ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

Илъэс 90-м щIигъуа нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

2020-02-08

  • Бахъсэн районым куэд щIауэ щызэтеува хабзэфIым тету, зи ныбжьыр илъэс 90м щIигъуа нэхъыжьыфIу 9 щагъэлъэпIащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур ялъыгъуэзащ, юбилеймкIэ ехъуэхъуащ икIи УФм и Президент Путин Владимир, КъБРм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сымэ я хъуэхъу тхылъхэмрэ Бахъсэн районым и администрацэм къыбгъэдэкI тыгъэхэмрэ яритыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КхъуэIуфэ  Хьэчим  и лъэужь  дахэ

2020-02-08

  • КхъуэIуфэ Хьэчимрэ сэрэ 1964 гъэ лъандэрэ дызэныбжьэгъут. Ар Бахъсэн щIыналъэм къыщыдэкI «Коммунист» газетым щылажьэрт, сэри абы си тхыгъэхэр къыщытрезгъадзэрт. Абы и ужькIи ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуа фIэкIа, зым адрейм и гур хэзыгъэщIын Iуэху ди зэхуаку зэи къыдэхъуакъым…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

«Адыгэ  псалъэр»  къезыгъэхьхэм  захудогъазэ

2020-02-08

  • 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 4м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 464рэ кIэпIейкIэ 20рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щолажьэ Армавир къалэм Адыгэ Хасэ

2020-02-08

  • Краснодар крайм хыхьэ Армавир къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ а щIыпIэм щылажьэ Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 15 зэрырикъур. ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэу КъэрэшейШэрджэс, КъэбэрдейБалъкъэр, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь крайм, Успенскэ щIыналъэм икIахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

КЪАРДЭН  Мухьэмэд  Мучэзир и къуэр

2020-02-08

  • Куэдрэ мысымэджауэ, 2020 гъэм мазаем и 7м дунейм ехыжащ «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБРмрэ УФмрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къардэн Мухьэмэд Мучэзир и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-02-08

  • Мазаем и 8, щэбэт
  •  Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАНрщ.
  •  Урысейм и дзэ топографым и махуэщ
  •  Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр
  •  Иракым и революцэм и махуэщ
  •  1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр.
  •  1819 гъэм СанктПетербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗауэлI щIыхьым и  махуэм ирихьэлIэу

2020-02-08

  • ЗауэлI щIыхьым и махуэшхуэмкIэ – фашистыдзэхэр Сталинград деж зэрыщызэхакъутам и щIыхькIэ ягъэувамкIэ ехъуэхъуну Урысей Гвардием КъБРм щиIэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хуеблэгъащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Багъ Сэфудин ХьэтIалэ и къуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ

2020-02-08

  • Мазаем и 8р Урысей щIэныгъэм и махуэщ
  • Нобэ, мазаем и 8м, ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр, зи гуащIэр ди псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэзыгъэпс IэщIагъэлIхэм я махуэшхуэр. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ар нэгъуэщI махуэхэм щаIэтми, псоми я мурад нэхъыщхьэр зыщ: гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ, ар зыузэщI лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэфIэзых щIэныгъэлIхэр гъэпэжэнырщ, яхуэфэщэн къэрал гулъытэ егъэгъуэтынырщ, лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьынырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэлI щыпкъэ, егъэджакIуэ нэс

2020-02-08

  • Ди щIыналъэм и цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етын IэнатIэм зыщиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ КъБРм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ жьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Медалы Хьэчим Темыр и къуэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм лъэпкъ щIэныгъэм «къыщылыда вагъуэбэм», еджагъэшхуэхэу Къумыкъу Тыгъуэн, Мамбэт Хьэлым, Къардэн Чэлимэт сымэ зыхэтам, языхэзт Медалыр. А тхыдэдж щэджащэхэм куэдкIэ я фIыгъэщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр, абы щыпсэу лъэпкъхэм я блэкIар джа зэрыхъуар, абыхэм къаугъуея щIэныгъэри я тегъэщIапIэщ иджырей къэхутакIуэхэм. Мы махуэхэм илъэсищ ирокъу щIэныгъэлI Iэзэр дунейм зэрехыжрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысейпсо, дунейпсо утыкухэр зыгъэбжьыфIахэр ягъэлъапIэ

2020-02-08

  • Тхэквондо спорт лIэужьыгъуэм щIэблэр хуэгъэсэн КъБРм зэрыщыщIадзэрэ, абы адэкIи зегъэужьыным хуэгъэпса федерацэ республикэм къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэс 20 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу ди республикэм и спортсмен ныбжьыщIэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэри къыщызэщIакъуэжу, юбилейри ягъэлъапIэу зэIущIэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-02-08

  • Лъэпкъ  шхыныгъуэхэр
  • ДзасэкIэ гъэжьа бгъуэ
  • Мэл яукIагъащIэм и блатхьэри и куэри къыкIэрагъэж, и кIыхьыпIэмкIэ тIууэ зэгуауд. Апхуэдэу къыхагъэкIа бгъуэр (дзажэр) Iэнэм тралъхьэ и щIыбыр къыдэгъэзеяуэ, абы и щIыIум пхъэбгъу захуэ тралъхьэ, нэгъуэщI пхъэхэкI хьэлъэ гуэрхэри тралъхьэжри, зы сыхьэт нэблагъэ щIыIапIэм деж щагъэлъщ, упIам хуэдэу дзажэр пIащIэ хъун щхьэкIэ.
  • Абы иужькIэ пхъэбгъухэр трахыж, лъэныкъуитIымкIи дзажэр яшыу, шыбжий плъыжь сыр хьэжа трагъэщащэри, жэрумэм ещхьу зэкIуэцIашыхь. Ар тепщэчышхуэм иралъхьэри, и щхьэр тепIауэ сыхьэти 4 5 хуэдизкIэ щIыIапIэ ягъэув, шыгъур лым нэхъ хыхьэн щхьэкIэ. Апхуэдэу шыуа дзажэр адыгэ дзасэм и кIыхьыпIэмкIэ фIаIури, зэрагъэдзэкIыурэ дэпкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ, щашыум лым къыщIэжа псыр тракIэурэ.
  • Дзажэ жьар зэпыупщIауэ хуабэу Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ дашх. Шэхуабэ е махъсымэтрафыхьыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха