисловодск) щызэхаублащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым гъатхэпэм щыщIэзыдзэжыну 2019 — 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырыным ипкъ иткIэ ди щIалэхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр абы щыдрагъэкIуэкIащ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-мрэ Грознэм и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупымрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-02-18
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхэквондоистхэм медалищ къыщахьащ олимп лъэхъэнэм ипэ къихуэу Тыркум щекIуэкIа «Turkish Open» рейтинг зэхьэзэхуэм. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм тхэквондомкIэ (WTF) и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|