Зыхэтым фIыкIэ къахэщ цIыху щыпкъэ
2020-02-20
- КъызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуащIу, анэдэлъхубзэр яIурылъу, адыгэ литературэм щыгъуазэу ди щIэблэр къэгъэтэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытым шэч хэлъкъым. ЕгъэджакIуэ пэрытхэм, гъэсакIуэ Iэзэхэм, щIэныгъэлIхэм — хэкупсэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми и зэфIэкIыр зыхуэгъэпсар щIыхь зыпылъ а къалэныр къызыхуэтыншэу зэфIэхынырщ. Апхуэдэу, ныбжьыщIэхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ тэмэмрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилъхьэу, и лэжьыгъэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэ гуэр хилъхьэу, и IэнатIэм пэрытщ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, егъэджакIуэ Iэзэ икIи бзылъхугъэ щыпкъэ ХьэцIыкIу Раисэ Алджэрий и пхъур.
- Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Зеикъуэ жылэшхуэм къыщалъхуащ Раисэ. Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Егъэджэныгъэгъэсэныгъэ IэнатIэм ХьэцIыкIур илъэс 30-м щIигъуауэ щыпэрытщ Лэскэн районым щыщ Урыху къуажэм дэт курыт школым, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъурэ бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, и псэ хуабагъэмкIэ и гъэсэнхэм ядэгуашэу. ХьэцIыкIум сабийхэм яригъэджыр урысыбзэмрэ литературэмрэу щытми, абы хузэфIокI и дэтхэнэ дерсми лъэпкъ гъэсэныгъэм и лъапIэныгъэхэр хилъхьэн. Абы сабийхэм къагурегъаIуэ анэдэлъхубзэр зыдэпсэухэм зэрагурыIуэ бзэуэ зэрыщытым и мызакъуэу, зей лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм я IункIыбзэIухыу зэрыщы-тыр, цIыкIухэр я бзэм иригушхуэным, ар нэхъ куууэ зрагъэщIэным къыхуриджэу.
- Зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ егъэджакIуэм и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпытщ, апхуэдэуи лэжьыгъэм дапщэщи къыщегъэсэбэп Iуэху еплъыкIэщIэхэр, методикэ пэрытхэр. Творческэ бгъэдыхьэкIэ иIэу IэнатIэр зэрырихьэкIым ехъулIэныгъэ куэд къыхуехь егъэджакIуэ пэрытым. ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм, урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм я щIыпIэ методикэ зэгухьэныгъэм и пашэ-хэм зэрыжаIэмкIэ, Раисэ еджэным къыщыкIэрыху ныбжьыщIэ иIэжкъым илъэс куэд лъандэрэ. Абы и щыхьэтщ зыуэ щыт къэрал къэпщытэныгъэхэм ныбжьыщIэхэм къыщагъэлъагъуэ щIэныгъэфIхэри. КъинэмыщIауэ, ХьэцIыкIум и гъэсэнхэр дапщэщи жыджэру хэтщ щIыналъэм, республикэм урысыбзэмкIэ щекIуэкI зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, увыпIэфIхэри къыщахь. ШколакIуэхэм папщIэ зэха- шэ республикэпсо, къэралпсо щIэныгъэ конференцхэм я утыкухэми къохьэ ахэр, я Iуэху еплъыкIэхэр щаIуатэу. НыбжьыщIэхэм бзэр яджыным хуаIэ гукъыдэжыр апхуэдэу къэIэтыным хуэгъэпса Iэмалхэр шэщIауэ къигъэсэбэпкIэрэ, ХьэцIыкIум ахэр хуегъасэ езыхэм щIэныгъэ къаугъуеифу, я къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ гупсысэхэр яубзыхуфу, ахэр пхагъэкIыфу.
- ЕгъэджакIуэм гулъытэ зыхуимыщI яхэткъым и еджакIуэхэм: дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ хэха къыхуегъуэт, щхьэж бгъэдэлъ зэфIэ-кIыр яригъэлъагъужу, еджэным нэхъри тригъэгушхуэу. Псом хуэмыдэжу Раисэ йолIалIэ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм. Школ дерсхэм щызрагъэгъуэт щIэныгъэхэм къадэкIуэу, ахэр хешэ проект-къэхутакIуэ Iуэхугъуэхэм. ХьэцIыкIум зэрыжиIэмкIэ, иджырей щIэблэм Iэмал имыIэу яхэлъыпхъэ хьэлхэм ящыщщ кIуэцIрыплъу гупсысэфыныр, зыхуагъэувыж мурадхэм лъэIэсыным щIэныгъэ лъабжьэ быдэ къыхузэрагъэпэщыныр, ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэным ерыщу хущIэкъуныр.
- — Мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийр къыпэщыт къалэным зэрыпэлъэщынур и фIэщ хъуным. Сэ лэжьыгъэм къыщызгъэсэбэп методикэм, еджагъэшхуэ ШэджыхьэщIэ Марие и щIэныпхъэм, и мурад нэхъыщхьэр аращ. А методикэмкIэ еджэ цIыкIухэм, псалъэ къэхъукIэм и хабзэм къыпкърыкIа IуэхугъуиплIым зэ есэмэ, адэкIэ хьэкъ ящохъу сыт хуэдэ къэхъуныгъэми и Iэмалыр зэращIэр, къапэщылъ лэжьыгъэр ехъулIэныгъэ яIэу зэрагъэзэщIэнур, — жеIэ Раисэ. — Дэтхэнэ бзэми и джыным ехъулIэныгъэ ущиIэнур езы бзэм хэлъыж хабзэмрэ иIэ щытыкIэмрэ елъытауэ егъэджэ-кIэр убзыхуамэщ, сыту жыпIэмэ абы щыгъуэщ ирагъаджэхэм бзэм хьэлэмэтагъ гуэр щыхалъагъуэр, щIэныгъэ нэс щагъуэтыр. Бзэм щызекIуэ хабзэхэм я гъэщIэгъуэнагъым гу лъызыта сабийм ар псэкIэ зыхещIэ, абы къыхэкIыуи фIыуэ елъагъу, пэгъунэгъу дыдэ мэхъу.
- Зи дэтхэнэ дерсри зэIухауэ къалъытэ егъэджакIуэм жылагъуэ лэжьыгъэ купщIафIи зэфIех. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Раисэ еунэтI еджапIэм къыщызэрагъэпэща «Къэлъыхъуэныгъэ» щIэныгъэ-къэхутакIуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр. Ар школым и Методикэ советым и пашэщ. Апхуэдэуи жыджэру хэтщ ди щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэху куэдым. «Адыгэ дуней» фIэщыгъэр иIэу иджы дыдэ къызэрагъэпэща лъэпкъ фондым и зэхэшакIуэхэми ящыщщ Раисэ. КъинэмыщIауэ, ар ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезы-хьэ Адыгэбзэ Хасэм хэтхэми.
- — ЛэжьыгъэкIэ сызрихьэлIахэм ящыщу и цIыху щIыкIэкIи бгъэдэлъ щIэныгъэкIи куэдым къахощ ХьэцIыкIу Рае. ЕгъэджакIуэфIу, щIэныгъэ лэжьакIуэ Iэзэу зэрыщытым нэмыщI, ХьэцIыкIур анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр зэфIэзых, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зехыхьэ Адыгэбзэ Хасэм илъэс еянэ хъуауэ къыщыддолажьэ, зэгухьэныгъэм и Хасащхьэми хэтщ, «Къэухь» гупым хэтхэм я зэхуэсхэр къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщу, екIуу иригъэкIуэкIыу, — жеIэ Хасэм и пашэ, КъБР-м ЦIыху-хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат. — Акъыл гъэтIысакIэ сыт хуэдэ Iуэхуми пхыплъу, чэнджэщрэ ущиерэ хуэныкъуэхэм дапщэщи щIэгъэкъуэн яхуэхъуу сыт хуэдэ Iуэхури зэфIэзыхыф, жэуаплыныгъэ ин зыхэзыщIэ а цIыхубз щыпкъэм Iурылъ адыгэбзэри къызыхуэтыншэщ, купщIафIэщ, хэщыпыхьащ, къулейщ. Абы и псэлъафэхэр зи бзэгупэм пылъ егъэджакIуэхэм куэдрэ сарохьэлIэ сэ. Адрейхэм щапхъэфI уахуэхъуныр, дауи, дахагъэщ, Iущыгъэщ, акъылыфIагъэщ. ХьэцIыкIу Рае хуэдэ бзылъхугъэхэр къытхэту, лъэпкъыр, дигу щIэкIуэдын тлъагъуми, дыгухэ хъунукъым, узыщыгугъ хъуну зэрыщыIэр абыхэм фи фIэщ ящIыфри. Си щхьэкIэ согушхуэ Рае и гъащIэ гъуэгум сызэрытехуам щхьэкIэ. Тхьэм игъэпсэу.
- Табыщым жиIа псалъэхэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ ХьэцIыкIур Iуэху- гъуэ куэдым хунэсыф лэжьакIуэ емызэшу зэрыщытым. А псоми къищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэр джыным, хъумэжыным, сабийми балигъми я псэлъэкIэм зегъэужьыным хуэгъэпса лэжьыгъэшхуэ Раисэ щызэфIех Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием. Ар и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьщ а еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Хъурей Феликс и жэрдэмкIэ абы къыщызэIуаха Бзэхэр джынымкIэ щIэныпхъэ щаубзыху институтым.
- — Iуэху щхьэпэ зэрыпэрытыр зи фIэщ хъуж ди гупым лэжьыгъэфI къетхьэлIащ. УрысыбзэкIи адыгэбзэкIи тхылъ хьэлэмэтхэр къыдэдгъэкIащ, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр нэхъ щIэщыгъуэ, купщIафIэ ищIыну, щIэгъэкъуэн яхуэхъуну, — «Адыгэ псалъэ» зыфIэтща учебно-методикэ пособиехэр (2-нэ, 5 — 7-нэ классхэм ейщ) зыхуэгъэзар структурнэ щIэныпхъэр адыгэбзэр джыным къызэрыщезэгъыр зыгъэунэхуну хуей егъэджакIуэхэрщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ адыгэбзэм теухуауэ сабийм яджыпхъэу щыIэ программэм къызэщIиубыдэр пособиеми зэрыхэтыр. Iуэхур щIэщыгъуэ зыщIыр бзэр зэра-джыр сабийр дэзыхьэхын бгъэдыхьэкIэу зэрыщытырщ. А бгъэдыхьэкIэм и купщIэщ ныбжьыщIэхэм еджэным хуаIэ гукъыдэжыр къызэриIэтыр, ауэ щыхъукIи, Iуэхур зэшыгъуэ мыхъуу, щIэщыгъуагъ хилъхьэу щыту.
- Раисэ зэрыжиIэмкIэ, иджырей сабийр дэпхьэхыу Iуэху гуэрым епшэлIэн папщIэ, япэщIыкIэ быдэу и фIэщ пщIын хуейщ абы езым и сэбэп зэрыхэлъыр, ар тэмэму игъэзащIэмэ, къехъулIэмэ, ифI къызэрыхэкIынур. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ сабийм хэзылъхьэфынур гурэ псэкIэ зи къалэным бгъэдэт, лъэпкъым и къэкIуэнум тегузэвыхь егъэджакIуэрщ. Лъэпкъыбзэм хуегъэджэныр лъэпкъ Iуэхуу къэзымылъытэхэр, дерсхэр я псэр хамылъхьэу ирагъэкIуэкIрэ пIащIэу еджапIэм дэкIыжхэр сабийхэм я дежкIэ щапхъэу къилъытэркъым ХьэцIыкIум. Ар езыр ящыщщ и IэмыщIэ къихуа сабийхэм адыгэ дуней яхуэзыухуэф егъэджакIуэхэм. Аращи, щIэныпхъэ гъуэзэджэ щыIэми, ар Iуэхум и щIэлъэныкъуэ къудейщ, адрей Iыхьэр зэрыхъунур егъэджакIуэм елъытащ. Езы егъэджакIуэ гумызагъэр ящыщкъым тхылъым итым темыкIыу ирикIуэхэм, абы и закъуэкIэ сабийм щIэныгъэ нэс ептыфыну къилъытэркъыми. ЕгъэджакIуэфIым, тхылъыр и тегъэщIапIэу, дерсыр зэрекIуэкIынум и тхыпхъэр езым зэхелъхьэж, лэжьыгъэм кърикIуэнур IупщIу илъагъуу. ХьэцIыкIум хуэдэ егъэджакIуэ нэсхэр, зыпэрыт IэнатIэм жэуаплыныгъэ лъагэ щызыхэзыщIэхэр, школхэм нэхъыбэ-Iуэу щыIамэ, шэч хэмылъу, ди анэдэлъхубзэм нэхъ щытыкIэфI иIэнт.
- ГъащIэм щыпхиша апхуэдэ лъагъуэхэм тету сыт хуэдэ гуп хэхуэми, зыхэтым фIыкIэ къахэщу и дунейр ирехьэкI ХьэцIыкIум. Абы пщIэ лъагэ къыхуащI къыдэлажьэхэми, иригъаджэ ныбжьыщIэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми.
- — Уи гъэсэнхэм фIыуэ укъалъагъун, абыхэм я адэ-анэхэм я дзыхь къыуагъэзын нэхърэ нэхъыфI сыт щыIэ егъэджакIуэм и дежкIэ? Апхуэдэ гулъытэрэ лъагъуныгъэрэ зэи щыщIэркъым Рае. ЩIэблэм щIэныгъэ куурэ лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэрэ етыныр къалэн зыщызыщIыжа ХьэцIыкIум и дэтхэнэ дерсри къызыхуэтыншэу къызэрегъэпэщ, гу хуабагъэкIэ игъэнщIу, дэтхэнэ зы еджакIуэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хэту екIуэкIа зэпеуэхэм щэнейрэ щытекIуа Раисэ и псалъэ Iущхэр гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуа егъэджакIуэхэр ди мащIэкъым. КъинэмыщIауэ, егъэджакIуэ щыпкъэм и къалэмыпэм къыпыкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, ар рецензэ, бзэм и зыужьыкIэм теухуа статья, тхылъ щхьэхуэ жыпIэми, — и лэжьэгъум топсэлъыхь Урыху къуажэм дэт курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Мэрзей Зое. — Зыпэрыт IэнатIэхэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр бзылъхугъэ щыпкъэм, анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым даIэт и унагъуэ дахэм: Гугъуэтыж зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуа я бынхэу Тимуррэ Марианнэрэ, абыхэм къащIэувэ щIэблэ дахэм.
- Ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэ-ным зи гуащIэ куэд хэзылъхьа, абы и зыужьыныгъэм зэфIэкIышхуэ езыхьэлIэ ХьэцIыкIу Раисэ дэри дохъуэхъу ди хэкум, лъэпкъым яфI, я ехъулIэныгъэ къызэрыкIын IуэхуфIхэм я жэрдэмщIакIуэу куэдрэ иджыри щытыну, насып щымыщIэу, узыншэу дунейм тетыну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.