ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

Уасэхэр драмыгъэуеину псори къыхураджэ

2020-02-11

  • КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ медицинэ нэкIуIупхъуэхэм я уасэм теухуауэ щыIэ щыты­кIэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, ФАС-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пщыншэ Къазбэч, «Рос­потребнадзор»-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн, «Росздравнадзор»-м  КъБР-м щиIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Ахъмэт Алим, хущхъуэхэр щащэ IуэхущIапIэшхуэхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер СЭЛЭТ УЭРЭД

2020-02-11

Ди сэлэтхэр Польшэм нэсащ.

  • Ди щIалэгъуэу Iэщэ къыдатауэ
  • Ди щIыр гурэ псэкIэ догъэпэж, —
  • Щытхъумэнщ Хэку-анэр бий етахэм:
  • Къэдгъэхъункъым зауэ, сэ си къуэш.
  • Анэу щIылъэм тетым дэрщ я плъапIэр,
  • Дэ къытпэплъэу ахэр емызэш.
  • Мамырыгъэ гъащIэрщ я хъуэпсапIэр:
  • Къэдгъэхъункъым зауэ, сэ си къуэш!
  • Ди хъыджэбзхэм я гум дыщагъафIэу
  • Я гухэлъ уэрэдыр дэ тхуагъэш, —
  • Ягъэужьыхкъым лъагъуныгъэ мафIэр:
  • Къэдгъэхъункъым зауэ, сэ си къуэш!

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-02-11

  • Мазаем и 11,
  • гъубж
  • Сымаджэм и дунейпсо махуэщ
  • ЩIэныгъэм хэт бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр
  • Тутын емыфэным и урысейпсо махуэщ
  • Азербайджаным и налог къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Япониер къэралыгъуэ щхьэхуэ щыхъуа махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТхакIуэ, публицист цIэрыIуэ, критик Iэзэ КхъуэIуфэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

2020-02-11

  • ЛIыфIым  иужькIэ  и  цIэр  къонэ
  • КхъуэIуфэ Хьэчим Хьэбас и къуэр Бахъсэн щIы­налъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1940 гъэм ма­заем и 10-м къыщалъхуащ. 1964 гъэм КъБКъУ-р къиухри, республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щы­лэжьащ, хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм щэнхабзэ пы­щIэныгъэ яхудиIэныр къызэзыгъэпэщ «Хэку» ­обществэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм жэуап зыхь и секретару, КПСС-м и обкомым печатымкIэ, ­телевиденэмрэ, радиомкIэ и къудамэм, КъБР-м Те­левиденэмрэ радиомкIэ и къэрал комитетым я унафэщIу, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 1998 гъэм ар япэу ха-хащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу, 2003 гъэм, Союзым и Уставым тету, тхьэмадэм и къуэдзэ хъуащ, 2008 гъэм аргуэру унафэщIым и къалэнхэр къыхуагъэфэщэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псэм щыщ Iыхьэ

2020-02-11

  • Я ныбжькIэ илъэс зытIущ-зыщыплI нэхъ ямызэхуакуу къэбэрдей литературэм зы гупыфI зэуэ къызэдыхэхьауэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50-60 гъэхэм я зэпылъыпIэм.

  • Абыхэм ящыщ зыуэ, нэхъыщIэ­гъуэр къызылъысу яхэтащ Кхъуэ­Iуфэ Хьэчими. Дауи, езы лъэпкъ литературэ къэунэхуагъащIэм дежкIэ ап­хуэдэу уэру гуп псо къыхэхъуэныр гу­хэхъуэщ. Ауэ литературэр щхьэзакъуэ IуэхущIафэурэ зэхэлъщ, гупышхуэ ущы­хэхутэм деж умыщIэххэу укъы­хэмыщу ухэгъуэщэнми хуэIуа щыIэкъым. Ухэмыгъуэщэным щхьэкIэ гу зылъытапхъэ зыгуэркIэ уакъыхэщхьэ­хукIын хуейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Си адэм срогушхуэ

2020-02-11

  • Пэжым ухуеймэ, сэ си адэм хуэдэу сыжьакIуэкъым, тхэным сыхуэIи­жь­къым, си гурылъхэмкIэ нэгъуэщIхэм садэгуашэуи сесакъыми, кIыхь зысщIынкъым.

Хьэчимрэ абы ипхъу Данэрэ. 2018 гъэ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи псалъи зи тхэкIи щапхъэу щыта

2020-02-11

  • КхъуэIуфэ Хьэчим лъэужь бей ­къыхинащ адыгэ литературэм, пуб­лицистикэм, Республикэм и щэнхабзэм. Абы пщIэ хуищIырт и дэтхэнэ псалъэми. Хьэчим ящыщщ «зауэм и бын» зыфIаща щIэблэм. Сабийуэ зауэр ­къежьами, езым и унэ къэкIуащ езы зауэ гущIэ­гъуншэр — я унэм нэмыцэ бомбэ къы­техуэри и анэр хэкIуэдащ. Арагъэнщ зэрыцIыкIурэ кхъухьлъатэзехуэ хъуну ­хъуапсэу щIыщытар. Хэт ищIэрэ и анэм илъ ищIэжыну игугъауэ къы­щIэкIынт. А IэщIагъэр къемы­хъу­лIами, тхакIуэм и Iэдакъэм 1971 гъэм къыщIэкIащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахь­мэдхъан теу­хуа повесть «Орёл уми­рает в полёте». Мы тхыгъэр цIэрыIуэ хъуащ, ягу ирихьащ литературэ щIэныгъэлIхэми, тхылъеджэ куэдми. КхъуэIуфэм къигъэ­сэбэпащ документ зыбжани, езым зэхилъхьа сюжет хьэлэмэти, удэзыхьэх гупсысэхэри.

ЗекIуэ наужьым. 1960гъэ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-02-11

И щхьэгъусэ Людмилэрэ и пхъурылъху Тамирланрэ дэщIыгъуу зегъэпсэху.
2018 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэхъыжьхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я псалъэ

2020-02-11

  • ГъащIэм и пэжыр
  • КхъуэIуфэ Хьэчим журналистым и ­гъуэгу щхьэпэ екIу. Ар абы дежкIэ гъащIэм и дерсхэр щахутэ еджапIэ хъарзынэ мэхъу. А IэщIагъэм дунейм и щэхухэм куууэ­ кIуэцIрыплъыфу, гъащIэм и пэжыр къигъуэтыфу иригъэсащ. А щIыкIэм тету куэ­дым щыгъуазэ зэрыхъуар и художественнэ тхыгъэхэм наIуэу къыхощ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ «ЩIакIуэ кIапэ», «Гъатхэм и ныбжьыр», «Зауэм и IэпапIэхэр» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Сэ КхъуэIуфэ Хьэчим куэд щIауэ ­со­цIы­ху, ар зэрыщIалэ зэчиифIэм сыщыгъуа­зэщ.
  • КУЛИЕВ Къайсын.
  • 1975 гъэ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-02-11

Урысей Федерацэм и Журналистхэм я союзым ЩIыхь тхылъыр Мэзыхьэ Борис къретыж. 1995 гъэ, мазаем и 10

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыхунэмыс щыIэтэкъым

2020-02-11

  • Къарууэ иIэр лъэпкъым и щэнхабзэм хуэзыунэтIам псалъэ гуапэ хужыпIэныр дэрэжэгъуэщ. Апхуэдэщ журналист, тхакIуэ Iэзэ, лъэпкъ гъащIэм теухуа публицистикэ тхылъ хьэ­лэмэтхэр къыдэзыгъэкIа, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ЩIыхь тхы­лъыр, «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ» цIэ лъапIэр зыхуа­гъэфэща КхъуэIуфэ Хьэчим.
  • Хьэчим и Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр, къищтэ те­мэр куууэ къызэрыщIигъалъэр сэ зыкъомкIэ сэбэп схуэ­хъуауэ къызолъытэ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и бгъущI­ гъэ­хэм я кум хуэзэу КхъуэIуфэр КъБАССР-м и радиомрэ телевиденэмрэ и къэ­рал комитетым и тхьэмадэу ягъэувауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-02-11

Тырку Республикэм Хэкум икIыу япэ кIуахэр — КхъуэIуфэ Хьэчим, Щомахуэ СулътIан, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ Измир къалэм дэтщ. 971 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

УзэпцIыж мыхъун фIыгъуэ

2020-02-11

  • «ЩIакIуэ кIапэ» тхылъым ихуа усэ псори зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыщхьэр зы­хэплъагъуэ хъунур нэгъуэщIщ: ­къэ­хъу­къащIэ гуэрхэм зыдримыгъэ­хьэ­хыщэу — лъахэм, лъэпкъым я дежкIэ щхьэпэ, ­джэгу зыхэмылъыж Iуэхугъуэ ткIийхэм ар кIэщIу зэрыхуэкIуэрщ. А­пхуэдэ усэхэрщ Хьэчим нэхъ ­къе­хъулIэри.
  • А тхыгъэхэм уардэу щолъагэ икIи ­щолъапIэ лъэпкъым и хабзэр, лъахэм и нэмысыр, къуршхэм я Iулыджыр, адыгэ цIыхубзым и лIыгъэмрэ и къабзагъэмрэ. А фIыгъуэхэм ящыщщ, абыхэм къагуэпх мыхъун зыщ бзэри…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ

2020-02-11

  •    «Нал къута» романым (КIыщокъуэ Алим) куэд дыдэ тратхыхьащ… Апхуэдэу щытми, дэ къызэрытлъытэмкIэ, романым и купщIэр къызэкIуэцIыхыным, тхыдэ, литературэ щIэныгъэ пщалъэхэмкIэ художественнэ тхыгъэшхуэр «къэпщыным» нэхъ гъунэгъу хуэхъуар КхъуэIуфэ Хьэчимщ.
  • «Социальнэ гъащIэм и гъуджэ» тхылъыр а илъэсхэм къыдэкIа литературэ-критикэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ.
  • Критикым хэлъ тегушхуэныгъэр, гъащIэм, литературэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэрыхуиIэр иужькIи мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуащ Кхъуэ­Iуфэм. Абы и щыхьэтщ «доунэ, дофIакIуэ», жаIэурэ, 90 гъэхэм лъахэм и экономикэр, и щэнхабзэр зрагъэхуа щытыкIэ хьэлъэр, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу къыщигъэлъэгъуэжа тхыгъэшхуэр (зи гугъу ищIыр 1999 гъэм жэп­уэгъуэм и 12, 13, 14 махуэхэм къыдэкIа «Кабардино-Балкарская правда» газетым тета «Дрейф культуры. К какому берегу она пристанет?» статьярщ). Критикым и псалъэр щапхъэ нэрылъагъухэмкIи щIэгъэбыдэжащ.
  • Тхы­гъэр цIыхубэм зэлъащIысащ, псалъэмакъышхуи къикIыгъащ. Ар зи гуапэ мыхъуа унафэщIхэм къызэрагъэпэща пэджэж псалъи газетхэм къытрадзащ, ауэ пэжыр зэрыпхущIэмыхъумэнур, гува-щIэхами зэгуэр ар къы­зэрыщIэщыжынур зэманым къигъэлъэгъуащ, критикыр илъэс бжыгъэкIэ япэ плъэфу зэрыщытыр наIуэ ­къищIри.
  • ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэбзэм и лъынтхуэ къэс

2020-02-11

  • ЛIэпкъылI пхэщIыныр гуауэщ, ауэ нэхъ гуауэжщ уимыIэххэныр. УиIэм и Iэужьыр нэхущи, лъэхъэнэ пэури куэд и уасэщ я чэнджэщ зэхэпхыу я жьауэм ущIэтыныр.
  • 1997 гъэр екIуэкIырт, телевиденэ лэжьыгъэм сы­зэрыпэрыхьэрэ куэд щIатэкъым. Япэу гъусэ къысхуа­щIа режиссёр Дадэ Ритэ къызэупщIащ КхъуэIуфэ Хьэчим удэлэжьа, жиIэри. «Адыгэ псалъэм» сызэрыщыIа илъэсхэм сегъэбыдылIауэ си тхыгъэхэм хэплъэжар Хьэчимт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше