Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ
2020-02-20
- Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
- Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ 1999 гъэм ЮНеСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар.
- Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м — 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А ма-хуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуа щIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
- 2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.
- Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр. Ахэр яхуэгъэпсащ щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным, зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэным.
- ТЕМЫР Дисанэ.