КIуэкIуэ Казбек КъБР-м Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ ирегъэкIуэкI
2020-02-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т.Б, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.ТI., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Т.Э., хабзэхъумэ IэнатIэхэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм я Iэтащхьэхэр.
- ЗэIущIэм щыхэплъащ транспортым- рэ а IэнатIэм и IуэхущIапIэхэмрэ терро-рым и шынагъуэм зэрыщахъумэр, террористхэм я зэгухьэныгъэхэм щIалэгъуалэр, къызэрыгуэкI цIыхухэр хамышэнымкIэ зэфIагъэкIхэр, экстремизмэм пэщIэтынымкIэ профилактикэ лэжьыгъэр егъэкIуэкIыным гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэхэмрэ я лэжьакIуэхэр зэрыхуэщIам.
- ЗэрыжаIамкIэ, транспортым и инфраструктурэр терроризмэм и щIэпхъаджагъэхэм ящыхъумэнымкIэ лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьащ. Ауэ абы къыдэкIуэу, къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, мы Iуэхум сытым дежи мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи зыхуэфащэ ведомствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я нэIэ зэпымыууэ трагъэтын хуейщ.
- Гулъытэ хэха хуащIащ идеологие егъэлеиныгъэхэр къызэпыудыным икIи экстремизмэм щIалэгъуалэр щыхъумэным. Абы папщIэ щIэрыщIэу щIыналъэ комплекс планым хэплъэжу къалэныщIэхэр яубзыхуну къоув.
- ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм япкъ иткIэ докладхэр ящIащ республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., Транспортым и IэнатIэм щыкIэ-лъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и ЩIыналъэ управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Кравцов Д. В., КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI А. З., КъБР-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и министр Къуэшырокъуэ З. Къ., «Къэббалъкъавтотранс-1438» зэгухьэныгъэм и унафэщI Апажэ А. Ю., «Аэрокомплекс» зэгухьэныгъэм и унафэщI Беланов В. А. сымэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.