ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэ усакIуэм и пшыхь дахэ

2020-02-20

  • Къэрал музыкэ театрым щекIуэкIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъуам теухуа гуфIэгъуэ пшыхь.

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд Тхьэгъэзит Зубер хуэгъэзауэ КIуэкIуэ Казбек къигъэхьа ­хъуэхъу тхыгъэм къеджа нэужь, жиIащ Тхьэгъэзитым лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр зэры­мыкIуэ­дыжынур.


  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр ­пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къу­махуэ Мухьэдин усакIуэм и гъащIэмрэ и къекIуэкIы­кIамрэ къызэхуэсахэр щи­гъэ­гъуэза нэужь, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул сымэ я творчествэхэм Зубер и IэдакъэщIэкIхэр иригъапщэ­кIэ­рэ, къыхигъэщащ зи хъэтI зиIэж, апхуэдэуи, зи гупсы­сэкIэ щхьэхуэкIэ Тхьэр зы­хуэупса усакIуэу ар зэры­щытыр.
  • КъБР-м курортхэмрэ ту­риз­мэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ЩоджэнцIыкIу Мурат фIыкIэ игу къигъэкIыжу, тепсэлъыхьащ и адэ Ли­уанрэ Зуберрэ я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэм. Ап­хуэдэуи, абы къыхигъэщащ Рождественский Роберт, Вознесенский Андрей, Евтушенкэ Евгений сымэ хуэ­дэ усакIуэхэм Тхьэгъэзит Зубери яхэбгъэувэ зэрыхъунур.
  • Урыс усакIуэ цIэрыIуэ, Европэм, Урысейм щыщ лъэпкъ усакIуэхэм я зэдзэ­кIакIуэ, Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литера­турнэ институтым и доцент Кулле Виктор къыхигъэщащ нэ­гъуэщI лъэп­къым къыхэкIа усакIуэм ­хуиIэ фIылъагъу­ныгъэр къы­зэ­рыбгъэлъэгъуэфынур абы и усэхэр пIурылъ бзэмкIэ зэбдзэ­кIынырщ. И псалъэ­хэм щы­хьэт техъуэу, къеджащ езым зэридзэкIа, усакIуэм и «Лъыхъуэ уи насыпым» усэм.
  • Абхъаз Республикэм къикIа, «Апсны Акаазара» журналым и редактор нэхъыщхьэ Аламиа Геннадий и къэпсэлъэныгъэр теухуат лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ­р щIэ­гъэбыдэнымкIэ ­Тхьэгъэ­-
  • зит Зубер хуэдэ уса­кIуэхэм ди гъащIэм увы­пIэшхуэ зэрыщаубыдым, абы и IэдакъэщIэкIхэм Абхъазым щы­псэухэри фIы дыдэу зэры­щыгъуазэм.
  • Ставрополь крайм къикIа Куприн Александр и гугъу ищIыжащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэхэу Зумакуловэ Танзилярэ Тхьэгъэзит Зуберрэ я ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъуам теухуа пщы­хьэщхьэ езыр зи тхьэмадэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм ейуэ щыIэ унэм гукъинэжу зэрыщекIуэкIам, абыхэм я творчествэм дихьэххэри мымащIэу къызэрекIуэлIам.
  • Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Шыбзыхъуэ Ларисэ къеджащ КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейлэ къыбгъэдэкIа хъуэхъу тхыгъэм. Ар тепсэлъыхьащ Тхьэгъэзитым и творчествэм лъэпкъ мащIэхэм я деж щиубыд увыпIэм, къыхигъэщащ абазэбзэкIи усакIуэм и тхыгъэхэр зэридзэкIыну и хъуэпсапIэу зэрыщытыр.
  • Дагъыстэн Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хыхьэ лезгин къудамэм и унафэщI Батманов Владик къеджащ лезгиныбзэкIэ зэ­ридзэкIа Тхьэгъэзитым и усэм. Апхуэдэуи, Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэгъэзауэ Дагъыстэным и Тха­кIуэ­хэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Ахмедов Магомед къыбгъэдэкI фIэхъус сэламри пщыхьэ­щхьэм кърихьэлIахэм къалъигъэIэсыжащ.

  • Шэшэн Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, прозаик цIэ­ры­Iуэ Ибрагимов Кантэ къыхигъэщащ Тхьэгъэзит Зубер мы зэманым Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу зэрыщы­тыр, апхуэдэуи абы зэдзэ­кIа­кIуэ Iэзэуи зыкъигъэ­лъэ­гъуэн зэрыхузэфIэкIар жиIащ.

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм къеджа нэужь, абы  и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан жиIащ Тхьэгъэзит Зубер и къалэмыпэм къы­щIэкIа тхыгъэхэр лъэпкъ ­хъугъуэфIыгъуэу зэрыщы­тыр, и IэдакъэщIэкIхэр мы­кIуэдыжыну къызэрытхуэ­нэр.

  • — Лъэпкъ литературэм хэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзы­­щIа адыгэ усакIуэщ Тхьэгъэ­зитыр. Къардэн Хьэсэн, Хьэ­хъупащIэ Хьэжбэчыр, КIыщокъуэ Алим, Зумакуловэ Танзиля, Тхьэгъэзит Зубер сымэ ящыщт еджапIэр къэзыухыу къэзыгъэзэжа щIалэгъуалэм япэу ядэIэ­пыкъухэм, я зэфIэкIхэм щыгуфIыкIхэм. Дэ абыхэм лIыгъэ къытхалъхьэрт. Зыгуэр тху­зэ­фIэ­кIауэ щытмэ, а зи цIэ къисIуахэм я фIыщIэу къысщохъу. Тхьэгъэзитым и усэхэм Темыркъан Борис макъамэр щIигъэувауэ, адыгэбзэкIэ Москва и Театр Иным уэрэд щы­жысIауэ щытащ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэр абыхэм я фIыщIэт. Тхьэгъэзит Зубер тхуэузыншэу и ­махуэ дахэ куэд дгъэлъэпIэну сыхуохъуахъуэ, — жиIащ ­КъБР-м щэнхабзэм и лэжьа­кIуэ­хэм я профсоюзым  и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ.
  • Тхьэгъэзитым псалъэ ­гуапэхэр хужаIэу пшыхьым къыщыпсэлъащ Тэрч, Шэ­рэдж, Дзэлыкъуэ, Бахъ­сэн, щIыналъэхэм къикIахэр, нэгъуэщIхэри.
  • Зэхуэсым и кIэухыу, Тхьэгъэзит лъэпкъым къабгъэдэкIыу, къэпсэлъащ усакIуэм и къуэш, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Тхьэгъэзит Юрэ. Абы псоми фIыщIэ яхуищIащ я Iуэху ­къагъанэу пшыхьым зыкъызэрырагъэхьэлIам пап­щIэ.

  • Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гу­пым, «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие ансамблым и къэфакIуэхэм, «Шагъдий» сабий къэфакIуэ гупым, Горькэм и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и артист Сибэч Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу ЦокIыл Азэмэт, Мамбэт Мадинэ, Тхьэщыгъуей Жаннэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • НафIэдз Мухьэмэд.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.