ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-02-06

  • Мазаем и 6, махуэку
  •  ЦIыхубзхэм я узыншагъэм зэран хуэхъу операцэхэр емыгъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
  •  Таджикистаным и милицэм и махуэщ
  •  1886 гъэм нэмыцэ химик Винклер Клеменс германий элементыр къигъуэтащ.
  •  1918 гъэм Урысейр григориан махуэгъэпсым зэрыхуэкIуэм теухуа декрет къыдэкIащ.
  •  1930 гъэм Совет Армэм и академическэ театр нэхъыщхьэр къызэIуахащ. Иджыпсту ар Урысеидзэм и академическэ театр нэхъыщхьэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи IуэхущIафэхэр  мыкIуэдыжын

2020-02-06

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм теухуа фэеплъ пщыхьэщхьэ. Ар къызэзыгъэпэщари  езыгъэкIуэкIари ДАХ-рщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

ТекIуэныгъэм и сэлэт хахуэ ШащIэ Мухьэжыр

2020-02-06

  • Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ гъунэгъу дыхуещI ди къэралым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми мы гъэм щагъэлъэпIэну махуэшхуэм — 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум. Абы ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж а фIыгъуэ мылъытэр — щхьэхуитыныгъэр — ди хэку иным къыхуэзыхьа совет зауэлI хахуэхэм я цIэхэр. Абыхэм яхэтщ зэрахьа лIыхъужьыгъэ инхэмкIэ цIэрыIуэ хъуахэри хэкум и пащхьэ щаIа къалэнхэр къэмылэнджэжу, нэсу зыгъэзэщIауэ, арщхьэкIэ зи цIэхэр иджыри къэс хэIущIыIу мыхъуахэри. Иужьрейхэм, ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытыну хьэзыру псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэм Iутахэм, ящыщщ ШащIэ Мухьэжыр Аслъэнбэч и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

2020-02-06

Курск деж щрагъэкIуэта фашистхэм лагъымхэр куэду зыщIэлъ губгъуэхэр къызэранэкIырт. 1943 гъэ. Сурэтыр тезыхар дзэ корреспондент Тёмин Викторщ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2020-02-06

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, мазаем и 10
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.05 «ЛъэщапIэ». IэпщIэлъапщIэ Ерчэн Мурзэбэч (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Псалъэр ейщ щэнхабзэм» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Къэбэрдей шухэм  Бромберг къащыщыщIар

2020-02-06

  • ЩIэныгъэр зи тегъэщIапIэ «БлэкIаищIэ» («Новое прошлое») журналыр Тэн Iус Ростов къыщыдокI Ипщэ Федеральнэ университетым (ЮФУ) и нэIэ щIэту. Илъэс блэкIам дунейм къытехьа абы и еплIанэ къыдэкIыгъуэм КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэчрэ а институтым и аспирант Абей Iэсиятрэ я тхыгъэ телъыджэ къытехуащ: «Бромберг щекIуэкIа хеящIэр: Кавказ-бгырыс дивизионым (Варшавэ щыIэм) щыщ къэбэрдей шухэм къащыщIар». («Бромбергский процесс — продолжение истории: происшествие с уроженцами Кабарды — всадниками Кавказско-горского (Варшавского) дивизиона»).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Жыгхэм я дуней

2020-02-06

  • СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, къыщызэIуахащ театр сурэтыщI Дэцырхъуей Рузанэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «Дерева вы мои, дерева» зыфIища зэIущIэм бзылъхугъэ гуащIафIэм утыку къыщрихьащ живопись, графикэ, сценографие жыпхъэхэм иту ищIа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Я  къежьэкIари  кIуэдыжыкIари  зэхуэдэт

2020-02-06

  • Иджы  иризодауэ:  къезэгърэт  колхозхэр  хьэмэрэ  къемызэгърэт?
  • Зэдзейуэ гъавэ щIэным и хабзэр пасэ лъандэрэ къокIуэкI. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ — мэкъумэш IэнатIэми Iэщ гъэхъунми цIыхур езым и къару закъуэкIэ зыпэмылъэщыну лэжьыгъэхэр щымащIэкъым. Аращи, зэкъуэувэн хуей мэхъу. Адрей лъэпкъхэм я деж дыкIуэнкъыми, абы щыхьэт техъуэ куэд ди IуэрыIуатэ къудейм хэтщ: «ВакIуэдэкI, «ВакIуэихьэж», н. къ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Щыхьэрхэр

2020-02-06

Словакием и къалащхьэ Братиславэ илъэс миным щIигъу тхыдэ иIэщ. Ар уэрам зэвхэмкIэ, курыт лIэщIыгъуэхэм щыIа архитектурэм тету ящIа унэ телъыджэхэмкIэ къулейщ. Дунай псышхуэм Iус мы щIыпIэм зэ дунеяплъэ къэкIуам къытримыгъэзэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Езы щыхьэрыр къаухъуреихь гъавэ бэв къыщрахьэлIэ, жызумейхэр щыбагъуэ къуажэхэм.

Зыхыхьэхэр: Махуэку