Трамп и кIэныр къокI
2020-02-20
- Ар етIуанэу
- зэрыхахыжынум шэч
- хэлъкъым
- США-м и сенатым идакъым президентым импичмент хуищIын. Езы Трамп гушыIащ: «Иджы сэ сытетынущ игъащIэкIэ»?!
- Импичментыр зэрыпхымыкIам иджы куэд тражыIыхь. Экономикэм и школ нэхъыщхьэм и къудамэм и унафэщI Караганов Сергей «Аргументы и факты» газетым и упщIэхэм къарита жэуапхэм ящыщ пычыгъуэхэм щыгъуазэ фытщIыну дыхуейт.
- Удэлэжьэну гугъущ
- — Трамп къызэрелам дыщыгуфIыкIын хуейуэ къэплъытэрэ?
- — Европэми зэрыщыту КъухьэпIэми я лъэр щIокI, ауэ Трамп тетыхукIэ Америкэр экономикэкIи къарукIи нэхъ лъэщ хъунущ, и жылагъуэр зэкIэщIэкIауэ къанэми. Ауэ иджырей Америкэм дыщигъэбийкIэ, сэ хэти фIыкIэ сыхуэупсэнукъым. ЖысIэфынур сыт щы- гъуи США-р узыдэлэжьэну гугъу къэралу къызэрынэжыну къудейрщ. АрщхьэкIэ дэлэжьэн, зэтеIыгъэн, гурыIуэным дыхущIэкъун хуейщ.
- — Илъэс и пэкIэ уэ жыпIауэ щытащ Урысеймрэ США-мрэ я зэхущытыкIэхэм зауэм ижь къащIихуу щыщыта зэманыр уигу къагъэкIыжу. Иджы зауэр нэхъ къэблэгъа хьэмэрэ ар къэхъеинымкIэ щыIэ шынагъуэр нэхъ мащIэ хъуа?
- — Дэ къыттеуэнымкIэ щыIэ шынагъуэр апхуэдизу инкъым, хэбгъэзыхьмэ, ар нэхъ мащIэ хъуащ. Псом хуэмыдэу зэман гъунэгъум дэ къарукIэ къыдэфIэкIыныр къэзымыгъэхъуну Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэр диIэ зэрыхъуам къыхэкIыу.
- Ауэ, абы щыгъуэми, дунейм къыщызэпауд стратегие зэпIэзэрытыныгъэр. Ар щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхокI. Япэрауэ, Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэр къежьащ. Псалъэм папщIэ, дронхэр. Абыхэм атом бомбэхэри яхуэхьынущ. ЕтIуанэрауэ, нэмыс и лъэныкъуэкIи политикэм тещIыхьауи США-р щытыкIэ хьэлъэм ихуащ. Апхуэдэ щытыкIэр сыт щыгъуи шынагъуэщ, псом хуэмыдэу къэрал лъэщ дыдэр абы къихутамэ. США-р ипэжыпIэкIэ граждан зауэм хыхьащ зэкIэ, я насыпщи, щызэхэмыуэми. Ещанэрауэ, Iэщэхэм якIэлъыплъынымкIэ зэрызэгурыIуахэр мэкъутэж. Абыхэм я фIыгъэкIэ, мащIэми, къэралхэм дзыхь гуэрхэр зэхуащIырт. ИкIэм-икIэжым, унафэщI жыжьэрыплъэхэр, куэд зэпэзылъытыфхэр щыIэжкъым. США-м ищIэнур къыпхуэщIэнукъым, ар хабзэ гуэрми теткъым.
- АрщхьэкIэ, дауи, гугъапIэфI къозыт нэщэнэхэри щыIэщ. Къапщтэмэ, ди Штаб нэхъыщхьэмрэ США-м и штабхэм я унафэщIхэм я комитетымрэ я Iэтащхьэхэм зэхуэзэу щIадзащ. Ауэ узыгъэгузавэхэр нэхъыбэщ.
- — Уи тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхыбогъэщхьэхукI: зы къэралышхуи зауэ хуейкъым, ауэ ядернэ Iэщэ къыщамыгъэсэбэп зауэхэр къэхъуа иужькIи ахэр ядернэ зэпэщIэувэныгъэм хуэкIуэжынкIэ шынагъуэщ. США-м и дзэхэри здэщыIэ Сириер ара зи гугъу пщIыр?
- — Апхуэдэ къыщыхъункIэ хъунущ Сириеми, Украинэми, дэнэ щIыпIи. ЗэпэщIэувэнури фIэкIыпIэ имыIэу Урысеймрэ США-мрэ арауэ щыткъым. США-мрэ Китаймрэ, Индиемрэ Пакистанымрэ зэжьэхэуэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Къаугъэ мащIэми къыхэкIынкIэ мэхъу. Мамырыгъэр зэкIэ зэтезыIыгъэр нэхъ къэрал лъэщхэм ядернэ Iэщэ зэраIэрщ. АрщхьэкIэ къэкIуэнур къэплъагъуну гугъущ.
- Иджы дэ
- къыткIэлъырежэ
- — 2018 гъэм ди президентым жиIащ зихуэдэ щымыIэ Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэр Урысейм иIэу. А псалъэхэр сыт хуэдэу къащыщыхъуа КъухьэпIэм? Гужьея, езыхэми апхуэдэ Iэщэ лъэщхэр ящIыну я мурад?
- — Дэ, дауи, жэуап къыдатыжынущ, Iэщэ лIэужьыгъуэщIэ гуэрхэри къагупсысынущ. Ауэ илъэси 10 хуэдизкIэ ди шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщащ, ди къэрал кIуэцIым зедгъэужьынуи Iэмал дгъуэтащ. Иджы езыхэр къыткIэлъырежэ. 2020 гъэм США-м и мурадщ псори зэхэту дунейм къэралу тетым зыхъумэжыным ахъшэу хухахынум хуэдиз езым и закъуэ зауэ Iуэхухэм тригъэкIуэдэну. Дэ къэхутэныгъэхэм доллар мелардхэр етхьэлIэмэ, американхэм доллар мелардищэхэр хухах. Ауэ а мелардищэхэр псым хокIуадэ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, Путин Владимир зи гугъу ищIа IэмэпсымэщIэхэм сэбэпыншэ ящI американхэм IэщэкIэ зызэщIэузэдэным трагъэкIуэда мелардищэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэщанэуапIэ хъуащ абыхэм кхъухьлъатэхэр зезыхьэ я кхъухьхэр. Аращи, инагъым къикIыркъым лъэщагъыр. Дэ дощIэ зэгуэр апхуэдэ ефIэкIыныгъэм Совет Союзыр зыхуишар. Дэ дунейм къэралу тетым танкыу яIам нэхърэ нэхъыбэ диIащ. ЗыхуэкIуар фолъагъу…
- — Статистикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, урысейхэм я процент 52-р я телъхьэщ шынагъуэншагъэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ США-м епсэлъэным. Апхуэдэ Iэмал щыIэ?
- — ЩыIэщ. КъекIуэкI Iуэхухэр зэрызэфIахыфыну Iэмалхэр къыхэтлъхьэн хуейщ. Дымыныкъуакъуэу, ефIэкIыныгъэ зэдгъэгъуэтыным дыщIэмыбэну. ИтIанэ, гува-щIэхами, зыгуэрхэмкIэ дызэгурыIуэфынущ.
- «Махуэкум» и къыдэкIыгъуэр
- зыгъэхьэзырар ШАЛ Мухьэмэдщ.